ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июнь, 2018

УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и къулыкъум пэрыуващ Урысейм и ЛIыхъужь Матовников Александр. Абы теухуа зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий

2018-06-30

  • Пятигорск къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и къулыкъум ягъэувар IэнатIэм зэрыпэрыувэм теухуа зэхыхьэ. Абы хэтащ иужьрей илъэситIым а лэжьыгъэр езыхьэкIа, Урысейм и ЛIыхъужь Белавенцев Олег, федеральнэ округым хыхьэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, дин лэжьакIуэхэр, округым и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр Балъкъыз Артур игъэзэщIэнущ

2018-06-30

  • Бахъсэн муниципальнэ районым щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и советым дыгъуасэ иригъэкIуэкIа сессием район администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр игъэзэщIэну и пщэ щыдалъхьащ НалогхэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и къудамэм и унафэщIу лажьэу щыта Балъкъыз Артур Хьэчим и къуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ

2018-06-30

  • Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманыр къызы- хуэтыншэу къызэгъэпэщыным мы лъэхъэнэм гулъытэшхуэ хуэзыщIхэм ящыщщ Тэрч щIыналъэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ

Хьэжыкъарэ Алик Алий и къуэр

2018-06-30


  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и журналистикэм хэщIыныгъэ хьэлъэ игъуэтащ. Псэужкъым псоми фIыуэ тлъагъуу щыта цIыхур, ди ныбжьэгъу гумащIэр, ди лэжьэгъу гуащIафIэр. И ныбжьыр илъэс 63-нэм хыхьауэ дунейм ехыжащ «Адыгэ псалъэ» газетым къуажэ гъащIэмрэ экономикэмкIэ и къудамэм и редактор Хьэжыкъарэ Алик Алий и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2018-06-30

  • Мэкъуауэгъуэм и 30, щэбэт
  • УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IуэхущIапIэхэм я хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
  • Белоруссием щагъэлъапIэ экономистым и махуэр
  • 1845 гъэм урысей пащтыхь Николай Езанэм унафэ къыдигъэкIащ Новороссийск кхъухь тедзапIэ щыщIыным теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дунейгъэдахэхэр

2018-06-30

  • «КъБР-м и щIалэгъуалэр» зыфIаща республикэ фестивалыр дахэу, щIэщыгъуэу, нэгузыужьу Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и гупэм къит утыкум щекIуэкIащ. КъБКъУ-м и лэжьакIуэхэр, творческэ гупхэр, студентхэр уэру зыхэта зэIущIэр ирагъэхьэлIат Урысейм и ЩIалэгъуалэм я махуэр щагъэлъапIэ мэкъуауэгъуэм и 27-м.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Бадзэуэгъуэм и нэмэз щIыгъуэхэр

2018-06-30

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Германием чемпионыгъэр пасэу IэщIокI

2018-06-30

  • ФутболымкIэ XXI дунейпсо чемпионатым и гуп зэпеуэр иухащ. Абы ипкъ иткIэ Германием и чемпионыгъэр пасэу IэщIэкIащ. Иужь илъэс 36-м зэи къэмыхъуауэ Африкэм и зы къэралыгъуи финалым и 1/8-нэ Iыхьэм кIуэфакъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Бжыгъэр зи лъабжьэ телевиденэм зеубгъу

2018-06-30

  • Электрон хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм Урысей Федерацэм и субъектхэм зыщаубгъу зэпытщ. Къапщтэмэ, ди республикэм и щIыпIэ псоми нобэ пщIэншэу ущеплъыфынущ бжыгъэр зи лъабжьэ телевиденэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2018-06-30

  • Зэхыхьэхэр
  • КупщIафIэу, гукъинэжу
  • Хабзэ дахэ хъуауэ, НыбжьыщIэхэм я республикэ библиотекэр, ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэр, илъэс зыбжанэ хъуауэ жыджэру хэтщ 2014 гъэм Саратов къалэм къыщыхалъхьа «Пушкиным и тхыгъэхэм зэгъусэу дыкъоджэ» щIыналъэпсо Iуэхум. Зэхыхьэ гуапэр къызэрагъэпэщащ Урысыбзэм и махуэмрэ урыс литературэбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ къалъытэ усакIуэ цIэрыIуэ Пушкин Александр къыщалъхуа махуэмрэ ирихьэлIэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. ЩIалэгъуалэм я махуэм теухуа и хъуэхъу

2018-06-28

  • Си гуапэу сынывохъуэхъу гуфIэгъуэ пIалъэмкIэ — Урысейм и ЩIалэгъуалэм я махуэмкIэ.
  • ЩыныбжьыщIэмрэ щыщIалэмрэщ дэтхэнэ зы цIыхуми и гъащIэм и нэхъ дахэгъуэ, гурыфIыгъуэ лъэхъэнэр. А зэманырщ псоми щытегушхуэр, IуэхущIэхэр къыщыдахыр, хъуэпсапIэхэм зыщаIэтыр, гъащIэ гъуэгур къыщыхахыр. Къэралыр зэи хуэмыдэжу иджыпсту яхуэныкъуэщ тегушхуэныгъэрэ губзыгъагъэрэ зыхэлъхэм, Iуэху нэхъ гугъу дыдэхэр дэгъэкIыным щIэбэныну хьэзырхэм, къызэрымыкIуэ гупсысэкIэ зиIэхэм, къахьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ къызэтемыувыIэу япэкIэ кIуатэхэм, плъапIэщIэхэр къызэIузыххэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Iэтащхьэ

Егоровэ Татьянэ: «Курыт еджапIэм щывгъэкIуа илъэсхэр гукъинэж дахэ фхурехъу!»

2018-06-28

  • КъБР-м и Парламентым и депутатхэр хэтащ курыт еджапIэр къэзыух ныбжьыщIэхэм папщIэ республикэм и школхэм щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэIущIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым

Лъэпкъыбзэхэм ирогузавэ

2018-06-28

  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэм мэкъуауэгъуэм и 26-м щызэхэтащ бзэхэр хъумэнымрэ ахэр зэрырагъэдж щIыкIэр егъэфIэкIуэнымрэ теухуа зэIущIэ. Ар ехьэлIат иджыблагъэ Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат гупым бзэм теухуауэ къыхалъхьа законопроектым. Курыт еджапIэхэм щIэсхэм я анэдэлъхубзэхэр езыхэм я фIэфIыныгъэм тещIыхьауэ фIэкIа ямыджми хъуну къызыхэщ законопроектыр умыгъэщIэгъуэнкIи абы арэзы утехъуэнкIи Iэмал зимыIэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал Iуэху

ТекIуахэм я парад

2018-06-28

  • 1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м Москва щекIуэкIауэ щытащ Хэку зауэшхуэм къыщытхьа текIуэныгъэм и дамыгъэу ува парадыр. Абы щы- гъуэ дзэхэм я сатырхэм хэтащ къэрал иным и республикэхэм, крайхэм, областхэм щалъхуа зауэлIхэр. ТекIуахэм я сатырхэм хэтащ ди лъахэгъухэри. Нобэ а псоми я цIэр къисIуэну сыхуейщ. Ахэр Бороздна Аркадий, Уэл- джыр Хьэжпагуэ, Воронов Иван, Дмитриев Михаил, Къанщыкъуей Уэ- хьид, Къардэн Къубатий, Къардэн Хьэбас, Кебеков Мухьэрбэч, Козлов Василий, Колесников Владимир, Колесниченкэ Пётр, Кольченкэ Василий, Кравченкэ Владимир, Крохмаль Иван, Мэкъуауэ МатIэ, Мамедов Минур, Мкртчан Мкртич, Овод Прокопий, Олейников Пётр, Орлов Николай, Павленкэ Михаил, Петров Платон, Поповцев Николай, Туляков Михаил, Фролов Иван, Хамицаев Уэсмэн, Хакулин Иван, Хомич Анатолий, Щоджэн Гъумар, Яхэгуауэ Михаил сымэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мураду фщIыр къывэхъулIэну!

2018-06-28

  • Тэрч щIыналъэм хыхьэ Астэмрей жылэм дэт езанэ курыт школым мы гъэм 11-нэ классым къыщIигъэкIащ цIыху пщыкIуплI. Абыхэм папщIэ еджапIэм мэкъуауэгъуэм и 25-м къыщызэрагъэпэщащ гуфIэгъуэ пшыхь дахэ. НыбжьыщIэхэм хуэдэ дыдэу гурыгъу-гурыщIэхэм зи псэр зэщIаIыгъэхэм ящыщт абыхэм я класс унафэщIу, ныбжьэгъу пэжу яIа, инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэ Быдэ ФатIимэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр

« Раньше