«Си гъащIэ ябгэрщызухынум, Шы жэр сытесу сыреух…»
2018-07-24
- Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 104-рэ щрикъум ирихьэлIэу, гъэ къэси хуэдэу, пэкIу щекIуэкIащ абы и фэеплъым деж. КIыщокъуэ Алим и цIэр зезыхьэ уэрамым тет Налшык къалэ администрацэм и гупэм къит фэеплъым деж щызэхуэсахэм яхэтт тхакIуэр фIыуэ зыцIыхуу щытахэр, жылагъуэ, политикэ Iуэху зезыхьэхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр, лъэпкъ интеллигенцэр, усакIуэм и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, и усэхэр фIыуэ зылъагъухэр.
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ