Къардэн Мурат и цIэр фIащ
2020-09-12
- Шэджэм къалэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ школ. А спорт лIэужьыгъуэмкIэ Олимп чемпион, Дунейпсо кубокыр къэзыхьа Къардэн Мурат и цIэр абы фIащащ.
- Спорт бэнэкIэмкIэ пэшым зэуэ зыщагъэсэфынущ сабии 150-м. КъищынэмыщIауэ, абы хэтщ псы есыным, атлетикэ хьэлъэм, гуп зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыщыхуагъэхьэзыр щIыпIэ Iэхуитлъэхуитхэр.
- Пэшыр къызэгъэпэщащ жьыр зыгъэкъабзэ IэмэпсымэкIэ, зыхуей хуэгъэза зытIэщIыпIэхэмкIэ, тренерхэр зыщIэсынухэмкIэ. Алэрыбгъуищ щаукъуэдия щIыпIэм алыдж-урым бэнэкIэм щыхуагъэсэнущ.
- БэнэкIэмкIэ пэшыр Шэджэм къалэм къыщызэIуахым кърихьэлIащ абы и цIэр зыфIаща Олимп чемпион, иджыпсту КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат.
- Iуэху щхьэпэм и хьэтыркIэ къызэхуэсыжахэт ди спортсмен цIэрыIуэ Олимп чемпионхэу Махуэ Билалрэ Мудрэн Беслъэнрэ, Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ, Олимп Джэгухэм домбеякъ медалыр къыщызыхьа Тау Хьэсэнбий сымэ, нэгъуэщI дызэрыгушхуэ щIалэ зыбжанэ. Официальнэ Iуэхугъуэхэр зэфIэкIа иужькIэ ахэр жыджэру хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэ ныбжьыщIэхэм спорт пэшыщIэм щрагъэкIуэкIа япэ зыгъэсэныгъэм.
- Шэджэм къалэм къыщызэIуаха алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пэшым зи цIэр фIаща Къардэн Мурат ди республикэр къищынэмыщIауэ, къэралыр зэрыгушхуэ цIыхущ. Ар Олимп чемпионщ (2000 гъэм), Дунейпсо кубокыр щэнейрэ къэзыхьащ (1992, 1995, 1997 гъэхэм), Европэм щытекIуащ (1998 гъэ), иджы Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэщ.
- Жыласэ Заурбэч.