ЗауэлIым и щIыхьыр
2021-06-24
- Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ управленэм иригъэкIуэкI «Фэеплъым и хъумакIуэ» къэралпсо акцэм къриубыдэу, Май щIыналъэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Хэку зауэшхуэм хэта, хъыбарыншэу кIуэдауэ къалъытэхэм ящыщ совет зауэлIищым я къупщхьэлъапщхьэ къагъуэтыжахэр щIэлъхьэжыным епха Iуэхухэр. Ахэр зэфIагъэкIащ апхуэдэ къэлъыхъуэныгъэхэр езыгъэкIуэкI «Кавказ гъунапкъэ» гупым хэтхэм.
- Май щIыналъэм хиубыдэ Красная Полянэ къутырым и Iэшэлъашэхэм щыщIалъхьэжащ зауэлIхэр. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1942 гъэм и фокIадэм и 29-м а щIыпIэм зэзауэ гуащIэхэр щекIуэкIащ. Кавказ Ищхъэрэм и фронтхэм къадза 392-нэ фочгъауэ дивизэр хэтащ Шэрэджыпсым и Iуфэхэм деж щыIа зэхэуэхэм. Апхуэдэу а илъэс дыдэм и жэпуэгъуэм и 1-м Красная Полянэ жылэм зауэ хьэлъэхэр щыIащ. Абы хэкIуэдащ ди совет сэлэтхэм ящыщ куэд.
- — Ди жагъуэ зэрыхъущи, ТекIуэныгъэ Иныр Хэку зауэшхуэм къыщытхуэзыхьа ди совет зауэлIхэм ящыщ куэдым я цIэ-унэцIэхэр тщIэркъым — ахэр хъыбарыншэу кIуэдащ. АтIэми, дэ хьэкъыу тпхыкIауэ зы дощIэ: абыхэм ящыщ дэтхэнэми хуэфащэщ ЛIыхъужькIэ уеджэну, — жиIащ пэкIум къыщыпсэлъа, Урысей гвардием КъБР-м щиIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и майор Лыкъуэжь Маринэ. — Мамырыгъэ къытхуэзыхьа а зауэлIхэм я фэеплъыр хъумэныр, абыхэм ятеухуа хъыбархэр къыдэкIуэтей щIэблэм яхуэтIуэтэжу дыкъекIуэкIыныр дэ, нэхъыжьхэм, ди къалэнщи, ар зэрыдгъэзэщIэным жэуаплыныгъэ тхэлъу дыбгъэдэвгъэхьэ. Нобэ зи хьэдэ къупщхьэ пщIэ хуэтщIу щIэтлъхьэжахэми я псэр тыншыжауэ Тхьэм къыщIигъэкI.
- ХэкIуэдахэм пщIэ лъагэ зэрыхуащIыр къагъэлъагъуэу, щIыхь къэрэгъулыр иувыкIауэ щыту, екIуэкIащ Iуэхур. Кхъащхьэхэм фочхэр щхьэщагъэукIащ. ИужькIэ зауэлIхэм я фэеплъым дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ зэхыхьэм кърихьэлIа псо-ри.
- Апхуэдэ къэлъыхъуэныгъэ лэжьыгъэхэм ноби пащэ «Кавказ гъунапкъэ» гупым хэтхэм. Хэку зауэшхуэм хэкIуэда псоми я кхъащхьэ ягъуэтыжауэ Тхьэм дигъэлъагъу. Жылагъуэм зэи щремыгъупщэ ТекIуэныгъэ къытхуэзыхьа дэтхэнэ сэлэтми и цIэр.
- КЪАРДЭН Маритэ.