ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2018-07-28

  • ЗэвгъэцIыху
  • Къалэ нэхъ ехьэжьахэр
  • Дуней псом щынэхъ дахэ дыдэу блэкIа илъэсым къалъыта къалипщIым япэр Лондонщ (Инджылыз). Пэжщ, узэплъынрэ телъыджэ пщыхъунрэ и куэдщ а къалащхьэм. Дыгъэ къызэрыщепсым нэхърэ уэшх къызэрыщыщешхыр нэхъыбэми, псом нэхърэ нэхъ дахэщ.

  • ЕтIуанэр Парижщ (Франджы). АлейкIэ жиIа классикым: «Париж зэгъэлъагъуи, итIанэ лIэ!» Ауэ, пэжыр жыпIэмэ, мы къалэр фIыуэ зымылъагъухэри щыIэщ. Абы и щхьэусыгъуэр куэдыкIейщ. Зэбгъэлъагъурэ, итIанэ утепсэлъыхьмэ, нэхъыфIщ.
  • Ещанэ увыпIэр зейр Сиднейщ (Австралие). 2000 гъэм Олимп джэгухэр щекIуэкIа нэужь, дуней псом къыщацIыхуащ ар. Шэч къытумыхьэжу жыпIэ хъунущ абы зыщыбгъэпсэхуну зэрыгъуэзэджэр.
  • ЕплIанэр Нью-Йоркщ (США). Нью-Йорк псом хуэмыдэу щыдахэр илъэсыщIэ махуэшхуэхэр щагъэлъапIэм и дежщ. Туристхэм я нэхъыбэр щIымахуэращ а къалэм щыкIуэр. Апхуэдэу щытми, гъэм и адрей зэманхэми ущызэшынукъым Нью-Йорк.
  • Етхуанэ увыпIэр зылъысар Римщ (Италие). Мы къалэр зыхуэдэр жыпIэным зэманышхуэ текIуэдэнущ, хэплъхьэни хэпхыни щымыIэу екIущ, дахэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, зиплъыхьыну зыфIэфI дэтхэнэ цIыхури зэ нэхъ мыхъуми Рим кIуэн хуейуэ и къалэнщ.
  • Еханэр Барселонэщ (Испание). Урысейм щыщ туристхэр фIыуэ щыгъуазэщ Каталонием и къалащхьэм и дахагъым. Абы кIуэ дэтхэнэми къыщикIухьын, зыщиплъыхьын щIыпIэ куэд иIэщ.
  • Ебланэу къакIуэр Мельбурнщ (Австралие). Абы щыIахэм зэрыжаIэмкIэ, зыми емыщхь дахагъ иIэщ къалэм. Куэд зи нэгу щIэкIа туристхэм яфIэтелъыджэ архитектурэкIэ къулейщ Мельбурн.
  • Еянэ увыпIэр зейр Берлинщ (Германие). ЩIалэгъуалэ щыкуэдщ абы. Арагъэнщ къалэжь дыдэ Берлин и «щIалэгъуэу» къыщIыпщыхъур. ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ нэмыщI, тхыдэ куу зиIэ къалащхьэм узэплъын и куэдщ.
  • Ебгъуанэр Амстердамщ (Голландие). Абы и цIэр щызэхэпхкIэ уи щхьэм къихьэр хуитыныгъэщ. ЦIыху куэд зэрыщыпсэум нэмыщI, а къалэм и цIэр зыгъэIуар Ван Гог и музейр, Рембрандт и унэ-музейр зэрыдэтырщ.
  • ЕпщIанэр зратар Мадридщ (Испание). Ар туристхэм нэхъыфIу ялъагъу къалэхэм ящыщщ. Дунейр щыхуабэщ, уи нэгу зыщиужьынущ. Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, къалэр зыухуар Окний лIыхъужьырщ. Мадрид музей гъэщIэгъуэн куэд дэтщ, Европэм щынэхъ ин дыдэр — Прадор — абы щыIэщ.
  • Шыпш Даянэ.
  • Темыркъан Юрий и илъэс
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IуэхущIапIэм къеблэгъащ СССР-м, РСФСР-м, КъБР-м я цIыхубэ артист, Совет Союзым, РСФСР-м, Урысей Федерацэм я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Санкт-Петербург Шостакович Дмитрий и цIэр зезыхьэ и академическэ филармонием и художественнэ унафэщI Темыркъан Юрий.  ЗэIущIэр ирегъэкIуэкI ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы кърихьэлIащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и Iэтащхьэ КIурашын Анзор, хамэ къэралхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэр, нэгъуэщIхэри. Налшык къалэ. 2014 гъэ, шыщхьэуIу мазэ

  • Интернетым  дыкъыщоджэ
  • Зыгъэпсэхугъуэ пIалъэм – Китайм
  • Урысейм и цIыхухэр зыгъэпсэхуакIуэ нэхъ здэкIуэ къэралищым ущIэупщIэмэ, — Тыркур, Таиландыр, Испаниер жаIэнущ. Ауэ ар пэжкъым. Ди лъахэгъу нэхъыбэм зыщагъэпсэхур Финляндиерщ, Китайрщ, Тыркурщ.
  • Китайм туристхэр зэрызришэлIэфымкIэ дуней псом ещанэ увыпIэр щеубыд. Ар къызыхэкIыр абы щыIахэм нэгъуэщI планетэ лъэтауэ къазэрыщыхъурщ. А къэралым щекIуэкI гъащIэри, хьэуари, я шхыныгъуэхэри нэгъуэщIщ. Уеблэмэ китай хьэпшыпхэри дагъуэншэщ, нэхъыфIхэр хамэ щIыпIэ ямышэу езыхэм къызэрызыхуагъэнэжым хуэдэу.
  • Китайм ущыкIуа япэ махуэм пшхын, уи ныбэ из зыщIын щумыгъуэтын хуэдэу къыпщохъу. ШхапIэм ущIыхьа нэужь, абджым къыхэщIыкIа стIол хъурей кIэрахъуэм телъхэм ущеплъкIэ, укъоуIэбжь: ананас гъэжьа, бдзэжьей тефтель, гинкго жыгым къыпыкIэу джэшым ещхь гуэр, хъарбызыр помидорым бгъурылъу (китайхэм помидорыр пхъэщхьэмыщхьэу къалъытэ), кIэртIоф къызэрыгуэкIри къыпхуэцIыхужынукъым, карамелым хакухьурэ ягъажьэри варенэ тракIэж, къэлэр зыдэлъ псыхьэлывэ, медузэ, лотос хуэдэхэм я гугъу сщIыххэркъым. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр: китай пащтыхьхэр зэрагъэхьэщIэ Iэнэм хуэдэ къэбузэдрэ упэрытIысхьэмэ, зы цIыхум хуэзэу юани 100 (сом 500) къудей щIэптыну аращ.
  • Китайм къипшынкIэ хъуну тыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр, дауи, шейщ. Ауэ япэ къэс шейр зыми фIэщIэщыгъуэнукъым. Сэ мурад сщIат си ныбжьэгъум Лю Ань Гуань Пянь шей къыхуздэсхьыну. Апхуэдэ фIэкIа ефэртэкъым жьы хъуа нэужьи дахэу, узыншэу псэуа китай пащтыхьгуащэ Цыси. Ар къэщэхуным фIыуэ зыхуэзгъэхьэзырат, ныбжьэгъу схуэхъуахэм шейм и цIэр китай иероглифхэмкIэ езгъэтхри мелуан бжыгъэкIэ къэралым щыIэ шей тыкуэнхэр къызэхэскIухьу щIэздзащ. Китайм шей къыщыпщэхуныр гупсэхугъуэщ, абы урагъэплъ, урагъэпэм къудейкъым, атIэ занщIэу, хабзэ псоми тету шей къыпхуащIри, урагъафэ. Ауэ а къэралым кофе къыщыбгъуэтыныр тыншкъым, уеблэмэ хьэщIэщ нэхъ ехьэжьа дыдэхэми щыIэкъым. Кофеншэу мыпсэуф урысей туристым къыхуэнэжыр зыщ — кофе здишэнырщ. АтIэ зи гугъу сщIа шейр куэдрэ къэслъыхъуащ Пекин щегъэжьауэ Цендао (тенджыз Гъуэжьым и Iуфэм Iут къалэщ) нэс. Дэнэ сыIухьэми жэуапу зэхэсхырт «Мейо!» («ЗэкIэ диIэкъым»).
  • Пащтыхьгуащэм и шейр къыщызгъуэтащ Пекин дэт Лянмацяо сату центрым. ГурыIуэгъуэт ар дэнэ дежи щIыщамыщэр — шейудз грамми 100-м сом 5000 и уасэт. Си ныбжьэгъухэм къызжаIащ пащтыхьхэри пащтыхьгуащэхэри зэфэу щыта шей зэмылIэужьыгъуэ куэд, ашыкышхуэ из хъур, сом 300 хуэдизкIэ къызэрыпщэхуфынур.
  • Китайм уи закъуэ укIуэу зыщуплъыхьын папщIэ визэ ухуейщ. Визэншэуи укIуэ мэхъу, абы щыгъуэм гупым уахэтыну аращ. Апхуэдэу нэхъыфIщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гъуэгугъэлъагъуэ сыт щыгъуи пщIыгъунущ, цIыхуитхуу узэгъусэнущ, махуэ 15-кIэ зуплъыхьынущ.
  • Китайм и хьэщIэщхэр къабзэщ, Iэхуитлъэхуитщ, европей мардэхэм йозагъэ. Номерым сыт щыгъуи щIэтщ электрошейныч, шей зэрыбгъэвэн, узэрефэн хьэкъущыкъу. Сыт щымыIэр жыпIэмэ, Wi-Fi щыбгъуэтынукъым, Интернетым уихьэн хуей хъумэ, и лъабжьэм укъехыу кIапсэкIэ уи компьютерым пыпщIэн хуейуэ аращ. Китайм ущыIэху фейсбукыр зыщыбгъэгъупщэ хъунущ, ар а къэралым щагъэлажьэркъым. КъищынэмыщIауэ, иджыри зы щхьэхуэныгъэ щыIэщ: узыщIэс номерым и бжыгъэр «8»-кIэ къыщIидзэ щхьэкIэ, ар еянэ къатым щыIэкъым. Къатыр къэзыгъэлъагъуэр етIуанэ бжыгъэращ. 8-р китайхэм бжыгъэ насыпыфIэу къызэралъытэм щхьэкIэ пагъэувэу аращ.
  • Шхыныгъуэхэр
  • Джэдыл гъэва-гъэдия
  • Джэд укIа гъэкъэбзар псы щIыIэкIэ ятхьэщI, кIуэцIфэцIыр зыхуей хуагъазэ, зэпкърамыхыу псы хуабэм халъхьэ, зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрах. МафIэр цIыкIу ящIри шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъэ 40-50-кIэ къагъавэ, зэзэмызи тхъурымбэр къытрахыурэ. ИтIанэ бжьыныщхьэ укъэбза, шыгъу, бурш мыхьэжа, шыбжий сыр зэгуэупщIыкIа халъхьэ. Абы и ужькIэ джэдылыр хьэ-зыр хъуху ягъавэ, лэпсым къыхахыжри ягъэупщIыIу. Лэпсыр языж. Iэнэм щытрагъэувэкIэ, джэдыл зэпкърыхар тепщэчым иралъхьэ, шхурэ шатэкIэ щIа бжьыныху шыпс дыщIагъу. Дашх пIастэ щIыIэ, чыржын, щIакхъуэ.
  • Халъхьэхэр (цIыхуий Iыхьэ):
  • джэд гъэкъэбзауэ — 1 (г 2500-рэ),
  • псыуэ — грамм 3000,
  • бжьыныщхьэ укъэбзауэ — грамми 100,
  • бурш хьэдзэу — 5,
  • шыгъуу, шыбжий сыру, бжьыныху шыпсу — узыхуейм хуэдиз.
  • Нартыху хьэжыгъэ жэмыкуэ
  • Шыуаным псы щIыIэ иракIэ, абы джэдыкIэ кугъуэ уда зыхэлъ шатэ ха-кIэ, фIыуэ зэIащIэри, мафIэм трагъэувэ. ЗэIащIэурэ дакъикъи 5 — 6-кIэ къагъавэ. АдэкIэ нартыху хьэжыгъэ ухуэнщIар хаудэри, тхъу къыщIидзыху, дакъикъи 10 — 15-кIэ, зэIащIэурэ ягъажьэ. Хьэзыр мэхъу щыжаIэм, зэIащIэурэ, кхъуей цIынэ упщIэта халъхьэ, шыгъушыпс щIыIэ хакIэ. Пщтыру Iэнэм трагъэувэ, шху щIыIэ и гъусэу.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
  • псы щIыIэу — грамми 100,
  • шатэу — грамм 500,
  • джэдыкIэ кугъуэу — 1,
  • нартыху хьэжыгъэу — грамми 115-рэ,
  • кхъуей цIынэу — грамм 40,
  • шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
  • «Адыгэ шхынхэр» тхылъым къитхыжащ.
  • Псалъэ  пэжхэр
  • Губзыгъэращ къуаншэр
  • ФIагъ мащIэ фIэкIа ббгъэдэмылъми, ар зэгуэр къыпхуэсэбэпыжынущ, ауэ Iей мащIэри аращ — дапщэщ-ми, зэ утеунэхъуэнущ.
  • ЦIыхум ущымышынэу ущыукIытэныр нэхъ тэмэмщ.
  • Сыт хуэдэ гъуэгу быркъуэшыркъуэ утетми, абы уэ зыдебгъэкIун хуейуэ аращ, армыхъумэ езы гъуэгум зыкъыбдригъэкIунукъым.
  • Гъуэгухэр тIууэ зэщхьэщокI — фIыцIэрэ хужьрэ. НэхъыфIыр къыхэпхынумэ, нэхъыжьым ечэнджэщ.
  • Хабзэншэ псори нэмысыншэщ.
  • Ныкъусаныгъэ гуэр зыбгъэдэмылъ щыIэкъым, ауэ ахэр яшэни къашэни къанэркъым.
  • Адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ щIапIыкIа цIыхум мылъкушхуэ къызэренэкI.
  • Зи унэм зыщызыгъэлIым нэгъуэщIым деж зыщеудыгъуж.
  • ЦIыхуитI зэфIэнамэ, къуаншэр нэхъ губзыгъэращ.
  • Шы узытесыр кIуэнуми жэнуми зэлъытар уэращ.
  • Блэ ныкъуэукIыр и кIэм- кIи къоуэнущ, умыбэлэрыгъ.
  • ЦIыхухэм яхузэфIокI Iэщэ Iей дыдэхэр къагупсысыну, ауэ а Iэщэм емыпхъуэу мамыру зэдэпсэуфыркъым.
  • Анэм и лъагъуныгъэр бын дапщэ иIэми зэхуэдэу яхуегуэшыф, фыгъуи ижи бгъэдэлъкъым, аращ ар апхуэдизу щIэбэшэчри.
  • КIурашын Алий. Бахъсэн щIыналъэ,
  • ХьэтIохъущыкъуей  къуажэ
  •  
  • ЦIыхушхуэхэм я гупсысэхэр
  • Илъэсхэм  куэд  къуагъащIэ
  • ГъащIэм и кIэщIагъыр къэпщIэн щхьэкIэ куэдрэ упсэун хуейщ.
  • Шопенгауэр Артур.
  • ЦIыху гъащIэм нэхъ лъапIэ щымыIэ пэтми, абы едгъэлъэпIэкI нэгъуэщIхэм дыщыщIэкъу щыIэщ.
  • Сент-Экзюпери Антуан.
  • ГъащIэм пщIэ хуэзымыщIым, ар къилэжьыркъым.
  • Леонардо да Винчи.
  • Махуэхэм ямыщIэ куэд илъэсхэм къуагъащIэ.
  • Эмерсон Ралф Уолдо.
  • УзыщIэхъуэпсыр зэрызэбгъэхъулIэным ерыщу ухущIэкъумэ, дуней псор къыбдоIэпыкъу.
  • Коэльо Пауло.
  • Зэ пфIэкIуэда напэр етIуанэу бгъуэтыжынукъым.
  • Сервантес.
  • ГъэщIэгъуэнщ
  • Хывышэм дагъэ куэд щIэтщ
  • Адыгэ джэш хужь пIащIэр мыгъэвауэ махуэм щэ бжэмышх изурэ яшхмэ, фошыгъу узыр мэхъуж.
  • Хадэм джэдгын итыну фIыщ, мэлыIычыр йохьэ жаIэ.
  • Собэ тедзэм щIафэлыджкIи йоджэ.
  • Жьы хъуа шыр щаукIынум деж, зрамыгъэгъэпсэхуу куэдрэ кърахуэкI, пщIэнтIэпс нэхъыбэ къыхэкIын щхьэкIэ. Апхуэдэу ямыщIмэ, а шым и лыр бгъавэми бгъажьэми пхуэшхынукъым, лым пщIэнтIэпсымэ къыхехри. КърахуэкIауэ фIагъэжа шым и лым апхуэдэу мэ Iей иIэкъым. Абы и лыр ягъавэ, и лэпсри ирамыфу иракIут. Шыл вам нэхъ дашхри бжьыныху шыпсрэ пIастэ хуабэрэщ.
  • Бабыщ бзагуэр кIэцIа нэужь абы и джэдыкIэм уеIусэмэ ар зейр а абгъуэм тетIысхьэжынукъым, джэдыкIэм цIыхумэ щыуащи.
  • Мэз кхъужь цIыкIур мыхъу щIыкIэ къыпохури, ар мэкъу лъабжьэм, тхьэмпэ лъабжьэм щохъуж.
  • Хывышэм нэхъ дагъэ куэд щIэтщ, жэмышэм нэхърэ.
  • ДжэдыщIэм япэу къикIэцI джэдыкIэр цIыкIунитIэщ, ныбгъуэ джэдыкIэм хуэдизу, ар яшх хабзэкъым. КIэцIын зыуха джэдыжьми иужь дыдэу къикIэцIыр цIыкIунитIэщ, ари яшхыркъым.
  • ГъэтIылъыгъэ ящIыну кхъуейр нэхъ щыхэхын хуейр гъэмахуэ мазэхэрщ. Мис абы щыгъуэ хаха кхъуейр IэфIщ, витамин куэду хэлъщ.
  • Къубатий Борис.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 5. Дунейм ехыжам щхьэкIэ жаIэ хабзэщ: « … нэху Тхьэм кърит!» 6. ПхъэIэщэм щыщ Iыхьэ, щIыр зэзыгъэдзэкI. 9. Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ дамэгъу зэхуэзыщIа адыгэпщ. 10. Осетие Ищхъэрэм щыщ, ди республикэм и гъунапкъэм пэгъунэгъуу къыщыс къуажэшхуэ. 12. Псэлъэным хуэIэзэ цIыху. 13. Псыщхьэ тещтыкIа. 14. АдакъэщIэрэ … пIастэрэ. 17. Тхьэгъэзит Зубер, Бещтокъуэ Хьэбас, Бицу Анато- лэ, Ацкъан Руслан, Мыкъуэжь Анатолэ сымэ, нэгъуэщIхэри зыхуэшэрыуэ литературэ тхыгъэ. 18. ЧнутIым нэгъуэщIу зэреджэ. 20. Зи пхъафэр щхъуафэ-фIыцIафэ, псэуалъапхъэ къызыхах жыг. 21. Пасэрей Iэщэ зэрыпыджэ. 23. Нало Заур и япэ IэщIагъэр. 26. Уеплъмэ, …, уеджэмэ, дэгу. 28. … вы бжьакъуэм къокI. 29. Шыуанышхуэ. 30. Мэлыц гъэпцIам къыхащIыкI щыгъын: щыщIыIэми щыуэлбанэ- ми ящыгъыу щытащ. Ди зэманым нэхъыбэу къэзыгъэсэбэпыр бгылъэ хъупIэхэм ит Iэщыхъуэхэрщ. 31. … гъущэрылърэ фыз игъэплъа лIырэ. 32. Зи Iуэ ит нэхърэ зи … ит. 33. Языныкъуэ пхъэщхьэмыщхьэхэм я куэцIым илъщ. 36. … цIыкIу бжьакъуэшхуэ. 37. Нартхэм я гъукIэ. 38. Къэнжалым къыхэщIыкIа хьэку цIыкIу. 39. Унагъуэ къэс илъ Iэмэпсымэ, хьэпшып. Нэхъапэхэм абы и кIуэцIым дэп пщтыр иракIутэрт къыщагъэсэбэпкIэ. 42. Пхъэ кIапэ. 45. «Бгы лъапэхэм …» — КIыщокъуэ Алим и поэмэ. 49. Псалъэ дахэм … гъуэмбым къреш. 50. КъэгъэшыгъуафIэ гуэр. 51. Бахъсэн районым щыщ мэкъумэшыщIэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь … Iэхьед. 52. … фермэ, IэщIэвыщIэ тету. 53. Вакъэ лъапщэ кIыхь.
  • Къехыу:1. Унагъуэм игъэкI чыцэм къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэ щхъуантIафэ цIыкIу. 2. Танкист хахуэу щыта, Совет Союзым и ЛIыхъужь. 3. ГъущI куэбжэ зиIэ гъущI … щощIэ. 4. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артистхэу, зэныбжьэгъухэу ХьэIупэ ДжэбрэIил, Мэремыкъуэ Хъусен, Думэн Мурадин сымэ дехьэх … ещэным. 7. Псым и адрей лъэныкъуэмкIэ щыIэ щIыналъэ. 8. Тенджызыр … зырызурэ зэхэтщ. 11. Iэщым хузэхащIэ Iус. 15. Ахъшэ жьгъей. 16. Бжьэхэм я фо зэхуэхьэсыпIэ. 19. Мылъкум къигъэпщри къуэшхэр … 20. Хьэкъущыкъур ятхьэ-щIа нэужь псы къабзэр … мэхъу. 22. Къэбэрдей композитор. 24. Хыумысэу, езыр-езыру къэкIыж. 25. Хьэпщхупщ шынагъуэ. 27. … и губжьыр кхъуэм щехьэ. 34. Iэщ … бгъашхэмэ, уи Iупэр дагъэ къищIынщ, цIыху … бгъашхэмэ, уи Iупэм къеуэжынщ. 35. МахуэцIэ. 40. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал музтеатрым и уэрэджыIакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист. 41. Швейцарием и къалащхьэ. 43. … хиса жыгыр мэгъу. 44. Аруан районым хиубыдэ къуажэ. 46. ЩыщIыIэм, щыуэлбанэм щхьэм фIапхъуэ, пщэм кърашэкI. Нэхъыбэу къэзыгъэсэбэпыр губгъуэм ит Iэщыхъуэхэрщ. 47. Бжьын … Е зэкIэрыпха гуэр. 48. Зи суд ящIэм къыщхьэщыж цIыху.
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  • Бадзэуэгъуэм и 21-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр
  • ЕкIуэкIыу:3. Шабзэ. 6. Хуэмыху. 8. Бзииху. 9. Хущанэ. 11. Пшахъуэ. 14. Бгъэ. 15. Чын. 18. Хукхъуэ. 19. Уэс. 20. Къунан. 22. Хьэпс. 25. Алмэ. 26. Апэсы. 27. Гъубжэ. 30. Собэ. 31. Тулэ. 32. Мэш. 34. Дыху. 35. Щыхь. 37. Шыр. 38. Махъшэ. 40. Насып. 43. Дудакъ. 44. Тахътэ. 45. Гъымбу.
  • Къехыу:1. Азэн. 2. Гуэгуш. 3. Шэху. 4. Бзыгъэ. 5. Сибэч. 7. ХущIэ. 10. Абгъуэ. 12. Арму. 13. Пхуэфащэмэ. 14. Банэ. 16. Напэ. 17. Псыхьэлъахуэ. 21. НапщIэ. 22. Хьэсет. 23. Кумб. 24. Ибэ. 28. ЩIопщ. 29. Блэр. 33. Шэрхъ. 34. Дерс. 36. Хьэиуэ. 37. Шынакъ. 38. Мет. 39. Шатэ. 41. Арыкъ. 42. Пэу.