2018-07-31
- Ди псэлъэгъухэр
- Къумыкъу Мамдухь: «ДыкъэкIуэжын хуеякъым» псалъэхэр зы лъэпощхьэпоми жыдигъэIэфакъым
- Я унэ бжэIупэм къыщыспежьа Мамдухьрэ гуфIэжу пэшым сыщIэзыша Сихьэмрэ слъэгъуа иужь, зэуэ мыращ сигу къэкIар: абыхэм ядэнт хэхэсу къэнэну, я бынхэм адыгэбзэ ямыщIэну, лъэпкъым хамыгъэзэгъэжу?!
- Къумыкъу зэщхьэгъусэхэу Мамдухьрэ Сихьэмрэ (Щоджэнхэ япхъущ) Сирием щыпсэуащ, езыхэри я бынхэри къыщалъхуар аращ. Мамдухь щIэныгъэлIщ, тхакIуэщ, Сириеми Урысей Федерацэми я ТхакIуэхэм я союзхэм хэтщ, егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ хьэрып къэ-рал зыбжанэми Къэбэрдей-Балъкъэрми щылэжьащ. Дамаск щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и Iуэхухэм зэщхьэгъусэхэр жыджэру хэтащ. 1992 гъэм Хэкум къагъэзэжауэ, зэрыунагъуэу Налшык щопсэу.
- — ХЭКУМ къэкIуэжыныр ди къалэну тлъытэу дыкъэхъуащ дэ, хэхэсым я щIэблэр. Ар къызыхэкIар дыщыпсэу Хъышней къуажэ цIыкIум дэсхэр адыгэбзэкIэ псалъэу, адыгэ хабзэ щызекIуэу, адыгэ нэмыс дэлъу, Хэкум и гугъу куэдрэ щащIу къызэрыгъуэгурыкIуэр арагъэнт, — дыщегъэгъуазэ Мамдухь. — ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ я щIыналъэм икIыу Европэм кIуахэу иужькIэ Сириемрэ Иорданиемрэ хэщIапIэ зыщIахэми Хэкум и хъыбар куэд къахьат. Ущыпсэу мыхъуххэну, адыгэхэри хэшыпсыхьыжауэ щымыIэжурат абыхэм яIуатэр. Совет Союзым епцIыжу нэмыцэм и гъусэу икIахэм сытыт-тIэ нэгъуэщI жаIэнур?! Къыхэзгъэщыну сызыхуейращи, Хэкум къыщхьэщыжу абы пщIыхь дахэ хуэзылъагъухэри щыIэт, и Iей зыгъэIухэри мащIэтэкъым. Сирием и къуажэ пхыдза цIыкIухэм нэгъунэ щыужьыхыртэкъым ди щIыналъэ дахэм и хъыбархэр. Мис апхуэдэурэ абы дыкъыщIэтэджащ, хуэм-хуэмурэ зыкъэдужьащ, латиныбзэкIэ тхауэ тхылъ закъуэтIакъуэ щыIэхэр къытIэрыхьэри, абыхэмкIэ деджащ, бзэмкIэ тхэкIэ-еджэкIэ зэдгъэщIащ. Хрущёв Никитэ и зэманыр къэсри, письмохэр, Хэкум никIыу тхылъхэр къытIэрыхьэ хъуащ. Абыхэм деджэм и мызакъуэу, щIэблэм курсхэр къахузэдгъэпэщурэ тхэфу, еджэфу зэрыдгъэсэным дыпылъащ. ИужькIэ Хасэхэм апхуэдэ курсхэр нэхъыбэ ящI хъуащ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, дыкъэкIуэжыфыну къыщытхуихуэм, Хэкужьыр зэдгъэгъуэтыжащ.
- — Илъэс 26-рэ мэхъу къызэрывгъэзэжрэ. Дауэрэ екIуэкIа ахэр?
- — Ипэ илъэсхэр тыншауэ схужыIэнукъым, ауэ адыгэбзэр тщIэрт, адыгэ хабзэм фIыуэ дыщыгъуазэти, нэхъ псынщIэ къытщащIащ лъэпкъым хэсыхьыжыныр. «Мы хэгъэгу пхыхуам фыкъыщIэкIуэжар сыт, сытым фыкъихужа?» — Iэджэми къыджаIэрт. Ар хэкурысым къыгурыIуэнукъым, пэIэщIэ хъуакъым и лъахэми. Хэхэсу ущытыныр тыншкъым, псэми дэгъэхуэгъуейщ.
- Дэр-дэру лэжьапIи къызэдгъэпэщащ, ди бынхэм, зэрыжысIащи, адыгэбзэр ящIэрти, къиин къыхэмыкIыу еджахэщ, урысыбзэри зрагъэщIэфащ. ЩIалэми хъыджэбзитIми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ.
- — Уи гур мыбыкIэ щыIэкIэ зэфIэкIрэт, Мамдухь, щхьэгъусэм къыбдиIыгъын хуейтэкъэ? Сихьэм, уэ дауэ къыпщыхъуат Хэкум кIуэжын хъыбарыр?
- — Сэри Хасэм сыхэтт, Хэкур зи пщIыхьэпIэм хэмыкIхэм сащыщти, дызэгурыIуэу дыкъекIуэкIырт, — жэуап къызет Сихьэм. — Пэжщ, тIэкIу, зы илъэситI хуэдэкIэ, зызгъэгувэну сыхуейт, си пенсэ Iуэхухэр, нэгъуэщI гуэрхэр зэтеуIэфIэху. Ауэ Мамдухь къытричырт, «хэкубжэр къызэIуахащ, хуащIыжынуми пщIэркъым» жиIэу. Псори къэдгъанэри, гъуэгу дыкъытехьэжащ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, хуэм цIыкIуурэ псори зэпэщ хъуащ.
- — ФыкъызэрыкIуэжам фыщыхущIегъуэжа къэхъуа?
- — Гугъут, ауэ «дыкъэкIуэжын хуеякъым» псалъэхэр зы лъэпощхьэпоми жыдигъэIэфакъым, — къыпещэ адэкIэ Сихьэм. — Пэжщ, ди Iыхьлы абыкIэ къэдгъэнахэр дигу къэкIырт. Мы гъэм къэс си анэр схуэпсэуащ, Сирием щыIэти, сыкIуэрт е езыр къакIуэрт, сэ нэхъ щIэх-щIэхыурэ, Мамдухь нэхъ мащIэрэ. Iыхьлыхэм дазэрыпэIэщIэрат нэхъ хьэлъэр. КъыщыдгъэзэжагъащIэм ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ уэрамым щыдиIа фэтэрым щызигъунэгъуахэр хъарзынэ дыдэт. Тхьэм ищIэнщи, абыхэми куэдкIэ я фIыгъэщ ди лъэпкъым дызэрыхэзэгъэжар. Егъэлеяуэ гъунэгъуфIти, си благъэ дыдэу фIэкIа зэи къэслъытакъым, езыхэри къызэрытхущытар ап-
- хуэдэущ.
- — Дызэрыщыгъуазэщи, щIэныгъэ лэжьыгъэхэри художественнэ тхыгъэхэри уи къалэмыпэм къыщIэкIащ, Мамдухь. Иджыпсту сытым нэхъ уелэжьрэ?
- — «Нартхэр» хьэрыпыбзэкIэ зэздзэкIауэ дунейм къытехьащ. Мис абы къыпысщэу, лэжьыгъэ хъарзынэм иужь ситщ иджыпсту. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыпсэу лъэпкъыжьхэм я эпосым, IуэрыIуатэм езгъапщэурэ анализ сощI адыгэ нарт хъыбархэр. Абы апхуэдизкIэ сызыIэпишащи, нэгъуэщI дуней щыIэжу сымыщIэу солэжь.
- «Сыт псыхъуэ цIыкIум жиIэр?» зи фIэщыгъэ тхылъым ихуа Iуэтэжхэм нэмыщI нэгъуэщIхэри ныкъуэтхыу сиIэщ, ауэ зэкIэ и кIэм схунэгъэсыркъым. Фызыщыгъуазэ «Кавказымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ папщIэ XIII лIэщIыгъуэм и кум къыщыщIэдзауэ XXI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм нэс ирагъэкIуэкIа зэпэщIэувэныгъэ инхэмрэ шэрджэсхэмрэ» къэхутэныгъэ лэжьыгъэм зэманышхуэрэ къарурэ тезгъэкIуэдащ, ар си художественнэ гупсысэм зэран хуэмыхъуауэ, тхыгъэхэр дунейм къытегъэхьэныр имылъэхъауэ схужыIэнукъым. Ауэ Iуэху гуэрхэр къигъэнами, сыхущIегъуэжыркъым. ЩIэджыкIакIуэхэм щхьэщытхъуу сакъыщыхъуну сыхуейкъым, атIэми сэ лэжьыгъэм къыщысIэтам хуэдизым зи Iэ техуа щыIэкъым. АдыгэбзэкIи щыIэхэм седжэурэ, хьэрыпыбзэкIэ тхахэри щIэсщыкIыурэ зэхуэсхьэсащ, дэфтэркIэ щIэмыгъэбыдауи зы псалъэ иткъым. Хэкурысхэр хамэ къэралхэм къыщыдэкIхэм щыгъуазэкъым, нэгъуэщI щIыналъэм щыпсэухэм адыгэбзэкIэ тхахэр ящIэркъым, аращи, я тхылъхэр тIэкIу лъэныкъуабэ мэхъу.
- — Мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ я гугъу уэзгъэщIынут. Ар лэжьыгъэ ирехъу, унагъуэрауи щрет.
- — Зи гугъу сщIа нарт хъыбархэм ятеухуа тхылъыр и кIэм нэзгъэсынырщ си мурад нэхъыщхьэр. АдыгэбзэкIи хьэрыпыбзэкIи зэгъусэу стхын щIэздзэри, кIыхьлIыхьыIуэ хъурти, нэхъ псынщIэу си гупсысэр къызэрысхуэIуатэ хьэрыпыбзэм сыкъытеувыIауэ абыкIэ сотх. ИтIанэ адыгэбзэкIэ зэздзэкIыжынущ. Абы илъэс зыщыплI текIуэдэнущи, ар къысхузэпищамэ фIыт.
- ХъуэпсапIэм я нэхъ иныр, фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, щIалэр (Бибарс) унагъуэу дгъэтIысыжынырщ. Пхъурылъху цIыкIуищ диIэщи (Амир, Ланэ, Идар сымэ), узыншэу, гукъеуэншэу къэхъумэ, ди гуапэщ, абыхэм я ехъулIэныгъэхэрщ иджыпсту дызыгъэиныр. Нэхъыжь цIыкIуитIыр спортсменщ, тхэквондомкIэ Урысейпсо зэхьэзэхуэхэм щытекIуэу, Европэм и утыкухэм ихьэу. Псом хуэмыдэу а спорт лIэужьыгъуэр къэзыгъэIурыщIа хъыджэбзым и ехъулIэныгъэр ди напщIэм телъщ.
- ИСТЭПАН Залинэ.
- Жьыщхьэмахуэ Абеикъуэ Шухьэиб
- Щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къахэкIыу нэ-гъуэщI къэралхэм къыщыхута ди лъэпкъэгъухэм я Хэкужь къыщагъэзэжкIэ, абыхэми лъахэрысхэми зыхэтщIэ гурыгъу-гурыщIэхэм, зэгъусэу дызэгупсысхэм дерс щхьэпэхэр къыхэтх зэрыхъунум и щыхьэтщ Иорданием нэхъ пасэу къикIыжахэм ящыщ, жьыщхьэ махуэ хъуа лIым дызыщIигъэдэIуахэри.
- Абеикъуэ Шухьэиб Мизан и къуэр 1936 гъэм Иорданием къыщалъхуащ. Иджыпсту Бахъсэн къалэ щопсэу. Зи ныбжьыр илъэс 82-м ит Шухьэиб лIы бжьыфIэщ, убгъэдэсыныр, и ущиехэм уедэIуэныр гузэгъэгъуэ къозытщ.
- — 1972 гъэм сыкъэкIуэжащ. Абы лъандэрэ илъэс 49-рэ мэхъу. Къыщызгъэзэжам, зы мазэ нэхъ дэмыкIыу, урысей паспорт къысIэрагъэхьащ, уни къызатащ, лэжьапIэ къысхуагъуэтащ, мазэ нэхъ сыщымысу. УщIэпсэун хуейр уи лъэпкъращ, уи Хэкуращ. Ди адэ-анэми абы дыкъыхураджэрт. ТIуми бзэр фIы дыдэу ящIэрт. Ди адэр мыбы щрашам и ныбжьыр илъэси 9 хъуа къудейт. АтIэми, абы зы махуи щыгъупщакъым и цIыкIугъуэр щриха и Хэкужьыр. Ахэр щикIар 1905 гъэращ. Си адэр Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм дэс Абеикъуэхэ яхэкIат. Си анэр, Муслъимэт, Иорданием къыщалъхуами, и адэр Къэбэрдейм къыщыхъуат, Анзорей къуажэм дэс Насыпхэ ящыщт. Ахэр, жьы хъуами, къэкIуэжыну къеIэрт. Ауэ мы зэманым Иорданиемрэ Урысеймрэ я зэхуаку дэлъ хъуа консульствэ-посольствэ зэпыщIэныгъэхэм хуэдэ а лъэхъэнэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, щыIакъым. Абы къыхэкIыуи, дыкъэзылъхуахэм я лъахэр ялъагъужыфакъым, я гъащIэ псор абы щIэхъуэпсу яхьа пэтми. Апхуэдэу щыхъум, мурад быдэ сщIащ: «Си адэм апхуэдизу фIыуэ илъагъуу щыта и лъахэм сыкIуэжынщ!» — жысIэри.
- Хэкужьым къихьэжа иужькIэ, щигъэхъахэм тхутепсэлъыхьыну дыщелъэIум, Шухьэиб и псалъэм къыпищащ.
- — ДыкъыздэкIуэжам цIыхугъэшхуэ къыдахащ. Дызыхуэзахэм хабзэ къыткIэлъызэрахьащ. А псор ноби IэфIу си гум илъщ. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм пыщIэныгъэ яхуиIэнымкIэ «Хэку» («Родина») зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу а зэманым лэжьа ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд щIэх-щIэхыурэ зыкъысхуигъазэрт, «зыгуэр ухуэныкъуэмэ, Шухьэиб, умыбзыщI», — жиIэурэ. «Зыри сыхуейкъым, Мухьэмэд, сызыхуейр къэзгъуэтыжащ», — жэуапыр щестыжкIэ, «Сыт апхуэдизу узыхуеяуэ къэбгъуэтыжар, Шухьэиб?» — къызэупщIырт. «Хэку сыхуейти — къэзгъуэтыжащ, лъэпкъ сыхуейти — къэзгъуэтыжащ. АдэкIэ сыхуэныкъуэIамэ, езы гъащIэм къыдэкIуэнущ», — жэуапыр щестыжкIи къысщыгуфIыкIырт.
- «Узэджэр къокIуэ!»
- Дин гъуазэхэм, цIыху Iущхэм, еджагъэшхуэхэм гу зэрылъатэрэ куэд щIащ гупсысэ къабзэу лъэщу зытебгъэчыныхьхэм уи хъуреягъкIэ къыщыхъу-къыщыщIэхэм фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызрагъэхъуэжми зэрызрагъэужьми. «Узэджэр къокIуэ!» псэлъафэм хуэкIуэ апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр Шухьэиб и гъащIэ псом къызэрыщигъэлъагъуэм и щыхьэтщ адэкIэ дызыщIигъэдэIуахэри.
- — Хэкум Iей хужыпIэ хъунукъым. Дызэрыс ди хэгъэгу цIыкIум и гугъу тщIынщи, зэкIэлъымыкIуагъэ гуэр щыщыIэмэ, адыгэ лъэпкъыр зэрыщыту абы дэбгъакIуэ хъунукъым. ЦIыхум къуаншагъэ-мыхъумыщIагъэу дэплъэгъуар зэригъэзэкIуэжыным яужь уитыпхъэщ, и Iейр бгъэбэгъуэным и пIэкIэ. Апхуэдэу Хэкум ухущымытмэ, уи гур щIэмыузмэ, уи псэр щIэптыну ухуэмыхьэзырмэ, ущыпсэур сыт хуэдизу мыжэнэтми, абы уизэгъэнукъым, уи псэми пхутегъэхуэнукъым. Хэкум къыпхуищIэным ущымыгугъыу, уэ зыгуэр зэрыхуэпщIэным яужь итыпхъэщ. Ауэ щыхъукIи, езы Хэкуми узыщигъэгъупщэнкъым.
- Шухьэиб и Хэкужьым, абы щыпсэухэм зэрахущытыр зэрыдгъэщIэгъуэнур дымыщIэу дыздыбгъэдэсым, ди псэлъэгъум адэкIэ къыпещэ:
- — СызэреплъымкIэ, фIыщIэ лей зыхуэфащэр мыбы къинахэращ. Мыбдежым ди лъэпкъэгъу щымыпсэуатэмэ, адыгэбзи щызэхэпхыжынут, Хэку дызэкIуэлIэжыни щыдгъуэтыжынут? Сыт хуэдэ зэман бзаджэми зрамыгъэщIыкIыу, щIэмыгумэхы-кIыу, абыхэм лъахэр яхъумащ, я хабзи зэрахьащ. Срогушхуэ, сроин жьыщхьэ махуэ сызэрыхъуами, бынхэр, бынхэм я быныжхэр, абыхэм къащIэхъуэжахэр къызэрыздэгъуэгурыкIуэми, а псоми адыгэбзэ зэраIурылъми, Хэкур, лъэпкъыр фIыуэ зэралъагъуми. Ахэр апхуэдэу къызэрызэщIэувэм сэри, зымащIэ нэхъ мыхъуми, зыгуэр хэслъхьауэ къызобжри, си дежкIэ ар гуфIэгъуэшхуэщ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.
- Аслъэн Алий: Узэкъуэтмэ, сытми уполъэщ
- Урысейм и хэгъэгухэр, Абхъаз Республикэр псэупIэ зыхуэхъуахэр, я адэжьхэр зыщIэбэгыу псэуа Кавказым нобэкIэ къихьэжахэр щэ, уеблэмэ мин бжыгъэм нызэрохьэс. Псом хуэмыдэу, хэкум къэкIуэжын Iуэхур гузэвэгъуэу щекIуэкIар Щамым зауэ къыщыхъея нэужьщ.
- Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэр къапщтэмэ, хамэ къэралхэм къикIыжу абыхэм щетIысэха ди лъэпкъэгъухэр куэдкIэ нэхъыбэщ, Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэм елъытауэ. Щхьэихауэ жытIэнщи, «репатриант» жыхуаIэу нобэ ди хэгъэгум щыпсэум я нэхъыбэр Щамым щекIуэкIа мафIэ лыгъейм зи щхьэ, зи унагъуэ къыхэзышахэращ, зэблагъэ-зэIыхьлыхэщ. НобэкIэ ахэр цIыху 35-м щIегъу. Ди тхыгъэм зи гугъу щытщIыну бынунагъуэхэр Къэрэшей-Шэрджэсым къызэрихьэжрэ илъэс бжыгъэ дэкIыжащ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм я щыIэкIэ-псэукIэр ноби зэтегъэпсыхьа хъуауэ пхужыIэнукъым.
- Дыхуейщ нобэ ди лъэпкъэгъухэр зыгъэпIейтей, зымыгъэбакъуэ щытыкIэхэм нэхъ тегъэчыныхьауэ дыкъытеувыIэну. Ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэм и гугъу къытхуещI Хэкум къэзыгъэзэжахэм я Iуэхухэр зэфIэхы-нымкIэ лэжьыгъэр хэгъэгум щезыгъэкIуэкI, КъШР-м и «Адыгэ Хасэ — Шэрджэс Парламент» лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий.
- Шэрджэсхэ Ислъам,
- Хьусам, Мэрям,
- Гъусокъуэ (Куэбл)
- Раджаб сымэ
- Черкас Мэрям Хьэрун и шыпхъущ. Абыхэм Мейкъуапэ «вид на жительство» щащIауэ къэкIуэжащ. ЯпэщIыкIэ, Мэрям и пщащитIымрэ и анэмрэ Хьэгъундыкъуей къуажэм щыщ щIалэм и унэм щIэсащ. ИщхьэкIэ зэрыщыжытIауэ, Мэрям и анэм гражданствэ иIэ хъумэ, и бынхэми иратынущ.
- Ислъам Хьэрун и шынэхъыщIэщ. Мыбы и унагъуэм щIэсхэми «вид на жительство» яIэщ. Сирие паспортхэм я пIалъэр иухри, ахэр зэрахъуэкIыжа къудейщ.
- Ислъам япэщIыкIэ МейкъуапэкIэ щетIысэхри, абдежым я тхылъхэри щызэрагъэпэщащ. ИтIанэ Хьэгъундыкъуей къыдэтIысхьауэ щытащ. Иджы Хьэбэз къуажэм щетIысэхахэм, фэтэр зратахэм ящыщщ. Ислъам и унагъуэр Хьусам иужькIэ Хэкум къэкIуэжа пэтми, я тхылъхэр нэхъ щIэх зэфIэкIащ.
- Хьусам и унагъуэм щIэсхэм я тхылъхэр КъШР-рщ щызэфIагъэхьар. ЯпэщIыкIэ Урысейм пIалъэкIэ щыпсэуну зэрыхуитымкIэ, итIанэ «вид на жительство» хуащIащ. ГъэщIэгъуэнракъэ, ди гъунэгъу хэгъэгухэм репатриантхэм я тхылъхэм хэплъэным мазитI пIалъэ щыхуагъэуву арамэ, ди деж а Iуэхум мази 2 — 6-м нызэрыхьэскIэ хоплъэ.
- Ауэрэ, Хьусам и тхылъ Iуэхухэм хэтурэ, и визэм и пIалъэр иухауэ къыщIэкIащ. Ар имыщIэу Мейкъуапэ дэс и Iыхьлыхэм я деж кIуауэ къыздэкIуэжым, ГАИ постым къыщагъэувыIэри, «хамэ къэрал щыщ цIыхур хабзэм темыту Урысейм итщ» жаIэри, Iэпщэхъу къралъхьэри, Мостовской деж хьэпсым щыщIадзащ. Абы щыгъуэми и щхьэгъусэмрэ сабиитIымрэ щIыгъут. Хуабжьу гугъуехь мымащIэм хэтащ Хасэри, езы Хьусам и унагъуэри. И хьэкум ящIэри, тезыр ирагъэтри, Хьусам къыщIагъэкIыжащ, «фи тхылъхэр зэтевмыгъэпсыхьауэ афIэкIа фыкъемыжьэ» къыжраIэри.
- Гъусокъуэ Раджаб Урысейм пIалъэкIэ зэрыщыпсэуфын дэфтэрщ иIэр. Япэрейхэр къыщыкIуам урысыбзэр Iэмал имыIэу пщIэн хуейуэ УФ-м и Хабзэм къигъэувыртэкъым. Раджаб и къэкIуэгъуэм ар къыхагъэхьащ. Иджы сыт хуэдэ тхылъ ущIэлъэIунуми, урысыбзэр пщIэн хуейуэ къоув.
- Гугъуехь куэдым хэтами, Раджаб и тхылъхэр игъэхьэзыращ. Ауэ апщIондэху, и щхьэгъусэм Сирием къыздриха дэфтэрхэм я пIалъэр икIащ. Апхуэдэу, Раджаб, и анэм, и бынитIым я тхылъхэр Iахащ, мазэ къихьэнум зэфIэкIын хуейуэ поплъэ. И щхьэгъусэми «пIалъэкIэ щтапIэ ихьэжам и дэфтэр» жыхуаIэм хуэдэ къратащ.
- Къардэнхэ Данилрэ
- Бусейнэрэ
- Хьэбэз къуажэм дэсщ Къардэнхэ Данилрэ Бусейнэрэ я унагъуэр. Ахэр нэрыбгиплI мэхъу: сабиитIымрэ я анэ-адэмрэ. Илъэс ныкъуэкIэ Къардэнхэ Черкесск къалэм фэтэр щыщIэсащ, Адыгэ Хасэм пщIэ щIиту. Иужьым Хьэбэз къуажэм щыщ Даур РэIуф и унэм щIигъэтIысхьэри, зы зэманкIэ абы щыпсэуащ. Тхьэм и шыкуркIэ, иджы къуажэм щIапIэ къыщратри, унэ щащIащ, щIэтIысхьэжахэщ.
- Къардэнхэ я унагъуэм «вид на жительство» яIэщ. Абы и пIалъэр илъэситхущ. Иджы дыдэ пIалъэр икIри хупаща къудейщ. А Iуэхуми лъэпощхьэпо куэд пылъащ. Псори зымыгъэкIуатэр бюрократие кIэлъэф Iуэху щIэкIэращ.
- Балокъуэ (Мустэфа)
- Нихьэт
- Балокъуэ Нихьэт Хэкужьым япэ дыдэ къэкIуэжахэм ящыщщ. Дохутыр IэщIагъэ иIэщ. Арами, ординатурэм щемыджауэ лэжьапIэ къратыртэкъыми, гугъуехь куэд пылъами, ар къиухыжащ. Ауэ абы щхьэкIи лэжьапIэ игъуэтакъым.
- Хьэбэз къуажэм щыщ пщащэ щхьэгъусэ хуэхъуа нэужь, Абхъазым унэ къыщратри, абы Iэпхъуащ, дохутыруи щылэжьащ. Ауэ абыкIи я Iуэху зэрыхуейм хуэдэу щымыхъуу, и щхьэгъусэм унэ щиIэ Ставрополь кIуэжахэщ. Нихьэт и анэмрэ и шыпхъуитIымрэ щIыгъут. Ахэр Черкесск къалэм къыдэнащи, я тхылъ IуэхукIэ гугъуехьым хэкIыркъым.
- Мэхъуш (Черкас)
- Хьэрун и унагъуэр
- Хьэбэз районым хыхьэ Хьэгъундыкъуей къуажэм Хэкум къэзыгъэзэжауэ зы унагъуэщ дэсыжыр. Ахэр нэрыбгиплI мэхъу. Мыбыхэм Урысейм зэрицIыхумкIэ щыхьэтлыкъ тхылъхэр (гражданствэ) яIэщ. Унагъуэм и тхьэмадэ Хьэрун Куржы-Абхъаз зауэр къыщыхъеям къэкIуауэ щытащ. Абы къикIыжри, Бжьэдыгъукъалэ (Краснодар) пэмыжыжьэу щыIэ Пэнэхэс къуажэм щыпсэуащ, МейкъуапэкIи щыIащ. И бынхэр балигъщ, ищхьэ еджапIэхэм щIэсщ.
- Къапщтэмэ, Хьэрун сымэ илъэс 20-м щIигъуауэ Хэкужьым щыIэщ. Пэжщ, Дамаск ягъэзэжри, иужькIэ къэкIуэжащ. ПсэупIэкIэ гугъу ехьахэщ. ХьэрычэтыщIэ Аргун Олег и фIыщIэкIэ, Хьэрун и унагъуэм нобэкIэ псэупIэ яIэщ. Езыхэм яй дыдэу щымытми, зэпэщщ. Тхьэм узэрелъэIуну, я тхылъкIи зэтегъэпсыхьахэщ.
- Хьэрун гражданствэ иIэщи, и анэр пенсэм кIуэмэ, абыи ди къэралым тхылъ иритыфынущ Урысейм и цIыхуу зэрыщытымкIэ. Ауэ ахэр къыщыкIуэжам гулъытэ хуамыщIу яIэщIэкIа Iуэхум: я унагъуэцIэр зэтемыхуэу, «Черкас», «Джеркас», «Черкес» жиIэу, зэратхам, Хьэрун и унагъуэцIэ дыдэр — Мэхъушыр — къызэрищтэжауэ щытам, хуабжьу гугъу иригъэхьыжахэщ. Анэр зэрейм щыхьэт техъуэ тхылъхэр гъэхьэзырыным Хьэрун зэман куэд дыдэ тригъэкIуэдащ. Иджы анэм гражданствэ къратмэ, хабзэм зэрытету, и быну хъуами ар къалъысын хуейщ.
- Хьэтыкъуей Мухьэмэд
- и бынунагъуэр
- Эрсакон (Абатэ Хьэблэ) къуажэм щетIысэха Хьэтыкъуейхэ Мухьэмэдрэ Санятрэ бынунагъуэшхуэщ — сабииплI яIэщ. Мыхэр япэщIыкIэ Налшык щетIысэхри, Урысейм пIалъэкIэ ущыпсэуну хуит узыщI тхылъхэр яIэу (илъэсищщ и пIалъэр) ди хэгъэгум къэIэпхъуэжащ. Иужьым «вид на жительство» щIэлъэIуахэщ. Мис, иджы, абы и пIалъэри йокIри, гузэвэгъуэм хэтхэщ.
- Сэнят и шыпхъу нэхъыщIэри къакIуэри, и тхылъ Iуэхухэм лъэпощхьэпо ин пылъ щыхъум, АбхъазымкIэ игъэзауэ абы щопсэу, лэжьапIи иIэщ, унагъуэ хъунуи зегъэхьэзыр.
- Хьэтыкъуейхэ я унагъуэр ящыщщ зи дэфтэр Iуэхухэр зэфIэнахэм. ФокIадэ мазэм абыхэм я дэфтэрхэм я пIалъэр йокIри, ахэр къыдэхыжыным я нэхъ мащIэу доллар 2400-рэ текIуэдэнущ. Тхылъхэр Москва посольствэм ирахьэлIэн хуейщ. Мы унагъуэр Урысейм иджыри щыпсэуну къэнэн папщIэ, ахэр зыхэпсэукIын мылъку зэраIэр къагъэлъэгъуэн хуейуэ къэралым къегъэув. Ар ахъшэ мащIэкъым, Хьэтыкъуейхэ нэрыбгих зэрыхъур Iуэхум къыхэплъытэмэ.
- ПсэупIэ и лъэныкъуэкIи быныр хуабжьу гугъу йохь. Мы унагъуэр егъэзыпIэншэу щытащ, иджы, благъэ къахуэхъуахэм щIапIэ къратри, КъШР-м и адыгэ щIалэгъуалэ Хасэм и фIыщIэкIэ, цIыху куэдым я дэIэпыкъуныгъи хэлъу, Эрсакон къуажэм деж унэ лъабжьэр щагъэжащ, ар зэфIэгъэувэным йолэжь.
- ЛIыщхэ я унагъуэр
- ЛIыщхэ Мухьэмэд и унагъуэр Бэвыкъуэ къуажэм щетIысэхащ. ЦIыхуиплI мэхъу. Мухьэмэди и адэ-анэми гражданствэ яIэщ. И нэхъыжьхэр КъБР-м щопсэу. Мухьэмэд и щIалэ Анзори Урысейм зэрицIыхум щыхьэт техъуэ тхылъыр КъШР-м щызэфIагъэкIащ.
- Адрейхэри гражданствэ зэрыщIэлъэIумкIэ я тхылъхэр Хьэбэз районым щIалъхьащ. Гражданствэ зиIэ щхьэгъусэм илъэсищкIэ удэпсэуауэ щытын хуейщ, ар къуатын папщIэ. Абы къыхэкIыу, Мухьэмэд и щхьэгъусэм «вид на жительство» жыхуаIэм хуэдэщ иIэр. Бзылъхугъэм и анэ Нахлэ «пIалъэкIэ щтапIэ ихьэжа» жыхуаIэм хуэдэ тхылъ хуащIащ. НэгъабэщНахлэХэкужьымкъыщихьэжар.
- Хасэм и тхьэмадэм и псалъэ
- Зауэм къыхэкIами, езыхэр хуейуэ къэкIуэжами, Хэкужьым къэзыгъэзэж ди лъэпкъэгъухэм зэрытлъэкIкIэ дапыкъуэкIын, ди къару къызэрихькIэ защIэдгъэкъуэн зэрыхуейм шэч хэлъкъым.
- ДызэрыщыгъуазэмкIэ, къэзыгъэзэжахэм яхэткъым хамэ хэку зыгъэзэжын. Мыхэр адэжь хэку щыпсэуну къэкIуэжа защIэщ. НобэкIэ я тхылъ IуэхукIэ я псэр зэфIэмынэмэ, гугъу емыхьмэ, ди лъэпкъэгъухэр куэдкIэ нэхъ щIэх къытхэшыпсыхьыжынут, я гур къызэрыгъуэтыжынут.
- Къэрал зэхуэмыдэхэм къыщекIуэкI Iуэху зехьэкIэм укIэлъыплъмэ, «статус репатрианта» жыхуаIэр илъэситхукIэ иратри, хамэ хэкум къикIыжахэр зыхэтIысхьа гъащIэм хошыпсыхьыж а пIалъэм къриубыдэу. Дэ илъэситху хъуауэ цIыху 35-м щIигъум я тхылъхэр нэгъэсауэ тхузэтегъэпсыхьыркъым. Езыхэми «Урысейм дыкъранэну пIэрэ хьэмэрэ драхужыну?» жаIэу, гулэгусэм хэмыкIыу мэпсэу.
- Нобэ ди хэгъэгум щыпсэу дэтхэнэ адыгэми ди къалэнщ Щамым къиIэпхъукIыу зи Хэкужь къэзыгъэзэжахэм защIэдгъэкъуэну. Щхьэж хузэфIэкIкIэ. Къапщтэмэ, жылагъуэ Iуэхур зи пщэрылъ хъур Хасэращи, дэ къарукIи мылъкукIи тлъэкI къэдгъанэркъым ди лъэпкъэгъухэм къатегуплIа щытыкIэ хьэлъэр псынщIэ ящыщIынымкIэ. Щхьэихауэ жыпIэмэ, дэтхэнэри мылъку хуэныкъуэщ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, справкэ къыдэпхынуми, зыщIыпIэ укIуэнуми ахъшэншэу зэфIэкIыркъым. Ди насыпщи, лъэпкъым и мащIэкъым цIыху хьэлэлхэр, я лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъуну хьэзырхэр. Апхуэдэхэм я фIыщIэкIэ, щытыкIэ хьэлъэ куэдым дыкъокI.
- КъинэмыщIауэ, къытхуеблэгъэжахэм я Iуэхухэр зезыхуэн, УФ-м и хабзэхэм фIыуэ хэзыщIыкI юрист дыхуэныкъуапэщ. Юристым ди лъэпкъэгъухэм я тхылъхэр и нэIэм щIигъэтынущ. Хэт ейм и пIалъэр икIми, хэт сыт хуэдэ дэфтэр хуэныкъуэми хъыбар яригъэщIэнущ. Канцелярием и лэжьыгъэм псори елъытащ.
- Дызыпэрыт Iуэхур куэдкIэ нэхъ тыншу къыдэхъулIэнущ, ди лъэпкъэгъухэр хуиту я адэжь хэку щыпсэуфынущ, абыхэм яхуэгъэза Iуэхухэр дызэкъуэту зэфIэдгъэкIмэ. Ауэ сытми адыгэм жиIакъым: «Узэкъуэтмэ, улъэщщ!»
- АБИДОКЪУЭ Лусанэ.