Москва Iэ щытрадзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академиемрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм
2020-09-10
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Москва щыхуэзащ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и президент Сергеев Александр.
- ЗэIущIэр теухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ РАН-мрэ къэралым и щIэныгъэ-техникэ зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм хуэщхьэпэну проектхэр гъэхьэзырынымрэ ахэр гъэзэщIэнымрэ я лъэныкъуэкIэ адэкIи зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм, апхуэдэуи РАН-м и Ипщэ центрым и IуэхущIафэхэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ щыIэ Iэмалхэм.
- Лэжьыгъэ IуэхукIэ зэIущIахэм Iэ традзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академиемрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм.
- Дэфтэрым щыубзыхуащ РАН-мрэ КъБР-м и Правительствэмрэ щIэныгъэ, щIэныгъэ-техникэ и лъэныкъуэкIи, IуэхущIэхэр къыхэлъхьэным ехьэлIа унэтIыныгъэхэми зэрыщызэдэлэжьэну щIыкIэр, а IэнатIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщиужьыным щIэгъэкъуэн хуэхъуну Iуэхухэр.
- Зэгъусэу зэфIагъэкIыну лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэу къагъэлъэгъуащ — щIэныгъэ, щIэныгъэ-техникэ программэхэм къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэныр; щIэныгъэ, IуэхугъуэщIэхэр къыхэлъхьэным елэжь IуэхущIапIэхэр КъБР-м и экономикэм къыхуэщхьэпэну Iуэхухэм къыхэшэным сэбэп хуэхъуну проектхэр зэхэлъхьэныр, ахэр гъэзэщIэнымкIи защIэгъэкъуэныр; республикэм Iуэху щызыщIэ субъектхэм, щIэныгъэ, IуэхугъуэщIэхэр къыхэлъхьэным хуэгъэпса IуэхущIапIэхэм заужьын папщIэ ахэр щIэныгъэ-техникэ IэнатIэм дзей щызэхуэхъунымкIэ защIэгъэкъуэныр; технологие лъагэхэр, щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр зи лъабжьэ IэнатIэхэм проектхэр къыщыхэхыным, щыпхыгъэкIыным хуэунэтIауэ зэдэлэжьэныр; щIэныгъэ-педагогикэ, унафэщI кадрхэр щIэныгъэмрэ инновацэмкIэ IэнатIэхэм папщIэ гъэхьэзырыныр.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.