ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Iуащхьэмахуэ»  курортым  зрагъэужьын папщIэ  сом  мелардихым нэблагъэ  къыхуаутIыпщ

2018-07-28

  • «Iуащхьэмахуэ» урысейпсо турист-рекреацэ комплексым и инфраструктурэм хиубыдэ ухуэныгъэхэр ирагъэкIуэкIын папщIэ Урысей Федерацэм и Премьер-министр Медведев Д. А. и унафэкIэ сом меларди 5-рэ мелуан 711-рэ къыхуаутIыпщащ.

  • АртрагъэкIуэдэнущ кIапсэ гъуэгущIэхэр укъуэдииным, лыжэкIэ къыщажыхь гъуэгухэм зегъэубгъуным, Азау хуейр зэIузэпэщ щIыным, курортыр электрокъарукIэ къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэр егъэфIэкIуэным.
  • Федеральнэ бюджетым къыхэкI ахъшэр 2018 — 2021 гъэхэм къриубыдэу къагъэсэбэпынущ.
  • Проектым хиубыдэ лэжьыгъэхэр зэблигъэкIынущ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер зэгухьэныгъэм.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.