ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2018

ЛэжьакIуэхэр  ягъэгушхуэ

2018-07-07

  • Хабзэ дахэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Парламентым и гъатхэ лэжьэгъуэр щиухкIэ, республикэм и цIыху гуащIафIэхэм ЩIыхь тхылъхэр абы щрат. Апхуэдэу бадзэуэгъуэм и 5-м КъБР-м и Парламентым цIыху 82-рэ щагъэлъэпIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым

ХэкIыпIэхэр  къалъыхъуэу

2018-07-07

  • КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат бадзэуэгъуэм и 5-м и лэжьапIэ пэшым пресс-конференц щригъэкIуэкIащ. Ар теухуа- уэ щытащ Налшык къалэ и ЛъхуапIэ унэр республикэм и Перинатальнэ центрым зэрыхагъэхьэжым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр

Мы махуэхэм

2018-07-07

  • Бадзэуэгъуэм и 7, щэбэт
  • Осетие Ищхъэрэ — Аланием егъэлъапIэ Республикэм и махуэр
  • Японием щагъэлъапIэ Лъагъуныгъэм и махуэр
  • 1687 гъэм Ньютон Исаак къихутащ дунейм зыщIэзышэ къару зэрыхэлъыр.
  • 1918 гъэм Советхэм Екатеринодар (иджырей Краснодар) щрагъэкIуэкIа съездым унафэ къыщащтащ Кавказ Ищхъэрэ республикэ къызэгъэпэщыным теухуауэ.
  • 1920 гъэм Антверпен (Бельгие) щыщIидзащ VII гъэмахуэ Олимп джэгухэм. Ар къызэIухыным теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр щекIуэкIар шыщхьэуIум и 14-рщ.
  • 1923 гъэм Азербайджан ССР-м хыхьэу къызэрагъэпэщащ Нагорнэ Карабах автономнэ областыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ТекIуахэр   ягъэлъэпIащ

2018-07-07

  • КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым щекIуэкIащ «Рыцари закона» зэпеуэм и иужьрей Iыхьэр. Респуб- ликэ МВД-м къызэригъэпэщауэ 2003 гъэ лъандэрэ ирагъэкIуэкI зэпеуэр зытеухуэ-жар щIалэгъуалэр псэкIи, IэпкълъэпкъкIи узыншэу, Хэкур фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджынырщ, залымыгъэм, экстремизмэм, терроризмэм пэщIэтынырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр

Хэлъхьэныгъэ ин

2018-07-07

  • Адыгэхэм ди зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ куэд хуащIащ нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIа щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм, еджагъэшхуэхэм. Абыхэм ящыщщ зи ныбжьыр иджыблагъэ илъэ-си 115-рэ ирикъуа Гиппиус Евгений Владимир и къуэр. Этнолингвист, макъамэм и тхыдэдж цIэрыIуэм зэфIэкIышхуэ ирихьэлIащ «Адыгэ лъэпкъ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ» тхылъыр дунейм къытегъэхьэным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъым  зиужьыну дыхуеймэ

2018-07-07

  • Сыт хуэдэ лъэпкъми езым и дуней, и ехъулIэныгъэхэр иIэжщ. Апхуэдэ дыдэуи лъэпкъ къэс езым и цIыхум и теплъэр, и хьэл-щэныр, и зэхэщIыкIыр дыболъагъуж. Сытепсэлъыхьыну сыхуейщ, япэрауэ, адыгэ бзылъхугъэм и теплъэм, хэлъыпхъэ щэн дахэм, абы дунейм и зыужьыкIэм щигъэзащIэ къалэным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

Нобэми  дегъэпIейтей

2018-07-07

  • Ди блэкIам, тхыдэ напэкIуэцIхэм сыщриплъэжкIэ, адыгэ лъэпкъым лъапсэрыхыр къытхуэзыгъэкIуа, илъэси 100-кIэ екIуэкIа Кавказ зауэм семыгупсысын слъэкIыркъым. А зауэ гущIэгъуншэр мыхъуатэмэ, ди лъэпкъым нобэ и бжыгъэр зыхуэдизынумрэ и зэфIэкIыр зыхуэдэнумрэ хэт ищIэнт?!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Шордакъыжь»  бгы  лъапэм

2018-07-07

  • 1920 — 1930 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ республикэм и жылэ нэхъ инхэм цIыхухэр дагъэIэпхъукIыурэ къуажэ нэхъ цIыкIухэр ягъэтIысу щIадзащ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр щекIуэкIащ Сэрмакъ къуажэми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2018-07-07

  • ЖыIэгъуэхэр
  • Банэр  хьэм  я  закъуэкъым
  • Фадэм кърихур гум илъым и закъуэкъым, щхьэм илъри дегъакIуэ.
  • Лъыхъу куэд зиIэр къыдэнэри, зы закъуэ фIэкIа къызылъымыхъуар яшащ.
  • Фадэ пIащIэм лъэр щIеуд.
  • Абы и пэжыр бжыхьым ирапхащ.
  • Зи псалъэ темытыжым жыхьэнмэр и унапIэщ.
  • Щхьэ зимыIэм сыт щхьэц зэрищIынур?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис