Адыгэ фадафэ щэнхабзэр
2020-07-14
- Иужьрей зэманым лъэпкъгъэкIуэдыр къы-зыхэкIыу жыхуэтIэ фадэм губжьрэ ихъу-ипкIрэ хэмыту зэпIэзэрыту дытепсэлъыхьыну фыкъызогъэгугъэ. Фадэ ефэныр анэдэлъхуу лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хьэл, хьэмэрэ зэхэтлъхьа? Дауэ къызэдекIуэкIа адыгэмрэ фадэмрэ? Къетхьэжьа Iуэхур тэмэму зэпкърыха хъун щхьэкIэ ди адэжьхэм я гупсысэ гъэпсыкIэм дривгъакIуэ: дыкъэзыухъуреихь дунейм и дэтхэнэ теплъэгъуэри гурыIуэгъуэ щыхъур абы и лъабжьэмрэ къежьапIэмрэ къэбгъуэтыжу «укъыкIуэцIрыкIмэщ»: «ТхьэщIагъкIэ зэджэ мэзышхуэр зы мыщхьэщ, уэгум щызеуэ бгъэшхуэр зы джэдыкIэщ» — дыдэвгъэкIуейт дэри псынащхьэм.
- Хьэлэмэтщ, дунейпсо тхыдэм укIуэцIрыплъмэ, цIыхур цIыху зыщI хэкIыпIэхэр дыкъэзыухъуреихь дунейм къызэрыхэбелджылыкI Iэмалхэм (мафIэ щIын, къэкIыгъэхэр Iэрысэ щIын, Iэщхэр IэрыпI къэщIын н.къ.) ящыщщ фадэр «къэгъэунэхунри». Лъэпкъым ди щхьэр лъагэу иритлъагъужыну дэри дунейпсо мифологием зы хъыбаркIэ дыхоувэ. Адыгэхэм къызэраIуэтэжымкIэ, фадэ къызыхащIыкIрэ чэф къозытрэ щIым къыщымыкIыу, щыземыкIуэу, цIыхухэми (нартхэми) ар зищIысыр ямыщIэу щытащ зы зэман.
- Фадэр зыщIри ар зезыхьэри Iуащхьэмахуэ щыгур зи хэщIапIэ Тхьэхэрт. Абыхэм илъэсым зэ санэхуафэ ящIырти, щIым щыпсэухэм щыщу лIыгъэ нэхъ къызылъыкъуэкIыр зы бжьэ закъуэ кърагъафэрт. Апхуэдэу екIуэкIыурэ къыкIэлъыкIуэ санэхуафэм Лъэпщ и лъэIукIэ Сосрыкъуэ драшейри, зы бжьэ къыIэщIагъэувэ. ЛIыхъужьым и гур къэжэнащ, къыIурыIэфIащ, Тхьэхэм я хабзэр яригъэкъутэу етIуанэбжьэр къратыну хигъэзыхьащ.
- АдэкIэ хъыбарым хэбдзын хэмыту хьэлэмэтыщэщи, зэрыщытым хуэдэу къыдохь. «Дэ псоми хуэтшийуэ щытар зы бжьэ закъуэщ», — жиIащ Псатхьэ. «Хабзэр зэрыпщIщ», — жиIэри Мэзытхьэ, къэтэджри, Тхьэ кIадэм щхьэщыуващ бжьэр иIыгъыу. «Мыр сыт? И щIэр умылъагъуу, плъагъур къигуэщIыкIыу? — щIэупщIащ Сосрыкъуэ. — сыту гъэщIэгъуэн!» «ГъэщIэгъуэныр абы и лъащIэм хэлъ санэ жылэрщ. Ар къызэрыкIырщ. Абы гуащIагъыу щIэтырщ. Ар зыгъэкI си лъэщыгъэрщ», — жиIащ Тхьэгъэлэдж. Сосрыкъуэ ар щызэхихым санэ кIадэм еплъ хуэдэ зищIри, кIадэм бгъэдыхьащ, псынщIэу кIадэр къипхъуатэри: «фэ фызэфэ фадэр цIыху цIыкIухэм я фадэ ухъу!» — жиIэри, кIадэр Iуащхьэмахуэ и щыгум къыщыхыфIихуэри щIылъэм къытридзащ. Тхьэхэм я кIадэр щIым зэрытехуэу зэгуэлъэлъри, абы ит санэр Нарт Хэкум илъэдащ. Санэхум хэлъ жылэхэр щIым зэрыхэхуэу къыхэкIыкIыжахэщ. Санэху къэкIахэр нартхэм щалъагъум, Сэтэней гуащэ деж яхьащ. Сосрыкъуэ щыIэххэт Сэтэней гуащэ дежи: «Мы къэкIыгъэр Тхьэхэм я фадэщ», — щыжиIэм, Сэтэней санэр кIадэм ирилъхьэри абрэмывэ триIубэжащ. Илъэс нэхъ дэмыкIыу санэху къыщIихуам абрэмывэр кIадащхьэм къытридзащ. КIадэм ит санэхум нартхэр хэфыкIри, гужан хъуахэщ. Абдежым къыщыщIэдзауэ нартхэм къащIащ санэху зэращI щIыкIэр».
- Зэрынэрылъагъущи, мы хъыбарым зи гугъу ищIыр шагъырщ. Фадэр зыгъэхьэрэм ислъам диныр ди лъэпкъым зэман кIыхькIэ къеныкъуэкъуащ ар IэщIыб иригъэщIыну. Ауэ адыгэр адыгэу къэнэжащ мыбдежми (нэгъуэщIу жыпIэмэ — мажусий нэсу): къудамэм къыпыкIа пхъэщхьэмыщхьэм къыхэщIыкIа фадэр зэрыхьэрэмыр ислъамым диIыгъащ, абы щыгъуэми Тхьэгъэлэдж къахуихутамрэ нартхэм къыхуагъэна нартыхумрэ (лъэпкъ гупсысэкIэ) къыхэщIыкIа махъсымэр игъэкъэбылащ. ФщIэжрэ махуэм нэщI иса ди адэшхуэхэр фомахъсымэ къыпыфыкIыурэ зэрыхэщхьэжхэрт?
- Догъэзэж псынащхьэмкIэ. Адрей лъэпкъэхэм хуэдэу, адыгэм пасэу гу лъитащ фадэ ефа цIыхум и хьэл-щэным (зыIыгъыкIэм, псэлъэкIэм, н.къ.) зэрызихъуэжым. Абы ищIыIужкIэ къыгурыIуащ зыхъуэжыныгъэм фIы и лъэныкъуэкIи е и лъэныкъуэкIи иунэтIынкIэ зэрыхъунур. Мис а фIымрэ емрэ я зэхуаку дэлъ мардэр, фIыр е хъууэ щыщIидзэ гъунапкъэр, къилъыхъуащ ерыщу ди лъэпкъым.
- Дыхэплъэнти фIым. «Уэрэдыр фадэм къыхокI» жызыIа адыгэм фадэм и мащIэр зэрыгурыхьымрэ абы гукъыдэж дахэ къызэрыритымрэ пасэу къигъэунэхуащ, «фефэм фи фэр дахэ ищIу» кIэлъыжиIэжащ абы. Мы щытыкIэр сыту дахащэу къиIуэтэфа Къэбэрдейм ди джэгуакIуэшхуэ Агънокъуэ Лашэ: «Фадэр ди гум и нэжэгужэщ, Жэрым дытырегъэж, Бланэм дытырегъакIуэ, Дегъэбзэрабзэ, дегъэгубзыгъэ».
- Мыпхуэдэ ефэкIэр, щытыкIэр Тхьэм и щIасэу къилъытэрт лъэпкъым. Аращ, дауикI, екIуу уефэнымрэ екIуу цIыхум уахэтынымрэ зыуэ ябжу щIыщытар: «Пщыми уэркъми фахэтыфу, фадэ ефэнкIэ фыIэрыхуэу».
-
Адыгэ псалъэ гъэпсыкIэмрэ образ пкъыгъуэ къэлъыхъуэнымрэ щIыпIэшхуэрэ мыхьэнэшхуэрэ щеубыд фадэмрэ абы епха теплъэгъуэхэмрэ. Хъуэхъужьхэм щауэм зыщыхуагъазэкIэ «фадэфэм и гугъур ягъэш зэпыту», «фомахъсымэхэр хуагъэжабзэу» къекIуэкIыну хуохъуахъуэ. НысащIэм дежкIэ зигъазэм: «Махъсымэ щIырейуэ, ищIыр хъууэ, и псалъэр фоупсрэ и фадэр Балъкъыпс къиуауэ, фадэфIым и бащэу дахэу Iущэщэну» хуэхъуахъуэхэрт.
- Адыгэм я деж фадэм апхуэдизу увыпIэшхуэ щиубыдырти, цIыхум и гъащIэр берычэт, щыз зыщIхэр къыщрабжэкIкIэ фадэри абы хэтт: «Гъэшыр гуэл хуэдизу, кхъуейр шэрхъ хуэдизу, фор гуибгъуу, фадэр псы къиуауэ».
- Иджы мардэм, гъунапкъэм адэкIэ щыIэм лъэпкъыр зэрыбгъэдыхьэм девгъэплъ. Фадэм и егъэлеям цIыхур цIыху щытыкIэм зэрыришым, ар къару фIыцIэхэм зэрызыщIаубыдэм пасэу гу лъатащ адыгэхэм. Нарт хъыбарыжь дыдэм мыпхуэдэ теплъэгъуэм дыщрохьэлIэ: «Сосрыкъуэ санэ ефати, мы лъэрыгъым уи лъакъуэр ихи си лъакъуэр изгъалъхьэ», — жиIэри Джылахъстэн пиубыдащ. ФщIэжрэ, Лашын нартхэм щахуэусэм къыхэхуэ едзыгъуэр: «Сызыхуэмей щауэ гущэри нывжесIэнкъэ… ЛIым и хьэл ефэн фIэкI абы хэмылъым…». Аргуэру Агънокъуэ Лашэ дежкIэ зыдгъэзэнщи: «Стэканым и щIэр псынщIэу вгъэщIей, фи лъакъуэр къигъэщIейм фызэфар фи хьэрэмщ!»
- «Фадэм текIуа щыIэкъым» жызыIа лъэпкъым фадэр къызытекIуахэм кIэлъыплъыурэ мыхъумыщIэм зэрызыщидзеин хуейр псалъэжь шэрыуэ зыбжанэкIэ игъэпсащ: «Бжэныр ефэри дыгъужьым езэуэну кIуащ», «Чэф хъуа нэужь, зи адэшхуэр зыгъейжа нэхъей». «Ныкъуэделэр ефэмэ, делэ дыдэ мэхъу». Мы щхьэусыгъуэхэращ пасэм дэкIуэну зызыгъэхьэзыр хъыджэбзым Iэмал имыIэу щIалэм фадэ Iухуауэ зэригъэлъагъуну чэнджэщ щIраттэр. ЗэрыфщIэщи, фадэм цIыхум и фэрыщIагъыр «щхьэщегъэкIуэт», япэрауэ, етIуанэрауэ — Iей игу илъми, фIы игу илъми «къыдрехьей». Мыбы сыт тежыпIэжыхьын зы псалъэжь фIэкIа — «Нэм щIэлъыр Iугъуэм къыщIехури, гум илъыр фадэм къреху».
- Ижь-ижьыж лъандэрэ хабзэкIэ нахуэу пэуву зыпэмылъэщыну лIыхъужьым и тIасхъапIэр къалъыхъуэрэ хъуагъэщагъэ хуекIуэу щытащ адыгэхэр. ФIщэжрэ, нартхэм и лъэгуажьэ мыпсыхьу къэнамкIэ Сосрыкъуэ жаншэрхъым къызэрырагъэуар, зи лъэгудыгъуэ щабэ Тхъуэжьей псыхъуэрыжэ зэрыхуащIар? Иужьрей хъыбархэм къыхэщыж хьилагъэхэм ящыщщ лIыхъужьыр ефауэ зэбгъэгъуэтыныр. Лъэпкъ IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, уей-уей жезыгъыIэу щыта ЕщIэнокъуэ Уэзырмэсрэ я нэхъ есу Темыркъанрэ илъэсым зэ ефэхэу арат. Я бийхэм абы зрагъэхьэлIэри, чий набжьитIыр трагъэуащ, езыхэр абы теувэжри, къамэдзхэр, чий зэхуакум дагъэкIыжыурэ гуузу зэкъуэшитIыр яукIауэ щытащ.
- КIадэм ит фадэр къыдокIуей, йохыж, «мэIущащэ», «мэпсалъэ». Фадэм псэ Iуту игъэувт пасэрей адыгэм. Абы къыхэкIыу лъэпкъым махуаер къыщыщIэзэрыхьам деж фадэми а гузэвэгъуэр зыхищIэу къалъытэрт: «Уэр а махуэм санэху кIадэр щхьэ захуэт!» — мэгуIэри мэгузасэж уэрэдыжьыр.
- Иджыри зы теплъэгъуэ. Махъсымэр куэдрэ щытмэ, щыуэ зэщхьэщокI. И лъащIэм къыщыщIэдзауэ дыкъыдэкIуеймэ, и лъабжьэ дыдэм зэреджэр «быркъут». Мыр лэжьакIуэбэм я фадэт. Абы и щхьэмкIэ къакIуэр фадэ пIащIэт. Мыр зи фадэр уэркъхэрат. Къыщрагъахъуэм деж кIадэр ямыгъэхъейуэ, къамыгъэщIейуэ фадэр апхуэдэу зэщхьэщахт.
- Махъсымэм и плъыфэми кIэлъыплъхэрт. Сэ сщIэркъым, сыщыгъуазэкъым, тхьэкIумэкIыхьым яйм плъыфэкIэ адрей псэущхьэхэм я лъыр къызэрыщхьэщыкIыр, ауэ махъсымэм и фэр яфIэдахэмэ, «тхьэкIумэкIыхьыплъу плъыжьыфэ» жаIэрт. Фадэм и фэр пыкIауэ фэншэмэ, «я махъсымэр къундэпсоуфэщ» жаIэрт. «Фадэр хакIуэщ» жызыIа лъэпкъым фадэ ефэныр зэрышэкъэуэжыр фIыуэ къыгурыIуэрт. Мы Iуэхум Iэдэбу, зэман уиIэу убгъэдыхьэн хуейт, фадэр хъыбарымрэ уэрэдымрэ, къафэм хэгъэшыпсыхьыжын хуейт. «ПIащIэр сэ къызихьэлIащэрэт», — жиIащ фадэм.
- Хэгъэзыхь хьэлри лъэпкъым диIакъым. «Фадэр гуакIуэрыефэщи, фызыр гуакIуэрыкъашэщ» щIыжаIари аращ.
- ЛIыпIэ имыува щIалэ цIынэхэри ирагъафэртэкъым. ЗыплъыхьакIуэхэм хъыбар хьэлэмэт къытхуагъэнащ мыбы теухуауэ. «Я щIалэхэм Iэзагъэшхуэ зыхэлъ хъунщIэ къамыщIауэ е хэку псом зэлъащIыса укIыгъэ ямыщIауэ санэхуафэм бжьэ къыщраткъым», — етхыж Жан де Люкка 1625 гъэм.
- Хъункъэ-тIэ псалъэ гъущэкIэ фызэрыщызгъэсар? ФыкъекIуэталIэ иджы жьэгум езгъэувэлIа адыгэ Iэнэ цIыкIум, фыкъетIысэкI! Жыгей дакъэжь мафIэм хэзгъэлъэдауэ согъэплъ тIуалэ зи бгъуагъ адыгэ дзасэмрэ пэрыIэбэмрэ. Адыгэ мэлым и щэджанэм лыIу-лыIуу хуэ кIыхьу кIуэцIыгъэджэрэза къанжэуапIэр (мыр Iэщышхуэм ейщ) нышэдибэ лъандэрэ зэхошыпсыхь. Къызощтэ дзасэ гъэплъари и кIыхьагъкIэ мыбы кIуэцIырызогъэж, дэпым лъагэу тызоубыдэжри, хуэмурэ согъэджэрэз. Мис щIэх дыдэ щэджанэр дыщафэ мэхъу. Хьэзыр хъуащ (Iэщышхуэр щызекIуи щIытIыси къанжэуапIэр хъейкъым, мыбыхуэи хъыщти зыри хэлъкъым, апхуэдизу щабэщи, щэр дыщафэ щыхъум абы дожьэ). Къащтэ, ди анэ, адыгэ нартыху мырамысэр фалъэшхуэм бэлагъыщхьэ зырызу илъу, мыбы дагъэр пызмыгъэткIуурэ тезгъэуэнущ. КъыщIэфхьэ иджы щIыб щIыIэм сытхъум щибла махъсымэ кIадэр. СотIатIэ шэху езгъафэу ар пкъырымыдиихь щIыкIэ щыспхыкIыу езыр-езыру зызыкъузыжа лэрыпсыр.
- ТызогъэкIуэт кIадащхьэм хуабэ щIыкIэ тесIубэу зытезукъуэдиижа шэхудэр (Фызыр щIалэ щIыкIэ ягъасэ, шэхур хуабэ щIыкIэ яхуз).
- Феплъыт махъсымащхьэм телъ безынэхэм. Мыхэр фо хьэкIуэу тхьэмахуэ и пэкIэ щыхидзам щIэтIысыкIри, иджыри къэс лъащIэм щIэлъащ. Махъсымэм фощхьэтегъэжыр «кIуэцIришхыкIри», фор «къыщришхыкIым» безынэр псынщIэ къэхъури, къыдридзеижауэ аращ. (Фадэр ткIыбжь ящIынумэ, мэкъупIэ фо хадзэрт, щабэ ящIынумэ, кIарц фо хадзэрт).
- Изогъахъуэ кхъуэщыным къыхэщIыкIа фалъэ цIыкIухэм. Феплъыт абыхэм я джабэр махъсымэ щIыIэм къызэригъэбэкхъыр, «къызэригъэпщIантIэр». Къафщтэт! (Iэпэ джэдыкIэхэр гуапэу къызэригъэщIыIэтыIэ!).
- ПщIэ зыхуэсщI, си лъэпкъэгъухэ! Дунеижьыр щымыджэмыпцIэу щIылъэ щхъуантIэр щызэпцIагъащIэм гущэ хэлъ ныбжьым итауэ зыщIэжыр дэракъэ?!
- Ди Тхьэгъэлэджкъэ хур къытхуэзыхутэу щIым и махуэр къызэзыгъэдзэкIар?!
- Ди Амыщкъэ мэзым Iэлу щIэт Iэщыр IэрыпI тхуэзыщIар?!
- Ди Мелисэкъэ дунейр мафIэ лыгъэм щисыжым IэгъуапэкIэ бжьитI тхуэзыхъумар?!
- Ди Ашэмэзкъэ жыг итырыгъур зэрывумрэ шыкIэр зэрыфиймрэ гу лъитэу мы дунейм къыхэIукI макъхэм макъамэ дахэр шыкIэпшынэкIэ къыхэзышар?!
- Ди Псатхьэкъэ дыкъызытехъукIыжа нартхэм къахэупщIыхьар: «Хэлъэтышхуэ фхэмылъу, гуащIэмащIэ гъэ мин гъащIэкIэ фыпсэуну фыхуей?», — жиIэу. ФщIэжрэ жэуапу иратар? «Iэщым хуэдэу, бэгъуэн фIэкI тхэмылъу гъэ мин гъащIэ дыхуейкъым». ТIэкIурэ гупсысэжри, дыщIагъужащ. «Ди яужь къэкIуэнухэм ягу дилъыну, дащымыгъупщэжыну!». ТкIуэпс нэхъ мыхъуми, адыгэ къызыщIэна дэтхэнэ зыми ди хьэкъщ мыхэр дигу илъыну, дызыкIэлъыплъыжыну. Ди Тхьэ лъапIэхэр фызогъэлъэIу адэжь щIэиным хэдгъахъуэ мыхъумэ кIэредмыгъэчыну. Фалъэшхуэм итыр фалъэ цIыкIухэм иткIэурэ къыдэхуэм дефэну дигу къэдывмыгъэгъэкI! МафIэ жылэрэ ху жылэрэ кIуэдыжыху ди лъэпкъ дахэр мы щIыгум щызэхэзекIуэну Тхьэм жиIэ!
- Девгъафэ, ар къыздэфIыгъмэ! Зэт, фымыпIащIэжыт! Плъыжьыбзэу плъа пэрыIэбэр дакъикъэ бжыгъэкIэ фи фалъэхэм хэзывгъэIу. Зэхэфхрэ махъсымэр къитхъутхъукIыу къызэрыпсалъэр? Флъагъурэ дыщафэр къызыщIэлъадэ тхъурымбэр фадащхьэм къызэрытеувар? Мис иджы хуэмурэ догъэщIей. ЯпэщIыкIэ Iупащхьэр тхъурымбэ пщтырым хощIэ, итIанэ и лъащIэкIэ махъсымэ щIыIэр къакIуэу щIедзэ.
- Къеуэ иджы, шыкIэпшынауэ, Къуажэбердыкъуэ и шэхэх уэрэдым. АдэкIэ… адэкIэ… сэ къысхудэшеижыркъым. Гъыр шыкIэпшынэра хьэмэ сэра?
- Фадэр акъыл зиIэм и бжьэпэтехуэщи, акъылыншэм и напэтехщ!
- ЦIЫПIЫНЭ Аслъэн,
- филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик. 2008 гъэ