ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лыхьхэмрэ  адыгэхэмрэ

2021-04-06

  • XVI — XVII лIэщIыгъуэхэм Польшэр зэпымыууэ щIэкъуащ Шэрджэсым зыкъызэрыпищIэным. Лыхьхэм (полякхэм) я дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэт: адыгэхэр зауэшыти, дахьэхыурэ я дзэм хашэрт, зауэ къалъыкъуэкIмэ, Кавказым ираша адыгэхэрат пашэр.

  • 1561 ГЪЭМ Польшэм я пащтыхь Сигизмунд II Август иригъэблэгъауэ щытащ шэрджэс лъэпкъ лъэрызехьэхэм ящыщ шу гуп, абыхэм пщIэшхуэ къахуищIащ, дзэм къулыкъу къащритащ. 1562 гъэми Польшэм Iэпхъуащ жанеипщ зыбжанэ: Жанейм я пщышхуэ Сибокъуэ и къуэ Мэшыкъуэ, Сибокъуэ и унэкъуэщ Темрыкъуэ, абы и къуэш Щоджэн, Къамбулэтыпщым и къуэ Къасым сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм  я гъусэу Польшэм Iэпхъуащ  уэркъ шу щищ. Польшэм Iэпхъуа адыгэпщхэми уэркъхэми я пщыцIэри я уэркъыцIэри къахуэнэжащ, ар дэнэ къэна, я пщIэр нэхъри дэкIуеящ, щIышхуи, уни, лъапси къратащ. Польшэм Iэпхъуа адыгэхэм ящыщ зыбжанэр католик диным ихьауэ, нэхъыбэм алыдж чыристан диныр ямыутIыпщауэ ятх, ауэ, а Iуэхум нэхъ щыгъуазэ Кружинский Мартин зэрыжиIэмкIэ, ахэр псори мажусийт.
  • Зи гугъу тщIы зэманым Польшэм и пащтыхьым къэзакъ-шэрджэс шуудзэ къызэригъэпэщауэ щытащ. А шуудзэр Щоджэнрэ Темрыкъуэрэ я IэмыщIэ иралъхьащ — а тIури дзэпщт. Адыгэ куэд щыIэпхъуэм, Польшэм къыщызэрагъэпэщащ «псыхуабэ» шуудзитI — апхуэдэцIэ щIаIар а шуудзэхэм хагъэхьам я нэхъыбэр «Псыхуабэ лъэныкъуэмкIэ», нэгъуэщIу жыпIэмэ, Къэбэрдейм икIати аращ. Кружинскэм зэритхымкIэ, Польшэм хуэзауэурэ адыгэ шухэм зэрахьа лIыгъэм и хъыбар куэд къэсащ ди зэманым. «1572 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 13-м тыркудзэр къебгъэрыкIуауэ щытащ Молдавием ис лыхьхэм я дзэм. Тыркухэр къащытезэрыгуэм, — етх Кружинскэм, — лыхьхэр зэрыгъэгужьейри зэуапIэм къикIащ, я щхьэр щIахьащ. Тыркудзэр зэтезыгъэувыIэфар Темрыкъуэ и «псыхуабэ» шуудзэрщ: адыгэхэм тыркудзэр зэтраIыгъащ, лыхьхэм ягу къихьэжу къагъэзэжыху». Темрыкъуэ зэрихьа лIыгъэм хуэфащэ пщIэ игъуэтащ: Польшэм и пащтыхь Сигизмундрэ Сеймымрэ (Парламентым) я унафэкIэ жанеипщым Подольеми, Киев дежи, Литвами щIышхуэ къыщратащ, мэкъумэшыщIэ мин щэ ныкъуи къыIэщIалъхьащ.
  • Шэрджэсхэр лыхь лIакъуэлIэш цIэрыIуэхэм пащIырт, абыхэм ящыщ дэтхэнэми щIышхуэ щиIащ Белоруссиеми, Литвами, езы Польшэми. Шэрджэс шуудзэм бжьыпэр щиубыдащ Сигизмунд и дзэм, я Iуэхур абы тетащ XVIII ЛIэщIыгъуэм и кIэм нэс: 1795 гъэм лъэлъэжащ Речь ПосполитэкIэ зэджэу щыта къэралыгъуэр, ар зыIэщIалъхьэжащ Урысейм, Пруссием, Австрием. Абы и ужькIэ я пщIэр ехуэхащ Польшэм зэгуэр Iэпхъуауэ щыта адыгэхэм: илъэс щитIым щIигъукIэ Польшэм хуэзауэри, ахэр хуэм-хуэмурэ хэшыпсыхьыжащ лыхьхэм, литовцхэм, белорусхэм. «Псыхуабэ шуудзэхэм» адыгэ щIагъуэ къыхэнэжатэкъым XVIII лIэщIыгъуэм и кIэухым, а шуудзэхэм я адыгэцIэр къахуэнами, абыхэм иджы хэтым я нэхъыбэр украинрэ тэтэррэт. «Псыхуабэ шуудзэхэм» къахуэнар я цIэм и закъуэтэкъым: украинхэми, тэтэрхэми, лыхьхэми щапхъэ яхуэхъуауэ зэрахьэрт адыгэ фащэри, адыгэ Iэщэхэри, адыгэ шум и зэуэкIэми хуеджауэ, арат зыте-              тыр.
  • Шэрджэсхэм лъэужьышхуэ къыханащ Польшэм и тхыдэм, ахэр япэ итащ лыхь-хэр тыркухэмрэ шведхэмрэ щезауэм щыгъуэ. Собесский Ян Польшэм и пащтыхь, дзэпщ цIэрыIуэм, тыркудзэр Венэ деж щызэтрикъутауэ щытащ 1682 гъэм. Абы и дзэм хэтащ шэрджэс шу минищ — ахэращ Собесскэр Венэ деж щытезыгъэкIуар. ЩIэныгъэлI Барановский Б. зэритхамкIэ, Собесский Ян зэрихьар адыгэ фащэщ, зытесари адыгэшщ. Абы и закъуэкъым: я пащтыхьым щапхъэ трахауэ щытащ лыхь офицерхэми; Польшэм икIыурэ Тыркум кIуэ лIыкIуэхэми адыгэ фащэкIэ захуапэу щытащ. А псор щыхьэт тохъуэ шэрджэсхэм Польшэм пщIэшхуэ зэрыщаIам, абы и тхыдэм нобэр къыздэсым хэмыкIуэдэжа лъэужь къызэрыханам.
  • ЖЭМЫХЪУЭ Амжэд.
  • Иордание, Амман къалэ
  • P.S. Жанейхэр адыгэ лъэпкъышхуэхэм ящыщ зыуэ щытащ, ахэр Тэманрэ Iузэв (Азов) хым и Iуфэмрэ щыпсэуащ. Кърым хъанхэр зэуакIуэ къежьэмэ, удыныр япэ зытехуэр жанейхэрат. Ар яхуэмыхьыж щыхъум, Жанейм я пщышхуэ Сибокъуэ, нэгъуэщI адыгэпщ зыбжани щIыгъуу, 1555 гъэм Мэзкуу кIуауэ щытащ, урыс пащтыхьым дзэ щхьэкIэ елъэIун мурад ищIри. Иван ЕплIанэм дзэкIэ къигъэгугъащ адыгэхэр. Сибокъуэ и къуэр, Къундет, чыристан диным ирагъэхьэри, Александр къыфIащащ. А зэманым Украинэм и зэхуэдитIыр Польшэм и IэмыщIэ илът, Днепр и сэмэгурабгъу щIыналъэр зыIэщIэлъыр лыхь лIакъуэлIэш цIэрыIуэ Вишневецкий Дмитрийт. Вишневецкэм и дзэмрэ адыгэ шуудзэмрэ 1558 гъэм кърым хъанхэм зауэ иращIылIащ (Вишневецкэр урыс пащтыхьым гуэтт абы щыгъуэ), урысыдзэм хэту.
  • Урыс пащтыхьым и унафэкIэ, Вишневецкэр 1560 гъэм Жанейм къэкIуащ, абы щIыгъуащ Мэзкуу къыдэнауэ пащтыхьым къулыкъу хуэзыщIэ адыгэпщ зыбжанэ: Мэшыкъуэ и къуэ Иван, Сибокъуэ Василий сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я мурад нэхъыщхьэр, дауи, кIахэ адыгэхэр кърым хъанхэм пэщIагъэувэнырт, ахэр Урысейм и лъэныкъуэ ящIынырт. Вишневецкэр илъэситIым нэблагъэкIэ щыIащ Шэрджэсым, абы щыIэурэ, Иван ЕплIанэм ущыгугъ зэрымыхъунур къыгурыIуэри, адыгэхэм яхэкIыжа нэужь, Польшэм игъэзэжащ, и щIыб урыс пащтыхьым хуигъэзэжри. Абы щыгъуэщ Польшэм и пащтыхь Сигизмунд II Август адыгэпщхэр щригъэблэгъар. Кърым хъанхэм зыщахъумэн папщIэ, Иван ЕплIанэр дэIэпыкъуэгъу къазэрыхуэмыхъунур къагурыIуащ адыгэпщхэм я нэхъыбэми. Уэркъ шухэр я гъусэу, Польшэм Iэпхъуауэ щытащ Къамбулэт и къуэ Къасым, абы и къуэш Гаврилэ, Сибокъуэ и къуэ Александр, абы и унэкъуэщ зыбжанэ. Лыхьхэм я дзэм хыхьэри, ахэр куэдрэ езэуащ урыс пащтыхьми, кърым хъанхэми, тыркухэми.