ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мэлбахъуэм  и  блокнотхэр

2020-09-01

  • Мэлбахъуэ Тимборэ сытым дежи блокнот къыздрихьэкIырт, и бгъэ жыпым кърихрэ итхыхьу. Зыгуэрхэр абы къеджэну хуэпабгъэрт, хэти игъэгузавэрт — сэрмырауэ пIэрэ зытетхыхьыр жиIэурэ. Псалъэуха шэрыуэкIэ ухуа а тхыгъэ кIэщIхэм укъыщеджэкIэ IупщI мэхъу — унафэщIым блэкI пэтрэ гу зылъита, зыщыгъэгъупщэн хуэмей, жыIэпIэ зыхуимыгъуэта псалъэхэр иритхэу арат.

  • Унафэ щIыным  къикIыр
  • Подгорный Николай Ленин орденыр Мэлбахъуэм кърет. 1977 гъэ

  • Андропов Юрий и гъусэу. 1983 гъэ

  • Налшык щохьэщIэ Совет Союзым и Маршал Жуков Георгий. 1962 гъэ

  • Хэку зауэшхуэм хэта ветеранхэр егъэлъапIэ. 1980 гъэ

  •  «Унафэ щIын» жиIэм къикIыр псы Iуфэм уIуту псыр здэжэм уеплъынракъым. Псым унафэ хуэпщIыфынукъым, ар здрижэну гъуэгур нэхъ пасэу бунэтIауэ щымытмэ. Апхуэдэ дыдэу нартыхум и къэкIыкIэм и псынщIагъыр хьэмэрэ комбайныр е тракторыр зэрылэжьэну щIыкIэр къыпхухэхынукъым: абы гъэхьэзырыгъуэ иIэщ, къэмыс щIыкIэ къэплъагъун хуейуэ. Къалэныр пэжу узыхуэкIуэну плъапIэмрэ узэрыкIуэну щIыкIэмрэ зэхэгъэкIынращ. Унафэр зезыгъакIуэ IумпIэр зэпымычын е зэрымынэн щхьэкIэ, ар зэпычмэ икIэщIыпIэкIэ зэрыдзэн, зэрынэмэ — тэмакъкIыхьу зэрыхыжын хуейщ.
  •  «Унафэ щIыным» къикIыр «къэхъунур къэщIэн» жиIэу аращ. КъэпщIа псори къэмыхъункIэ зэрыхъунури къыбгурыIуэу.
  •  Куэдрэ щыхьэт сыхуэхъуащ цIыхур хэхъуэ, зиузэщI пэтрэ къызэфIагъэщIыжу щызэIыхьэ. Зыхуэсакъын хуейр: щIалэгъуалэр мыгъэжэкъуэным, абы я щхьэр егъэуназэ; нэхъыжьхэм емыгиеIуэным — гузэрыдзэ пхуащIу, щIэ псоми я щIыб хуамыгъэзэн папщIэ.
  •  Дэ ди гузэвэгъуэр хэтми сытми гъуазэрэ щапхъэу ахъшэр къызэрыхуэнарщ.
  •  Къалэм ещхьу къуажэ куэд уиIэмэ нэхъыфIщ, къуажэм ещхьу къалэ куэд уиIэ нэхърэ.
  •  Ди унафэщIхэм я нэхъыбэм яхуримыкъу гупсысэр езыхэм хуэдэ, уеблэмэ ефIэкI куэд зэрыщыIэрщ.
  •  «Лей къызытехьа» языныкъуэхэм я тезырыр езыхэм къыхахыжыну хэтщ. Къуэншам иджыри саугъэт къызэфт жи. Ди дзыхьыр зымыгъэпэжа унафэщIыр, зэхигъэзэрыхьахэр зэхедгъэхыжыным и пIэкIэ, нэгъуэщI къулыкъу пэрыдогъэувэ, нэгъуэщI цIыху гуп и IэмыщIэ идолъхьэ.
  •  Иныкъуэхэр дыщэ плъыжьым, адрейхэр гъущI фIыцIэм къыхэщIыкIауэ хуэбгъэфащэ хъунукъым, Алыхьым зым нэхъыбэ иритауэ, адрейм хущысхьауэ ущIегупсысыни щыIэкъым. Хьэуэ, псоми я «пхъуантэдэлъыр» зэхуэдэщ, ар къызэрыбгъэсэбэпращ Iуэхур зэлъытар.
  •  Хэт унафэр зыIэщIэслъхьэнур? Зым цIыхугъэ хэлъщ, ауэ фейдэ мэлъыхъуэ. Адрейри фейдэ мэлъыхъуэ, ауэ Iущщ. Iуэхур зыхуэныкъуэр — фейдэ мылъыхъуэ Iущагърэ цIыхугъэрэщ.
  •  Къулыкъум фыхуэмыпабгъэ, саугъэтхэмрэ утыкумрэ фыхуэмынэпсей. Фи напэр къабзэу фи IэнатIэр ефхьэкI. Фи къарумрэ акъылымрэ зэщIыгъуу, зы Iэмэпсымэ абрагъуэм и Iыхьэ къудейуэ фызэрыщытыр фщIэжу фIыуэ фылажьэмэ, езыр-езыру фыкъалъагъунущ. Къулыкъу лъагэхэри цIэ лъапIэхэри фемыджауэ къыфхуеблэгъэнущ.
  •  Лэжьэфын къэгъуэтыным нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиIэ щыIэкъым. Сэ абы зезгъэсэфакъым. Республикэм къэмыхъупхъэу къыщыхъуахэр арагъэнщ къызыхэкIари. Я пщIэм тегужьеикIа цIыхухэм къулыкъухэр си зэранкIэ къаIэрыхьэурэ, си щыуагъэхэр абы дэбэгъуащ.
  • Къулыкъум узэIигъэхьэрэ?
  •  Куэдрэ къохъу: гу зылъумытащэ, зэ IуплъэгъуэкIэ фэшхуэ зумыплъ цIыхум къулыкъу иратри, узэрыщымыгугъауэ и акъылымрэ и хэлъэтымрэ я лъэныкъуэ псомкIи налкъутналмэсу къызэролъэлъ. НэгъуэщIуи къохъу: пщIэи щхьэи хуэмыныкъуэ цIыхушхуэм къулыкъу иботри, фэншэ, мыхьэнэншэ мэхъу. Къулыкъум абы и фэм тригъэлъэда нэкIу нэпцIыр трехури, жыг кунэфыр къыщIощ — мыхьэнэншэщ, щхьэхуэфIщ, цIыхугъэншэщ. «Къулыкъум зэIигъэхьащ» жаIэ. Хьэуэ! Къулыкъум къыщIигъэщауэ аращ ар, зэ Iуплъэгъуэм гу зылъумытэу нэхъыщхьэу хэлъыр тхъурымбэм ещхьу къыдрихьеящ.
  •  ЛъагапIэр зыхуэмышэч цIыху щыIэщ. Къулыкъури апхуэдэщ: зым ар къыфIэIуэхукъым, адрейм и щхьэр егъэуназэ.
  •  Уи къалэныр нэгъэсауэ умыгъэзащIэмэ, дунейр къутэжыным хуэдэу улэжьэн хуейщ. Ауэ махуэм уIэуэлъауэ хуэдэу зыпщIу, пшынэр ягъэшэрашэу, стэканхэр зэраудэкIыу, модэ Кулижан гуэр щэхуу къыпыгуфIыкIыу гуп уахэсыным ущIэхъуэпсу зэманыр бгъакIуэмэ, лэжьыгъэм уэ нэхърэ нэхъыфIи къигъуэтынщ.
  •  Дэтхэнэ зыри иджыри илъэсищэкIэ псэуным хуэдэу лэжьэн хуейщ, и псэр а махуэм хэкIыу Iуэхур нэмыгъэсауэ къэнэнкIэ гузавэу. А IуэхуитIыр зэхуэмыкIуэу къыпфIэщI щхьэкIэ, абы Iущагъышхуэрэ жэуаплыныгъэрэ хэлъщ. Апхуэдэу сылэжьэнщ жыпIэмэ — ар пщэдей зыри умыгъэIэпхъуэу, щIыхуэ зытумыгъахуэу, плъапIэ гуэрхэри уиIэу IэнатIэм упэрытыныр аращ.
  •  Языныкъуэ унафэщIхэм ящIэ дыдэм нэхърэ нэхъыбэ ящIэу къафIощI, зэхах псори пэжу къащохъу. Ауэ нэхъыфIхэм ящIэIауэ къащымыхъуу, ящIэу къыщIокI.
  •  Хэти елъагъу: зым и фIэщу нэмэз ещI, адрейм — театрым щыджэгум ещхьу, Алыхьым папщIэ и щхьэр зэгуиудыжыну хьэзыр хуэдэ — хьэщыкъ хъуаифэ зытрегъауэ.
  •  Сыту фIыт цIыху къэс и къэухьыр и IэнатIэм хуэдизу къыдалъхуу щытамэ.
  •  Лэжьыгъэм сыщрохьэлIэ курыт щIэныгъэ къозыт еджапIэ фIэкIа щемыджауэ, ауэ и гупсысэкIэкIэ «щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэу». СрохьэлIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ, «зэхэщIыкI курыт» зыIэрыхьаи. СоцIыху цIэрэ, саугъэтрэ, дамыгъэкIэ зэщIэбла гуп, а дамыгъэхэмрэ цIэхэмрэ я адакъэ сыджыр къигъэубэлэца фIэкIа, я акъылым химыгъэхъуаIауэ.
  •  УнафэщIым бгъэдыхьэгъуафIэу, узыIэпишэу, и гур зэIухауэ, дзыхь къыпхуищIу щытын хуейщ. А шэч къызытумыхьэж хьэлхэр псэ къабзэм езыр-езыру фIыгъуэкIэ къыхэкIыкI къыщIэкIынщ.
  •  Гений умыхъуу хъунукъым жиIэу зыми къыппиубыдыркъым, дэтхэнэ зыри унафэщI нэс зэрымыхъуфынури гурыIуэгъуэщ. Ауэ цIыху пэжу, гумызагъэу, уи къалэныр зэрыхъукIэ нэгъэсауэ бгъэзащIэу ущымыту хъунукъым.
  •  Уи жэрдэмхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ гъащIэм зэрыхыупщэфынур псалъэ дыгъэлрэ макъ пхъашэкIэкъым — къыхэплъхьам и фIагъыр нэрылъагъу зыщI щыхьэтхэмрэ гупсысэ узыншэхэмкIэщ.
  •  Ину укIиинымрэ ямыщIэу умыдэнымрэ зыкъым. Куэд къыубжынымрэ куэд жыпIэнымри зыкъым.
  •  Сыт министрхэр адрей цIыхухэм къазэрыщхьэщыкIыр? ЗыкIи. Ауэ министрхэм ар ящIэркъым.
  •  Языныкъуэхэр апхуэдизкIэ хущIыхьэркъыми, лэжьэну зэман къахуэгъуэтыркъым.
  •  «Езыр шынагъуэтэкъым, и къуэдзэр мыхъуамэ» жаIэ. «Езыр» — езырыжу, и къуэдзэми и къалэныр ищIэжмэ нэхъ тэмэмщ.
  •  Акъылыншэм уигъэIущын ифIэфIщ, губзыгъэм еджэнкIэ зигъэнщIыркъым.
  •  Псоми ягу зригъэхьыну хэтщ. Абы щхьэкIэ зыми игу ирихьыркъым.
  •  Хьэбыршыбыр цIыкIухэр жьауэшхуэхэм я лъабжьэ къыщожьэ.
  •  Iуэхум зыри хэзымыщIыкIым псори фIы дыдэу къыбгуригъэIуэфынущ.
  •  Псалъэ гуэрхэр, акъылри гури къамыгъэсэбэпу, утыкум къолъэдэф.
  •  Сигу къэкIыжакъым, щыгъупщэх сыхъуащ, жи. Щыгъупщэх ухъуауэ аракъым, къыпфIэмыIуэхуж ухъуауэ аращ.
  •  Гузэвэгъуэщ Iэтащхьэр, хъуэпсапIи плъапIи къыхуэмынэжу, гумызагъагъэр фIэкIуэду, и щхьэри цIыхухэри къыфIэмыIуэхужу и пIэ итIысхьэжмэ. Жьы хъуащ апхуэдэ унафэщIыр. Дэгу-нэфщ: мэл кIапэ къыпыкIащи, Iэщэ хуэIыгъыжынукъым.
  •  Сабий гъэужь Iуэхуншэхэр, хьэбыршыбырхэр, къамылэжьа зрихьэлIэну зыфIэфI ефэрейхэр къыщыхъур мылъкурэ зэфIэкIкIэ адрейхэм зыхэзыIэтыкIыну еIэ унагъуэхэрщ. Абыхэм я фэтэрыр нэхъ хуиту, я машинэр нэхъ дахэу, я унэр нэхъ лъагэу щытын хуейщ Iэмал имыIэу. Ар уз зэрыцIалэщ, икIэщIыпIэкIэ еныкъуэкъун хуейуэ, нобэми пщэдейми зэран хуэхъункIэ шынагъуэу. Мыбдежым ерыскъы къабзэм хэпсэукIынымкIэ, лейм щIэмыхъуэпсын хьэлкIэ псом япэ иту щапхъэ дахэ къэзыгъэлъэгъуэн хуейр унафэщIхэращ.
  • ГъащIэмрэ цIыхумрэ
  •  Зи зэхэщIыкIыр, цIыху хэтыкIэр, Iущагъыр къызэмэщIэкIыр нэгъуэщIым и зэхэщIыкIым, Iущагъым, цIыху хэтыкIэм щапхъэ трихыу псэун хуейщ. Ар губзыгъагъэщ апхуэдэ цIыхум и дежкIэ. Ар зымыщIэр сытым дежи делагъэм и унафэ щIэтынущ. Iущагъым я нэхъ лъагэр цIыхухэр зылъэIэсам укIэлъыплъурэ уэри ар зыхэплъхьэнращ.
  •  ГъащIэр дэ ди унафэм щIэту къызыфIэбгъэщI хъунукъым. Зэманыр, дэ дытыншын щхьэкIэ, махуэрэ жэщу ухуауэ аращ.
  •  Щэхур — жьэкIэ жамыIаращ. Нэхъ ныбжьэгъуфI дыдэм жепIари щэху хъужыркъым.
  •  ЦIыху щыпкъэу щытыну хуейм ищIапхъэщ ныбжьэгъухэм ящIыгъуу жагъуэгъуи зэриIэнур.
  •  Иныкъуэхэм деж ди телевизорхэм уеплъ пэтрэ щIалэжь щхьэцэ гуп къолъадэ, цIыхубзым ещхьу гъэщIэрэщIауэ. Я къафэхэми уэрэдхэми уедаIуэмэ, хьэр банэ е къугъ фIэкIа пщIэнкъым. Абыхэм ди щIалэгъуалэр йоплъри щапхъэ трах. «ЩIэуэ къежьащ». ЩIэуэ къежьар фIыщ, ауэ фIыр фIыуэ къежьаращ. ЩIалэгъуалэм ахэр зэхагъэкIыфу егъэсэн хуейщ.
  •  Упсэуну тыншкъым. УлIэну гугъущ. Ауэ псом нэхъейр зыпIэжьэIуэнращ, ар гъащIэрауи лэжьыгъэрауи ирехъу. Имычэзууэ улIэным нэхърэ нэхъ Iейщ ар. Ауэ хэт апхуэдэ Iэзагъ телъыджэ зиIэр, и ежьэжыгъуэр къызэрысар къыхуэубыду. Къиубыдыпауи сощIри, дэнэ «Куэдщ» жозыгъэIэфыну лIыгъэ къыздикIынур.
  •  Дунейм псори нэгъэсыпауэ щызэгъэзэхуащ. Псори и чэзум къохъу. Удзхэр и чэзум мэгъагъэри, и чэзум мэгъуэлэж. КъэкIыгъэхэри, жыгхэри, псыхэри, бзухэри, псэущхьэхэри, езы щIылъэри, дыгъэ дыдэри зэи текIыркъым я чэзум. ЩIалэфIхэм языхэзым ар щыгъупщэмэ, игу къэгъэкIыжын хуейщ: «Ныбжьэгъу, уи чэзур икIащ!»
  •  Iэзагъыр къэхъугъэм и ехъулIэныгъэщ. Ар уафэхъуэпскIым хуэдэу зэ къаблэу ункIыфIыж гуэрщ. Талантыр лэжьыгъэщ. МэкъумэшыщIэм и лэжьыгъэ хьэлъэщ. Талантыр Iущагъщ, цIыху хэтыкIэкIэ гъэбэгъуауэ. Талантым гупсысэм и кууагъыр хэлъщ. Талантыр телъыджэкъым, ауэ псори къызэщIеубыдэ.
  •  Iэзагъ гуэр зыбгъэдэлъ цIыхухэм тхыдэм лъэужь къыщыщагъанэр я Iэзагъыр талантым щIыгъумэщ. ИтIанэ ахэр нэгъэсауэ щыпкъэ мэхъури, я цIэхэр политикэм, щIэныгъэм, литературэм къыхонэ!
  • Хэкупсэм и гур лъэпкъ псоми хузэIухащ
  •  Хэкупсэ нэс ухъуфынукъым, лъэпкъ зэхэгъэж пщIыуэ. Мыдрейуи — лъэпкъ зэхэгъэж зымыщIым и закъуэщ къызыхэкIар нэсу зылъагъуфынур.
  •  Зы лъэпкъыр хилъафэу адрейр япэ ибгъэщмэ, тIури пфIэкIуэдынущ.
  •  Сыту IэубыдыпIэншэ мы кърымдэсхэр! Урысхэми, адыгэхэми, украинхэми ялъу сыт хуэдиз ягъэжа абыхэм! Сыт хуэдизрэ урысхэм ящIхэм теуа, сыт хуэдизрэ си адэжьхэм езэуа (а щIыпIэращ XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм адыгэ лъэпкъым и Iыхьэ щанэр абы щыщыIам, Хэкум икIын хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэр къыщежьэр).
  •  ЦIыхур къызэрыпцIыхунур и хьэлращ. Лъэпкъри къызэрыпцIыхунур и хьэлращ. Аращ лъэпкъ хьэл щIыжаIэр. Ауэ хьэлыр нэхъыбэм зэлъытар гукъыдэжращ. Гукъыдэжыр — ар губжьщ е зышыIэныгъэщ, бзаджагъэщ е щабагъэщ, е цIыхуфIагъщ. Хъарзынэщ цIыхур и къэгубжьыгъуэм къэгубжьмэ, и щабэгъуэм щабэмэ. Ауэ щIагъуэкъым шхыдэу, фыщIэу зыгуэр щимыдэн хуейм деж щэныфIэу зиущэхумэ.
  •  Сыт хуэдизу ар щIалэгъуалэм я мыжагъуэми, ущиемрэ щапхъэмрэ хуэдэгуми, блэкIамрэ пасэрей псэукIэмрэ я гугъу яхуэдмыщIу хъунукъым — дыкъызыхэкIар ящIэн хуейщ. Ахэр ди адэжьхэм къызэранэкIа хабзэхэм яхуэпэжын хуейщ, къаIэрыхьар яхъумэрэ ягъэбагъуэу.
  •  Иджырей сабийхэм псынщIэу зыхуейр къагуроIуэ, псынщIэу заужь. Ауэ илъэс 15-ми 20-ми ахэр егъэлеяуэ сабийуэ къонэ. ХузэфIэкIамэ, иджыри IэплIэкIэ къезыхьэкIыну хьэзыр и анэм и закъуэкъым ар сабийуэ къызыщыхъур.
  •  Псом нэхърэ нэхъ тIэщIэкIыр гъэсэныгъэмрэ политикэ зэхэщIыкIымрэщ. Ди щIалэгъуалэм ящыщ языныкъуэхэм кърадзэ дунейм теткъым, къызыхэкIыр умыщIэу, псэукIэ тыншым егъэлеяуэ хуопабгъэхэр. Ахэр куэд дыди хъуркъым, ауэ мыдрей Iыхьэ нэхъ иным зэран хуохъу. А щIалэхэм я адэшхуэхэм лъырэ пщIэнтIэпсрэ ягъэжащ я щIэблэм алыфбейрэ щIакхъуэ Iыхьэрэ къаIэрыхьэн папщIэ, езыхэр шампанскэрэ шашлыкрэ фIэкIа хуейкъым.
  •  Ди гъавэр зэрыбэвымкIэ, ди Iэщыр зэрыбагъуэмкIэ «къуаншэр» зэрымыщIэкIэ е я насып кърихьэкIыу щIыпIэ берычэтым итIысхьа ди адэжьхэращ. А насыпым иджы, лэжьыгъэм дыхуэмыщхьэхыу, дэри зыгуэр хэтлъхьэжамэ, ди Iэзагъыр хэдгъэхъуамэ арат! НэгъуэщI мыхъуми езыр-езыру къытIэрыхьа тыгъэхэр идмыкъухьу, и къэуатыр щIэдмыхыу къэдгъэсэбэпыгъащэрэт.
  •  Адыгагъэ жытIэу зыщIэдгъэщIагъуэ хьэщIэ егъэблэгъэкIэм и мыхьэнэр:
  1. МэжалIэр гъэшхэн.
  2. Ешам зегъэгъэпсэхун.
  • Иджыпсту екIуэкIыр хьэщIагъэ гъэпудщ. Зыгуэр чэнджэщэну къэкIуамэ — епсалъэ, щIэныгъэ хуеймэ — егъащIэ, дахагъэ къилъыхъуэмэ — егъэплъ. Ауэ шашлык кIуэцIыбгуэу фадэм иумыгъэтхьэлэ. Абы адыгэхэри балъкъэрхэри дегъэпудри, мыхьэнэншафэ къыттрегъауэ.
  •  Ди «ныбжьэгъу лъапIэхэм» ящыщ гуэрхэм къащыщIращ: я цIэр республикэм адэкIэ щыIуамэ, къызыхэкIахэм ящхьэпрыкIауэ забжыж. Ауэ щыхъукIэ, я щIэныгъэри, гъэсэныгъэри, Iэзагъри, цIыху хэтыкIэри къызыхахар къэзылъхуа я лъэпкъращ. Унэхъуащ ар зыщыгъупщэр.
  •  Зы зэман КIыщокъуэ Алим зауэм теухуауэ и тхыгъэ гуэрхэм щхьэкIэ дытехъущIыхьащ. Ауэ хэт арэзы мыхъунур КIыщокъуэ Алими, Кулиев Къайсыни, Темыркъан Юри дуней псом щыцIэрыIуэ совет литературэшхуэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэ пажэ зэрыхъуамкIэ. Дэри тхуэфащэщ абыхэм даригушхуэну.
  • И щхьэ хужеIэж
  •  Хьэл дахэхэр щагуэшым сэ зыри къыслъысакъым, сатырым и кIэ дыдэ сыпыт хъунт. Апхуэдэу куэд егупсыс къыщIэкIынщ. Сэ, псалъэм папщIэ, дахагъэм и зы Iыхьи къысIэрыхьакъым. Ауэ дэтхэнэ зыри егупсысыпхъэщ къилэжь псори къыбгъэдалъхьауэ. А зэманым благъагъи, ныбжьэгъугъи щыIэтэкъым, Алыхьми зэхэгъэж ищIыртэкъым, зыгуэрым нэхъ игу сыдыхьэнщи, адрейр къэзгъэнэнщ жиIэу. Анэм къыбдимылъхуар зыми къуитыжынукъым.
  •  Лэжьыгъэм фIэкIа зыри зыфIэмыхьэлэмэт щихъыу сакъыщохъу сэ зыгуэрхэм. Ар пэжкъым. Адрейхэм тыншу сыпсэууэ, куэд сшхыуэ икIи сефэу къащохъу — ари пэжкъым. Сэ дэтхэнэ зы цIыху къызэрыгуэкIыр зэрыпсэум хуэдэу сопсэу, зыми зыкIи сыкъыфщхьэщыкIыркъым.
  •  Сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сримафIэ ужьыхыжщ. ХъуаскIэу сыщытамэ нэхъ къэсщтэнут, зэкъуэтыныгъэр, ныбжьэгъугъэр, Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр нэхъ ину блэн хуэдэу. Ауэ цIыху гуэрхэр къыкъуэкIащ а мафIэр ягъэункIыфIыну хуейуэ, икIи ягъэункIыфIащ. Ей, мы цIыхухэри, мы цIыхухэр! КъызэщIагъэнэн хуей хуэдэхэу мафIэм йопщэ, ауэ ягъэункIыфIыну хуейщ. КъайхъулIакIэщ! АбыхэмпсорикъайхъулIэнущ!
  • КIыщокъуэ Алим илъэс 70 щрикъу махуэм. 1984 гъэ

  • ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и бюром къыщипсэлъар
  • Адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ
  • УРЫСЫБЗЭР адыгэбзэм зы Iыхьэу къыхыхьауэ аращ. ИтIани бзэм езым и хабзэкIэ зиужьыжын хуейщ. Ауэ сщIэркъым къызыхэкIыр — урыс псалъэхэр адыгэбзэкIэ щызэрадзэкIкIэ, Iэмал имыIэу урыс грамматикэм зытрагъэщIэн хуейуэ ябж. АдыгэбзэкIэ «коммунистическая партия» жыпIэнумэ къызэрупсэлъынур «коммунистическэ парт» жиIэущ. Ауэ газетхэм ар «партие» жаIэнурэ иратхэнущ — ие кIэухыр къыздикIар мыгурыIуэгъуэу. Апхуэдизу мы Iуэхур гугъусыгъу щIын хуейкъым. Дэ гъуэгу захуэм дытету дежьат, ауэ дылъэпэрэпауэ аращ.
  • Иджы тIэкIу зэдзэкIыгъэхэм ятеухуауэ. Ныбжьэгъу КIыщокъуэм пэжу гу лъитащ ди интеллигенцэр бэм зэрапэIэщIэр, е, нэхъ пэжу жыпIэмэ, бзэ и лъэныкъуэкIэ пэжыжьэ хъункIэ зэрышынагъуэр. Ди тхакIуэхэр адыгэбзэкIэ къэпсэлъэжхэркъым. Сыт ар къызыхэкIыр? Ди алыфбейр зэрыIейракъым. Мыбдеж и щхьэ течауэ ди бзэм и Iуэхур зыIутыр жытIэфын хуейщ. Адыгэбзэр тхьэмыщкIэщ, абы зегъэужьыпхъэщ. Ауэ ар къулейсызу аракъым, урысыбзэм елъытауэ, нэхъ тхьэмыщкIэу аращ. Дауи, ди интеллигентхэм я нэхъыбэр урысыбзэкIэ нэхъыфIу мэпсалъэ, абы щIэныгъэм епха фIэщыгъэхэр нэхъыбэу щыбогъуэт. Абы къыхэкIыу упщIэ къоув: дауэ зэрызэбдзэкIынур, зэдзэкIыпхъэри сыт? КъызэрыкIуэ уэршэрым и гугъу пщIымэ, сэ тыншу сопсалъэ. Гъавэмрэ Iэщ гъэхъунымрэ егъэфIэкIуэн зэрыхуейм гугъукъым утепсэлъыхьыну. Ауэ политикэмрэ наукэмрэ утепсэлъыхьыну нэхъ гугъущ. Аращи, сэ сызэреплъымкIэ, щIэныгъэмрэ техникэмрэ, бэмрэ политикэмрэ ехьэлIа фIэщыгъэхэр зэрыщытым хуэдэ дыдэу урысыбзэм къыхэкIыу адыгэбзэм хыхьэн хуейщ. Мыбдежым хуэфэщэн псалъэ къэплъыхъуэу зэман щIэбгъэкIуэдын щыIэкъым. Общественно-политическэ фIэщыгъэхэр дуней псом утыку щызыгъуэта цIэхэщ, абыхэм адыгэбзэм къыхэмыхьэпIэ яIэкъым…
  • Урысыбзэм кърахыу адыгэбзэм е балъкъэрыбзэм кърагъэзагъэ тхыгъэхэм ткIий дыдэу тепсэлъыхьыпхъэщ. ЗэдзэкIыгъэ нэсхэр ди мащIэщ. Языныкъуэ тхылъ телъыджэхэр адыгэбзэм зыкIэ фаджэладжэ щыхъуащи, къыпхуэцIыхужыркъым. СщIэркъым и пэжыпIэр, ауэ ныбжьэгъу Хутуевым зы колхозхэт гуэр къыхуэтхьэусыхауэ жеIэ: Сыт псори Пушкиным щIыщытхъур? Абы нэхърэ нэхъыфIу мыпхуэдэ адыгэ е балъкъэр усакIуэр матхэ, жиIэри. Ар гуэныхьышхуэщ. Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ, зэдзэкIакIуэ зи цIэхэм щыщу зэдзэкIыкIэ зымыщIэ ныбжьэгъухэр къахэшауэ: «Ныбжьэгъухэ, фэ нэгъуэщI IэнатIэ гуэр фыпэрыхьэ. ЗэдзэкIын Iуэхур адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэрэ фIыуэ зыщIэ, а бзэхэмкIэ фIыуэ тхэф КIыщокъуэм, Отаровым, ЩоджэнцIыкIум, е нэгъуэщI зыгуэрхэм зэфIагъэкIынщ», — яжеIапхъэщ.
  • Ди литературэм теухуауэ
  • СЫТ ДИ литературэр зыхуейр, и гъуэгур бгъуфIэу адэкIи зиужьын щхьэкIэ? Псом япэ — критикэфI, щхьэмыгъазэу, ауэ адэм хуэдэу фIым ухуиущиеу…
  • Дэ гукъыдэжышхуэ диIэу усэ гуэрхэр тыдодзэ, и сатырхэр зэрызэкIэлъыхьам фIэкIа усэкIэ уригъаджэу нэгъуэщI ябгъэдэмылъу. Усэ кIыхьхэр къежьащ газетым е журналым и зы къыдэкIыгъуэм имыхуэу, адрейм гъэIэпхъуэн хуейуэ. Ди ныбжьэгъу гуэрым сатыр 9.500-рэ хъууэ усэ итхащ жаIэ. Сыт хуэдэ нэгъуэщI мардэ а усэм и фIагъыр къызэрупщынур, и сатыр бжыгъэм нэмыщI?
  • Усэ мыхьэнэншэхэр ятх къудейкъым, щIэрыщIэу къытрадзэж. Усэ тхылъ щызхэр къыдокI, я жинт щIыIум «Фымытхэ» жыIауэ тетхапхъэу. Апхуэдэу Iэпэдэгъэлэлу усакIуэ ныбжьыщIэхэм уахущытыным фIым дыхуишэнукъым. Усыгъэм и пщIэр зэрыдгъэлъахъшэм нэмыщI, цIыхухэм абы хуаIэ лъагъуныгъэр къыдогъэтIасхъэ, пэжу дунэтIмэ зызыужьыну догъэкIуэд. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм зэчий зиIэ ныбжьыщIэхэм таурыхъым хэт зэгъунэгъуибгъум я шэ пэгунибгъур изыф джэдум и махуэ къахуигъэкIуэнущ. Пэжщ, джэду шырым ар и жагъуэкъым, и къугъ макъри бзу бзэрабзэм и жьыуэкIэм нэхърэ нэхъыфIынкIи хъунщ. Ауэ апхуэдэ джэдум дзыгъуэ къиубыду зэи зригъэсэфынукъым. Дэ зы унагъуэ узыншэшхуэ дохъу, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, дзыгъуи ди куэдщ. Ахэр гъэкIуэдын Iуэхум усакIуэхэр хэмыту хъунукъым. ЖысIэну сызыхуейр — ди ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэми, ди тхылъ тедзапIэми литературэ гуащIэдэкIыу дунейм къытрагъэхьэм елIэлIэн хуейщ. Пэжщ, бжыгъэ дыхуейщ, ауэ фIыр зи нэщэнэ бжыгъэщ дызыхуейр.
  • ФызгъэгувэнкIэ сыгузавэми, зыгуэр къыщIызмыгъуу хъунукъым. Дэ литературэм и зыужьыныгъэм догупсыс. Литературэм и зыужьыныгъэм дытопсэлъыхь. Сыт къызэрыпхутэнур абы и лъагагъымрэ и мыхьэнэмрэ? Псом япэ, дауи, усакIуэхэм, тхакIуэхэм, драматургхэм, абыхэм я тхыгъэхэм, я зэдзэкIыгъэхэм я бжыгъэмкIэщ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ укъэзымыгъапцIэу литературэм и фIагъыр къызэрупщын мардэр — тхылъеджэхэм я бжыгъэмрэ абыхэм тхакIуэхэм жаIэм и хьэтыр зэралъагъу-зэрамылъагъумрэщ.
  • 1959 гъэ, жэпуэгъуэ мазэ.