Сабийхэр мамырыгъэм и телъхьэщ
2020-09-12
- «Москва-Дамаск» арт — марафоным ипкъ иткIэ, «Дети России за мир в Сирии» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ Щам щекIуэкIащ.
- Урысейм и хэгъэгуихым щыщ сабийхэм графикэ жыпхъэм иту я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтипщI утыку къыщрахьащ абы.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу гъэлъэгъуэныгъэм кIуэну хуагъэфэщащ, и зэфIэкI дахэхэмкIэ ди газетеджэхэр фэдгъэцIыхуауэ щыта, Уэтей Хьэзем. Абы и гъусащ РСО-Аланием (Мэздэгу къалэ), Ставрополь крайм (Псыхуабэ), Санкт-Петербург, Адыгейм (Тульский къуажэ), Коми Республикэм (Воркута къалэ) щыщ ныбжьыщIэ зэчиифIэхэр.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» фестиваль-зэпеуэр Лъэпкъхэм я унэу Москва дэтымрэ сурэтыщI-модельер цIэрыIуэ ТIажь Альбинэ и фондымрэ 2008 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы зэхашэ дауэдапщэхэм щIалэгъуалэр Урысейм ис лъэпкъхэм я тхыдэм, щэнхабзэ щIэиным нэIуасэ хуещI, фIыуэ ярегъэлъагъу. Псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ, глобализацэм зэщIиубыда дунейм, лъэпкъыбзэхэм лей къащытехьэ лъэхъэнэм, мы фестиваль-зэпеуэр адыгэбзэр, щэнхабзэр хъумэным зэрытелажьэм.
- Щомахуэ Залинэ.