Гуэншэрыкъ
2020-12-03
- ЩэщI гъэхэм цIыхухъухэм щIымахуэ вакъэу лъатIагъэу яIар гуэншэрыкът. Ар «щыземыкIуэ» адыгэ унагъуэ бгъуэтынутэкъым. Къатыр зиIэр лIакъуэлIэш хуэдэхэрат: пщыхэр, бейгуэлхэр, уэркъхэр…
- УиIэ дыдэуи сощIри, гуэншэрыкъыншэу абыкIэ мэзым пхъашэ укIуэфынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Гуэншэрыкъыр хуабэт, уэсми мылми утриIыгъэрт, псынщIэт. Хъыдан вакъэ ящIырт, и лъэгум хьэфэ щIэдауэ, ауэ абы зыщIыпIи урикIуэ хъуртэкъым, уи лъакъуэр ирис-хьэрт, езыри лъэрыжэм хуэдэт, утримыгъэзагъэу. Гуэншэрыкъыр гъэмахуэ вакъэ хъарзынэт икIи щIыгъуафIэт. А вакъитIым хэдэ ящIамэ, нэхъыбэм къыхахыр гуэншэрыкъырт. ЩIымахуэ ткIийм ар уимыIэмэ, зэрыжысIауэ, упсэуфынутэкъым, гъащIэм ар быдэу гуэухуэнати.
- Къуажэдэсхэм щIымахуэм унэр зэрагъэплъын, зэрыпщэфIэн пхъэгъэсын (гъэмахуэм хьэуазэ, нартыхужэпкъ, сэхуранжэпкъ пэшхьэкум ирадзэурэ, ерыскъыхэр ягъэхьэзырырт) ямыIэныр лIэныгъэм хуэдэт. Махуэгъэпс, Фэндыкъуэ, Мэзэхэ, ТещIэгъуэ мэзхэрат Дыгулыбгъуей, Ислъэмей, ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ, Ипщэ къуажэхэм щыпсэухэм я гугъапIэр, зыгъашхэр, зыпIыр. Абыхэм пхъэ лIэужьыгъуэу щумыгъуэт щыIэтэкъым: тхуей, хьэмкIутIей, псей, жыгей, дыкъуэнагъ…
- Набжэ, Iуэбжэ, тажджэ, унащхьэм тралъхьэ чий хуэдэхэри зэращIыну чыхэр плIэкIэ къэтхьырт, пхъэгъэсыныр шыдыгукIэ, Iэжьэ цIыкIукIэ къатшэрт.
- А зэман хьэлъэм щIымахуэри езыр егъэлеяуэ щIыIэ хъурт. Къуэ хуитышхуэм зэрыдэмыгъахуэу, гъэмахуэм къыдэуэхыурэ унагъуэхэр зыгъэгулэзу щыта Бахъсэныжьыр и бгъуагъкIэ зэпрыщтыкIырт, машинэ дыдэр ишэчу. Пхъэ лъэмыжыр, апхуэдиз Iэжьэ зэрыкIыр, къэтIасхъэрти, уикIыну шынагъуэ хъурт, лъэмыж зэрызешэр куэдри щызэ-тещахэ къэхъурт. Апхуэдэхэм дежи дыкъаскIэртэкъым, чы плIэкIэ къыщытхькIи, Iэжьэ цIыкIукIэ къыщытшэкIи, Бахъсэныжь щтари зэдусыгъуэджэртэкъым. Лъэмыжым уэс щытелъхэм деж, хьэлъэр хуэмы-шэу, шыдыр къыщытенэ щыIэт. ИтIани, шыд Iэжьэр IэмалыншагъэкIэ мыл гъурыджэм тезыхуэхэри щыIэт. Ауэ фIы щIахыртэкъым, шыдхэм фэбжьышхуэ ягъуэтырт. Унагъуэм къэдгъэсэбэпыну, Iэщхэм иредгъэфыну псыр, мыл Iув щтар ломкIэ пхыдудамэ, крушкIэкIэ къыщIэбгъэлъэн ерагъыу бгъуэту арат.
- Апхуэдэ уаем уримэзакIуэну гуэншэрыкъым хуэдэ щыIэтэкъым. Пхъэгъэсын къэпшэныр ягъэткIийрт, атIэми, чымрэ бжэгъумрэ къапшэу мэзхъумэм упэщIэхуамэ, укъэсыжат. Абы къыхэкIыу, япэщIыкIэ бжэгъур Iэжьэм итлъхьэрти, гъэсыныпхъэр и гущIыIум тетлъхьэжырт. Мэзхъумэм ухуэмызэу чыр плIэкIэ къэпхьын щхьэкIэ гъуэгу пхэнжу щыIэр «ВыщхьэфIэчкIэ» зэджэ бгы задэ ехыпIэ закъуэр арат.
- АбыкIэ, чы зэкIуэцIыпхар уи плIэм илъу, гуэншэрыкъыншэу укъехыжыну епкуныр шэ къэуэжым хуэдэт. Зэ уцIантхъуэрэ уежьамэ, къэувыIэ щыIэтэкъым. НэджэIуджэ е ныкъуэдыкъуэ уищIыныр дакъикъэт.
- Сэ стеухуауэ жыпIэмэ, куэдрэ схуекуакъым а бгым, Iэджэрэ мэзхъумэм сыIууэу чыр стрихыжами. Арати, сэр фIэкIа абы ихъумэ щымыIэу, зэкIэлъхьэужьу зыбжанэрэ сыщыIууэм жысIащ: «Хьэм сишхым нэхъыфIщ, си ныбжьэгъухэм яхэлъ лIыгъэр щысхэмылъынум деж». Зыуэ къыщымыхъуу бгым ехыу еса, си япэ иту ежьа ди гъунэгъу Мухьэмэдини мыпхуэдэу щыжиIам, сытегушхуащ: «КъакIуэ, къакIуэ умышынэу, си яужь уиту, укъежьэмэ, сэ укъэзубыдынщ, утегушхуэрэ зэ уехмэ зэфIэкIащ». СыцIэнтхъуакъым, сехащ хъарзынэу бгым. СыхущIегъуэжакъым, ар куэдрэ гъуэгу схуэхъури сытыншащ.
- Апхуэдэу шынагъуэу щыт пэтми, дыIэмалыншэти, мэзхъумэм дыхуэзэмэ, пхъэхэр ттрихыу пщIэншэрыкIуэ дымыхъун щхьэкIэ, абыкIэт нэхъыбэм здэдгъазэр. МэзакIуэ дыздежьэхэри гъунэгъутэкъым, километрипщI-пщыкIутхухэм нызэрыхьэсырт. Пщэдджыжьым, кIыфI зэхэту унэм удэкIар, пшапэр зэхэуауэ укъэсыжу арат. ЩыIэт, мэзхъумэм щышынэу, жэщыр щымазэгъуэ нэхухэм деж мэзакIуэ кIуэхэ- ри.
- Сэ сащыщщ гуэншэрыкъри къатырри зыгъэунэхуахэм. Пэжщ, адрейхэм елъытауэ, мэзакIуэм нэхъ сыщытыншащ. КъуэшитI нэхъыжьу сиIэти, абыхэм гъэсыныр къашэрт, ауэ пхъэхэр, пэшхьэкум зэриплъхьэнум хуэдэу, кIэщIу зэтезыгъэщэщэжыр сэрат. ФIамыщIыр къыщежьами, пхъэр зэрызэщIэдгъэстынур димыIэу хъуртэкъыми, мэзакIуэр куэдрэ щыдгъэтакъым. Мэзи щыIэжтэкъым, пэжым ухуеймэ, апхуэдизкIэ цIырхъ хъуати. Зыкъомрэ нартыху жэпкъми дыкърихащ. Псори хуэбэну, шхэну хуейт.
- Гуэншэрыкъыр пщIыныр лэжьыгъэ тынштэкъым. Ар къызыхащIыкI фэхэр гъуэтыгъуейт, Iэщ пIащэхэр зэрымащIэм къыхэкIыу. Гуэншэрыкъым нэмыщI фэм шхуэхэр, нахъутэхэр, шы тепхъуэхэр, щэлъахъэхэр, щIопщхэр, уанэхэр къыхащIыкIырт. Гуэншэрыкъым ираун фэдэнри, хъыдан вакъэр зэрызэщIадэну вакъэнжейри, Iуданэм хуэдэу псыгъуэу, фэм къыгуагъэжырт.
- Гуэншэрыкъ щIыныр IэщIагъэ зыхуэхъуахэм екIуу, зыгуэдапIэ иIэу къыпхуэмыщIэу ящIырт, уеплъамэ, лъахъстэн вакъэм хуэдэу дахэу, дэнэ укIуэнуми утемыукIытыхьу.
- Япэ зизгъэщу жысIэнщи, гуэншэрыкъым нэмыщIкIи, шыхэм, шыдхэм я Iэпслъэпсхэр псом нэхърэ нэхъ IэкIуэлъакIуэу, екIуу зыщIу ди Ислъэмей къуажэм дэсар си адэ Чэрим и закъуэщ. АпхуэдизкIэ цIыхур уэру ди унэ къекIуалIэрти, абы ищIахэр, бэзэрым ишэну хунэмысу, зэрапхъуэрт.
- Гууфэхэмрэ выфэхэмрэ Iув ды-дэу къапэщIэхуэмэ, хьэлъэ мыхъун папщIэ, абы теухуауэ щыIэ сэхэмкIэ IэкIуэлъакIуэу трагъэжурэ, нэхъ пIащIэ ящIырт.
- Гуэншэрыкъыр псоми дахэу яхуэщIыртэкъыми, бэзэрым кIуэхэрти, екIуу щIа хьэзырыр абы къыщащэхурт. Ар апхуэдизу зэпэубыдати, зыIэрыбгъэхьэн щхьэкIэ жьыуэ зумыужьмэ, къыплъысыжыртэкъым.
- Гуэншэрыкъым лъэпэд хуабэт дызэритыр. Ауэ, щIымахуэр щыткIийхэм деж, дыкъуэпIыщIыкIырти, мэкъу щабэ (шабий) итлъхьэрт, нэхъ хуабэж тщIын щхьэкIэ. Ари и зэманым пыбупщIу умыгъэтIылъ-мэ, зэрапхъуэрти бгъуэтыжыртэкъым. А IэщIагъэр нэхъ зиIэ хъуа-хэр цIыхухъухэр арат.
- ЯпэщIыкIэ фэр гъэтэджын хуейт щабэу. Ауэ а зэманым, ар зэращIым щыгъуазэтэкъыми, фэр чы памцIэхэмкIэ яшэщIырт. Гъуща иужькIэ, пхъэ хъурейм тралъхьэрти, цыр сэ жанкIэ трахырт, арщхьэкIэ дэ нэхъ къэдгъэсэбэпыр абдж къутахуэ дзакIэ жанырт, нэхъ псынщIэу, нэхъ къабзэу цыр зэрытрихым къыхэкIыу. «ПцIанэ» хъуа фэм дагъэ щахуэрт, зэкIуэцIалъхьэрти, фIыуэ зыщIифыхукIэ щагъэлът, иужькIэ къызэрагъэсэбэпынум теухуауэ Iыхьэ-Iыхьэу зэгуагъэжырти. Гуэншэрыкъ ящIынур фэIуадзэкIэ, Iэпслъэпсхэр, пхъэ зэгуэгъэзам далъэфэхыурэ, щабэ ящIырт. Нэхъ езэгъырабгъу хъуа иужькIэ, IэкIи яIуэтурэ ягъэщабэрт. ИужькIэ, тхылъымпIэ Iувым къыхабзыкIа щапхъэр траубыдэрти, къыхагъэжырт. Фэдэн зэрызэгуадэу къыхагъэжар, Iуданэм хуэдэу псыгъуабзэу фэм къыхахырти, дыдкIэ яугъуэнурэ, зэгуэлъыпIэ иIэу къыпхуэмыщIэну, ящIырт. Лъэпсу иралъэфри фэдэн щабэм къыхэщIыкIат. Гуэншэрыкъыр лIэужьыгъуитIу ящIырт: зыр мэз урикIуэну нэхъ кIыхьу, адрейр, къатыр теплъэ зиIэр, махуэ къэскIэ щагъэгъыну нэхъ кIэщIу.
- Гуэншэрыкъыр зэрыщыIар, абы Iуэхутхьэбзэшхуэ къызэрытхуилэжьар, щIыIэм цIыху куэд къызэрыригъэлар псоми ящIэн хуейщ, зыщагъэгъупщи хъунукъым.
- КЪАРДЭН Мухьэмэд.
- Ислъэмей къуажэ