Адыгэшым дунейпсо рекорд егъэув
2020-09-12
- «Шэрджэс дерби» зэпеуэр адыгэшым дунейпсо рекорд зэригъэувамкIэ иухащ. «Шуууэ махуипщIым и кIуэцIкIэ зэпача гъуэгуанэ нэхъ кIыхь дыдэ — километри 1.002-рэ метр З00-рэ» — апхуэдэу тхылъхэм итынущ адыгэлIымрэ адыгэшымрэ нобэ зэрахьэ лIыгъэр», — жиIащ Урысейм щагъэув рекордхэм и къэпщытакIуэ Дубровин Александр.
- МахуипщI хъуауэ сабии балигъи я гулъытэр зыкIэрыпщIа, Нартан губгъуэхэм щекIуэкIа адыгэш зэхьэзэхуэр и кIэм нэсащ. Нэхъ пасэу и гугъу зэрытщIащи, зэхьэзэхуэм шу-уей 11 зэдыхыхьат. Абыхэм ящыщу махуэ ебланэм щегъэжьауэ гъуэгу тетар шууищ къудейщ.
- Япэ къищыну шум пэплъэу зэхэт цIыхубэм я гуфIэгъуэр яхуэубыдыжыртэкъым, шууищри зэбгъурыту къыщысыжам. Нэхъыжьыгъэр зылъыс, Инал шым тес Къуныжь Ро-берт икум итт. Шагъдийм тесу нэхъыжьым и сэмэгурабгъумкIэ кърикIуэ Джатэ Щамил Урысейм и ныпыр IэщIэлът. Къазбич тесу ижьырабгъумкIэ къыщыт Дудэ Арсен адыгэ ныпыр иIыгът. Адыгэшым и бэшэчагъыр къигъэлъэгъуамэ, щIалэхэм адыгэлIыр зэрымыкIуэдыжар, щэным я нэхъ дахэ шыIэныгъэмрэ зэгурыIуэмрэ пхэлъыным нэхърэ нэхъ лъапIэ дэтхэнэ лъэпкъми зэримыгъуэтынур къагъэлъэгъуащ. Апхуэдэ щIыкIэу, етIуанэ, ещанэ увыпIэхэм хухаха теувапIэхэр нэщIу къанэри, адыгэ фащэ зыщыгъ шууеищыр зэбгъурыту япэ увыпIэм дэкIуеящ.
- Псалъэ дахэкIэ къызэхуэсахэм закъыхуигъэзащ и щхьэкIи зэпеуэм хэта, «Адыгэшыр хъумэнымкIэ фондым» и унафэщI, Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ Сибэч Артур:
- «Дэ дрогушхуэ нобэрей махуэр тхыдэм зэрыхэувам. Пэжыр жыпIэмэ, ди фIэщ хъурт адыгэшым мы Iуэхур зэрыхузэфIэкIынур, итIани ди нэкIэ тлъэгъуатэкъым. Псори зи фIыщIэр Алыхьышхуэрщ.
- «Бгъэхэр мыпсалъэмэ, къанжэхэр мэкIакIэ», — жаIэ. Адыгэшыр зэрыдиIэр хуабжьу жызыIэн хуей си лъэпкъэгъухэр куэдрэ щыму щысащ. АпщIондэху къанжэхэр кIакIэрт. Жэщи махуи абыхэм адыгэшыр ягъэпудырт. Ар щымыIэжу, щыIэжми, зыри имыщIысыж хуэдэу ягъэIурт. Нобэ къэралми, дуней псоми, дыкъызыхэкIа лъэпкъми я нэкIэ идогъэлъагъу дунейпсо цIыхубэм адыгэшым хуэдэ шы лъэпкъ къызэрымыкIуэ зэриIэр. Нобэ шым и IуэхукIэ дуней псор зылъэIэсыпхъэ лъагапIэр апхуэдизкIэ тIэтащи, сигурэ си псэкIэ си фIэщ мэхъу а рекордыр зыгуэрым икъутэфыххэмэ, ари адыгэшым тесу фIэкIа зэрыхузэфIэмыкIынур».
- ФIыщIэ лей яхуэфащэщ я къуэш-хэр ягъэгушхуэну дэнэ лъэныкъуэкIи текIуэныгъэ утыкум къекIуэлIа щIалэхэм. Абыхэм къакIэрыхуртэкъым зи щхьэгъусэ, зи адэ, зи къуэ, зи дэлъху зэпеуэм зыгъэкIуа цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ. ФIыуэ ялъагъухэм псэкIэ зыкъыщIагъакъуэрэ текIуэныгъэкIэ фIэкIа къащымыгугъыу ахэр я унэ зэрисыжари нэрымылъагъуу зэрахьа лIыгъэм и щапхъэщ.
- Чэрим Марианнэ.