Зэдэлэжьэну зэгуроIуэ
2020-09-12
- Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыблагъэ лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Урысей Федерацэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм Сабийхэм я узыншагъэмкIэ лъэпкъ медицинэ къэхутэныгъэмкIэ и центрым и лIыкIуэхэр.
- IэщIагъэлIхэр щыIащ Республикэ клиникэ сымаджэщым, Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым, Сабий унэм, Сабий поликлиникэ №1-м. КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустамрэ министерствэм сабийхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэр къахузэгъэпщынымкIэ и къудамэм и унафэщI Щоджэн Юлиерэ хьэщIэхэр щагъэгъуэзащ цIыкIухэм я узыншагъэр хъумэнымкIэ республикэм щызэфIагъэкI Iуэхухэм. Москва къикIа IэщIагъэлIхэм зрагъэлъэгъуащ сабийхэм щеIэзэ IуэхущIапIэхэм щекIуэкI лэжьыгъэр, ди дохутырхэм я зэфIэкIхэри ягъэунэхуну къахуихуащ. Я нэгу щIэкIахэм теухуауэ я еплъыкIэхэр къаIуэтащ, республикэм и педиатрие IэнатIэр адэкIи егъэфIэкIуэнымкIэ чэнджэщ щхьэпэхэр къратащ.
- ХьэщIэхэм къыхагъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дохутырхэм Iэзагъышхуэхэр зэрыдалъэгъуар, апхуэдэуи Республикэ клиникэ сымаджэщыр хъарзынэу лэжьыгъэм къызэрыхузэгъэпэщар жаIащ, зэдэлэ-
- жьэнуи зэгурыIуахэщ.
- ЩхьэщэмыщI Изэ.