Верещагин Василийрэ Къэбэрдеймрэ
2020-09-03
- Урыс сурэтыщI цIэрыIуэ Верещагин Василий 1865 гъэм (абы щыгъуэ ХудожествэхэмкIэ академием щеджэрт), Бытырбыху къыщежьэри, Тифлис кIуауэ щытащ. Куржым и щыхьэрым щыкIуэм, КъэбэрдеймкIэ кIуэцIрыкIащ сурэтыщI щIалэр. Адыгэ куэдым нэIуасэ яхуэхъуащ — абы щыхьэт тохъуэ Верещагиным и гъуэгуанэ тхыгъэхэр.
- И ГЪУЭГУАНЭ тхыгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, ар ятхьэкъуащ къэбэрдейхэм я хабзэхэм, щыгъуазэ захуищIащ я псэукIэм, я IуэрыIуатэм. «Я лIыгъэрэ цIыхугъэкIэ къэбэрдейхэр къахощ Кавказ бгырысхэм, я гъу- нэгъу лъэпкъхэм абыхэм щапхъэ трах», — итхащ Верещагиным, къэбэрдейхэм я тхыдэмрэ я хабзэхэмрэ щыгъуазэ захуищIа нэужь.
- Къэбэрдейхэмрэ урысхэмрэ я зэхущытыкIэм щытепсэлъыхькIэ, ахэр пащтыхь Иуан IV и зэман лъандэрэ благъэ зэрызэхуэхъуам гу лъетэ Верещагиным, абы щыгъуэми, ибзыщIыртэкъым урыс дзэпщхэм къыкIэлъызэрахьэ лейр къэбэрдейхэм ягу зэрытемыхуэр, къэбэрдей куэд Псыжь Iэпхъуэн хуей зэрыхъуар, лъэпкъым и къарум кIуэ пэтми зэрыхэщIыр. «ЕпщыкIу- бгъуанэ лIэщIыгъуэм етауэ щыта емынэ узым къэбэрдей адыгэхэм я зэхуэдитIыр ихьащ. Узым къелам 1822 гъэм кIэ яритащ генерал Ермоловым, — дыкъыщоджэ сурэтыщIым и тхыгъэхэм. — МафIэрэ джатэкIэ лъапсэрыхыр къахуигъэкIуащ абы Къэбэрдейм». АдэкIэ пещэ: «Зауэм гуащIэмащIэ хэхъухьами, къэбэрдейхэр къызэтенащ. Псыжь адрыщI ис я лъэпкъэгъухэм я щхьэр зауэм халъ- хьащ, зэтраукIащ, я къуажэхэр ягъэсащ, псэууэ къэнам я нэхъыбапIэм хэкур ябгынэри, Тыркум Iэпхъуащ».
- Къэбэрдейхэм я хъыбар къызыхэщыр Верещагиным и гъуэгуанэ тхыгъэхэм я закъуэкъым, а тхыгъэхэр абы игъэщIэрэщIащ адыгэхэм ятрищIыкIа сурэтхэмкIэ. Париж 1868 — 1869 гъэхэм къыщыдэкIа журнал гуэрым традзащ Верещагиным къэбэрдейхэм ятрищIыкIа сурэт зыбжанэ: адыгэ фащэ зыщыгъ тхьэмадэ жьакIэху, фочкIэ, сэшхуэкIэ, къамэкIэ зэщIэузэда къэбэрдей шууей, мэкъумэшыщIэ, адыгэ бзылъхугъэ, лъэпкъ фащэкIэ хуэпауэ. Бытырбыху дэт Урыс музейм щIэлъщ Верещагиным и сурэтитI — «Къэбэрдей адыгэ», «Тхылъ еджэ шэрджэс».
- Верещагин Василий Къэбэрдейм нэхъ иужькIи щыхьэщIащ — дуней псом щыцIэрыIуэ художник хъуауэ. Абы щыгъуэ ищIауэ щытащ «Iуащхьэмахуэ щыуэлбанэщ», «Iуащхьэмахуэ бгыр» сурэтхэр.
- ГЪУКIАКЪУЭ Идар.