2018-07-31
- Ди псэлъэгъухэр
- Бырсекъуэ Орфан: Хэкум къызэрызгъэзэжам
- зы махуи сыхущIегъуэжакъым
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ гупым илъэс зыбжанэ хъуауэ хэт, абы и вице-президент, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Сириемрэ щыпсэу адыгэхэр зэпызыщIэ, зи Хэку къэзыгъэзэж ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху дэзыгъэкI, зи IэщIагъэкIэ дохутыр Бырсекъуэ Орфан «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм ди хьэщIащ, Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу.
- — Хэкурыс куэдым ефIэкIыу анэдэлъхубзэр зыгъэшэрыуэ тхьэмадэр ди редакцэм укъызэрытхуеблэгъар гуапэщ. Укъыщыхъуа щIыналъэр, уи Iыхьлыхэр, благъэхэр къэбгъанэу адэжь Хэкум къэбгъэзэжа зэрыхъуар сфIэгъэщIэгъуэнщ, Орфан.
- — Сирием хыхьэ адыгэ къуажэхэм языхэзщ сыкъыщыхъуар. Ди жылэм дэсхэми, курыт еджапIэм и егъэджакIуэхэми адыгэбзэр яIурылът, дызэреджэр хьэрыпыбзэми, лъэпкъ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ дыщIапIыкIащ. Ди къуажэм абазэхэхэр щынэхъыбэми, къэбэрдейхэри дэст. Дамаск курыт еджапIэр къыщызуха нэужь, дохутыр IэщIагъэм сыхуеджэну мурад сщIащ. Германиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ языхэзым сыкIуэну Iэмал къыщысхукъуэкIым, куэдрэ сымыгупсысэу адэжь щIыналъэр къыхэсхащ. Ди адэри абы хуабжьу щыгуфIыкIащ, Германиер сэркIэ хамэ къэралт. ИкIи 1975 гъэм Налшык КъБКъУ-м и медицинэ факультетым сыщеджэну сыкъэкIуащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт си къуэш нэхъыжьри КъБКъУ-м и инженер факультетым зэрыщеджар. Баку зы илъэскIэ дагъэкIуащ, урысыбзэр дагъэщIэну. Къэдгъэзэжри, хъарзынэу къэзухащ. АдэкIэ Москва си щIэныгъэм илъэс пщыкIузкIэ щыхэзгъэхъуащ: ординатурэмрэ аспирантурэмрэ къыщызухащ, кардиологием ехьэлIа си кандидат лэжьыгъэр щыпхызгъэкIащ, сызэрылажьэм хуэдэу-рэ.
- 1993 гъэм Сирием згъэзэжащ, ди адэр жьы хъуат, си къуэшитIыр Канадэм щыIэти. ИлъэсиплIрэ ныкъуэкIэ абы сыщылэжьащ. КъэбэрдеймкIэ си гур зэпымыууэ къеIэрти, 1997 гъэм Хэкум къэзгъэзэжащ икIи абы зы махуи сыхущIегъуэжакъым.
- Хэкужьым лэжьыгъэм, унагъуэм дауэ ущехъулIа?
- — Москва сыщыщыIами, Сирием сыкIуэжа нэужьи, Iэмал къызэрысхукъуэкIыу си гур здэщыIэ, ныбжьэгъу куэд щызгъуэта Налшык къалэм щIэх-щIэхыурэ сыкъэкIуэжырт. Анэм фIэкIа зыпэпщI хъун щымыIэ ди Хэку дахэр фIыуэ умылъагъункIэ Iэмал иIэтэкъым. Германием сыщыкIуам къысхуагъэлъэгъуат абы сыщылэжьэну, нэмыцэбзэр илъэскIэ сагъэщIэну, сызэрыпсэун мылъкуи схухахыну, арщхьэкIэ, апхуэдэ Хэкур зыпэсщIын щыIэтэкъыми, сыкъэнэн здакъым. Ар, дауи, ягъэщIэгъуащ, сыту жыпIэмэ абы хамэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэр щылэжьэну щIэлъэIурт. ЗыгуэркIэ сыщIегъуэж хъумэ, къызэрыспэплъэр къызжаIащ икIи я псалъэр ирищIагъэбыдэжу, сыщыхуейм деж я щIыналъэм сихьэну хуит сызыщI тхылъ къызатащ. УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм дэлажьэ, Урысейм хущхъуэ къизышэ «Marve life» инджылыз IуэхущIапIэм сыкъагъуэтри, къысхуагъэлъэгъуащ Урысей Ипщэм и лIыкIуэ сахуэхъуу садэлэжьэну. Апхуэдэу, а IуэхущIапIэм 1997 гъэм къыщыщIэдзауэ 2007 гъэ пщIондэ и дохутыр-чэнджэщэгъуу сылэжьащ, гу, фошыгъу узыфэхэм ехьэлIауэ Урысейм кърашэ хущхъуэхэр къэспщытэу. Иджы пенсэм сыкIуащ, жылагъуэ Iуэхухэм сыхэтщ.
- Си щхьэгъусэ ПIаз Маринэрэ сэрэ дохутыр IэщIагъэм зэгъусэу дыхуеджащ. Зы щIалэ диIэщ, и IэщIагъэкIэ юристщ. Абы къыщIэхъуа щIэблэм дагъэгушхуэ, дагъэгуфIэ.
- — Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху дэгъэкIын и лъэныкъуэкIэ ДАХ-м зэфIигъэкIа лэжьыгъэхэм жыджэру узэрыхэтам дыщыгъуазэщ.
- — 2011 гъэм Сирием зауэр къызэрыщыхъейрэ ди лъэпкъэгъухэм лей куэд къатехьащ. Зауэм и зэранкIэ куэд зэбгрыкIащ. Абы щыгъуэ зэуэ цIыху 800 Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжащ. ДАХ-м и къару къызэрихькIэ абыхэм ядэIэпыкъуащ. Сирием къикIыжа адыгэ щIалэгъуалэу 100-м нэблагъэ КъБКъУ-м щIагъэтIысхьащ. Унагъуэ 82-м сом мин щитху зырыз иратри, унэ къыхуащэхуащ, зыхуей жылэмрэ псэупIэмрэ къыхрагъэхри. Хэкум къэзыгъэзэжахэм я щIы Iыхьэ егугъуу зэрахьэ, лэжьыгъэр фIыуэ ялъагъу, я бынхэр ирагъаджэ. ДАХ-м урысыбзэр зыджынухэм папщIэ къызэIуиха курсым хуейхэр йокIуалIэ. Зи бынхэр къызыкIэлъыджэжа унагъуищым я псэупIэхэр къагъанэри, Европэм Iэпхъуэжащ. Иджыри зы унагъуэ кIуэр-къэкIуэжщ. КъэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэм зыгъэзэжын мурад зиIэ нэгъуэщI яхэткъым.
- 2012 гъэм къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым Сирием къикIыжауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къекIуалIэ адыгэхэм я тхылъ, Iуэху зэIумыбзхэр зэфIахынымкIэ дадоIэпыкъу. Ельцин Борис и тетыгъуэ зэманым Урысейм и цIыхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ тхылъ нэхъ тыншу яту щытащ. Апхуэдэ тхылъ махуитIым къриубыдэу цIыху 35-м къредгъэтат. 1968 гъэм къыщыщIэдзауэ Хэкум къэкIуэжа ди лъэпкъэгъухэр къапщтэмэ, суд Iуэху хэхуа зэрахэмытым, щытхъурэ пщIэрэ яIэу лъэпкъым зэрыхэзэгъэжам дрогуфIэ.
- — Сирием къикIыжа, къуажэ-къуажэкIэрэ хэгуэшауэ псэу ди лъэпкъэгъухэр нобэ сыт зыгъэгузавэр?
- — Хэкум къэзыгъэзэжахэм я гуныкъуэгъуэ гуэрхэр къыщыдахьэлIэкIэ зэрызэфIэтхыным дыхущIокъу, ауэ нэхъыбэм я щхьэ Iуэху зэрыдагъэкIыжыфым дегъэгуфIэ. КъыщагъэзэжагъащIэм гугъуехьхэм нэхъ ирихьэлIами, иджы зыдэс жылэм къыдэхъукIам хуэдэу лъэпкъым хъарзынэу хэзэгъэжахэщ. Нэхъыщхьэращи, зыхэс лъэпкъхэм фIыуэ къадокIуэкI, зэгурыIуэ яку дэлъу къаугъэншэу зэдопсэу. Сауд Хьэрыпым, Катарым, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, Германием, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхэтщ къэкIуэжу дэIэпыкъуэгъуншэу езыр-езыру зи мылъкукIэ Шэджэм дэлъэдапIэм деж щаухуа унэхэм ящыщ къыщызыщэхуфахэри. Абыхэм я Iуэху зэрызэфIыхьэу Хэкум къагъэзэжыну я мурадщ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм фIыщIэ лей къалэжь Хэкум къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэм гулъытэ зэрыхуащIам, ахъшэ зэхэдзэкIэ псапащIэхэр зэрыдагъэIэпыкъуам папщIэ. Тхьэм ди лъэпкъ дахэр зэригъэубыдыж, игъэбагъуэ, иузэщI!
- Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
- ДИ БЗЭР ДЭ ДИ ПСЭЩ
- Лъэпкъым и щIалэу зи бзэр кIуэда,
- Щхьэ мыгъуэ пщIэншэу укъагъэна?
- Щхьэ уянэ-уядэу уэ узыпIахэм
- Уи адыгэбзэр къыпIуамылъхьа?
- Щхьэ уи лъэпкъ дыщэм и бзэр пIурачу
- НэмыщI бзэ хьэхухэм укъыхуэна?
- Iэджэ щхьэ нэщIхэм нобэ къыджаIэр:
- «Сыт адыгэбзэ зи гугъу къытхуэфщIыр.
- Ди щIакхъуэр зейхэрщ нобэ дэ ди бзэр,
- СыткIэ ди щхьэпэ анэдэлъхубзэр?»
- Ар щызэхэсхым, си гур къекIуащ,
- Бзэр умыщIэжмэ, хамэ ухъуащ.
- ЩIыхь яхузощIыр дэ дянэ-дядэм,
- Ди адыгэбзэр къытIурызылъхьахэм,
- Адыгэ напэу дахэу, ди шыпхъухэ,
- Фыпсэу ди нэхухэу сэтэней бынхэ.
- Ди цIыкIухэм я бзэр къызэтевгъанэ,
- Вагъуэплъхэр бзагуэу къытхуэвмыгъанэ,
- Анэдэлъхубзэр ящымыгъупщэм,
- Къытхуэфхъумащи, быныфI тхуэхъунщ.
- Сабийхэу зи бзэр зыIулъ ди нэхухэр
- Ди жэнэт бзущи, Iэджэ я уасэщ.
- Ди бзэр дэ ди псэщ, ар зыфIэкIуэдхэр
- Мы хамэ щIыпIэм лIапIэ щихуахэщ.
- КЪУЩХЬЭ Нэдим.
- Сирие, Хъышней
- Мылъку псоми нэхърэ нэхъ лъапIэ
- Кременчуг-Константиновскэ къуажэм къэIэпхъуэжауэ дэс адыгэ унагъуэхэм ящыщщ Санэ Нидал ейри. И щхьэгъусэр, и хъыджэбз цIыкIуитIыр, и щыкъу анэр къыздищтэри, илъэситху ипэкIэ абы Хэкум къигъэзэжащ.
-
Сирием щыщыпсэуа лъэхъэнэм Нидал лэжьапIэ иIащ. Завод куэдым я лэжьэкIэхэр зэтригъэувэу, абыхэм якIэлъыплъу, я Iуэхур зэригъакIуэу щытащ. Хэкум къигъэзэжын мурад щищIым, абы унафэщIым къыжриIащ: «Нидал, сыт и лъэныкъуэкIи узыхуей дыдэр пхуэсщIэнщ, мыбы къани си мылъкур схузегъакIуэ, уэ фIэкIа апхуэдэ дзыхь зэзгъэзын сиIэкъым». АрщхьэкIэ Санэм сыт хуэдэ хъугъуэфIыгъуэм нэхъри и адэжь Хэкур нэхъ къищтащ.
- УнэтIыныгъэ куэдым хэзыщIыкI адыгэлIыр Кременчуг-Константиновскэ къуажэдэсхэм я деж щызэпэубыдащ. Уэздыгъэ кIапсэ унэ кIуэцIым щызэтеухуэн хуейми, зыгуэрым я псыр къимыжми, ухуэныгъэ Iуэху хъуами, цIыхухэр къыздекIуалIэр Санэхэщ. КъищынэмыщIауэ, Нидал автомашинэшхуэхэм фIыуэ хещIыкI икIи зыгуэр къутамэ, тынш дыдэу зэрегъэпэщыж.
- «Сэ курыт еджапIэр къызэрызух лъандэрэ солажьэ. Зы IэщIагъэр фIыуэ зэзгъащIэмэ, ар къызогъанэри, сызыщымыгъуазэм зызопщыт. ИлъэситI-щы хуэдиз абыи срилажьэмэ, нэгъуэщIым сыпэрохьэ. Апхуэдэурэ IэщIагъэ куэдым щыгъуазэ зысщIащ, — жеIэ Нидал. — УнэтIыныгъэ куэдым сыхуэIэижьти, лэжьакIуэхэм зыщIрагъэхми къасщIэрт, техникэр езыр къутарэ, цIыхум и зэранкIэ къэувыIами зэхэзгъэкIыфырт Сирием сыщыщылэжьам. Улахуэу нэхъ мащIэ дыдэу доллар мини 2 къыщысхьырт. Ауэ си дежкIэ нэхъапэу Хэкур згъэуври, къэзгъэзэжащ. Адэжь щIыналъэм и теплъэр, абы уи гум зэрызыщигъэпсэхур къызэрыпхуэщэхун мылъку дунеишхуэм теткъым».
- Нидал и бынхэр къуажэ школым макIуэ. ФIы дыдэу хэзэгъауэ, сабийхэр ныбжьэгъу къахуэхъуауэ къызэдокIуэкI.
- «Си къуэшхэр псори къэрал къулыкъушхуэхэм пэрытщи, Сирием къикIыну Iэмал яIэкъым, ауэ абыхэми хуабжьу я нэ къокI адэжь Хэкур зрагъэлъагъуну».
- Лъэпкъ зэхэдз ямыщIу Кременчуг-Константиновскэ къуажэм щопсэу дэтхэнэ унагъуэри. Зыр адрейм зэрыхъукIэ дэIэпыкъуу, зым имыIэр адрейм и деж щигъуэту зэкъуэтщ жылэр.
- «Си щхьэми, адрейуэ Хэкум къэзыгъэзэжахэми къабгъэдэкIыу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ щIэгъэкъуэн къытхуэхъуа дэтхэнэ зы цIыхуми. Ди адэжьхэр къыщалъхуа щIыналъэм къэдгъэзэжащ, ди гур псэхужащи, Алыхьым и шыкурщ», — жеIэ Санэ Нидал.
- ЖЫЛАСЭ Замир.
- ЩIэдзапIэ
- Мэхьанэ зиIэ хъугъэ-шIагъ
- УФ-м ПенсиехэмкIэ ифонд Адыгэ РеспубликэмкIэ и Къутамэ ипащэу Къулэ Амэрбый илъэс 20-кIэ узэкIэIэбэжьымэ Мыекъуапэ икъэлэ администрацие ипащэ иапэрэ гуадзэу Iоф ышIэщтыгъ. А лъэхъаным администрацием ипэщагъэу Николай Черниченкэм пшъэрылъ къыфишIыгъэу Аскэрбый Косовэ къыращыжьырэ адыгэхэм яIофхэм ауж итыгъ. Непэ Къулэ Амэрбый тигущыIэгъу.
- — Сэ анахьэу сызпылъынэу хъугъэр ящэнэрэ купэу Чэмышъо Гъазый къыщэжьыгъагъэхэр ары. КухьэлъатэкIэ Минеральные Воды къэбыбыгъэхэм апэгъокIыгъэхэм сэри сахэтыгъ.
- Ахэр къэмысыхэзэ Мыекъуапэ икIэлэцIыкIу IыгъыпIэу урамэу Лениным тетыр зэтедгъэпсыхьагъ, унагъохэр щыпсэунхэ алъэкIынэу тшIыгъэ, пщэрыхьапIэм ищыкIагъэр зэкIэри IэкIэдгъэхьагъ. АпэрэмкIэ кIэлэцIыкIу IыгъыпIэм ипщэрыхьакIохэр купэу къэкIожьыгъэм фэпщэрыхьанэу Iуагъэ адэтшIыгъ, Къэрэбэт Аслъанрэ (Тхьэм джэнэтыр къырет) сэрырэ тызэгъусэу мы Iофыгъохэр зэшIотхыгъагъэх.
- Кухьэлъатэр къызытIысыжьыщтым ехъулIэу Минводы тынэсыгъ. Бэрэ сыгу илъыгъ ащ къикIыгъэхэм анэгухэр. ЦIыфхэу егъашIэм зыщыпсэугъэ чIыпIэр къэзыбгынагъэхэр, яIэ мылъкур чIэзынагъэхэр гушIощтыгъэх, псаоу заом имашIо къызэрэхэкIыжьыгъэхэм, ятэжъ пIашъэхэр зэрыкIыжьыгъэ чIыгужъым къызэрэкIожьыгъэхэм пае. ГушIом нэшхъэигъори игъусагъ…
- Гъогум къытекIыгъэхэр дгъэшхэнхэу адыгэ шхыныгъохэр ядгъэшIыхи дэтщэгъагъэх. Ау цIыфхэр щытхэу шхэнха! Аэропортым пэблагъэу шхапIэ щыIэмэ сыкIэупчIагъ, сылъыхъуи къэзгъотыгъэти, ащ ибысым есIуагъ кафем тычIигъахьэмэ, ыпкIэ зэрестыщтыр. Ау а аужырэ гущыIэхэр ыштэгъахэхэп, ыпкIэ хэмылъэу тыщигъэшхэнэу тыригъэблэгъагъ. «Къащэх, щыгъашхэх» ыIуагъ. Псы чъыIи, IэшIуи къытфаригъэхьыгъ. Лъэшэу дахэу лIыр къызэрэтпэгъокIыгъэр непи сщыгъупшэрэп.
- А лъэхъаным цIыфхэр зыщыщ лъэпкъым емылъытыгъэу къэкIожьыгъэхэм дэгъоу апэгъокIыгъэх, ахэр ячIыгу, яхэгъэгу къэкIожьыгъэхэу алъытагъ. Къэзыгъэзэжьыгъэхэм яIоф тыпылъэу зызфэдгъэзагъэхэм зэкIэми тыкъызэхашIыкIыгъ. КъэкIожьыгъэхэм адэжь цIыфыбэ къакIощтыгъ, шъхьадж ылъэкIыщтымкIэ IэпыIэгъу къафэхъущтыгъ.
- Сыдэу щытми, къэкIожьыгъэ унэгъо 38-р кIэлэцIыкIу IыгъыпIэм иунэ чIэдгъэтIысхьагъэх. ЕтIанэ унэхэм яшIын, фэтэрхэм ящэфын къыкIэлъыкIуагъ.
- Унэ зышIыщтхэм чIыгу Iахьхэр къаратынхэу игъо къызэсым, чылэр зыщытIысыщтыр къыхэтхынэу тыфежьагъ. КъэсэшIэжьы Чэмышъо Гъазыйрэ сэрырэ къэкIожьыгъэхэм ащыщэу Цэй зэшхэм тырягъусэу чIыпIэхэр къызэрэткIухьэгъагъэхэр. Ащ фэдэу совхозэу №10-м ичIыгухэм тяплъыгъ, станицэу Курджыпс, Ханскэм пэмычыжьэу щыс къутырэу Весёлэм тащыIагъ. Ау кIалэхэм чIыпIэхэр агу рихьыгъэхэп. ЕтIанэ джы Мэфэхьаблэ зыдэщыс чIыпIэм тщагъэх. Машинэхэм такъызэрикIэу, чIыпIэр зэралъэгъугъэм тетэу мыщ къыщыуцунхэу аIуагъ. Ащ тетэу унэхэр ашIынхэу рагъэжьагъ, а Iофым ведомствэ шъхьаф фэгъэзэгъагъ. Ау сахахьэу хъугъэ, футбол къэлапчъэхэр афязгъэшIэу афасщэу, Iэгуаохэри афэсщэфхэу къыхэкIыгъ.
- Сэ сшъхьэкIэ анахь мэхьанэ зэстырэ хъугъэ-шIагъэхэм ащыщ адыгэхэм куп заулэ хъоу хэкужъым къызэрагъэзэжьыгъэр. Ахэм яIофыгъохэм язэшIохын, тIэкIу нэмыIэми, сызэрэхэлэжьагъэмкIэ сызыфэрэзэжь.
- Сихъу Гощнахъу.
- Сурэтым итхэр: тилъэпкъэгъухэм адэжь щIыналъэм
- къагъэзэж (сэмэгумкIэ апэрэр Къулэ Аскэрбый).
- Щапхъэ
- Псэнэф игухэлъ нэфхэр
- Хьэтэмэ Псэнэф мыгъэ Адыгэ республикэ гимназиер дэгъу дэдэкIэ къыухыгъ. Ащ дакIоу музыкальнэ еджапIэм, бзэхэр зыщызэрагъашIэрэ Гупчэм, естественнэ-хьисап еджапIэми дэгъоу ащеджагъ. Пшъашъэм бзэ пчъагъэ ешIэ.
-
Псэнэф ятэу Абдулахь ТыркуемкIэ Хьэтэмэ (МэщфэшIу) Нури иунагъо я 6-рэ сабыеу къихъогъагъ. ЗэкIэмкIи зэши 8-рэ зэшыпхъуи 2-рэ хъущтыгъэх. Апэ дэдэ къэкIожьыгъэхэм Абдулахь ащыщыгъ.
- Зэш-зэшыпхъу пчъагъэхэм атекIыгъэ кIэлэцIыкIухэм Абдулахь анахь шIу алъэгъущтыгъ. Гушъабэу, гукъабзэу щытыгъ. Дэгъоу зышIэщтыгъэхэм зэрэцIыфышIур къыхагъэщызэ, непэ агу къэкIыжьы. Лъэпкъ Iофым лъэшэу фэщэгъагъ.
- ЫпшъэкIэ къызэрэщысIуагъэу, Абдулахь апэ къэкIожьыгъэхэм ащыщыгъ, 1991-рэ илъэсэу хэгъэгур зыщыбырсырым къытефэжьыгъагъ, талонхэмкIэ гъомылапхъэхэр къатыхэу зыщэтыр арыгъэ. Италонхэр сабый зиIэ унагъохэм аритыжьыщтыгъ.
- Абдулахь исэнэхьаткIэ инженер-агрономыгъ, къызэкIожьым чIыгу къаIихи ылэжьыщтыгъ, щэпIэ цIыкIуи къызэIуихыгъагъ. ЩыIэнэу, псэунэу фэягъ, ау игъонэмысэу дунаим ехыжьыгъ.
- Непэ зигугъу къэсшIыщт пшъашъэу Псэнэф еджапIэм зэрэпэхьагъэри, дэгъу дэдэу зэреджагъэри Абдулахь къылъэгъужьыгъэп. Гимназием зыщагъэр ятэшэу Нэдждэт арыгъэ. Псэнэф илъэсищкIэ нахьыкIэу шыпхъу цIыкIу иI. Адыгэ чIыгум къыфалIэу къэкIожьыгъэ кIалэм ихэкужъ щыпсэунэу, щытхъэжьынэу хъугъэп. Пшъэшъэ цIыкIуитIур къыкIэни хэкужъым ыпсэ щитыгъ. Ышнахьыжъэу Нэдждэт унагъор зэрищэлIэжьи, ыш исабыйхэм ынаIэ атыригъэтыгъ.
- Псэнэф республикэ гимназиемкIэ зыщеджэгъэ классым ипэщагъэу, Лъэустэнджэл Фатимэ къызэриIорэмкIэ, анахь кIэлэеджэкIо дэгъоу икласс исхэм ар ащыщыгъ, илъэс зэкIэлъыкIохэм старостыгъ. «ЕпIуагъэм укъыфызэплъэкIыжьынэу щытыгъэп. Зипшъашъэм, зыпIугъэм уехъопсэнэу щыт. ГукIэгъу хэлъ, зэкIэми ыгу афэгъу, IэпыIэгъу афэхъуным фэхьазыр. «Ты моя правая рука» есIоу бэрэ къыхэкIыгъ. ЗыгорэкIэ сыщымыIэу Iоф горэ классым ыгъэцэкIэнэу хъумэ, сыгумэкIэу сыкъыфытеуагъэмэ, «УкъэмыгумэкI, зэкIэри дэгъу хъущт» къысиIощтыгъ Псэнэф. Дэгъоуи агъэцакIэщтыгъ, къысфытеохэти, зэрэзэшIуахыгъэ шIыкIэри къысфаIотэжьыщтыгъ.
- ЕджапIэм къычIэкIырэ классхэм якIэлэеджакIохэу дэгъоу еджэхэрэм, общественнэ IофшIэным хэлажьэхэрэм азыфагу илъэс къэс зэнэкъокъу щэкIо анахь кIэлэеджэкIо дэгъур къыхэхыгъэнымкIэ. Ащ къыщыдалъытэ олимпиадэхэм, конференцхэм, зэнэкъокъу зэфэшъхьафхэм, общественнэ IофшIэным кIэлэеджакIор зэрахэлажьэрэр. Ащ фэдэу 11 Б-мкIэ Псэнэфрэ Жэнэ Хьазрэтрэ кIэлэеджакIохэм къагъэлъэгъогъагъэх. КIэлэеджакIохэм къыхахыхэрэм етIанэ кIэлэегъаджэхэр зыхэт комиссиери хэплъэн фае. Ащ тетэу комиссием хэтхэмкIэ мыгъэ Жэнэ Хьазрэт зы нэбгырэкIэ нахьыбэмэ амакъэ фатыгъ.
- Псэнэф еджапIэм зычIэхьагъэм къыщегъэжьагъэу еджэным тегъэпсыхьагъэу, ишIэ шIэгъошIоу щытыгъ. «Анахьэу Псэнэф сызэрэфэразэр сылъэIонэу е урок езгъэшIыжьынэу сызэримышIыгъэр ары. Ежь-ежьырэу еджагъ. Ау ублэпIэ классхэм ащезыгъэджагъэу ХьэпэкIэ Галинэ ишIогъэшхо пшъэшъэжъыем къекIыгъ, ынаIэ къытетыгъ, лъэшэу тыфэраз», — еIо ятэшым, МэшфэщIу Нэдждэт.
- УблэпIэ классхэм ащезыгъэджэгъэ кIэлэегъаджэм къызэриIорэмкIэ, Псэнэф къин зытеплъэгъон сабыеу щытыгъэп, пIуныгъэ дэгъу зырагъэгъотыгъэу, Iэдэб зыхэлъ пшъэшъэжъый. Янэ адыгабзэри урысыбзэри икъу фэдизэу Iулъхэпти, ащ нахь къыгурыIоным сыпылъыгъ. «Арэу щытми, сэ сынапшIэ теслъхьажьына, Псэнэф еджэным тегъэпсыхьагъэу, ишIэ шIэгъошIоу щытыгъ», — еIо кIэлэегъаджэм.
- Пшъэшъэжъыем илъэсих-блы фэдиз ыныбжьэу Германием щыкIогъэ фестивалым хэлэжьэгъагъ. Европэм и Адыгэ Хасэхэм зэхащэрэ фестивалым ансамблэу «Ащэмэзыр» зырагъэблагъэм, Псэнэфи адэкIогъагъ. А лъэхъаным пшъэшъэжъыер «Щыгъыжъыем» хэтыгъ, ащ Уджыхъу Мариет щаригъэшIэгъэ усэу аргъоим фэгъэхьыгъэм Псэнэф къеджэгъагъ. АдыгабзэкIэ IупкIэу, артистым фэдэу тепкIэмэ, зыдишIызэ езбырэу къызэреджэгъагъэм ыкIи сабыим адыгабзэр зэрэIулъым къехъопсагъэр мэкIагъэп. Ащ тетэу Псэнэф ригъэжьэгъагъ. Уехъопсэнэуи дэгъоу еджагъ.
- «Дунаим ехыжьырэр къыгъэнагъэхэм къалъэплъэ, къафэгумэкIы» аIошъ, унагъоу къыгъэнагъэм рэхьатныгъэ илъэу, исабыйхэм дэйкIэ ягугъу амышIымэ, мэгупсэфымэ, Абдулахь къыгъэнэгъэ унагъом шыкур фэпIонэу щыт.
- Пшъашъэр дэгъу дэдэу гимназием зэрэщеджэрэм дакIоу, музыкальнэ еджапIэми ыгу етыгъэу щеджагъ. ФортепианэмкIэ сэнэхьат зэригъэгъотыгъ. Ащ чIэс зэхъум зэнэкъокъу ыкIи концерт зэфэшъхьафхэм ахэлажьэщтыгъ. ЕджапIэм къычIэкIыжь шIоигъоу зэ ыгу къихьэгъагъ, ау ебгъажьэрэр гъунэм нэбгъэсын фаеу зыщалъытэрэ унагъом щапIурэ Псэнэф ар фадагъэп. «Джы сыкIэгушIужьы сызэрядэIугъагъэмкIэ», — еIо пшъашъэм.
- Музыкальнэ еджапIэм нэмыкIэу пшъашъэр бзэхэр зыщызэрагъашIэрэ Гупчэу Едыдж Мэмэт зипащэми щеджагъ, дэгъоу къыухыгъ, Кембридж исертификат иI. ЕджапIэм чIэсыфэ еджапкIэ Едыдж Мэмэт ригъэтыгъэп, ащкIэ унагъор лъэшэу Мэмэт фэраз.
- ЦIыкIу дэдэу Уджыхъу Мариет зэхищэгъэ «Щыгъыжъыем» Псэнэф кIоу ригъэжьэгъагъ. Адыгабзэр нахь ыIэ къихьанымкIэ ащ ишIуагъэ къэкIуагъэу, нахь шIошъхъуныгъэ зыфыриIэжьэу хъугъэу пшъашъэм елъытэ.
- Ахэм анэмыкIэу республикэ естественнэ-хьисап еджапIэри Псэнэф къыухыгъ. Пшъашъэм хьисапыр шIу елъэгъу. Ащ щеджэфэ предметхэмкIэ олимпиадэ зэфэшъхьафхэм ар ахэлажьэщтыгъ, апэрэ чIыпIэхэр къыхьэу къыхэкIыгъ.
- Пшъашъэм бзиплI ешIэ — адыгабзэр, тыркубзэр, урысыбзэр ыкIи инджылызыбзэр.
- Псэнэф цIыфхэр ыгъэдэIонхэ, зылъищэнхэ елъэкIы. Ары старостэу классым илъэс зэкIэлъыкIохэм зыкIиIагъэр. «Сызыфаер сшIэ зыхъукIэ, сипшъэрылъ къызызгурыIокIэ, сыкъэгъэуцужьыгъуай», — еIо Псэнэф.
- Пшъашъэм врач сэнэхьатыр къыхихыгъ, кIэлэцIыкIухэм яIэзэнэу фай. Мы мафэхэм Пшызэ шъолъыр университетми, Мыекъопэ къэралыгъо технологическэ университетым хэт медицинэ институтми итхылъхэр аритыгъэх. «Врач сэнэхьатым уятэшэу Нэдждэт арын фае укъыфэзыщагъэр?» сIуи сеупчIыгъэти, «Хьау, ар фэягъэп врач сыхъунэу. IофшIэныр бзылъфыгъэмкIэ къинэу, пшъэдэкIыжьышхо ищыкIагъэу, анахьэу унагъо зышIэщт бзылъфыгъэмкIэ Iоф къызэрыкIоу щымытэу ащ елъытэ», — еIо Псэнэф.
- — Гимназием икIэлэегъаджэхэр тянэм фэдэу къытпэблэгъагъэх. Сэ сишIошIыкIэ, ащ фэдэ еджапIэ щыIэп, зы унэгъошхом фэдэу кIэлэегъаджэхэри кIэлэеджакIохэри тызэхэтыгъ. Директорэу Нуриет Щамсудинэ ыпхъум къыщегъэжьагъэу илъэс пчъагъэрэ тикласс ипэщагъэу ГъукIэлI Мариет, урысыбзэмкIэ тезыгъэджагъэу Нэгъэплъэ Светланэ, зэкIэ тезыгъэджагъэхэм сафэраз, — еIо пшъашъэм.
- Псэнэф щыIэныгъэм илъэгъо мафэ техьанэу, игухэлъхэр къыдэхъунхэу фэтэIо.
- Сихъу Гощнагъу.