ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, щIэныгъэлI телъыджэ  Хъурей Феликс и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу

2018-07-28

  • ЦIыхум и къалэн нэхъыщхьэр бэм ядэIэпыкъунырщ,
  • сэбэп хъууэ дунейм тетынырщ
  • «Къэббалъкъавтотранс» IуэхущIапIэм и унафэщIу, Налшык къалэм и Iэтащхьэу щыта, техникэ щIэныгъэхэм я кандидат, философие щIэныгъэхэм я доктор БизнесымкIэ институтым илъэс 25-рэ хъуауэ и ректор, РСФСР-м и цIыхубэ депутат Хъурей Феликс Ахьмэд и къуэм бадзэуэгъуэм и 20-м игъэлъэпIащ и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъуар. БлэкIам, къикIуа гъуэгуанэм, зэфIигъэкIа Iуэхухэм тедгъэпсэлъыхьыну иджыблагъэ нэхъыжьыфIым дыIущIащ.

  • — Феликс, философие гупсысэ куу щIэлъу тхылъ куэд къыдэбгъэкIащ. Сыт абыхэм я къежьапIэр?
  • — Мыпхуэдэ упщIэ къыщызаткIэ яжызоIэ: философу зызбжыжыркъым. Сэ сыинженерщ, нэхъыбэу техникэ щIэныгъэхэрщ сызыпыщIауэ щытар. Къапщтэмэ, илъэс щэ ныкъуэ къызэщIеубыдэ абы. Къэбэрдей-Балъкъэр университетым экономикэмкIэ сридоценту илъэс зыбжанэкIэ сылэжьащ. АрщхьэкIэ мы гъащIэм фIыуэ хэпщIыкIын, ихъуреягъкIэ къекIуэкIыр нэхъ куууэ зыхэпщIэн папщIэ, философу ущытын хуейщ. Ар къыщызгурыIуар 1970 гъэхэм икухэрщ. ЯпэщIыкIэ психологие, педагогикэ щIэныгъэхэм теухуауэ а зэманым къыдагъэкIыу щыта тхылъхэм щыгъуазэ зысщIащ, ахэр зджащ. ИтIанэ философием сыхуэкIуащ. 1988 гъэм «Стремящийся разум» тхылъыр стхащ, 1996 гъэм «Дух, душа, и будущность» лэжьыгъэр къыдэзгъэкIащ. Абыхэм иджыри апхуэдэ тхылъ 20 къакIэ-лъыкIуащ.
  • — ЦIыхур къызыхуигъэ-щIым, щIэпсэум и мыхьэнэ нэхъыщхьэр уи дежкIэ сыт зэпхар?
  • — ГъащIэм, Iуэхум дызэреплъымкIэ куэдкIэ дакъыщхьэщокI Америкэм щыпсэухэм. Ахэр нэгъуэщIынэкIэ еплъ хуэдэщ гъащIэм икIи куэд зэрагъэзахуэ. Си дежкIэ мыр упщIэ гугъукъым: цIыхум и къалэн нэхъыщхьэр бэм дэIэпыкъунырщ, сэбэп хъууэ дунейм тетынырщ. ПщIэ, нэмыс ищIыфрэ дэтхэнэми и гум фIы илъу псэумэ, абы гъащIэр къехъулIауэ аращ.
  • — Уэ езым сыт хуэдэ ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэу гъащIэм ущиIар?
  • — Гугъущ ар къыхэпхыну, си гъащIэр, си гъуэгур зытеухуауэ щытар зэгуэхыпIэ имыIэу зыр адрейм пыщIауэ къекIуэкIащи. Ауэ зэрыжаIэщи, си «кредо»-р — нобэ дунейр зэрызгъэкIуам нэхърэ си пщэдейр нэхъы- фIыж зэрысщIыным, нэхъыбэж зэрысхузэфIэкIыным сыхущIэкъуу сызэрыщытырщ. ЕхъулIэныгъэ уиIэн папщIэ, абы узэрыхуэкIуэну щIыкIэр бгъэбелджылыпхъэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уи мурадыр хьэкъыу ппхыкIмэ, ар зэрызэбгъэхъулIэну Iэмалым уегупсысын хуейщ, итIанэщ Iуэхум иужь ущихьэнур. Псом нэхъыщхьэ дыдэу абыкIэ IэмалыфIыр уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэнращ. Абы дыхуэмыпабгъэмэ, ди псэукIэр нэхъыкIэ хъунущ. Сыт нобэ нэгъуэщIхэм дакъыхэщу дыщIэмыпсэур?! ЩIэныгъэм хэдгъахъуэркъыми аращ.
  • — Феликс, РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Комитетым ухэтащ, цIыхубэ депутату 1990-1993 гъэхэм ущытащ. А зэманым сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэр къэфIэтрэт?
  • — Ухэт жаIэу къыщызэуп-щIым, жэуапу щест щыIэщ: ЦIыхубэ депутатхэм я Зэхуэсымрэ РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэмрэ щызэбграхуа зэманым, нэгъуэщIу зэрыжаIэ-щи, Парламентым IэщэкIэ щеуам, сыхиубыдащ, жысIэу. Апхуэдэ щхьэ къэхъухха? Ар щIэпхъаджагъэ инт. Сэ Экономикэ зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ комитетым сыщылэжьащ абы щыгъуэм. Ди Iуэхухэр зыхуэдунэтIыр къэралым зедгъэужьынрат.
  • — Къэбэрдей-Балъкъэр транспорт IэнатIэр Урысейм щынэхъыфIт, абы хуэдэ зэрыкъэралу къыщыгъуэтыгъуейуэ жаIэж. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэр дауэ пхузэтеублат?
  • — Ди Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ лэжьэкIэмрэ адрейхэм техуэу щытакъым, куэдкIэ адрейхэм дефIэкIырт. Арат къызыхэкIыр Совет Союзми хамэ къэралхэми я щIыналъэхэм къикIыурэ дэ езым къыдэдгъэкIыж Iэмэпсымэхэм щапхъэ трахыну, ди зэфIэкIым зыщагъэгъуэзэну куэд къытхуэкIуэу щIыщытар.
  • ЕдгъэкIуэкI лэжьыгъэм къищынэмыщIа, дэ гулъытэшхуэ хуэтщIырт социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм, ди лэжьакIуэхэм я псэукIэр нэхъ тынш зэращытщIыным. IуэхущIапIэ къэс узыншагъэм щелэжь центрхэр къызэIутхат, поликлиникэ лъэщ духуат. Къэбгъэлъагъуэмэ, физиотерапиемкIэ ди кабинетыр Урысейм щынэхъыфI дыдэхэм хабжэрт. Апхуэдэуи машинэ зыхыбл къызэдгъэпэщауэ, сымаджэхэм я унэм кIуэуэ дгъэлэжьащ. Поликлиникэр илъэс 40-кIэ лэжьащ.
  • Дегупсысащ республикэм щыпсэу сабийхэм зэрызедгъэужьынуми. Абыхэм щхьэкIэ псори зэхэту IуэхущIапIэ 12 къызэдгъэпэщат, Налшык къалэм дэт ГъуазджэхэмкIэ сабий школыр яхэту. А зэманым унэжь куэд дгъэкIуэдыжащ, IэщIагъэлIхэм папщIэ унэхэр едгъэухуащ.
  • ЭлектроникэкIэ дэ нэхърэ нэхъ Iэзэ, нэхъыбэ зыщIа Со-вет Союзым итакъым. Къэбэрдей-Балъкъэр транспорт IэнатIэм епхауэ проект-технологие бюро щхьэхуэу иIащ. Абдеж къэхутэныгъэ 60-м нэблагъэ щахузэфIэкIат. Хъарзынэу лажьэрт «Нэжан», «Дэни нэс» системэхэр.
  • — Налшык и Iэтащхьэу ущыщыта лъандэрэ сыт хуэдэ зыужьыныгъэ ди къалащ-хьэм игъуэтауэ къыпщыхъурэ?
  • — Куэд ящIащ икIи яхузэфIэкIащ. АрщхьэкIэ гулъытэншэу къэнари мащIэкъым. Гугъуехьхэр къызэбнэкIын папщIэ, и щхьэфэм телъым уелэжь къудейкIэ хъунукъым, куууэ уеIэбыхын хуейщ. Абы щхьэкIэ цIыхум зы IэнатIэм деж зыщегъэIэжьэн хуейуэ къысщохъу, къригъэжьа Iуэхур нигъэсын хуэдэу. ИтIанэ лэжьыгъэр нэхъ нэрылъагъу хъунут. Щапхъэ къэсхьынщи, къалэ Iэтащхьэу сыщылэжьам, уэлбанэпсыр зэрылъадэхэр ЩоджэнцIыкIум и уэрамым нэсу, мыдрей лъэныкъуэмкIэ КъБКъУ-м хуэкIуэу къызэдгъэпэщауэ щытащ. Абы лъандэрэ илъэс 30 хъуагъэнщи, зы метр адэкIэ хагъэхъуакъым. Абы кърикIуэр фолъагъу — ди къалэм и уэрамхэм псыр дэзу зэрырижэр уэшх нэужьым. Абы гъуэгум телъ асфальтыр Iисраф ещI, псым ахъшэ хэддзэу аращ. Iуэхур зэтеублауэ щытамэ, къалэм машинэ тIощI къыдыхьэнти, псыкIэ ятхьэщIынт, сабэри фIейри ягъэкIуэдынт. Хьэуар нэхъ къабзэ хъунтэкъэ, ущыбэуэнуи нэхъ тынш ищIынтэкъэ! Мис апхуэдэ Iуэху нэхъыщхьэхэр тIэщIокI. Зы илъэсым зы уэрам, къыкIэлъыкIуэм нэгъуэщI хэдгъэщIыурэ декIуэкIамэ, гугъуехьхэр щыIэжынутэкъым.
  • Гулъытэншэ тщIахэм ящыщу къызолъытэ кIэрыхубжьэрыхур гъэкIуэдынри. Илъэс 50 и пэкIэ Совет Союзым иIат кIэрыхубжьэрыхур щызэхадз, щагъэс заводхэр. АрщхьэкIэ къагъэувыIащ, абы кърикIуэным зыри егупсысакъым. Къэралыр зепхьэным щIэныгъэшхуэ хуейщ. Дызэрыгушхуэнщи, диIэщ апхуэдэ зэфIэкI зиIэхэр. Ауэ нэгъуэщI щIыналъэхэр, къэралхэр зыхунэсар къапщытэркъым, я зэфIэкIым дэплъейркъым, я Iуэху зехьэкIэр щапхъэу къащтэркъым.
  • И гугъу сщIыну сыхуейт егъэджэныгъэми. ИлъэсипщI ипэ школхэм къыщIагъэкIыр мин 11-м нэблагъэ хъууэ щытамэ, иджы тлъагъур сыт — 2018 гъэм — мини 4-рэ 300-рэ. Хуэмурэ дызыхуэкIуэр уи нэгу къыщIэбгъэхьэну шынагъуэщ. Ди еджакIуэхэм инджылызыбзэмрэ информатикэмкIэ ЕГЭ-м къыщахь бжыгъэхэмкIэ иужьрей увыпIэр яIыгъыу къагъэлъагъуэ. АтIэ Шэшэн Республикэм щытлъагъур нэгъуэщIщ. Хэт абы иригузавэр?! Дегупсысын хуейщ. СызэреплъымкIэ, ди сабийхэм еджэнымкIэ я гукъыдэжыр ириудыхауэ аращ ЕГЭ-р къыщагупсысам. НыбжьыщIэ мини 4-м щIигъум къаухамэ, адрейхэр дэнэ здэкIуар?! Ебгъуанэ классым къыщIокIри, колледжхэм IэмалыншагъэкIэ кIуэн хуей мэхъу.
  • Дигу къэдвгъэгъэкIыжыт, совет зэманым сытыт и гупсысэ нэхъыщхьэр? Дэтхэнэ цIыхуми щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтын хуейт, сыт хуэдэ IэщIагъи емылъытауэ. ЦIыхум щIэныгъэшхуэ бгъэдэлъыныр игъэлъапIэрт, къэралыр ефIэкIуэныр абы ирипхырти. Иджыпсту языныкъуэ къэрал лэжьакIуэхэм жаIэм уедаIуэмэ, укъагъэуIэбжь. Псалъэм и хьэтыркIэ, Голодец Ольгэ жеIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ апхуэдиз цIыху дыхуэмейуэ. Согупсыс, Совет Союзым щамыпIауэ ара ар, жысIэу. Ар сфIэакъылыншагъэщ.
  • ЖысIэнуращи, дыщыуэ хъунукъым, ди къэкIуэнур зэпэщу тлъагъуну дыхуеймэ. Чэнджэщэн, хэкIыпIэ нэхъыфIхэр къэлъыхъуэн хуейщ.
  • — Анэдэлъхубзэхэр зэраджым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьапхъэу, ар хуейм иджу ящIыну яужь зэрихьам псалъэмакъ къикIащ. Абы теухуауэ иджыблагъэ фи институтым щевгъэкIуэкIа зэхуэсым кърикIуам и гугъу уэзгъэщIынут?
  • — Уи щхьэм пщIэ иIэну ухуеймэ, анэдэлъхубзэр Iумпэм пщIы хъунукъым. Адыгэбзэр, балъкъэрыбзэр, урысыбзэр — щыри къэралыбзэщ. АрщхьэкIэ сыт хуэдэ къэрал дэфтэр ятха анэдэлъхубзэхэмкIэ? Псори зэрызекIуэр урысыбзэщ. Ди сабий гъэсапIэхэр къащти, зэрагъасэр урысыбзэракъэ?! ДгъэщIагъуэми дымыгъэщIагъуэми, езым догъэкIуэдыж ди бзэр. Деджэркъым анэдэлъхубзэкIэ, депсалъэркъым ди бынхэм адыгэбзэкIэ.
  • Мэлбахъуэ Тимборэ и деж зэгуэр сыщIыхьауэ къызиIуэкIат илъэс дапщэ хъуауэ дызэдэлажьэми, зэи адыгэбзэкIэ сыпсалъэу зэрызэхимыхар жиIэу. «Уэлэхьи, Тимборэ Кубатиевич, къызгуроIуэмэ адыгэбзэр икIи сропсэлъэфмэ. Ауэ сыщыпсэлъэнрэ сызэпсэлъэнрэ сымыгъуэтыжу аращ», — жэуапу естат, сэри мащIэу сепIэскIуну си мураду. Арати пищащ: «Дыгъуасэ сызэупщIыжат сыт хуэдизрэ сыпсалъэу пIэрэ си анэдэлъхубзэмкIэ, жысIэу. ЛэжьапIэм сыкъокIуэри, Iуэхур зэрызэфIэтхыр урысыбзэщ, сокIуэж унэми — апхуэдэххэщ (и щхьэгъусэр урыст). ЗэрыхъумкIэ, колхозым мазэм сыщыкIуэ зэ закъуэращ адыгэбзэкIэ сыщыпсалъэр», — жиIат. Абы и гукъеуэр къызгурыIуэрт.
  • Уи анэдэлъхубзэр умыджми хъунущ, жызыIэм щIэпхъаджагъэ елэжь. Ара ди япэ итахэм я фэеплъым яхуэфащэр, ди бзэрэ щэнхабзэрэ хэдутэжыну? Девгъэгупсысыт, сыт къэхъунур адыгэбзэмкIэ ди университетым и къудамэр зэхуэтщIыжмэ. Хэт къэкIуэну зэманым школым щезыгъэджэнур, газетхэр къыдэзыгъэкIынур, радиомрэ телевиденэмрэ жьакIуэу къыщыпсэлъэнур?! Бзэр зэкIуэкIмэ, дунейри зэкIуэкIащ, абы здихьынущ гъэсэныгъэри литературэри. Бзэр и щхьэзакъуэу дунейм тетыфынукъым, абы пыщIащ гъуазджэри, щэнхабзэри. Бзэр щымыIэмэ, адрейхэри щIыщымыIэнур аращ.
  • Мы Iуэхум иригузавэ куэд щыIэти, иджыблагъэ ди институтым дыщытепсэлъыхьащ. Зэхуэсым цIыху 250-рэ къекIуэлIат. Зы махуэтэкъым, махуитIтэкъым, тхьэмахуэкIэ къапсэлъын яIэт. Апхуэдэу гуащIэу, къару халъхьэу нэхъ ипэкIэ а упщIэм еувэлIатэкъым. Зэхуэсым унафэ къыщытщтам тету, цIыхуи 8 лIыкIуэ дащIри, ди Iуэху еплъыкIэм щедгъэдэIуащ КъБР-м и Парламентым. Жыт-Iахэр проектым къыщалъытэ-ну дыкъагъэгугъащ. Зэрыхъум деплъынщ адэкIэ.
  • — Феликс, уи гъащIэмрэ уи лэжьэкIэмрэ щапхъэ хъунымкIэ хэт гъуазэ пхуэхъуар?
  • — ГъащIэм сыт щытхузэфIэкIами, псори къыздежьар адэ-анэм я дежщ. Си адэр япэ адыгэ инженерщ. Дым Iэдэм и школым (Бахъсэн къалэм), иужьым Москва дэт ухуакIуэ институтым щеджащ, МГУ-м епхауэ щыIэ, КъуэкIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм я институтыр къиухащ. Бахъсэн гидроэлектростанцым и унафэщIу а зэманым лэжьащ. Ар щIэныгъэм хуэпабгъэу зэрыщытар и бынхэми ди лъым хэт хъужауэ къысщохъу. Ди адэр дунейм щехыжам илъэс 12 сыхъуауэ арат, ауэ абы и лъагъуэм срикIуэ хуэдэщ. Ди анэм музыкэ фIыуэ илъагъурт, пшынэ еуэрт. Иджы ди бынхэм къащIэхъуэжахэм яхэтщ щэнхабзэмкIэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну къыхэзыхахэр. Мы дунейм псори зэрыщызэпыщIам и щыхьэтщ ар.
  • СыщыщIалэм псори сфIэхьэлэмэту зэзгъащIэрт. Транспорт Iуэху гъэпсыкIэмкIэ СССР-м и генеральнэ планым деж щыIа институтым и аспирантурэр къыщызухым, консерв заводым, молибден къыщыщIахым, метростройм, ухуэныгъэ заводым сыщылэжьэну сыхунэсат.
  • — УщыхущIыхьэкIэ сыт пфIэфIыр пщIэну, сытым уелэжьрэ, Феликс?
  • — Сэ тхылъ сотх. Философ хъуми, литераторми, тхылъ къыдэзыгъэкI дэтхэнэми езым и псалъалъэ иIэжын хуейуэ къызолъытэ. Сэ апхуэдэ зы IэдакъэщIэкI 2011 гъэм зэзгъэпэщащ, «Альманах размышлений» и фIэщыгъэу. Аращи, пщэдджыжькIэ куэдрэ къысхуохуэ а тхылъыр къасщтэу сыщриплъэж.
  • 2017 гъэм и кIэм стхащ «Мысли. Помыслы. Уроки» тхылъыр. Дызэрыпсэум теухуа лэжьыгъэщ ар. Илъэсий и пэ-кIэ «Тайнства чувства меры» тхылъыр къыдэзгъэкIащ. Иджыпсту «Таинства чувства веры» лэжьыгъэм иужь ситщ, и зэхуэдитIым нэзгъэсащ. Псалъэм папщIэ, нышэдибэ сыхьэтитIкIэ сытхэри, лэжьапIэм сыкъэкIуащ. Тхылъ библиотекэ ин сиIэщ, сфIэфIщ седжэ- ну. Зэгуэрым телевиденэмкIэ къызэупщIат уцIыху къулейуэ, кхъухь зыбжанэ уиIэу жаIэр пэж? — жаIэри. Сэ жысIащ, къулеягъэр тхылъ бжыгъэ сиIэм тепщIыхьмэ, сызэрыкъулей дыдэр. Хэбгъэзыхьмэ, ди институтым и библиотекэм пэхъунущ сысейр. Студентхэм яжызоIэ: «ЦIыху гъащIэр кIыхькъым, мыпхуэдиз тхылъи уеджэфынукъым. АтIэ хэт зи гъащIэр нэхъ кIыхь зыхуэпщI хъунур? Еджэращ. Хэт ищIэрэ, илъэситху е пщIы абы къыхущIигъункIэ хъунщ. Абы къыхэкIыу фэ фи гъащIэр фи IэмыщIэм илъщ». Мэдыхьэшх щIалэгъуалэр, еджэн зэрыхуейр апхуэдэ щIыкIэкIэ ящесIуэкIкIэ.
  • — КъэпкIуа гъуэгуанэм хуэдэ узыщIэхъуэпсар?
  • — Iуэху гугъу куэди сыхэтащ, гъэщIэгъуэни слъэгъуащ. ЗэфIэкI сиIэу дунейм сытетащ. Нэхъыбэ ухуеин?! Сэ срогуш-хуэ цIыху хьэлэмэтхэм сазэрыIущIам. Абыхэм ящыщщ РСФСР-м автомобиль транспортымкIэ и министр Трубицын Евгений. Абы хуэдэу къыздэIэпыкъуарэ сызыхэзыщIыкIарэ нэгъуэщI срихьэлIауэ къыс- хуэщIэжыркъым. «Къэббалъкъавтотранспорт»-м сыщагъэувым, си ныбжьыр илъэс 30 ирикъуами арати, щыIащ «мыр щIалэIуэщ, щоуэ, хъунукъым» жызыIаи. АрщхьэкIэ министрым и дзыхь къызигъэзу, зэпымыууэ къысщхьэщыжу ды-зэдэлэжьащ. Зэгуэрым коллегием и зэIущIэр зытеухуам яхэтт зы Iуэху гуэркIэ дыкъуэншауэ выговор ткIий зратыну-хэм ятеухуар. Зэрысымаджэм щхьэкIи къимыгъанэу, Трубицыныр зэхуэсым къакIуэри: Хъурейм сыт выговор ефтыну къыщIэвгъэлъэгъуар?! Ар зэхэмыгъэкIа Iуэхущ», — жиIэри, дыкъиутIыпщыжауэ щытащ, Iуэхум химыгъэплъэххэу. Си гъусэу жэуап зрагъэхьын хуеяхэм (Кавказ Ищхъэрэм щыщ си лэ-жьэгъухэм) IэплIэ къысхуащIырт: «Уи фIыгъэкIэ дыкъегъэлащ», жаIэу.
  • — Феликс, нэхъыжьхэм жаIэ зэпытщ республикэмрэ абы щыпсэухэмрэ уэ фIы куэд зэрахуэпщIар. «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу сынохъуэхъу уи мурадхэр къохъулIэну!
  • Епсэлъар  БАГЪЭТЫР  Луизэщ.
  •  
  • Апхуэдэхэр   зырызщ
  • Ди телеоператорхэм абы и гъащIэм щыщ теплъэгъуэхэр щытрахащ и лэжьапIэ IэнатIэм, къуршхэм, зэми хы Iуфэм. ЗанщIэу гу лъыптэрт ар а зэманым щыIа парт унафэщIхэм зыкъомкIэ къазэрыщхьэщыкIым. И гупсысэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр пхигъэкIыфырт, и гум илъыр жиIэфырт.
  • «Къэббалъкъавтотранс»-ми унафэщIу щыщыта илъэсхэм а IуэхущIапIэр СССР-м щыпашэхэм ящыщ зыуэ къалъытэрт. Ар зи фIыгъэр IэнатIэхэр езыгъэфIэкIуэну Iэмалхэм зэпымыууэ лъыхъуэ Хъурей Феликст. Абы республикэм и транспорт индустрием и лъабжьэр игъэтIы-лъащ. Абдеж къыщызэIуихащ транспорт логистикэр автоматизацэ щIынымкIэ «Нэжан» Iэмэпсымэр, СССР-м щыя-пэу къыщагупсыса проект-технологие бюрор. ИужькIэ щIэупщIэшхуэ иIэу ар къыщагъэсэбэпащ транспорт IэнатIэм и IуэхущIапIэ псоми. А Iэмэпсымэхэм ВДНХ-м и медалих къыхуагъэфэщауэ щытащ. Предприятэм езым и ухуакIуэ управленэ къызэрагъэпэщат, чырбыш завод ирагъэжьат. Я цIыхухэр ерыскъыпхъэхэмкIэ нэсу къызэригъэпэщырт апхуэдэ мурадкIэ зэтраухуа «подсобнэ» жыхуаIэу щыта лэжьапIэ IэнатIэм.
  • Хъурейм дапщэщи и нэIэ тригъэтт IэщIагъэлIхэр гъэсэным икIи абыхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэным къаруушхуэ ирихьэлIэрт. Апхуэдэуи республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ егъэфIэкIуэным мыхьэнэшхуэ иритырти, абы и фIыщIэщ, псалъэм папщIэ, «Бжьамий», «Ашэмэз» IуэрыIуатэ ансамблхэр, Абыдэ зэкъуэшхэм я къэфакIуэ гупыр къызэрежьар.
  • Профессор Хъурей Феликс и гупсысэ узыншэхэмрэ IуэхущIафэ дахэхэмрэ дяпэкIи фIы къытхудэкIуэну дыщогугъ, езым узыншагъэ иIэну дохъуэхъу.
  • АЛО Ларисэ, журналист.
  •  

    Композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил, Хъурей Феликс, сурэтыщI Црым Руслан сымэ.

  • ЩIэныгъэшхуэрэ  зэфIэкIрэ  зиIэ  унафэщI
  • Хъурей Феликс ящыщщ мы гъащIэм къалэнышхуэ дыдэ щызыгъэзэщIэн хуейуэ къигъэщIахэм.
  • Абы хузэфIэкIар пхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Си гъащIэ псор Хъурейм лэжьыгъэ IуэхукIэ десхьэкIауэ жыпIэ хъунущ. Ар зи унафэщIу щыта Къэбэрдей-Балъкъэр транспорт управленэм абы щыгъуэм цIыху мини 10-м нэблагъэ щылажьэрт. Дэ къызэдгъэпэщырт Урысейм и Ипщэ щIыналъэм хьэлъэхэр щыгъэIэпхъуэнри цIыхухэр къыщешэкIынри. Гъэ къэси ди техникэр гъавэ Iухыным жыджэру хэтт, республикэм и жылагъуэ псоми автобусхэр дгъакIуэрт.
  • ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Хъурей Феликс куэд дыдэм гу лъитэрт, езыр цIыху ткIийми, хуабжьу гущIэгъулыт. ЩIалэгъуалэр егъэджэным гулъытэшхуэ хуищIырт. Абы и жэрдэмкIэ управленэм къыщызэIуахат «Опыт пэрытым и школ», техникэ, бухгалтерие, экономикэ Iуэхухэм зыщыхагъэгъуазэ еджапIэхэр.
  • Дэнэ щыIэ иджы IуэхущIапIэм и мылъкукIэ Хъурейм иригъэщIа поликлиникэ лъэщыр, сабий гъэсапIэр, тенджыз Iуфэм щригъэухуа зыгъэпсэхупIэр? Зы илъэси къанэртэкъым абы и лэжьакIуэхэр фэтэркIэ имыгъэгуфIэу.
  • А лъэхъэнэм ди управленэр СССР-м и апхуэдэ IуэхущIапIэ-хэм щынэхъыфI, щынэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ ищIыфат абы.
  • Куэдым ящIэж Налшык Чернышевскэм и цIэр зезыхьэ уэрамым «Шанхай»-кIэ еджэу щызэхэса хьэблэр. Абы къалэр теплъаджэ щIэхъукI къудей мыхъуу, хабзэншагъи щалэжьырт. Хъурейм и пэкIэ Налшык и Iэтащхьэу тетахэм куэдрэ зрапщытат ар Iуахыну, ауэ ар зыхузэфIэкIар Феликс и закъуэщ — унагъуэхэм фэтэр щхьэхуэ яритри, а щIыпIэм унэщIэхэр щиухуащ. Срогушхуэ апхуэдэ гуащIэшхуэ къызыпкърыкI а цIыху щэджащэм сызэрыбгъэдэтам.
  • Джатэгъэжь Владимир