Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2020-09-12
- Хъыбар
- Дыщэ джэдыкIэ
- Зы лIыжьрэ зы фызыжь цIыкIурэ псэурт. Зы джэд закъуэ яIэти, яукIыжын щыхъум, джэдыр кIэцIри, дыщэ джэдыкIэ къикIэцIащ.
- — Джэдыр думыгъэукIыж, — жаIащ лIыжь цIыкIумрэ фызыжь цIыкIумрэ. — Пщэдеи кIэцIмэ, дыщэ джэдыкIэ къытхуикIэцIынщ.
- ЕтIуанэ махуэм джэдыр ягъуэтыжакъым — дэкIри бзэхащ.
- — Джэдыр къэзмыгъуэтыжауэ сыкъекIуэлIэжынкъым, — жери лIыжь цIыкIур ежьащ.
- КIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, ныуэжь гуэр деж екIуэлIащ.
- — Дыщэ джэдыкIэ къикIэцIу зы джэд закъуэ диIэти, пщIантIэм къыдэкIри кIуэдащи, абы срилъыхъуакIуэщ, хэпщIыкIIамэ, къызжеIэ, — жиIащ лIыжь цIыкIум.
- — Джэдыр слъэгъуакъым, — жиIащ ныуэжьым, — джэдыр щыпфIэкIуэдакIэ, зыш уэстынщи, ущыщмэ, узыхуей шхыныгъуэр къыкIэрыщэщынущ.
- — Сыбгъэунащ! — шыр Iэдэжу къришажьэри, лIыжь цIыкIур къежьэжащ.
- КъыщыкIуэжым къуажэ гуэр къыдыхьащ, зыгуэрым и куэбжэпэ цIыху Iув щызэхэтти, ябгъэдыхьэри яжриIащ:
- — Мы шыр ауэ сытми шыкъым. Ущыщмэ, узыхуей шхыныгъуэр къыкIэрощэщ.
- Куэбжэпэм щызэхэтхэм ауан къащIащ лIыжь цIыкIур, «уэ-хьэ-хьэхь!» жари къыщыдыхьэшхащ. «Уэ-хьэ-хьэхь!» жаIэу щыщыщым, лIыжь цIыкIум и шым шхыныр къыкIэрыщэщу щIидзэри, пщIантIэм дэз хъуащ, жылэр къызэхуэжэсри етIысылIащ.
- — Дыбгъэунащ! — жари хьэщIэщым ирашащ, ягъэхьэщIэху ныуэжьым кърита шыр Iуашри, нэгъуэщI зыш къыхуагъэуващ. Ар Iэдэж ищIри, къежьэжащ лIыжь цIыкIур.
- — Джэдым дыпыкIащ, — жриIащ фызыжь цIыкIум, унэм ихьэжри, — ныуэжь гуэр срихьэлIати, мы шыр къызитащ, ущыщмэ, узыхуей шхыныгъуэр къыкIэрыщэщынущ.
- Фызыжь цIыкIур гуфIэри щыщащ, арщхьэкIэ шым зыри къыкIэрыщэщакъым.
- — СыкъэбгъэпцIащ, — жери лIыжь цIыкIум шыр ныуэм хуишэжащ.
- — УкъэзгъэпцIакъым, — къыжриIащ ныуэжьым. — Зы бжэн уэстынщ иджыри. «МаI!» жыпIэмэ, дыщэ къыжьэдэлъэлъынущ бжэным.
- Бжэным и бжьэм кIапсэ ирищIэри, къежьэжащ лIыжь цIыкIур, шыр щыфIадыгъуа къуажэм къэсри дыхьащ.
- — «МаI!» жыфIэмэ, си бжэным дыщэ къыжьэдэлъэлъынущ, — яжриIащ, жылэр къыщызэхуэжэсым.
- — Мы лIыжь цIыкIум жиIэр пэжщ, — жари хьэщIэщым ирашащ, ягъэхьэщIэ защIри, и бжэныр фIадыгъуащ, къыщрагъэжьэжым нэгъуэщI зы бжэн къратащ. Къратар къилъэфри, лIыжь цIыкIур и унэ ихьэжащ.
- — Фызыжь, арджэн гъэтIылъи, «ма-а-аI!» жыIэ, мы бжэным дыщэ къыжьэдэлъэлъынущ, — жиIащ лIыжь цIыкIум.
- Фызыжь цIыкIум «маI!» жиIа щхьэкIэ, бжэным дыщэ къыжьэдэлъэлъакъым.
- — Мы ныуэм щхьэ сыкъигъапцIэрэ! — лIыжь цIыкIум бжэныр ныуэм хуишэжащ.
- — УкъэзгъэпцIакъым, — къыжриIащ ныуэм. — Ауэ щыхъуакIэ, мы башыр узот, зыгуэрым уеуэн хъумэ, «дом-дом!» жыIи, уэ бгъэувыIэжыху увыIэнукъым.
- Башыр къищтэри къежьэжащ лIыжь цIыкIур. Шымрэ бжэнымрэ щыфIадыгъуа къуажэм къэсри дыхьащ, жылэр къызэхуэжэсати, яжриIащ:
- — «Дом-дом!» — жывмыIэ. «Дом-дом!» жыфIэмэ, мы башым фи щхьэр кърикъутэхынущ.
- Ар я фIэщ хъуакъым жылэм. Ауан къащIщ, къыщыдыхьэшхри:
- — «Дом-дом!» щыжаIэм, башыр лъейри, жылэр зэтриукIэу щIидзащ.
- Башыр щымыувыIэжыххэм, жылэр къелъэIуащ: — Уишри уи бжэнри уэттыжынщ, мы башыр гъэувыIэж, — жари.
- Шыри бжэнри къратыжащ, лIыжь цIыкIур и унэ ихьэжри, тхъэжу псэу хъуащ.
- Къэрмокъуэ Хьэмид.
- Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
- «Адыгэ псалъэ» газетым къыхуеблэгъащ КъБР-м и цIыхубэ художник КIыщ Мухьэдин. Абы егъэлъапIэ сурэтыщI ныбжьыщIэ Мэлбахъуэ Мадинэ. 2002 гъэ
- Псалъэ шэрыуэхэр
- Емыса лэгъупэжь хъурэ?
- Дзы зиIэ и нэIэ щIэтщ.
- Зытешыныхь гуэр зиIэ цIыхур бэлэрыгъыркъым: абы а зытешыныхь дыдэр псоми я Iуэхуу къыщохъу.
- Емыса лэгъупэжь хъурэ?
- IэнатIэ, Iуэхугъуэ гуэрым къигъэувыр ягъэзащIэу зэремысар, абыхэм зэрыхуэмышэрыуэр жаIэну щыхуейм и деж къапсэлъ хабзэщ.
- Жыгыжьыр иту, жыгыщIэр йобэт.
- «ЛIэныгъэр жьыгъэ-щIагъэкъым» жыхуиIэщ: жьы хъуар къанэу щIалэ дыдэри дунейм ехыжынкIэ мэхъу.
- Жьабэ нэхърэ шабэ нэхъ шэрыуэщ, шабэ нэхърэ жьабэ нэхъ губзыгъэщ.
- Мы псалъэжьым къикIыр, дэ къызэрыдгурыIуэмкIэ, узытеплъар къебгъэпсыхыфу шэрыуэ ухъун папщIэ, псалъэкъым узыхуейр — атIэ нэщанэ уеуэурэ зэрызебгъэсэн, шэ куэду уиIэн зэрыхуейрщ. Ауэ сыт хуэдизкIэ лъэщу цIыхур шэрыуэми, абы и Iущагъыр къэзыгъэлъагъуэр къыжьэдэкI псалъэрщ.
- Мастэ гуапэщи, мастэ гуауэщ.
- ЦIыхум зы тIэкIукIэ и гуапэ пхуэщIынущ, зы тIэкIукIи и жагъуэ пхуэщIынущ.
- ПащIэм къимыхьар жьакIэм къихьыжыркъым.
- УщыщIалэм къыпхуэмылэжьар уи жьыщхьэ къыпхуэлэжьыжынукъым.
- Псы Iуфэм Iусым псы икIыпIэр ещIэ.
- Щхьэж езыр зэрыс, зыпыщIа щIыпIэм, абы къыщыхъу-къыщыщIэхэм нэхъ щыгъуазэщ, а щIыпIэм щымыпсэухэм е пэIэщIэу псэухэм нэхърэ.
- Щауэ Къэлидар.
- Къуажэхьхэр
- Бгъэлъеймэ, далъэ, бгъэтIылъмэ, даIуэ
- Зи щIыб жьыбгъалъэу, зи лъэр кIэрахъуэ.
- Зи бжьэ дыгъэрыгъу, зи кIэ мыгъуэIус, хьэдэIус хамылъхьэ.
- Жыг зылъахъэу лъахъэбжьэншэ.
- Мэзым къыщрабзэу, бзэмыIум къыхуахь.
- Бгъэлъеймэ, далъэ, бгъэтIылъмэ, даIуэ.
- ПщIантIэдэт Iэпхъуамбабэ.
- Жэуапхэр:
- Машинэ. Бжэн. Лъэнтхъуий. Выуэч. Арыхъыш (цIампIырэ). Пхъэлъантхъуэ
- Псалъэжьхэр
- Нэм псэр зыщIешэ
- Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым, щIэ зэрымысым насып илъкъым.
- Нэм псэр зыщIешэ, гум гур къреджэ.
- КъакIуэ псори благъэщ.
- Закъуэныгъэ нэхърэ Iэл къыбдис.
- Унагъуэ зиIэм унагъуэ и пIалъэ ещIэ.
- Ныбжьэгъугъэмрэ къуэшыгъэмрэ сыт хуэдэ къулеигъэм нэхъри нэхъ лъапIэщ.
- ЗэгурыIуэ здэщыIэм берычэти щыIэщ.
- Гъуэгу нашэкъашэм жыжьэ унигъэсынукъым.
- Ущизакъуэм и деж гъуэгури кIыхьщ.
- Пшэ зытемылъ уафэм уэшх къехыркъым, нэщхъеягъуэ зыщIэмылъ нэхэм нэпс къащIэкIыркъым.
- Дэтхэнэ цIыху Iущри къызэрыгуэкIщ.
- Куэдыр пудщ, мащIэр лъапIэщ.
- ЩIакхъуэр пудщ, ахъшэ ущиIэм деж.
- Жыгыр псынщIэу хасэ щхьэкIэ, къыпыкIэнум куэдрэ йожьэ.
- ХьэщIэм пщIэ хуэзыщI бысымым и щIыхьыр инщ.
- Зэдэшхэ IэфIщи, зэдэфI унэщ.
- Хамэм ухуэмыубэ, быным ухуэмыдзыхэ.
- Нэм пэжыжьэми, гум пэблагъэщ.
- ЦIыхуфI и Iэнэ хьэзырщ.
- Уи анэ и Iэ илъым еплъи, уэ уи Iэ илъым едзакъэ.
- Сабий щIэхъуэпсым гущэпс ед.
- НэхъыщIэ нэхъ щIасэщ.
- Хэгъэрей бзаджэ дэкIуатэ кIыхьщ.
- Фигу къыдогъэкIыж
- Iэщэ лIэужьыгъуэхэр
- Жьы хъуа псалъэхэм я щапхъэу фигу къыдогъэкIыж пасэ зэманым щыIа Iэщэ лIэужьыгъуэхэм я фIэщыгъэцIэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр:
- сагъындакъ — колчан
- шабзэ — лук
- мыжурэ — штык.
- ИджыкIэ къэдмыгъэсэбэпыж хъуауэ, щтаучкIэ, гынкIэ ягъауэу щыта Iэщэ лIэужьыгъуэхэр:
- ержыб
- къалгъэжь
- къарэдае
- къэуал
- кърымщокъал
- къуэдас
- пхэней Хьэжмэстафэ
- щэмпIэуал
- къантэлоуэжь.
- Шхыныгъуэхэр
- Мэлыл пшэр гъэбэкхъа, кIэртIоф щIэлъу
- Лы цIынэр ятхьэщI, къупщхьэ хэлъмэ, г 20-25 хъууэ цIыкIу-цIыкIуу зэпауд, псы щIыIэ щIакIэ, шыгъу хадзэри, и щхьэр тепIауэ ягъавэ. Зэ къытекъуэлъамэ, мафIэр цIыкIу ящI, и щхьэр тепIауэ ныкъуэвэ хъуху — дакъикъэ 40-кIэ трагъэт. ИтIанэ лэпсыр къыщIагъэж, шыуаныр мафIэм трагъэувэжри, щэр нэхъ псынщIэу ткIун щхьэкIэ зэIащIэурэ дакъикъи 10-12-кIэ ягъажьэ. Дагъэр къыщIидзауэ лыр тхъуэплъ щыхъум, мыцIыкIу дыдэу упщIэта бжьын, шыбжий плъыжь сыр хьэжа халъхьэ, лыбжьэн щхьэкIэ и лъабжьэм ягъакIуэурэ икIи мэ дахэ къыхихыу щIидзэху, дакъикъи 5-7-кIэ, ягъажьэ. Грамми 10 хуэдизурэ упщIэта кIэртIофыр халъхьэри, и лъабжьэм ягъакIуэ, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 5-6-кIэ ягъажьэ. ИтIанэ къыщIагъэжа лэпсыр щIакIэжри, зэIамыщIэу, и щхьэр тепIауэ хьэзыр хъуху, дакъикъэ 25-рэ хуэдизкIэ, ягъэбэкхъ. МафIэм къытрахыж, джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ тIэкIурэ щагъэт. Пщтыру тепщэчым иралъхьэри, Iэнэм трагъэувэ. ПIастэ, чыржын, щIакхъуэ, мэжаджэ дашх.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): мэлылу — г 300, псыуэ — г 400, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 40, кIэртIоф укъэбзауэ — г 200, шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- Мэжаджэ щIакхъуэ, пщагъэ хэлъу
- Нартыху хьэжыгъэ ухуэнщIар тепщэчышхуэм иракIутэри, псы шыуа къэкъуэлъакIэ япщ, бэлагъкIэ зэIащIэурэ. Ар и пщтырагъыр градус 30-35-м нэсыху ягъэупщIыIури, псы къэкъуэлъам щыщу къэна хуабэпцIым пщагъэри шыгъури хагъэткIухьри, нартыху хьэжыгъэ тхьэв пщам хакIэж. Гуэдз хьэжыгъэ хакIутэри, тхьэвыр зэхэзэрыхьыхукIэ IэкIэ япщ, хъыдан трапхъуэри, сыхьэтиплI-сыхьэтитхукIэ хуабапIэм щагъэтщ, къэтэджын щхьэкIэ. Хьэзыр хъуа тхьэвыр щэ дагъэ зыщыхуа тебэм и зэхуэдитIым къыфIэкIыу иралъхьэ, тхьэвыщхьэр захуэ ящI, тебащхьэр трапIэжри, абы и щхьэм яжьэ пщтыр тракIутэ, мафIэ дэпхэр тратхъуэжри, хьэзыр хъуху ягъажьэ зы сыхьэт нэблагъэкIэ. Мэжаджэ щIакхъуэр хуабэу Iэнэм трагъэувэ. Шатэ, шху дашх, къалмыкъ шей докIу.
- Халъхьэхэр: нартыху хьэжыгъэу — грамм 700, гуэдз хьэжыгъэу — грамм 300, псыуэ — грамм 400, пщагъэу — грамм 60, тебэщыхуэу, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
- Къубатий Борис.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 6. Зи суд ящIэм къыщхьэщыж цIыху. 7. Гъуэгум иIэ кумблъэмбхэр. 9. Уеплъмэ, — …, уеджэмэ — дэгу. 11. ПщIыхьэпIэ зылъэгъуам иIуэтэжмэ, жраIэ: « … ухъу!» 12. Танэ мэжэлIам и … макъ къэIуащ. 14. ЛIы и къуэгъурэ … и гъуррэ. 15. «Бгы лъапэхэм …» — КIыщокъуэ Алим и поэмэ. 16. Ди лъэпкъэгъу, Урысей Федерацэм и цIыхубэ художник. 17. Куэд, зыкъом. 18. ТхъуцIынэ щIэпхумэ, къанэ псыр. 19. ПхъэхэкIыр зыхуей хуэзыгъазэ IэщIагъэлI. 21. Къурш лъэныкъуэмкIэ къриху жьы щыIэтыIэ. 23. Макъамэ Iэмэпсымэ. 27. ЩтаучкIэ ягъауэ пасэрей фоч. 28. Сыринэ. Е ГАИ-м и лэжьакIуэм иIыгъ хьэпшып цIыкIу. 31. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ Iэзэу щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ. 32. ХадэхэкI. 33. Таурыхъхэм узыщрихьэлIэ псэущхьэ шынагъуэ, щхьэ зыбжанэ фIэту. 36. Дунейм ехыжам ефэндым … трищIащ. 39. … имытмэ, лъакъуэм и мыгъуагъэщ. 41. Дыгъэ къыщIэкIыгъуэм уафэм къищI плъыжьыгъэ. 42. Уафэм къех псыIагъэ. 43. … зиIэм кIэи иIэщ. 44. ПкIэлъейм и … 46. ЩIымахуэм Iэщым хуагъэтIылъ шхыныгъуэ. 47. Мэш хьэуазэ. 48. Хьэлыуэ … е Iэгум ихуэну зы тыкъыр гуэр. 49. Жыг зытеуэри мэгурым, … зытехуэри мэгурым.
- Къехыу:1. Лэскэн куейм щыщ къуажэ. 2. ЩIым гъуэ куу щызыщI, хьэпIацIэ, хьэмбылу хуэдэхэр зи шхыныгъуэ псэущхьэ цIыкIу. 3. ПщIэшхуэ зиIэ цIыхум хужаIэ псалъэ дыгъэл. 4. … — абхъаз зауэм адыгэ щIалэхэм лIыгъэ щызэрахьащ. 5. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъу, кинорежиссёр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 8. Хадэм зэрилэжьыхь Iэмэпсымэ. 10. Гъатхэм пасэу ди щIыпIэм къэлъэтэж къуалэбзу. 13. … пыIэ. 14. Iэзэ къашэри, … ирищIщ. 20. Языныкъуэ къуажэдэсхэм я фIэIугъэр щIымахуэм абы щахъумэ. 22. Бийм и Iэщэ-фащэу, и хъугъуэфIыгъуэу текIуахэм къаIэщIыхьа мылъку. 24. Гурыхь. Е фэфI дыдэ зытет цIыху. 25. Куэдрэ щыта махъсымэр зэрытам и щIэм къыщIонэ. 26. Жэм лъакъуэ … иукIрэ? 29. Дохутырхэм къагъэсэбэп хьэмбылу лъэпкъ. 30. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и председателу, иужькIэ Урысей Федерацэм и Къэзыбж палатэм и япэ унафэщIу щыта. 34. … зимыIэм дзажэпкъ иIэщ. 35. КъулыкъущIэшхуэм и IэнатIэр … хэхыпIэ ищIащ. 37. Тырку империем нэхъапэм зэреджэу щыта. Е цIыхухъуцIэ. 38. Мэлыхъуэхэм я тхьэмадэ. 40. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ ШэджыхьэщIэ … 43. Зыгуэрым и Iыхьэ тIэкIу. Е щIы … 45. Языныкъуэ щыгъынхэм я лъабжьэ, я нэз.
- Зэхэзылъхьар
- Мыз Ахьмэдщ.
- ФокIадэм и 5-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:5. Къэнжал. 6. Нэбгъэф. 7. Фэтэр. 8. Дурэш. 10. Дэхъу. 12. ПащIэ. 14. Пщае. 17. Щыщ. 18. ПщыукI. 19. Соку. 22. ЛэпIанкIэ. 25. Хьэх. 26. Пщыпхъу. 28. Пэу. 29. Тхьэгъу. 31. Ахъуэхъу. 32. Макъ. 33. Жэнэт. 36. Думэн. 38. Къаплъэн. 39. БгъуэщIэс.
- Къехыу:1. Инат. 2. Джаур. 3. Фэнд. 4. Бгъэр. 7. Фонащэ. 9. Шэцыкуэ. 10. Дэ. 11. Хъуп. 13. ЩIэп. 15. Щэк1. 16. ШынакъыкI. 20. Кхъулэ. 21. Хьэм. 23. Щхьэмыж. 24. Мудрэн. 26. Пшэ. 27. Хъуэхъу. 30. Гъум. 31. Акъ. 34. Напэ. 35. Тхьэм. 36. Дыгъужь. 37. МыщIэ.