ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэкум папщIэ

2021-06-22

  • Ди къэралым и тхыдэ напэкIуэцIхэм къыхэнащ лIэщIыгъуэкIэрэ хэмыгъуэщэжын къэхъукъащIэхэм я лъэужьхэр. Абыхэм я нэхъ хьэлъэхэм, гуащIэхэм, цIыхубэм гуауэ куэдрэ бэлыхь мымащIэрэ къахуэзыхьахэм ящыщщ 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр. Гъэунэхуныгъэ ин дыдэу щытащ а зауэр совет къэралыгъуэми абы щыпсэу цIыхухэми я дежкIэ. Ар зэриухынум елъытат къэралым и къэкIуэнури, цIыхухэм яIэну псэукIэри. ЩытыкIэр фIыуэ къызыгурыIуэ совет цIыхухэр а зауэм хэтащ, я гуащIи я гъащIи щымысхьыжу. ТекIуэныгъэм мылъкурэ цIыху гъащIэу халъхьари жыпIэ пэтми пхуэмыIуэтэжыным хуэдиз мэхъу. Нобэ илъэс 80 ирокъу Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейрэ.

  •  Зауэм и япэ махуэм, нобэ хуэдэ мэкъуауэгъуэм и 22-м и пщэдджыжьым, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу цIыхуищэхэр военкомат бжэIупэхэм Iутт, езыхэр яфIэфIу фронтым зэрыIухьэнумкIэ лъэIу тхылъхэр ятхыну хьэзыру. Дзэм къулыкъу щызыщIэу щыIэ ди лъахэгъухэм ящыщу 100-м щIигъу Брест быдапIэм деж щекIуэкIа япэ зэзауэхэм хэтащ. Псори зэхэту къапщтэмэ, ди республикэм и щIалэхэу, пщащэхэу Хэку зауэшхуэм и фронт зэмылIэужьыгъуэхэм хэтащ мин 70-м нэс. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм ящыщу къэзыгъэзэжар зэрыхъур мин 40-м щIигъущ. Адрейхэм я щхьэр хуагъэтIылъащ къэралым и хуитыныгъэр хъумэным. Унагъуэ щIагъуэ къэнакъым а мафIае илъэсхэм къахьа гуауэр зылъэмыIэса. ЩыIащ я бынхэм ящыщу тIу, щы е нэхъыбэ зыфIэкIуэдахэр.
  • Ди республикэм щыпсэу щIалэхэр хэту къызэрагъэпэщауэ щытащ 175-нэ, 337-нэ фочауэ дивизэхэр. НэхъыфI защIэу къыхэщыпыкIауэ щIалэ минитхум щIигъу хэту къызэрагъэпэщат 115-нэ шууей дивизэр. Бгырысым хэлъын хуей лIыгъэм щIапIыкIа, Хэкум и пащхьэм щаIэ я къэлэным хуэпэж, къикIуэт зымыщIэ шу щхьэмыгъазэхэр, губгъуэ джафэм танкхэм щыпэщIагъэувами, шынэ яхэмылъу бийм пэщIэтащ, я гъащIэри халъхьащ.
  • КъищынэмыщIауэ, зауэм и япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ ди щIыналъэм фронтым кIуэным хуагъэхьэзыращ шууей гуп щхьэхуэхэр, фочауэ гупхэр, телеграфистхэмрэ телефонистхэмрэ, радистхэмрэ тIасхъэщIэххэмрэ. Налшыкрэ Прохладнэрэ щылэжьа аэроклубхэм щрагъэджащ кхъухьлъатэзехуэрэ парашютисту 700-м щIигъу. А зауэ IэщIагъэхэм хуэныкъуащэт фронтыр, псом хуэмыдэу япэ илъэсхэм.
  • Къардэн Къубатий зауэм лIыгъэу щызэрихьар Къэбэрдей-Балъкъэрми къэралышхуэу щытами ис цIыхухэм ящIэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащауэ зауэр зэриухами куэд щыгъуазэщ. Къубатий зэрихьа лIыгъэр щапхъэ яхуэхъуащ ди лъахэгъу минхэм. Абы хуэдэу псэемыблэжу ахэр япэщIэтащ бий бзаджэм. Къапщтэмэ, Хэку зауэшхуэм щызэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щхьэкIэ ди республикэм щыщ цIыху 26-м хуагъэфэщауэ щытащ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъагэр, цIыхуи 6-м «ЩIыхь» орденым и дамыгъэ псори къратащ, мини 112-м щIигъум иратащ нэгъуэщI къэрал дамыгъэ лъапIэхэр.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленностымрэ мэкъумэш хозяйствэмрэ я IэнатIэхэри жэуаплыныгъэ ин зыхащIэу хыхьащ фронтым папщIэ екIуэкI лэжьыгъэхэм. Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм къриубыдэу ди щIыналъэм икIыу фронтым Iэрыхьащ щIакхъуэ тонн мин 278-рэ, лыуэ центнер мин 97-рэ, нэгъуэщI ерыскъы куэд. Фронтым ирагъэшащ адыгэшу мин 27-м щIигъу.
  • «Псори фронтым папщIэ! Псори ТекIуэныгъэм папщIэ!» къыхуеджэныгъэм щIэту гуащIэдэкI лэжьыгъэшхуэ щызэфIахащ ди щIыналъэм и IуэхущIапIэ псоми. ТекIуэныгъэ Иныр къэхьыным я зэфIэкI ирахьэлIащ ди республикэм и цIыху псоми: балигъхэми сабийхэми, цIыхухъухэми унэгуащэхэми, къулыкъущIэхэми лэжьакIуэжьхэми.
  •  Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм къалэм и гуащIэрыпсэухэм лIыгъэрэ бэшэчыгъэрэ къызэрагъэлъэгъуам пэкIуэу, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ 1985 гъэм накъыгъэм и 7-м ди республикэм и къалащхьэм Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ. УФ-м и Президентым и УнафэкIэ 2010 гъэм Налшык къыфIащащ «Зауэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэри.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.