ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2018

ЕджапIэ  нэхъыщхьэр къызыухахэм диплом плъыжьхэр иратыж

2018-07-10

  • Налшык дэт Театр щхъуантIэм бадзэуэгъуэм и 6-м щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр мы гъэм диплом плъыжькIэ къэзыухахэм я щIыхькIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ пшыхь.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

ГъащIэм и архъуанэ щысхьыншэхэм  япсыхьа

2018-07-10

  • Хъуэпсэгъуэщ Уэтэбей Нэжмудин щыпсэур — Псыгуэнсу къуажапщэм и пэнцIыв дыдэр. АдэкIэ унагъуэ зыри къыщыскъым. ПхуэмыIуэтэщIыным хуэдизщ а щIыпIэм и дахагъэр: я лъапсэм и сэмэгурабгъу лъэныкъуэр джабэ нэкIущ, удзыпцIэу. Ижьрабгъур Псыгуэнсуупсыр щежэх псыхъуэщ. ЯпщэкIэ ВындыбкIэ зэджэ джабэ нэкIушхуэр зыуфэбгъуа мэзырщ. Унагъуэр бжьэпэм тесщи, я щIапIэр, кIуэаракъэ, жэнэт щIыналъэ жыхуаIэм хуэдэщ. Дэнэ лъэныкъуэкIи плъагъу дахагъэм, щхъуантIагъэм, псыхъуэм къы- диху акъужь къабзэм защыбгъэнщIыркъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2018-07-10

  • Бадзэуэгъуэм и 10, гъубж
  • Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ. 1709 гъэм Пётр Езанэм и унафэм щIэт урысеидзэм шведхэм я армэр Полтавэ деж щызэхикъутащ.
  • Монголием и Къэрал ныпым и махуэщ
  • 1878 гъэм Инджылызым щекIуэкI футбол зэIущIэм арбитрым япэ дыдэу кIэфий къыщигъэсэбэпащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Унагъуэ, лъагъуныгъэ, зэхуэпэжыныгъэ

2018-07-10

  • Налшык дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм бадзэуэгъуэм и 6-м щагъэлъэпIащ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм и урысейпсо махуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хьэтхэр

2018-07-10

  • Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэухыр. ПэщIэдзэр №№68, 69, 72-74, 75, 78,79, 81, 82-хэм итщ).
  • А пщэдджыжьым нэхъ IэфI хэтынутэкъым Нэптерэ и гъащIэм. АфIэкIа апхуэдэ жэщ гуащIи иIэнутэкъым. Алэдамэ и гупэм хэлъу нэху къекIа пщыпхъум жэщ кIуар игу къэкIыжмэ мафIэу къызэщIэнэурэ, а мафIэ щIыIэм къригъэсыж къыщыхъуу и щIыфэр сырт, тхытхырт. А зы жэщ закъуэмкIэ и гур игъэфIу, и гъащIэ мыхьэнэншэр а гукъэкIыжым щIигъэхуабжьэу псэунут иджы Нэптерэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ершов Виталий и  тхылъыщIэм  теухуауэ

2018-07-10

  • «Урыс дунеймрэ XX — XXI лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм Кавказ Ищхъэрэм иIэпхъукIахэмрэ» («Русский мир и северокавказское зарубежье в XX — начале XXI вв.) — аращ зэреджэр нэхъ пасэуи зи гугъу тщIа, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Ершов Виталий и тхылъым. Абы нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьыну хуэфащэу къыщIытщыхъуа щхьэусыгъуэхэм язщ Виталий и лэжьыгъэм напэкIуэцI куэд адыгэ-шэрджэсхэм зэрыщахухихар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

И лэжьэкIэм къыхуихьа пщIэ

2018-07-10

  • РСФСР-м щIыхь зиIэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ, театрымрэ киномрэ я актрисэ, роль куэд урысей киноми театр зэхуэмыдэхэми щызыгъэзэщIа, цIыхубз роль мынэхъыщхьэу ищIахэм ящыщу («Небеса обетованные», «Изображая жертву» лэжьыгъэхэм) нэхъыфIу къалъытахэм къыпэкIуэу «Ника» саугъэтыр тIэу къызрата бзылъхугъэ цIэрыIуэ АхъуэджакIуэ Лие Мэжид и пхъур илъэс 80 ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ПщIыхьэпIэ дахэм  хуэдэт

2018-07-10

  • ФутболымкIэ XXI дунейпсо чемпионатым и медалхэр зыIэрыхьэнухэр наIуэ хъуащ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхар абыхэм яхэткъым, ауэ ар дыщIэпIейтеин Iуэхугъуэкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Лъэпкъ  макъамэхэм  я  хъумакIуэ

2018-07-10

  • СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, утыку къыщрахьащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым цIыхубэ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ и кафедрэм и доцент, пшынауэ цIэрыIуэ Лыджыдэ Алий и Iэдакъэ къыщIэкIа «Адыгская народная инструментальная музыка» тхылъым и япэ Iыхьэр. Нотэхэр щызэхуэхьэса лэжьыгъэр бзищкIэ — адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ — дунейм къытехьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр

Хамэ  къэрал къикIыжахэр ирагъаджэ

2018-07-10

  • КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыщ къэралхэм къикIыжу Хэкум къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэр ди щIыналъэм изэгъэжыным хуэунэтIа лэжьыгъэ купщIафIэ куэд ирегъэкIуэкI Дунейпсо Адыгэ Хасэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха