ЩIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и къару нэхъыщхьэр
2020-04-28
- Мы махуэхэм ди республикэм щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и комсомол зэгухьэныгъэр илъэси 100 зэрырикъур. 1991 гъэр къэсу СССР-р лъэлъэжыху совет щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ ящыщ куэдым я гъащIэ гъуэгуанэр епхауэ щытащ Лениным и цIэр зезыхьэ союзпсо щIалэгъуалэ коммунист зэгухьэныгъэм (ВЛКСМ).
- Iуэхушхуэ зэфIигъэкIырт а жылагъуэ-политикэ IэнатIэм. Ар къыщыунэхуа япэ илъэситхум къэралым зэхъуэкIыныгъэ инхэр къыщыхъуащ, и промышленностым, мэкъумэшым зиужьащ, къыкIэлъыкIуэри комсомолым хэтхэр флотымрэ авиацэмрэ я жэрдэмщIакIуэу щытащ, 1940 гъэхэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтащ е тылым щылэжьащ, 60 — 70 гъэхэм къалэщIэхэм я ухуэныгъэ инхэм хэтащ.
- Комсомолым и гуащIэм нобэрей ныбжьыщIэхэр щIагъуэу щыгъуазэкъым, атIэми пщыгъупщэ хъунукъым щIэ псори жьым къызэрыхэкIыр. Комсомолым и къалэнт школ псоми щыIэ пионер зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэну, сабийхэр ягъэсэну, лэжьыгъэм хашэну, н. къ. Илъэс пщыкIуплI хъуху пионерым хэта ныбжьыщIэхэр щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм хагъэхьэрт.
- ВЛКСМ-м зи гъащIэр епхауэ щытахэм ящыщщ Шурдым Юрэ Хьэпагуэ и къуэр. Илъэс тIощIым щIигъукIэ комсомол IэнатIэ пэрытащ ар, иужькIэ парт, къэрал къулыкъущIапIэхэм унафэщIу щылэжьащ. ЩIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм хэтахэм я Налшык советым щIыхь зиIэ и унафэщI Шурдымым шэч къытрихьэркъым а союзым и гъащIэ гъуэгуанэр зэриубзыхуам.
- Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ Шурдым Юрэ. 1957 — 1962 гъэхэм ар щеджащ Орджоникидзе (иджы Владикавказ) дэт Кавказ Ищхъэрэ бгы-металлургие институтым. Ар къиуха иужь, Налшык дэт гидрометаллургие заводым инженеру щыIащ. 1968 — 1975 гъэхэм ВЛКСМ-м и Налшык горкомым и япэ секретарщ, къыкIэлъыкIуэ илъэсым КПСС-м и Октябрь райкомым и етIуанэ секретарщ. 1976 — 1991 гъэхэм КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и промышленно-транспорт къудамэм и инструктору, отделым и унафэщIым и къуэдзэу, идеологиемкIэ къудамэм и тхьэмадэу щытащ. 1991 гъэм къыщыщIэдзауэ 1994 гъэ хъуху КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутатщ, лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэмкIэ, щэнхабзэмрэ бзэмкIэ комиссэм и Iэтащхьэщ. 1994 — 1998 гъэхэм КъБР-м Къэрал мылъкумкIэ и фондым и тхьэмадэм и къуэдзэщ. Абы къыкIэлъыкIуэ илъэс 16-м Шурдымыр СтандартизацэмкIэ, метрологиемрэ сертификацэмкIэ и Къэбэр- дей-Балъкъэр центрым и унафэщIщ.
- Зеикъуэ щыщ щIалэр КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату зэхуэсыгъуитIкIэ хахащ, ВЛКСМ-м и XVI, XVII съездхэм я делегату щытащ.
-
- Абы къыхуагъэфэщащ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр, медаль зыбжанэ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и ЩIыхь тхылъу тIу, КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр, ВЛКСМ-м и ЦК-м, КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомымрэ Союзпсо коммунист щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэмрэ я щIыхь тхылъхэр, ВЛКСМ-м и ЩIыхь дамыгъэр, ВДНХ-м и медалыр, нэгъуэщIхэри.
- Орджоникидзе щыщеджэм щыгъуэ, Юрэ студент гупхэм я комсомол зэгухьэныгъэм и унафэщIу щытащ. И ныбжьэгъухэр щIыгъуу ар кIуэрт къэралым и металлургие заводхэм; студент стройотрядхэм я гъусэу – комсомол ухуэныгъэхэм; дзэ къулыкъум зыщыхуагъасэм — губгъуэ лагерхэр къызэхакIухьырт.
- Налшык дэт гидрометаллургие заводым щыщылажьэм Шурдымым IэкIуэлъакIуэу зэдихьырт и IэнатIэ нэхъыщхьэри жылагъуэ Iуэхури. Комсомол лэжьыгъэрат абы сэбэп къыхуэхъур къызэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэ гугъур къыгурыIуэнымкIэ. Къыдэлажьэхэм пщIэшхуэ къыхуащIырт Юрэ, зыпэрыт Iуэхум фIы дыдэу зэрыхищIыкIым къыдэкIуэу, абы дэтхэнэ зы цIыхуми зыдригъэкIуфырт.
- КПСС-м и Налшык горкомым и япэ секретарь Громыко Николайрэ ВЛКСМ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ комитетым и япэ секретарь Зумакулов Борисрэ комсомолым и горкомым и зэIущIэм къыщыхалъхьэри, 1968 гъэм Шурдым Юрэ хахауэ щытащ ВЛКСМ-м и Налшык горкомым и япэ секретару. А къулыкъур щIыхь пылъу абы ирихьэкIащ илъэсиблкIэ. Комсомол зэгухьэныгъэм штатым хэту цIыхуипщI щылажьэрт, республикэм ис комсомолхэм я зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр абы хэтт, и унафэм щIэтт комсомол IэнатIэ куэд. «Зыгъэпсэхугъуэ махуэ димыIэххэу плъытэ хъунут, — игу къегъэкIыж Шурдымым. — ПщыхьэщхьэкIэри дылажьэрт, къалэр зыхуей хуэзэным кIэлъыплъхэм драгъусэу рейдхэм дыхэтт. Штатым къыщымыгъэлъэгъуа ди лэжьакIуэхэр хуабжьу сэбэп къытхуэхъурт. Щэбэт щIыхьэхухэр едгъэкIуэкIырт, стадионхэр, сабий джэгупIэхэр дыухуэрт, зыгъэпсэхупIэ щыпIэхэм деж гуэлхэр щытщIырт. Налшык псы Iуфэм, къалэ зыгъэпсэхупIэ паркым, нэгъуэщI щIыпIэхэм иджыри щокI комсомолым хэтахэм ягъэтIысауэ щыта жыгхэр».
- Комсомол-щIалэгъуалэ гупхэр я лэжьыгъэм зэрехъулIэмкIэ зэхьэзэхуэрт. Абы ныбжьыщIэхэр ипсыхьырт, я къарур я фIэщ хъужынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт. Налшык и къалэ комсомол IуэхущIапIэр жыджэру хэтащ къэралым и ухуэныгъэ инхэм. Ар псоми фIыуэ ящIэ БАМ-рщ, металлургие комплекс инхэрщ, щIыщIэ къэIэтынырщ.
- ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэтэджыным, гъэсэныгъэ нэс ябгъэдэлъхьэным хуэунэтIауэ къызэрагъэпэщхэм ящыщ зыт «Зарница» дзэ-спорт зэхьэзэхуэр, зауэм хэтахэмрэ абы и лIыхъужьхэмрэ, щэнхабзэм, гъуазджэм и лэжьакIуэхэр, Налшык гарнизоным и дзэ къулыкъущIэхэр зыхэт зэIущIэхэр.
- — 1957 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестиваль Москва щекIуэкIри, зы илъэс нэхъ дэмыкIыу дунейм къытехьащ СССР-м и Министрхэм я Советым и унафэ, ди къэралым и щIалэгъуалэ IуэхущIапIэхэм я комитетым и деж туризмэмкIэ бюро къыщызэрагъэпэщын хуейуэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къэунэхуащ къэралым мылъку зыхухимых «Спутник»-р. Абы и фIыщIэкIэ ди щIалэгъуалэр нэгъуэщI къэралхэм кIуэ, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикI хьэщIэхэр къытхуеблагъэ хъуащ. Апхуэдэуи ди щIалэгъуалэмрэ Мэхъэчкъалэ, Грознэ, Орджоникидзе, Псыхуабэ, Нартсанэ къалэхэм я комсомол щIэблэмрэ зэныбжьэгъут, — пещэ Шурдым Юрэ.
- Лэжьыгъэ щхьэпэ зэфIигъэкIырт «Комсомольский прожектор» зи фIэщыгъэ къалэ Iуэхугъуэм — комсомолым хэтхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэмрэ зэгъусэу къапщытэрт сату зэращI щIыкIэр, цIыхухэр зэрагъашхэр, цIыхубэр зыхуэныкъуэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ къызэрызрагъэпэщыр, нэгъуэщI щIыпIэхэм зэрыкIуэну щIыкIэр зэрызэтеублар, нэгъуэщIхэри. Абыхэм кърикIуахэм теухуа тхыгъэхэр газетхэм къытехуэрт, радиомрэ телевиденэмкIэ къатырт, сурэтхэр «Восток» кинотеатрым и блыным къыфIадзэрт. Апхуэдэ къэпщытэныгъэхэр щхьэпэт, наIуэ къызэращIу я щыуагъэхэр зэрызрагъэзэхуэжынынм дэтхэнэри яужь итт.
- Сабийхэмрэ балигъ мыхъуахэмрэ щIэщыгъуэу ядэлажьэрт комсомол IуэхущIапIэхэр, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщырт. ГъэщIэгъуэнракъэ, саугъэт лъэпкъи, дамыгъи ятыртэкъым абы щыгъуэ, апхуэдэ щыIэн хуейуи ягу къэкIыххэртэкъым. ЩIэблэр уэрамым къыдэшынымкIэ, зыпэщIэмыхуапхъэ пэщIэмыхуэнымкIэ хуабжьу щхьэпэт абыхэм я зэманыр апхуэдэ IуэхухэмкIэ зэрагъэнщIыр.
- ВЛКСМ-м и лэжьакIуэхэр жэуаплыныгъэшхуэ пылъу, екIуу зэтеублауэ ягъэхьэзырырт. А Iуэхум пылът Москва дэт комсомол школ нэхъыщхьэр, абы и къудамэхэр, щIыпIэ щхьэхуэхэм, районхэмрэ къалэхэмрэ къыщызэрагъэпэщ курс зэмылIэужьыгъуэхэмрэ семинархэмрэ. Псоми зэпымыууэ я щIэныгъэм хагъахъуэрт. Зэрынэрылъагъущи, зэпымыууэ еджэн хуейуэ иджыпсту къызэрагъэувыр IэмалыщIэкъым, жьым хэлъа фIыуэ къащтэжа Iуэхущ.
- — А зэманыр дигу къэдгъэкIыжыну щIэгуапэр ди щIалэгъуэу зэрыщытам и закъуэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрми къэрал псоми щыпсэу цIыхухэр фIым щыгугъырт, я щIыналъэм и псэукIэр ирагъэфIэкIуэн щхьэкIэ я къару еблэжыртэкъым, икIи дэ къыдгурыIуэрт ди къару нэхъыщхьэр дызэкъуэтыныр зэрыарар, — жеIэ Шурдымым.
- БЛИЙ Даянэ.