КIэртIофыр, нартыхур, къэбыстэр кърахьэлIэж
2020-09-12
- Шэрэдж щIыналъэм и администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, районым и кIэм щынэблэгъащ кIэртIофыр къэтIыжыныр. Ар щызэщIакъуэжащ гектар 233-м е зыхаса псоми я процент 75-м.
- Ибэвагъми щогуфIыкI ар зыщIахэр — гектар къэс центнер 230-рэ къытокI. Республикэм ику иту гектарым центнер 206-рэ фIэкIа къызэрыщытрамыхыр къэплъытэмэ, щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм узыщыгуфIыкIын ехъулIэныгъэхэр яIэщ. Илъэс кIуам а бжыгъэр хэпщIыкIыу нэхъ мащIэу щытащ — гектар къэс центнери 188-рэ къитауэ арат.
- Апхуэдэуи гъавэгъэкIхэм «Бондюэль» нартыху лIэужьыгъуэр щыIуахыж Зэрэгъыж, Жэмтхьэлэ къуажэхэм. Пасэу хъу нартыху IэфI лIэужьыгъуэм хухахащ гектар 230-рэ. Ар IэкIэ къыдачыж, кIэчан мин 20 — 25-рэ зы гектарым къытекIыу. ЗэуIуу зыщэхухэм нартыху кIэчан къэс сом 13 — 14-кIэ кърат. Абы фейдэ хъарзы-нэ къахуехь нартыхугъэкIхэм.
- Балъкъэр Ипщэм, Жэмтхьэлэ Ипщэм я хадэхэкIгъэкIхэри Iуэхуншэ хъуркъым. Иджыпсту абыхэм Iуахыж къэбыстэ пасэр.
- Нэхъ гувауэ щIадзэнущ гъавапхъэ нартыхумрэ къэбыстэ кIасэмрэ къехьэлIэжыныр.
- ШЫРЫТ Къантемыр.