ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Псыхьэ нанэ

2020-07-23

  • Зауэ увыIам цIыхухэр щыгуфIыкI пэтми, абы хэкIуэдахэмрэ хъыбарыншэу къэтхэмрэ гуфIэгъуэр фагъуэ къащищIырт. ЦIыхур гуфIэрт икIи нэщхъейрт.

  • Дэмэс БышикI зауэр зэрыувыIам щыгуфIыкIри, и къуэ пасэр аргуэру зэ игъеижащ. Бышэ зи насып къытекIуа анэ куэд щыIэт, ауэ щIалэ нэхъыщIэм яукIа хъы- бар зэримыIэмрэ стIол къэгъэ- тэдж щищIам стIолыр «къызэры- тэджамрэ» гугъапIэ гуэр къыхуагъэнати, насыпыншэ дыдэу зилъытэжыртэкъым. «ГугъапIэ зиIэр насыпыншэ-тIэ! Си жьыщхьэ Алыхьым сыкъиужэгъужауэ къыщIэкIынкъым», — жиIэри и гур игъэбыдэжауэ, плъэуэ тIысыжат.
  • Апхуэдэурэ екIуэкIыурэ зы пщыхьэщхьэ гуэрым жэмхуж къикIыжрэ пэт и куэбжэм хьэмкIэшыгу гуэр Iуту къилъэгъуащ. «Хэту пIэрэ?» — жиIэу къакIуэурэ, нэхъ гъунэгъу къэхъуа нэужь, пощтзехьэр къицIыхуащ. «Си пенсыр къызэрызитар щыгъупщэж-ри етIуанэу къысхуихьащ», — жиIэри, игукIэ ар ауан ищIу къыбгъэдыхьащ.
  • — Къеблагъэ, Къасым.
  • — Себлэгъащ, Бышэ, икIи узгъэгуфIэнущ. Уи насып нэхъыбэ Тхьэм ищI, уи къуэр псэущ. Мис и письмо! — жиIэри письмо къритащ.
  • — СыкъыщIэбгъапцIэ мыгъуэр сыт? — жиIэри, письмор IэщIэлъу фыз  домбейр зэфIэщэхащ. ГукIэ къэзыкIухь ныкъуэдыкъуэм Бышэ къыхуэмыгъэтэджыжурэ, хьэблэр зэхуэжэсри фызыр унэм щIахьэжащ. ПIэм иралъхьэри, хущхъуэ иратурэ, псы IуракIэурэ зыкъищIэжащ. Гъунэгъу щIалэ цIыкIухэр кърагъэджэн и пэкIэ, письмор зэIэпах — зэIэпалъ-хьэу яIыгъащ, итIанэ якъутэри сурэт къыдэкIащ, «Си щхьэгъусэщ» жиIэри зы цIыхубз бгъурысу, зы сабии  я куэщIым ису, «Ди къуэщ» жиIэри. Письмом итышхуи щыIэтэкъым — и узыншагъэм теухуат итыр. И къуэм, анэр зыхуейIамэ, къыхуигъэхьыну къигъэгугъэрт. Арат итыр.
  • Щыс псоми зэхалъхьэурэ письмо ятхыжащ: «Башир зауэм щаукIащ, уи анэр жьы хъуащ, къэкIуэжи пIыж», жиIэу иту. Гъунэгъухэри зэбгрыкIыжащ, Бышэ аргуэру къехъуэхъужри:
  • «Уи къуэм укъыщигъуэтыжакIэ, умыгузэвэж иджы. Уи письмор зэрыIэрыхьэу къэкIуэжынщ. ФIыкIэ фызэрыулъагъуж!»
  • Абы иужькIэ Бышэ махуэр ибжу, плъэуэ тIысыжащ: губгъуэми мыкIуэж, унагъуэ Iуэхуми емыгугъуж хъуащ. Бышэ и фIэщу гугъэрт, а гугъэми гупсысэ къыдищтэри щхьэщIэгупсыс хъуащ.
  • Апхуэдэ къалэнышхуэм Бышэ унагъуэ Iуэху хищIыкIыжыфынт? ХищIыкIыжыфыртэкъым. И жэмыр хьэблэ цIыкIум къыхуахуж, и гъунэгъум къыхуешри хуегъэзэгъэж, пионер цIыкIухэм пхъэ хуакъутэ, псы къыхуахь.
  • И гупсысэм къыхэкIкIэ фыз лъэрызехьэр зэуэ хэщIащи, къэзыцIыхуу щытахэм Бышэ бетэмалу и жьы хъукIэр яхуэIуатэркъым: и щхьэр къетхъухащ, и напэр зэлымпIащ, и тхыр къыдэкIащ, и щхьэр фIосэсыхь, зыгуэрхэр и щхьэ хужиIэжу къекIухь е щысщ. И насыпыншагъэм къыхэкIкIэ Бышэ зымыцIыхуми къацIыхуащ, ауэ я фIэщ пхуэхъунутэкъым а фызыжь щхьэхуэпсалъэм «Бэлаци», «Хьэблаци», «Гуащи», «Бэшэчи» цIэуэ зэрызрихъуэкIар, а псом я гъащIэм щыщу иджы къэнар фызыжь зэфIэсысэ закъуэр арауэ.
  • Нобэми ныжэбэми а щытыкIэм тету Бышэ маплъэ Хьэутий къэкIуэжыну, ауэ абы аргуэру нэгъуэщI зы хьэл къищтащ. Зы жэщ гуэрым Бышэ и щхьэр зыфIиудыжу нэху къекIащ.
  • — Ар сыту телъыджэ! Дауэ сIэщIэгъупщыкIынкIэ хъуа ар?! Хьэутий къэкIуэжым хьэгъуэлIыгъуэр псы куэду зэрыхуеинур щхьэ сигу къэмыкIарэ?
  • Хьэутий къэмысыжу ар игу къызэрыкIыжам иригуфIэу, Бышэ псы къэхьын щIидзауэ, мыувыIэу ар къехь иджы. Къехь нобэр къыздэсым.
  • Псыхьэ гъуэгум тет цIыхухэм махуэ псом псы зыхь фызыжьым гу лъатащи, зыми щызэхамыхым деж «Псыхьэ нанэщ» къызэреджэр.
  • Аращ Бышэ и жьыщхьэ къалэн хуэхъужар: и нэм нэху илъагъуху псы къехь, ирекIутыжри Iутщ, и жьыщхьэ «Дисэ» хъужыным и пIэкIэ «Псыхьэ нанэ» хъуащ.
  • НАЛО Ахьмэдхъан,
  • КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ.