ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр и гукъэкIыжхэр
2020-09-05
- Гур зыхуеIэм лъэр лъоIэс
- Адыгэхэм ди щэнхабзэм, макъамэ гъуазджэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыхущ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр Хьэбалэ и къуэр.
- Ар 1926 гъэм щIышылэм и 21-м Кэнжэ къуажэм къыщалъхуащ. ЕхъулIэныгъэ иIэу къуажэ школыр къиуха нэужь Хьэжбэчыр республикэм къыщыдэкI «Къэбэрдей пэж» газетым, радиом щылэжьащ.
- «Гур зыхуеIэм лъэр лъоIэс», жеIэ адыгэ псалъэжьым. Ар зэрыпэжыр щынэрылъагъущ ХьэхъупащIэм и гъащIэм. ЩIалэ набдзэгубдзаплъэр, хэлъэт зиIэр щIэныгъэм хуэпабгъэрти, абы къехъулIащ и хъуэпсапIэр — Ленинград къалэм дэт консерваторэр щытхъу иIэу къиухащ. Игъуэта щIэныгъэфIри абы нэсу къыхуигъэсэбэпащ къыщалъхуа хэкум и зыужьыныгъэм. Нобэми Хьэжбэчыр фIыкIэ ягу къыщIагъэкIыж IуэхуфIхэм ящыщщ республикэм и къэрал филармонием и лэжьыгъэр зэтеухуэным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIар, тхылъ купщIафIэхэр и къалэмыпэм къызэрыщIэкIар.
- И къару емыблэжу зэрылэжьар гулъытэншэу къэнакъым — ХьэхъупащIэм къэрал дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. И гуащIэм къыпэкIуа фIыщIэхэм ящыщщ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ», «Урысей Федерацэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр.
- ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр 2000 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м дунейм ехыжащ икIи къыщалъхуа Кэнжэ къуажэм щыщIалъхьэжащ.
- УкIытэ зыхэлъ лъэпкъ
- Нобэми срогушхуэ а зэманым, 1943 гъэм, эвакуацэм къикIыжу и хэку Адыгейм зыгъэзэжу гъуэгу тету Налшык къыщызэтеувыIа адыгэ тхакIуэшхуэ КIэрашэ Тембот къэсцIыхуауэ зэрыщытам.
- Ар Теунэ Хьэчим и ныбжьэгъуфIти, тхьэмахуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу радиом накIуэрт. Хьэчим и фIыгъэкIэ абырэ сэрэ дызэрыцIыхуат. Си дежкIэ ар щIыхьышхуэт — апхуэдэ тхакIуэшхуэм ухуэзэныр, уепсэлъэныр. Абы къыщымынэу, АбытIэ Мухьэб, КIэрашэ Тембот, сэ мазибгъум нэсыхукIэ зы пэшым дыщыпсэуащ, Бахъсэн уэрамкIэ зэджэу щытам тет унэм дыщIэсу.
- КIэрашэ Тембот и сэбэп зэкIахэм ящыщщ драматург щIалэщIэ Акъсырэ Залымхъан. Абы и «Дахэнагъуэ» пьесэр дунейм къытехьэным и псалъэ хилъхьауэ щытащ Тембот — Акъсырэм адыгэбзэфI иIэщ, ар драматургием хуэIэкIуэлъакIуэщ жиIат.
- Тембот и гъусэу радиом сыкъыщикIыжкIэ абы сишэрт и бысым АбытIэ Мухьэб деж.
- Дыпсалъэу дыщысурэ пшапэр зэхэуэмэ е дунейр къызэIыхьэмэ, Кэнжэ самыгъэкIуэжу сыкъагъанэрти, я шэнтжьеижьым силът. А зэманым гъэсыныр гъуэтыгъуафIэтэкъыми, си къуэшыр си гъусэу пхъэ къута гулъэхэр къасшэрт Мухьэб деж.
- Тембот, Мухьэб, сэ тыншу дызэгурыIуэрт — ди Iуэху еплъыкIэхэмкIэ дызэхъуажэрт, дызэдэпщафIэрт, дызэдэшхэрт. КарточкэкIэ къыдат IэфIыкIэхэмрэ ди щIакхъуэ Iыхьэхэмри зэхэлъу дыпсэурт.
- А зэманым цIыху куэд фэтэр хуэныкъуэти, Iэмал тIэкIунитIэ зиIэу къалъытэм зыгуэр гъусэ хуащIырт. ЩIалэ фызкъэмышэ АбытIэ Мухьэб фэтэрщIэсу дэ нэхърэ нэхъыфI имыгъуэтыну къэтлъытэжу дыхуэхьэщIэрт.
- АбытIэ Мухьэб гушыIэурэ жиIэн фIэфIт: «КIэрашэ Тембот и артелым хэтхэм хэт гъэсын егъэхьэзыр, хэт карточкэхэмкIэ къыдатыну фошыгъур, щIакхъуэр къыIех, хэти мэпщафIэ».
- ПщыхьэщхьэкIэрэ дызэхэтIысхьэрти, Iэджэм дытепсэлъыхьырт. АбытIэр тегузэвыхьырт адыгэбзэ грамматикэр тхыныр, ар къыдагъэкIыныр кIыхьлIыхь зэрыхъум. КIэрашэ Тембот зэхуихьэсырт хъыбархэр — партизанхэм яхэта Жанкъазий Софият теухуа повестым къыщигъэсэбэпынур. А повестым щыщ пычыгъуэхэр газетым трыригъэдзат. Сэ усэхэр стхырт, абыхэм радиокIэ сыкъеджэрт. А зэманым щIызодзэ гушыIэ поэмэ стхыну, «Iей пщIауэ фIым ущымыгугъ» фIэсщауэ. Абы селэжьащ мазэ зыбжанэкIэ, икIэм-икIэжым, 1944 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм газетым къытрадзэ.
- Зэгуэрым, радиом сыщымылэжьэжу, главлитым политредактору сагъакIуэ, адыгэбзэкIэ къыдэкIхэм сакIэлъыплъу. ТхакIуэхэм я союзым сыщIохьэ махуэ гуэрым. Абы и тхьэмадэ Отаров Керим къызжеIэ:
- — Хьэжбэчыр, Мэзкуу къикIри тхакIуитI къагъэкIуащ, ди Союзым и лэжьыгъэр зыхуэдэр зрагъэщIэну, къыддэIэпыкъуну. Зыр Зенкевич Михаилщ — усакIуэщ икIи нэгъуэщI лъэпкъхэм я усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр урысыбзэкIэ зэредзэкI. Абы и усэхэр ихуащ Мэзкуу 1936 гъэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIа тхылъым. Мурад иIэщ ди усакIуэхэм я къалэмыпэм къыщIэкIахэр урысыбзэкIэ зэридзэкIыну, подстрочникхэр иIэмэ. ЕтIуанэр рассказ кIэщIхэр зытх, очерк дэгъуэхэр «Известия» газетым къытригъадзэу абы щылажьэ тхакIуэ Левин Кириллщ. Ахэр хуейщ тхылъеджэхэм дащыIущIэну литературэ пщыхьэщхьэ гъатхэпэм и 5-м къызэдгъэпэщыну. СолъэIунут Алъхъэс Мартин къэбгъуэту а пщыхьэщхьэм къебгъэблэгъэну.
- 1944 гъэм гъатхэпэм и 5-м Промкооперацэм и клубым, Хэку зауэшхуэм зэрыщIидзэрэ япэу, литературэ пшыхь щокIуэкI, къэбэрдей, балъкъэр, урыс тхакIуэхэр хэту.
- ЯпэщIыкIэ шэч къытетхьащ литературэ пщыхьэщхьэм цIыху къекIуэлIэным, сыту жыпIэмэ зауэр иджыри иухатэкъым, къалэм дэсхэм я нэхъыбэр лэжьыгъэ нэужьым кIуэрт зэхэкъута унэхэр зэфIагъэувэжыну.
- АрщхьэкIэ, пщыхьэщхьэм щыщIидзэну зэманыр къыщысым наIуэ къэхъуащ дыщIэгузэвэн зэрыщымыIэр. Пщыхьэщхьэр сыхьэтиблым ирихьэлIэу клубым щIэзу цIыхухэр къызэхуос.
- Клубым и сценэм япэщIыкIэ къохьэ ди хьэщIэхэр — Зенкевич Михаилрэ Левин Кириллрэ. Абыхэм я ужь итщ Отаров Керим, КIэрашэ Тембот, Кациев Хьэбу, Щомахуэ Амырхъан, Теунэ Хьэчим, Алъхъэс Мартин сымэ, сэри сахэтщ.
- Къызэхуэсахэм Отаров Керим ехъуэхъуащ, иужькIэ я усэхэм, я повестхэмрэ рассказхэмрэ щыщ пычыгъуэхэм къеджащ Зенкевич Михаил, КIэрашэ Тембот, Теунэ Хьэчим, Левин Кирилл сымэ. Залым щIэсхэр гуапэу IущIащ КIэрашэ Тембот ди партизанхэм ятеухуауэ итха повестым щыщ Iыхьэм.
- КъыкIэрыхуами, а пщыхьэщхьэм зынригъэхьэлIат АбытIэ Мухьэби. Ар адыгэбзэ кафедрэм и егъэджакIуэхэм я зэIущIэм хэтати арат щIэгувар. НыщIыхьа нэужь, сценэм исхэм ари къытхагъэтIысхьэри, зэIущIэм пащэжащ.
- Пщыхьэщхьэр дэгъуэу екIуэкIащ, усэхэр адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ щыIуу.
- Унэм къэдгъэзэжа нэужь, пщыхьэщхьэр зэрекIуэкIам и гугъу тщIыуэ куэдрэ дыщысыжащ. Апхуэдэ Iуэхум фIы къызэрыдэкIуэнум шэч къытетхьэртэкъым щыми.
- ЕтIуанэ махуэм шэджагъуэм унэм декIуэлIэжауэ Мухьэб жеIэ:
- — Хьэжбэчыррэ Темботрэ фыкIуи, карточкэкIэ къыдатыну крупамрэ лымрэ къеIыфх, сэ кIэртIоф сукъэбзынщ, хьэкум мафIэ исщIэнщ фыкъэсыжыху. Пщыхьэщхьэшхэ екIу тщIынщ, лырэ кIэртIофрэ гъэжьауэ зэщIэлъу.
- Тембот сэрэ докIуэ карточкэкIэ ерыскъы къыщыдат тыкуэным. А тыкуэныр литературэ пщыхьэщхьэр щедгъэкIуэкIа, Промкооперацэм и клубым и лъабжьэм щIэтт. Дынэсмэ, тыкуэным цIыху куэд щIэтт ерыскъы къыIахыу. Сэ сыIуохьэ лыр щащэ щIыпIэм. Абдежи цIыхур щыIувщ. Сыплъэмэ, лыр зыщэ цIыхубзым Iэ къысхуещI:
- — Гъунэгъуу къакIуэт, — жиIэу.
- СыкIуатэмэ, абы къызжеIэ: «Лыр духынущ, моуэ фыкъэкIуатэ». Сэ, Тембот гъусэ сощIри, нэхъ гъунэгъу зыхудощI лыр щашэч тэрэзэр зытет стIолым.
- Чэзум хэтхэр къыдоплъ. Абыхэм зыри жаIэркъым, ауэ сэ япэкIэ сызэрыкIуатэр зылъэгъуа цIыхубз гуэрым зыкъытхуегъазэ: «Дыгъуэпшыхь арэзы дыкъэфщIащ. Дэгъуэу усэм укъеджащ, уи гъусэр къызэджари дигу ирихьащ». Фызым и псалъэр зэхэзыха Тембот зыфIимыгъэIуэху-зыфIимыгъэIуэхуурэ си гъунэгъу зыкъещI: «Хьэжбэчыр, ныхэкI мыбы. НакIуэ». Сэ ар сымыдэну сыхэтщ, ауэ Тембот: «Зэхэпха а фызым и псалъэхэр? Абы къуиIуэкIар къыбгурыIуа?» — жеIэри, чэзум хуэмурэ сыкъыхеш. Зыри жызимыгъэIэу сыкъешэж. ДыкъызэрыщIыхьэжу, кIэртIоф зыукъэбзу щыс Мухьэб: «ИIэт, Хьэжбэчыр, лыр тхьэщIи, цIыкIу-цIыкIуурэ упщIатэт. Иджыпсту кIэртIоф жьэрыкуей тшхынкъэ, лы гъэжьар абы хэлъу», — жеIэ.
- Къэхъуар Тембот абы жреIэж. Щыми зы псалъэ жыдмыIэу дошх плъыжьу гъэжьа кIэртIофыр.
- Абы и ужькIэ илъэс Iэджэ дэкIауэ, 1967 гъэм, Мейкъуапэ сыкIуащ литературэмрэ искусствэмрэ я декадэу Октябрь махуэшхуэр илъэс 50 зэрырикъум и щIыхькIэ Кавказ Ищхъэрэм и автономнэ республикэхэм щрагъэкIуэкIынум и Iуэху зесхуэу. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Адыгейм щригъэкIуэкIыну декадэр щыщыIэну махуэхэмкIэ абы и унафэщIхэм сагурыIуэн хуейуэ арат. Сэ сыщыIащ КультурэмкIэ управленэм. СыIущIащ абы и унафэщI адыгэ щIалэ екIу Понэжь Руслан. Абы сешэ облисполкомым и Iэтащхьэ Хьэтыкъуейм деж, иужькIэ партым и обкомым и япэ секретарь Бэрзэдж Нухь дыIуощIэ.
- А псори сыхьэтитIым къриубыдэу зэфIокI.
- Ахэр зэфIэдгъэхьа нэужь КIэрашэ Тембот деж телефонкIэ сопсалъэ, и узыншагъэр зыхуэдэр къэсщIэну.
- Абы къызжеIэ:
- — Сыт, си дежкIэ укъыщIыхьэнукъэ? Сыкъэплъагъунукъэ?
- — Iэмал имыIэу сыныщIыхьэнущ икIи услъагъунущ.
- — АтIэ, иджыпсту сыхьэт пщыкIутI хъуауэ аркъудейщ. СыхьэтитIым укъыщIыхьэфын?
- — СыныщIыхьэнщ, — жызоIэ.
- ТелефонымкIэ Тембот сызэрепсэлъар зэхэзыха Понэж Руслани жеIэ:
- — Сэри сынэкIуэнт. ЗыкъомыфI щIауэ Тембот слъэгъуакъым.
- СыхьэтитIыр къос, ауэ Понэжым Iуэху гуэр къылъыкъуэкIри, си гъусэу нэкIуэфакъым.
- Тембот деж дакъикъипщI хуэдэкIэ сынос. ЩэнхабзэмкIэ управленэр КIэрашэр зыщIэс унэм пэжыжьэтэкъым.
- Тембот и щхьэгъусэ Зузэ гуфIэжу бжэр къыIуех.
- — Хэт ар? Хьэжбэчыр къэса? — пэшым Тембот и макъыр къыщIоIукI.
- — Къэсащ.
- Пэшышхуэм сыщIохьэ. Тембот гъэмахуэ джанэ къуэлэныр щыгъыу диваным исщ. Диваным и бгъумкIэ стIол лъахъшэ кIыхь цIыкIу щытщ, шхынхэр тету. Дауи, Тембот шэджагъуашхэ сигъэщIыну аращ.
- Зузэ Iэнэр мыгувэу ди пащхьэм кърегъэувэ.
- Тепщэч куум изу, бахъейр къыщхьэщихыу, мэлыл гъэвар къытрегъэувэ. Бжьыныху шыпсри къехь.
- Тембот увыIэгъуэ имыIэу къыщIоупщIэ и цIыхугъэхэу, и ныбжьэгъухэу КъэбэрдеймкIэ щыIэхэм, декадэм хэт сымэ хэтынуми зрегъащIэ. Сэ си гурыIупсыр къожэ, сигукIи жызоIэ: «СтIолым тетхэр упщIыIужынущ». Ауэ Тембот шхыным хэIэбэну пIащIэркъым. Апхуэдэурэ зы дакъикъипщI-пщыкIутIкIэ дыщысащ. Лыми бахъэ щIагъуэ къыхихужыркъым.
- — АтIэ, — жеIэ Тембот. — ДыхэIэбэнщ.
- Абы зегъэхьэзыр лыр зэрылъ тепшэчымкIэ Iэбэну, ауэ къызэтоувыIэри зыкъысхуегъазэ:
- — ПщIэжрэ, Хьэжбэчыр, илъэс тIощIырыпщI япэкIэ, Мухьэб, уэ, сэ лыншэу дыкъэнауэ зэрыщытар. Чэзум укъыхэсшыжу зыри дымыIыгъыу дыкъэкIуэжауэ зэрыщытар.
- А дакъикъэхэр си гум къокIыж.
- Тембот шхэн щIедзэ. Абы хуэмурэ къызжеIэ:
- — Адыгэхэм лIыгъи тхэлъу, Iуэхушхуи зэфIэдгъэкIыу, зауэлI хахуэуи дыщытащ. Хьэл-щэныфI куэди тхэлъащ, тхэлъщ, ауэ а псом ящхьэу дэ адыгэхэр адрейхэм дефIэкIыу зы хьэл диIащ — укIытэшхуэ тхэлъащ. ЦIыхум, лъэпкъым укIытэ хэлъмэ, ар къулеигъэу щыIэ псом я нэхъ инщ, я нэхъ лъапIэщ.
- ИужькIэ ар къызоплъ, а псалъэхэр къызэрысщыхъуар зригъащIэу.
- Дауи, адыгэхэр укIытэ зыхэлъ лъэпкъщ.
- Ленинград
- Газетым къытрадзэ тхыгъэхэм хэтщ Къэбэрдей опернэ студием щеджэну Ленинград ягъакIуэ щIалэгъуалэм ятеухуахэр, абыхэм я сурэтхэр.
- Зауэ нэужьым и япэ илъэсхэр гугъуу, уэгъуу щыт пэтми, цIыхухэм я нэгум нэщхъыфIагъэрэ ерыщагърэт иплъагъуэр. Абыхэм гузэвэгъуэ яIэу хэпщIыкIыртэкъым. ГъэщIэгъуэнкъэ, цIыхухэр япэкIэ плъэуэ, лажьэу, бийм зэтрикъута лъапсэхэр зэфIагъэувэжырт. Абыхэм псоми хьэкъыу я фIэщ хъурт гъащIэр нобэ нэхърэ пщэдей нэхъыфI зэрыхъунур. Апхуэдэ гугъэм ирипсэурт, абы хуэлажьэрт.
- Махуэ гуэрым адыгэ газетым и редакцэм къыщIохьэ сэ зыкъом щIауэ фIыуэ сцIыху, си ныбжьэгъу КхъуэIуфэ Хьэжбат. Ар иджы ИскусствэмкIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэт.
- Опернэ студием щеджэнухэр Ленинград ишэри къигъэзэжат. Иджы абы и къалэныр нэгъуэщIт — еджакIуэхэм ящхьэщытын хуей унафэщIу ар ягъэуват, мыгувэуи Ленинград игъэзэжынут.
- Студием щеджэну кIуахэм яIэ щытыкIэхэр, абыхэм консерваторием и егъэджакIуэхэр къазэрыIущIам и гугъу ищIыжырт.
- КхъуэIуфэ Хьэжбат хэтт сэ сыкъытригъэхьэу студием еджакIуэ сишэну. Хуэм-хуэмурэ си щхьэм щотIыгъуэ студием кIуэныр. Япэрауэ, сэ фIыуэ слъагъу литературэм сыхуеджэну Iэмал згъуэтырт, абы ищIыIужкIэ театрым, музыкэм зыубгъуауэ нэIуасэ сыхуэхъунут.
- 1947 гъэм сыпэплъэрт, сыщыгугъырт си гъащIэм зэхъуэкIыныгъэхэр къыхуихьыну.
- * * *
- Къэбэрдей оперэ студием щеджэну студентхэр къыхэзыхыну комиссэ Ленинград къокIри 1947 гъэм бадзэуэгъуэм и кIэм Налшык къокIуэ. Япэми хуэдэу, а комиссэм и унафэщIт урыс цIыхубз уэрэджыIакIуэ, Европэм и опернэ сценэхэр зыгъэдахэу щыта Павловская — Боровик Верэ Илья и пхъур. Ар консерваторием и доцентт, уэрэд жыIэным хуегъэсэнымкIэ факультетым и унафэщIт. Абы и гъусэт консерваторием и унафэщIым и къуэдзэ, доцент Бурлаков Б. Н., музыкэм и теорием хуезыгъаджэ Киссельман С. С. сымэ.
- Бадзэуэгъуэм и 25-м къыщыщIэдзауэ шыщхьэуIум и 15-м нэсыху щIалэгъуалэу щэм нэблэгъэным йодаIуэ комиссэм хэтхэр. Студием щеджэну аргуэру цIыху пщыкIутху къыхах.
- КхъуэIуфэ Хьэжбат Ерчэн Леонидрэ сэрэ дыкъытригъэхьэн хузэфIокI студием дыкIуэну.
- Сэ мурад сщIар Теунэ Хьэчим щызэхихым, гуфIэу къыздиIыгъащ.
- Зи щхьэм чэтэн теубгъуа «Форд» машинэмкIэ шыщхьэуIум и 28-м Налшык драшри, Минводы гъущI гъуэгу станцым дашэ, «Кисловодск — Ленинград» мафIэгумкIэ драгъэжьэну.
- Дежьэным и пэ къихуэу ди лъакъуэм къыщыщIэдзауэ ди щхьэм нэсыху дахуапэ ди республикэм и Правительствэм и унафэкIэ. КъыжыIэпхъэщ а гъэхэм ди студием щеджахэм хуэдэу хуэщIауэ хуэпа консерваторием зэрыщымыIар.
- ФокIадэм и 1-м консерваторием дашэ.
- Студием кIуахэм къыхаха IэщIагъэмкIэ езыгъэджэнухэм ирагъэбыдылIащ япэрей махуитI-щым. Консерваторием и унафэщIхэм егъэджакIуэ цIэрыIуэхэр кърапхащ ди деж икIахэм. Къетыкъуэ Верэ доцент Пядищевэ Ольгэ Павел и пхъум деж щоджэ, Кашеваровэ Ольгэ Афанасий и пхъум деж — Къасым Иринэ, Къуэдзокъуэ Владимир профессор Ольховский Е. Г. ират, Ерчэн Леонидрэ сэрэ режиссурэм дыщыхуоджэ профессорхэу Макарьев Леонид Фёдор и къуэм, Гликман Павел Иван и къуэм, Товстоногов Георгий Александр и къуэм я деж.
- КIэщIу жыпIэмэ, Къэбэрдей опернэ студием щеджэхэм я пхъэр къикIащ. Псоми къехъулIащ урыс макъамэ культурэм и цIыхушхуэхэм дерс къыIахыну, абыхэм я деж щеджэну.
- Илъэс ныкъуэ нэхъ дэмыкIыу дэ зыщыдогъэгъуазэ Шуберт и «Музыкальный момент» пьесэм, Глинкэ и «Русланрэ Людмилэрэ» оперэм щыщ пычыгъуэхэм. Музыкэм и тхыдэм дыхуезыгъэджа Зарицкая Розалие Исаак и пхъум композиторхэм я гугъу къытхуищIу, музыкальнэ произведенэхэр зэрызэхэлъыр къыджиIэу дригъаджэрт, Ленинград дэт опернэ театрхэм дишэрт. Филармонием и залым дыщедаIуэрт дуней псом щыцIэрыIуэ Ленинград филармонием и симфоние оркестрым дирижёр цIэрыIуэ Мравинский Евгений Александр и къуэм и унафэм щIэту ит концертхэм. Оперхэм дедэIуэну дэ дыкIуэрт консерваторием и опернэ студием.
- Япэ илъэсри абы къыкэлъыкIуэри дэгъуэу екIуэкIащ. Къэбэрдей опернэ студием щеджэхэм ятеухуа фIыщIэ тхыгъэхэр консерваторием и унафэщIхэм къагъэхьри, ди газетхэм къытрадзауэ щытащ 1947 гъэм.
- Зы илъэс фIэкIа оперэ студием дыщIэмысауэ, сэрэ Ерчэн Леонидрэ консерваторием и оперэ-режиссер факультетым дыщеджэну дащтэ. Дэ тIум дежкIэ ар щIыхьт, ауэ щхьэкъэIэт димыIэу жэщи махуи деджэн хуейт.
- * * *
- 1948 гъэм и гъэмахуэ зыгъэпсэхугъэм Ленинград сыкъикIыжри Налшык сыкъэкIуэжауэ ТхакIуэхэм я союзым сыщIохьэ, Теунэ Хьэчим слъагъунщ жызоIэри.
- Хьэчим си Iуэху зытетым, сызэреджэм и гугъу хузощI. Ар си гъащIэм, сызыхуей сытхэмкIэ къызоупщI, усэ тхыныр щызгъэтарэ иджыри сытхэрэ зрегъащIэ. Теунэм жызоIэ литературэм нэхъ сегугъу зэрыхъуар икIи усэ Iэрамэ зэрыстхар.
- — АтIэ, абы щыгъуэм, уи усэ зытхух подстрочник щIыи, къэхь. Налшык къедгъэблэгъауэ щыIэщ Мэзкуу дэт Литературэ институтым и иужьрей курсым щеджэхэу Гребнев Наумрэ Козловский Яковрэ. Абыхэм адыгэ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ тхылъ къыдагъэкIыну я гугъэщ.
- ЕтIуанэ махуэм усиплI хузохь, подстрочник сщIауэ. Абыхэм Теунэр йоплъ икIи къызжеIэ: «Гребневымрэ Козловскэмрэ Долинск, «Маяк» зыгъэпсэхупIэ унэм щыIэщи, абыхэм я деж кIуэ, зэгъэцIыху икIи мы запискэри ятыж».
- «Маяк»-р здэщытыр фIыуэ сцIыхурти, занщIэу къызогъуэт. СыщIоупщIэ сызыхуэкIуахэр здэщыIэмкIэ. Ахэр шхакIуэ щыIэти, тIэкIурэ сапэплъауэ къагъэзэж. ЩIалэхэм сэрэ нэIуасэ, ныбжьэгъу дызэхуохъу.
- Гребневымрэ Козловскэмрэ зэрадзэкIа, къэбэрдей усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъыр 1949 гъэм урысыбзэкIэ къыдокI. Ар къэбэрдей усакIуэхэм я къалэмыпэм къыщIэкIахэр иту япэ дыдэу урысыбзэкIэ къыдэкIа тхылът икIи фIы хъуауэ къалъытащ. 1949 гъэм дыгъэгъазэ мазэм и 5-м къыдэкIа «Правда» газетым къытехуауэ щытащ Панков В. и рецензэ, а тхылъым щытхъуу. Абы ит усэхэм ящыщу нэхъыфI хъуауэ рецензентым къигъэлъэгъуахэм ящыщт КIуащ БеталI и усэ «Индыл» жыхуиIэмрэ сэ стха «Кремлым и вагъуэхэр» жыхуиIэмрэ. А зэманым партым къыдигъэкI «Правда» газетым фIыкIэ уи цIэ къриIуэныр икъукIэ гулъытэшхуэт икIи пщIэшхуэт.
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).