И IэщIагъэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэм папщIэ
2018-07-26
- Урысей Федерацэм и Президентым и хэщIапIэу Кремлым щыIэм и пэш нэхъыщхьэхэм ящыщым — Екатерининскэ пэшым иджыблагъэ къэрал наградэхэр зыхуагъэфэщахэм щратыжащ.
- Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолий Жэмал и къуэм «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым етIуанэ нагъыщэ зиIэ и медалыр а махуэм къритащ УФ-м и Президентым и Администрацэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Кириен-кэ Сергей Владимир и къуэм.