ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр и гукъэкIыжхэр
2020-09-08
- (КIэухыр. ПэщIэдзэр №106-м итщ).
- Карточкэхэр щыIэжкъым!
- 1948 гъэм и гъатхэпэ мазэр ди къэралым щыпсэухэм я дежкIэ гуфIэгъуэшхуэу щытащ. Илъэс IэджэкIэ, зауэ зэманми абы иужькIэ илъэситIрэ мазищкIи, цIыхухэм щыгъынхэри ерыскъыхэри карточкэкIэ тыкуэнхэм къыщащэхуу щытат. 1948 гъэм гъатхэпэм и 1-м Совет къэралым и Правительствэм унафэ къещтэ карточкэхэр щимыгъэIэжыным теухуауэ.
- ГуфIэгъуэм кIэ иIэтэкъым. Псом хуэмыдэу студентхэр догуфIэ: «Ди ныбэ изу щIакхъуэ тшхынщ», — жытIэу.
- Си гъусэу пэшышхуэм щIэст Балэ Мухьэдин, Къардэн Хьэсэн, Къуэдзокъуэ Владимир, Къуныжь Михаил сымэ.
- Пщыхьэщхьэм зэхыдох радиокIэ къату: «Пщэдей, 1948 гъэм гъатхэпэм и 1-м, къыщыщIэдзауэ щыгъынхэри ерыскъыпхъэхэри карточкэншэу ящэну Совет Правитель- ствэм унафэ ищIащ».
- Мурад сощI, жьыуэ сыкъэтэджу, щIакхъуэ щащэ тыкуэным сыкIуэну. Арыншами си хьэлт жьыуэ къэтэджыныр.
- Сыхьэтиблым, тыкуэныбжэр къыщызэIуахым, абы цIыху куэд Iуту срохьэлIэ. Ахэр щхьэгъубжэмкIэ доплъ тыкуэным щIакхъуэ щIэлърэ щIэмылърэ зрагъащIэу. ЦIыхухэм я фIэщ хъуркъым карточкэншэу щIакхъуэ къращэну.
- Тыкуэнтетым бжэр Iуех: «Фыкъе- благъэ», — жиIэу. Зэрыземыгуэу, кIий-гуо щымыIэу, хэт дапхуэдиз хуейми къарещэ тыкуэнтетым. Си деж къызэрысу, «щIакхъуэ хужь кIыхьышхуэу тху къызэт» жызоIэ. Тыкуэнтет хъыджэбзым сыкъицIыхурти, пыгуфIыкIыу жеIэ: «СлIожь, гъаблэгу пщта?» «Хьэуэ, си ныб-жьэгъухэм яхуэсхьынущ», — жэуап изотыж.
- Батонитхур си IэплIэм илъу пэшым сыщIохьэж. Си гъусэхэр къэушат, ауэ зыри пIэм къитэджыкIакъым. Абыхэм сыкъызэралъагъуу, пIэм къотIысхьэхэр.
- Псоми гъуэрыгъуэурэ сабгъэдыхьэурэ батон зырыз язот. ЩIакхъуэ гъэжьагъащIэм и мэ IэфIым унэ кIуэцIыр зэщIещтэ. Си ныбжьэгъухэр батонхэм йоплъ, зыри жаIэркъым икIи едзакъэркым. Ахэр хьэпэщыпхэ зыгуэрым ищIа фIэкIа пщIэнкъым. Зы дакъикъэ хуэдизкIэ апхуэдэу щыта нэужь, Балэ Мухьэдин жеIэ: «СлIожь, девгъэдзакъэ Хьэжбэчыр къытхуихьа пщэдджыжьышхэм. Тлъагъухэр угъурлы тхуэхъуну Тхьэм жиIэ». Абы щIакхъуэм зы Iыхьэ къыгуечри йодзакъэ. Адрейхэри Мухьэдин и щапхъэм ирокIуэ.
- Абыхэм я нэгур зэIухауэ, тхьэ елъэIу фIэкIа умыщIэну машхэхэр.
- Си «Насып вагъуэр»
- 1950 гъэм и щIымахуэ зыгъэпсэхугъуэм сыкъыщыкIуэжам Къэбэрдей къэрал тхылъ тедзапIэм изот си усэхэр щызэхуэхьэса тхылъу куэд щIауэ згъэхьэзырыр. Абы и редактор мэхъу усакIуэ КIуащ БетIал. Апхуэдэ редактор сызэриIэм си гукъыдэжыр къеIэт, БетIал иIыгъ Iэрытхыр къыдамыгъэкIыу къагъэнэнкъым жысIэу.
- Си япэ усэ тхылъым КIуащым «Насып вагъуэ» фIищат. ЗыкъомкIи а псалъэр си тхакIуэ гъащIэм пэж щыхъуащ, ауэ нехьэкI-къехьэкI хэмылъу жысIэнщи, сборникым ихуащ усэ мыхьэнэншэхэри, еджэхэм я дежкIэ я купщIэкIи, я зэхэлъыкIэкIи щхьэпэ мыхъунухэр.
- Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм сыкъэкIуэжауэ сыкърохьэлIэж си «Насып вагъуэр» дунейм къытехьауэ. Тхылъыр къызэрыдэкIам сыщыгуфIыкIыу, КIуащ БетIалрэ Балъкъэр Борисрэ фIыщIэ яхуэсщIу Iэнэ яхузоухуэ.
- … Ленинград студием щеджэхэм я деж 1950 гъэм фокIадэм и кIэм ноблагъэ тхакIуэ Теунэ Хьэчим. ЯпэщIыкIэ абы зрегъащIэ ди Iуэху зытетыр. Абы къыдэкIуэ-уи, Хьэчим къыхех студием ще- джэхэм ящыщу ЩоджэнцIыкIу Алий и пщыхьэщхьэу Мэзкуу щекIуэкIынум хэтынухэр. Ар ирагъэхьэлIат Алий къызэралъхурэ илъэс 50 щрикъум. А махуэм и щIыхькIэ екIуэкIыну концертым хэтыну къагъэлъагъуэ Шэрий Иринэрэ Къуэдзокъуэ Владимиррэ.
- Къэбэрдей оперэ студиер
- … Къэбэрдей оперэ студием щIэсахэм еджэныр яух 1951 гъэм и мэкъуауэгъуэм икIи абыхэм Моцарт и оперэ «Фигаро и фызышэр» Налшык къашэ ягъэлъэгъуэну. Студиер къэзыухахэм я гъусэу къокIуэ профессор Чарушников В. А., доцент, дирижёр Апкарянц А. С. сымэ.
- Къэбэрдей къэрал филармонием и симфоние оркестрым щIыгъуу студийцхэм ягъэува «Фигаро и фызышэм» Налшык дэсхэр йоплъ.
- Къэбэрдей оперэ студием и япэ къыхэхыгъуэм хэтахэм я нэхъыбэр Къэбэрдейм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ ансамблым хагъэхьэ, иныкъуэр филармонием ягъакIуэ.
- Студием щеджэну етIуанэ гупым хэт студентхэр тIэкIу къыкIэрыхуауэ кIуат, сыту жыпIэмэ ахэр республикэм и автономиер илъэс 30 щрикъу махуэм щыIа гуфIэгъуэ концертым хэтат.
- Концертыр щекIуэкIар къалэ паркым ит Къэбэрдей театрым и сценэрт. А зэманым аращ нэхъ залышхуэу Налшык дэтар. Абы тIысыпIэу щиплI иIэт. Концертым усэ дыкъеджэу ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сэрэ дыхэтащ. Сэ сыкъеджащ Столяров Николай урысыбзэкIэ зэридзэкIа си усэм — «Урыс ныбжьэгъум деж» жыхуиIэм.
- Концертым щIэсащ республикэм и унафэщIхэр, кърагъэблэгъахэр. ХьэщIэхэм яхэту залым щIэст СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм ЛъэпкъхэмкIэ и палатэм и унафэщI, урыс усакIуэшхуэ Тихонов Николай.
- * * *
- 1951 гъэм фокIадэм и 10-м Ленинград согъэзэж, консерваторием и иужьрей курсыр къэзухыну.
- КъыкIэлъыкIуэ илъэсым бадзэуэгъуэм и 2-м къэрал экзаменыр сот икIи тху къысхуагъэув, си лэжьыгъэр сыт и лъэныкъуэкIи фIы хъуауэ къалъытэри. Къэрал комиссэм хэту экзаменыр сIызыххэр къызохъуэхъу. Илъэситхур къызэзнэкIащ.
- Консерваториер къэзыухахэм я гуфIэгъуэ зэхуэс еджапIэм и залы- шхуэм бадзэуэгъуэм и 10-м щызэхэтынут. ЦIыху куэд къызэхуэсат. Псори нэщхъыфIэт. Сценэм шэнт щэ ныкъуэм щIигъу щигъэувыкIат. Консерваториер къэзыуххэр мыгувэу сценэм драшэри дагъэтIыс. ЕджапIэм и унафэщI, профессор Брюшков Юрий дипломхэр къыдет.
- ГуфIэгъуэу сиIэр зыхуэдизыр жыIэгъуейт. А махуэм си IэмыщIэм къралъхьа тхылъыр си гъащIэ псом и гъуазэ хъуащ.
- Ленинград щысхьа гъащIэр къызэзнэкIащ. Сыт хуэдэу гугъуу щымытами, гуфIэгъуэ мащIи щызыхэсщIакъым сэ а къалэм.
- … Консерваторием и курс нэхъыжьхэм сынэса нэужь сегупсысу щIэздзащ лъэпкъ оперэ диIэн зэрыхуейм. Абы лъабжьэ хуэщIыпхъэри ди цIыхухэр зыщыгъуазэ, фIыуэ ялъагъу Iуэху гуэрт. ЯпэщIы-кIэ оперэм и либреттэр тхын хуейт.
- ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэр къыхызох оперэм и либреттэр къытесщIыкIыну. Ар ди цIыхухэм фIыуэ ялъагъу тхыгъэщ. ЯпэщIыкIэ сценарий кIэщI сотх. А стхар урысыбзэкIэ зэздзэкIыжурэ сакъыхуоджэ си профессорхэу, консерваторием сыщезыгъаджэхэу Друскин Михаил, Макарьев Леонид, Бронфин Еленэ сымэ.
- Абыхэм къэсщта сюжетыр, ар зэрызухуэнур ягу ирохь, сытрагъэгушхуэ. 1950 гъэм «Мадинэ» оперэм и либреттэр тхын соух. Абы рецензэфI хуатх зи гугъу сщIа профессорхэм.
- Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъэм сыкъыздэкIуэжам либреттэр ГъуазджэхэмкIэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Мыд Хьэжмусэ изогъэлъагъу, ар йоджэ, гунэс щохъу. Либреттэм кърата рецензэхэми щыгъуазэ зыхуещI, ауэ иджы музыкэ зэдгъэтхын композитор дыхуейт. Ар гъуэтыгъуафIэтэкъым. Мурадели Вано Ленинград нэкIуауэ либреттэм нэIуасэ зыхуещI икIи сюжетыр фIэгъэщIэгъуэн мэхъу, ауэ пыухыкIауэ зыри жиIэркъым. Апхуэдэ дыдэу композитор Шейблер Трувор си либреттэр игу ирохь, уеблэмэ жеIэ езыми абы теухуауэ зыгуэрхэр зэритхар.
- Япэ зизгъэщынщи, «Мадинэ» къытесщIыкIа опернэ либреттэр илъэс тIощIым нэсыхукIэ щылъащ. ИкIэм-икIэжым, 1970 гъэм, и мэлыжьыхьым композиторхэу Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ япэ лъэпкъ оперэр зэдатхащ, си либреттэм къытещIыкIауэ. Абы цIыху минхэр едэIуащ икIи илъэс зыбжанэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал музыкэ театрым и сценэм щагъэлъэгъуащ. Дауи, дяпэкIи ягъэлъэгъуэну къыщIэкIынщ, сыту жыпIэмэ оперэм и макъамэр, и зэхэлъыкIэр дахэщ икIи абы къе-гъэлъагъуэ пасэ зэманым къэбэрдей цIыхухэм я гъащIэр зыхуэдэу щытар.
- Лъэпкъ гъуазджэм зиужьын щIедзэ
- Сэ музыкэ театрхэм, музыкэ комедиехэр, оперэхэр, опереттэхэр щекIуэкI театрхэм сыщылэжьэну IэщIагъэ сиIэ хъуат. КъинэмыщIу, сыщеджэ зэманым тхыдэмрэ теориемкIэ факультетым сыкIуэурэ музыкэм нэхъ тегъэщIа лекцэхэм сыщIэдэIуащ илъэсиплI енкIэ. Абы дунейпсо музыкэм, урыс классикэм икIи иджырей макъамэм хэсщIыкI ищIащ, уеблэмэ статьяхэр стхыуэ щIэздзащ, композитор щхьэхуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэпкърысхыу. А псом ищIыIужкIэ либреттэ тхыкIэ, абы оперэхэм, опереттэхэм мыхьэнэуэ щаIэр зэзгъэщIащ.
- 1952 гъэм шыщхьэуIум и 1-м ГъуазджэмкIэ IуэхущIапIэм и Iэтащхьэм и унафэкIэ сагъэув Къэбэрдей къэрал филармонием и художественнэ унафэщIу. Абы къыщыщIэдзауэ илъэс тIощIрэ пщыкIутхукIэ ди республикэм, Урысей икIи Союзпсо концерт гъащIэм и курыкупсэм сыхэту сылэжьащ.
- Филармонием нагъакIуэ Ленинград щеджа япэ гупым хэта уэрэджыIакIуэхэу Иуаз Хьэжысмел, Чым Ахъмэтхъан, КIуащ Верэ, Ерчэн Казимэ, Хьэсанэ Мусэ, КIэрэф Хьэту, Къуныжь Михаил, Ханукаевэ Дорэ, Атэлыкъ Быцэ сымэ. Режиссёру нокIуэ си ныбжьэгъу Ерчэн Леонид.
- Филармонием нагъэкIуа студийцхэм Ерчэн Леонид и унафэм щIэту ягъэувауэ щыта, Гаджибеков Узеир и «Аршин мал алан» гушыIэ оперэр зэфIагъэувэж, оперэ щхьэхуэхэм щыщ пычыгъуэхэр ягъэхьэзыр, романсхэр, уэрэдхэр хэту концерт программэхэр зэхалъхьэ.
- Республикэм макъамэм ехьэлIа Iуэхухэм зыщаужьу хуожьэ. Оперэ, романс игъащIэм щызэхамыха жылэхэм дэсхэр иджы абыхэм йодаIуэ.
- Куэд дэмыкIыу унафэ ящI къэрал ансамблым и хор гупыр ягъэлъэщыну икIи филармонием щыIэ уэрэджыIакIуэ-студийцхэр абы ягъэкIуэну. Пэжуи, ансамблым и хорым и зэфIэкIым хохъуэ, произведенэ гугъухэми пэлъэщ мэхъу. Хорым и унафэщI Орлов-Шузьм А. Г., хормейстер Блэнауэ Быцэ сымэ абыкIэ сэбэпышхуэ хъуауэ щытащ.
- ИщхьэкIи къызэрыщыхэзгъэщащи, къэрал филармонием илъэс 35-кIэ сыщылэжьащ, япэщIыкIэ илъэсихкIэ художественнэ унафэщIу, илъэс 29-кIэ унафэщIу. А илъэсхэр си дежкIэ щытащ си гупсысэкIи, си зэхэщIыкIкIи, си дуней еплъыкIэкIи, си лъэпкъым хуэсщIэфын хуейхэмкIи шэс ихьэпIэхэу.
- Сэ художественнэ унафэщIу сыщыувам филармонием иIа симфоние оркестрым хэтыр мащIэт. Ар дирижёр Шахгалдян Артемий и унафэм щIэту лажьэрт. Уэрэджы IакIуэхэри цIыхуиплIт зэрыхъур — КIуащ Верэ, Шэрий Иринэ, Къуэдзокъуэ Владимир, Фридман Беатрисэ. Къуажэхэм, хъупIэхэм, губгъуэхэм щылажьэхэм я деж кIуэурэ концертхэр а зэманым зыту щытар Ало ЛутIэ, Къуныжь Хьэждал, ПщыхьэщIэ Мухьэжыр, Къущхьэ Къанщобий сымэт. Абыхэм нэмыщI, ди республикэм къакIуэу щIадзат пианинэ, скрипкэ еуэхэр, эстрадэ гупхэр, КъБАССР-м я уэрэджыIа-кIуэ, къэфакIуэ ансамблхэр.
- Къэбэрдейм и художественнэ гупхэр, уэрэджыIакIуэхэр, пшынауэхэр лъэпкъым теухуа макъамэхэм щыщIэрт. Пэжщ, а зэманым я япэ уэрэдхэр ятх Къардэн Хьэсэн, Балэ Мухьэдин сымэ. Уэрэдусхэу Ахъмэт Щэлэуат, Джатэжьокъуэ Борис, ДыщэкI Залымхъан, Къашыргъэ КIурацэ сымэ уэрэдхэр зэхалъхьэ.
- 1954 — 1955 гъэхэм кърагъэблагъэ композиторхэу Фельдман Георгий, Вишкарев Леонид, Диментман Эсфирэ, Прицкий Давид сымэ. Абыхэм ятх ди лъэпкъым теухуа произведенэхэр, макъамэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщIиубыдэу.
- Филармонием и артистхэм цIыхухэр гуапэу къаIуощIэ. Ахэр ди уэрэджыIакIуэхэм къолъэIу Къардэн Хьэсэн и «Тхьэрыкъуэ пщэхур», Шэрий Иринэ и «Си нэ дахэ», КIуащ Верэ и «Сэрмакъ и жэщхэр», Къуэдзокъуэ Владимир и «Фаризэт» уэрэдхэр жаIэну.
- Композиторхэу Къардэн Хьэсэн, Шахгалдян Артемий, Балэ Мухьэдин сымэ я уэрэдхэр цIэрыIуэ хъурт.
- Художественнэ унафэщIу сылажьэу, филармонием и артистхэм срагъусэу сежьэрэ къуажэхэм щат концертхэм сэри сеплъащ. Симфоние оркестрым хэтхэм фIыуэ къагурыIуэрт зэманыр зыхуэдэр икIи зыри тхьэусыхэртэкъым, зыкъыщыдгъэлъагъуэ сценэр хъуркъым, машинэр артистхэр къришэкIыным хуэщIакъым жаIэу. АтIэ дэтхэнэри хущIэкъурт и лэжьыгъэр цIыхухэм я гум зэрынэсыным.
- Оркестрым репетицэ щищIри, бухгалтериери, унафэщIри, художественнэ унафэщIри зыщIэсыр зы пэш кIыхьышхуэт. Ар Налшык къалэм и еджапIэ №2-м и пщIантIэм дэтащ.
- Куэдрэ си гум къокIыж а лъэхъэнэм филармонием и унафэщIу лэжьа Аронов Евгений гугъу ехьу зэрыщытар, гастроль къакIуэ гупхэм концерт щатыну щIыпIэ къигъуэтын папщIэ.
- Ауэрэ, ди лэжьапIэ унэри, ди машинэхэри хуэм-хуэмурэ нэхъыфI, щэнхабзэм и унэхэмрэ клубхэмри цIыхухэр нэхъ екIуалIэ хъуащ.
- 1955 гъэм филармонием зы пэш кърат, Къэбэрдей уэрамым тет, Мэкъумэш хозяйствэкIэ министерствэм и унэм щыщу. Мыгувэу Къэбэрдей уэрамымрэ Нэгумэм и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ щызэхыхьэм деж щыт унэ къатитIу зэтетым дагъэIэпхъуэ.
- Абы хэтт цIыху щищ зыщIэхуэ зал, унафэщIыр, администраторхэр, худрукыр, бухгалтерыр зыщIэсыну пэшхэр, уэрэджыIакIуэхэм зыщагъасэ классхэри диIэт. А зэманым а псори икъукIэ къулеигъэшхуэт филармонием и дежкIэ. Иджы абы гастроль къакIуэ, пианинэм, скрипкэм еуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм, уеблэмэ симфоние оркестрым концертхэр щит хъунут.
- Филармонием и концерт зал иIэ зэрыхъуар икъукIэ сэбэпышхуэт Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум ирихьэлIэу зэхалъхьа программэхэр гъэхьэзырынымкIэ, псом хуэмыдэу тынш хъуат репетицэхэр егъэкIуэкIыныр. Иджы филармонием щекIуэкIырт творческэ лэжьакIуэхэм я зэIущIэхэри.
- 1948-1957 гъгъ.