Псынэ къибыргъукIым ещхь КIуащ БетIал
2020-09-12
- Багъы Петр
- КIэухыр. ПэщIэдзэр №108-м итщ.).
- — Сэ си куэщI зыгуэр изгъэсын хуейкъэ? Уэ си лъакъуэхэм уахуэIыгъыжыфынукъым, си Наташэ дахэшхуэ.
- Зыгуэрхэм тепсэлъыхьурэ, музыкэ Iуэхуми нэсахэщ. Вано формалист-хэм хабжэу зэрыракъухьам и хъыбар ищIыжурэ, «джэдылIэм здихьа бабыщ» жыхуаIэм хуэдэу, Дагъыстэным къыщыхъуауэ щыта гуэри ягу къагъэкIыжри, куэдрэ иридыхьэшхащ. Мырат ар зытеухуар. Мурадели и гупыр яудыныщIа нэужь, Москва щызэхуэса лIыкIуэхэр зэбгрокIыж. Щхьэж и лъахэ щызэхуашэсащ композитору, музыкэр зи IэщIагъэу, фольклористу, тхылъ ямыщIэми, лIыжь-фызыжь уэрэдусу, уэрэджыIакIуэу щIыпIэм щыпсэухэр. Къулыкъушхуэ зыбгъэдэлъхэм ящыщу Батырмурзаев гуэр пэцыр иричу Дагъыстэным къыщыпсэлъащ «Фыформалистщ, фыадрейщ-фымодрейщ», — жиIэурэ. ЩIэсхэр шынауэ, щыму едаIуэрт. ЩIагъэкъуаншэри къагурымыIуэу къызэхуэсахэм зыкъомрэ ятецIыбыхьа нэужь: «Хэт сыт щIэупщIэну?» — зэпигъэуащ и хъущIэныр Батырмурзаевым. Вы цIыкIу бжьакъуэшхуэ жыхуаIэм хуэдэу, бухъар пыIэ лъагэшхуэ щхьэрыгъыу зы лIыжь цIыкIу, тIэкIу и гур къызэрыгъуэтыжри, зыкъиIэтащ:
- — Товарищ Батырмурзаев, ми дажи нотI ни знайм, какой ми пармалист? — жиIэри.
- Ванорэ БетIалрэ я гур хэхъуэу зридыхьэшхыжыр арат. А зэманхэм цIыхухэр нэхъыбэу щIагъэкъуаншэр къемызэгъ гуэр ящIауэ е ящIэу аратэкъым, а лIыжь цIыкIум и псалъэхэми ар наIуэу къыхэщат, формалистыр хэтми къуагъащIэу.
- БетIали дунейм зэрехыжрэ куэд дэмыкIауэ Мурадели махуэшхуэ хуэIухуэщIэхэм ящыщ гуэрым теухуауэ ди республикэм кърагъэблэгъат. Шокъущ жоуэ абы уэрамым сыщыхуэзащ. БетIал и фэ есплъырти, сыблэкIынкIэ Iэмал иIэтэкъым — сыкъоувыIэ. Езыри къонэщхъей: «Ди деж сыщыщыIэми, псом хуэмыдэу мыбы сыкъэкIуа нэужь, БетIал-джан зы дакъикъэ си гум схуигъэхуркъым. ИкъукIэ сыхуэныкъуэщ сэ абы и напэлъагъум… Си Iуэхухэр псынщIэу зэфIэзгъэкIынурэ, сыкIуэжынущ». ИкIи кIуэжащ, афIэкIаи къигъэзэжакъым — куэд мыщIэу кIэлъыкIуэжащ фIыуэ илъагъу и БетIал-джан.
- Нэхъыжьхэм ноби-ныжэби ящымыгъупщэжауэ фIыкIэ ягу къинащ КПСС-м и обкомым и япэ секретару ди республикэм илъэс зыбжанэкIэ щылэжьа Бабич Василий. ЛIы бжьыфIэт, цIыхум защимыгъэпщкIуу, я Iуэху дигъэкIыу, я гуауи я гуапи ирахьэлIэу. И къулыкъум хуэфэщэн акъыл зыбгъэдэлъ унафэщIт, литературэм, искусствэм, щIэныгъэм я лэжьакIуэхэм и нэIэ ятет зэпытт, хэхауэ БетIал фIыуэ къилъагъурт.
- А зэманым хабзэу щытащ Май махуэшхуэм къыкIэлъыкIуэ етIуанэ махуэм нэжэгужагъэ ин яхэлъу къалэдэсхэм ди парк хьэлэмэтым зыщагъэпсэхуу, жыг щIагъхэм щIэзу щIэсу, щешхэ-щефэу, джэгуу, уэрэд жаIэу. Къэбэрдей псом къыщацIыху пшынауэ Iэзэ Къашыргъэ КIурацэ, БетIал и щхьэгъусэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Верэ, къуажэм къикIа сымыцIыху зы нэхъыжь, сэри сракIэрыдзэну, «Эльбрус» рестораныр здэщытым пэмыжыжьэу удзыпцIэм дыхэст, тхьэрыкъуэф Iэнэ зэгъэпэща дыбгъэдэсу. Дыпсалъэ-дыгушыIэу дыздэщысым, «Бабич къокIуэ», — жиIащ зыгуэрым. Дыплъэмэ, лъэс лъагъуэ цIыкIум тету, Бабичрэ и щхьэгъусэмрэ къакIуэрт. Къоблэгъапэхэри: «Сынывохъуэхъу, БетIал, МахуэшхуэмкIэ», — жи. «Апхуэдэу хъурэ, къеблагъэ! КъэтIыс!» — пожьэ абы КIуащыр. «Арауэ къыщIэкIынщ нэхъыфIри», — жеIэри Василий Иванович къыбгъэдохьэ. Сэлам кърихыну и Iэр къыщишийм, стэканым къепкIэу ирагъэхъуа бжьэр БетIал хьэщIэм IэщIигъэуващ.
- — ЯпэщIыкIэ гуп махуэбжьэм уефэн хуейщ, Василий Иванович. Аращ ди адыгэ Iэнэм деж щыхабзэр.
- — Мыр хъункъым, БетIал, — къоуIэбжь Бабич.
- — Мыхъунур уемыфэмэщ, — жи БетIал.
- Сыт ищIэнт? ИгъэщIейри ткIуэпс къринакъым. ИтIанэ, сэлам-чэламыр зэфIэкIа нэужь, аргуэру бжьэр ирагъахъуэри, БетIал хуэгъэзауэ КIурацэ псалъэ гуапэ жиIащ.
- — НтIэ, КIурацэ, дефауэ дыкъэмыфэу дауэ хъун? — жи хьэщIэм.
- Пшынэр зэрылъэлърэ лъэр щIэзыгъэкI къафэм къыщеуэм, Бабич Верэ къыдеш. Фэеплъу къратарэ зэзэмызэ фIэкIа зыщхьэримытIагъэу БетIал бухъар пыIэшхуэ иIэт. Ар зыщхьэрехри, хьэщIэм щхьэрекъуэ — лIыр щхьэпцIэу къафэ хабзэкъым.
- — Уэри ущымыту, мор къэгъафэ, — жери, Бабич и щхьэгъусэр КIуащым ирегъэлъагъу.
- — Сэ сыкъэфэфыркъым! — жиIэурэ фызыр Iуож. БетIал ещIэкъуауэу абы кIэлъожэ. КIурацэ и пшынэр мэбзэрабзэ, къэфэкIэ имыщIэми, пшынэм зыдригъэкIу щIыкIэу, Бабич зеIуантIэ-зешантIэри, утыкум итщ, а Iэшэлъашэм щысхэм БетIал и хьэщIэм Iэгур тракъутэ, ихъуреягъыр къагъэпсалъэу.
- — Хъунщ ар, БетIал. Ди нэгу зевгъэужьащ, фIыщIэшхуэ фхузощI, зывгъэпсэху, фыщыс, фыджэгу, уэ къэблэжьауэ пхуэфащэщ мыпхуэдэ нэгузыужьхэр, уи гуащIэ хэлъщ ди цIыхухэм я гуфIэгъуэм, — жиIэщ, БетIал IэплIэ къришэкIщ, ба къыхуищIыжри IукIыжат обкомым и япэ секретарыр.
- Кларэ Генриховнэ Iуэхутхьэбзэ къысхуещIэ
- Куэдым къалъымысу щыта апхуэдэпщIэр КIуащ БетIал къилэжьырт и дуней тетыкIэхэмкIи и творчествэ лъэщымкIи. А фIыгъуэхэм дэри дыхэныртэкъым.
- Лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва командировкэ сыкIуэн хуей хъуауэ, БетIал сыхуозэри жызоIэ. «УздыщIэтIысхьэн хьэщIэщ умыгъуэту къалэм укъыдэнэмэ, Горькэм и уэрамым тетщ ЩIэныгъэхэмкIэ Академием и хьэщIэщ. Абы екIуалIэ. УщIамыгъэтIысхьэмэ, директор Кларэ Генриховнэ деж щIыхьи, сэ узэрызгъэкIуар жеIэ. Сэлами схуехыж», — къызжеIэ БетIал. Арати, сынэса нэужь, нэгъуэщI сыхэмыту, унэр къэзгъуэтащ. СыздыщIыхьа хьэщIэщым, бгъэдыхьэпIэ имыIэу, администраторым и пэшыр цIыхухэм къаувыхьат, директорым и бжэми зыкъом Iутт. А псор щыслъагъум, сызэрыгугъэшхуэ щымыIэу, Кларэ Генриховнэ деж зыщIэзгъэхуащ. Ауэ жыжьэрэ гъунэгъуу сызытригъэхьакъым.
- — Сэ БетIал сыкъигъэкIуат, сэлами къыуихыжащ абы, — щыжесIэм, бысымым и нэгум зызэкIэщIехуж. БетIал къыщIоупщIэ. Сэри абы жагъуэу сыкъызэримылъагъум нэхъри тызокъузэ. Езыми БетIал и хьэлхэм, и щэнхэм теухуауэ зыкъом къызжеIэ. «Ох, этот Бетал, ох, этот Бетал», — жиIэурэ и щхьэр егъэкIэрахъуэ. Абы щIэныгъэшхуэ зэрыбгъэдэлъым, и лIыгъэм, ауэ сабийм хуэдэу зэрыеIуящIэм топсэлъыхь.
- Дауи, хьэщIэщым сыщIигъэтIысхьащ. Зы махуэ гуэрым абы сыхуэза-уэ, БетIал и хъыбар къригъэжьащ: «Мы унэр дыдейщ: ЩIэныгъэхэмкIэ Академием и аспирантхэм я общежитщ. БетIал мыбы зыкъомрэ щIэсати, лъэбакъуэкIэ зэ къехакъым, еплIанэ этажым къыщегъэжьауэ дэкIуеипIэ Iэдийм тесу къежэхыу фIэкIа, мы Iэдийхэр зэщIэскъыскъэу къэзыгъэнар БетIалщ», — жиIэурэ зыкъом игу къигъэкIыжащ. Ар езыр куэд зи нэгу щIэкIа, Шуудзэ армэм парт къулыкъухэр щызезыхьа нэмыцэ фыз хахуэт…
- «Зэман къыпхудэхуэмэ, Ломоносовым и цIэр зезыхьэ университетым дохутыру щылажьэ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, дагъыстэн щIалэ бэлыхь Шахназаров Гаджи зыхуэгъази схущIэупщIэж», — жиIэри си пщэ кърилъхьат БетIал. Я деж сыкIуэри, щымыIэу къыщIэкIащ, и щхьэгъусэ урыс цIыхубз зэкIэлъыкIуэмрэ абы и адэ лIы угъурлымрэ пщIэшхуэ къысхуащIу срагъэблэгъащ. Гаджи къэгувэрти, тIэкIу сежьэну къызэлъэIуахэщ. Ауэ сыхуэмызэу сыкъыщIэкIыжащ. Жэщ дэзгъэкIри, пщэдджыжьым жьыуэ тезгъэзэжащ. Гаджи къыщIэкIащ, и щхьэр зыфIиудыжу: «Си напэр текIащ, сыт иджы БетIал жиIэнур, сыт сщIэнур? Алыхьым и хьэтыркIэ, мы дунейм зы Iэмал иIэмэ, утхуэмыхьэщIауэ уемыжьэж. Справкэ уэстынщ усымэджауэ», — жиIэрт.
- И псалъитIым я зыр БетIалт, кIыхьу тепсэлъыхьыну зэман щыIэтэкъым, мафIэгур къыIукIыным къэнар мащIэт. ДыщызэбгъэдэкIыжым: «Сэ мыгувэу сынэкIуэнущ езы БетIал и деж, куэд щIауэ слъэгъуакъыми, сигу къэкIащ. Сыхуэзэшащ», — жи. Абы и псалъэр игъэпэжащ: а гъэмахуэ дыдэм БетIал деж къэкIуауэ Гаджи сыхуэзэгъащ.
- А лъэхъэнэ дыдэхэм щыгъуэ Моск-ва сыкъыщыхутауэ, сагъэцIыхуащ БетIал и аспирантэгъуу щыта дагъыстэн цIыхубз дахэкIей Коркмасовэ Ки-ти, юридическэ щIэныгъэхэм я докторыр, профессорыр, Ростов юридическэ институтым илъэс куэд щIауэ щезыгъаджэр: «БетIал мы общежитым зэрыщIэкIыжу ди гъащIэм сабафэ къытеуат, дигури ди псэри къыщIэмыхьэж хъуат, абы гушыIэ куэд зэхыдигъэхащ, нэгузыужьыгъуэ дыщигъэщIакъым, сыт хуэдэ чэнджэщ дыхуейми, дызэжалIэр БетIалт. Сыту насыпышхуэ фиIэ ар зыхэт, ар зылъагъу фэ. Мы театрым БетIал къэкIуэрейт. Мы букинистыр абы и ныбжьэгъут. Мыбдежхэр БетIал и зекIуапIэт», — жиIэурэ зыкъомрэ сыкъришэкIащ Кити, БетIал и хъыбархэр хуэмыухыу. Ауэрэ Театрышхуэм дынос. Афишэм йоплъри, Гуно и оперэ «Фауст» зэрилъагъуу: «Мефистофель и куплетхэр БетIал жиIэу зэхэсхыну фIэкIа нэгъуэщI сыхуейтэкъым. Дунейр къэкъутэжу къыпфIигъэщIт абы ахэр щигъэзащIэкIэ. Оперэм и музыкэри псалъэхэри БетIал и дуней тетыкIэм, и хьэлым, и гупсысэкIэм ещхьт, псынэ къибыргъукIыу, укъызэщIиIэтэу, уигъэпIейтейуэ».
- Лъэпкъ зэхэгъэж ищIыртэкъым
- БетIал зэрыадыгэм егъэлеяуэ ирипагэми иригушхуэми, абы лъэпкъ зэхэгъэж зэи ищIыртэкъым, зытепсэлъыхьыр абыхэм ядилъагъу я фIыпIэхэрат. Езым и ныбжьэгъу пэж Iэ-джэ лъэпкъ куэдым яхэтт: Бычков Дмитрий, Зацепилин Георгий, Лобжанидзе Ираклий, Израилов Алексей, композитор гъуэзэджэ Шейблер Трувор сымэ.
- КIуащ БетIал ехьэлIауэ фIыкIэ сигу къэкIыжхэм ящыщщ мыри. Балъкъэрхэр ирашат, я щхьэ кърикIуами, зыри щыгъуазэтэкъым, я хъыбар дунейм къытехьэртэкъым, щIыр зэгуэхуу я кум дэхуа хуэдэ, ягъэбзэхат. ХэIущIыIуу уатепсэлъыхьыныр дзыхьщIыгъуэджэу щытми, еми фIыми зэрыгъуэту, ягукIэ, я псэкIэ зэгурыIуэу зыдэпсэуа балъкъэрхэм къатепсыха тхьэмыщкIагъэм, къатехьа лейм иринэщхъейт ди лъэпкъыр.
- 1955 гъэм и гъэмахуэт, балъкъэрхэр хуит къащIыжатэкъым. Налшык паркым иту БетIал плъэри, и нэр зыгуэрым техуащ. ТIэкIуи къэуIэбжьащ. Ауэ псынщIэу зречри, зи лъакъуэ лъэныкъуэр пымытыжрэ блэгущIэ баш иIыгъыу къэблагъэ лIы лъагъугъуафIэм жьэхолъадэ. «БетIал — Керим! Керим — БетIал!» — жаIэу зызэрадз. «Мыр дауэ? Хэт и гугъэнт?» ЗэбгъэдокIуэт, зызэпаплъыхь. Аргуэру IэплIэ зэхуащIыж, мэгуфIэхэр. Я нэпсхэр IэщIыбкIэ щIалъэщIыкI. БетIал зыхуэзар хэтми дэ тцIыхуртэкъыми, щтэIэщтаблэу, тщIэнури жытIэнури дымыщIэу Iэнкуну дызэхэтт. ИужькIэ БетIал и гур къызэрогъуэтыж: «ПсынщIэу мыдэ фыкъакIуэ! Мыр си ныбжьэгъу, си къуэш Отаров Керимщ. Балъкъэр усакIуэшхуэщ…»
- Псори абы дыщыгуфIыкIащ. Гуапэу сэлам етхащ. Куэд щIауэ зэрымылъэгъуа зэныбжьэгъуитIыр щызэхуэзам деж ресторан хьэлэмэт цIыкIу щытти, БетIал псори абы дыщIешэ. Iэнэм дегъэтIыс. Рестораным щIэсхэр дэ гупышхуэм къыдоплъ. БетIалрэ Керимрэ Iэджэм я цIи къраIуащ, я нэгу щIэкIахэр зэхуаIуэтэжащ, зыкъом ягу къагъэкIыжащ я щхьэ кърикIуахэм теухуауэ.
- Куэдрэ сигу къокIыж а махуэр, сыту насыпышхуэ апхуэдиз гу къабзагъэ уиIэну, апхуэдэу къуэшагъ, пэжагъ хэлъу уи мыIыхьлы, уи мылъэпкъэгъу убгъэдэтыну! Арат псоми, я псэм хэлъми, БетIал щIыхамыхынур, лъэпкъхэм я хъуэпсапIэр, я дахагъыр сэтей къи-щIу, я кум ныбжьэгъуагъ зэрыдилъхьэрт. Нобэ зэгурымыIуэныгъэ гуэр-хэр лъэпкъхэм яку къыдэхъуэмэ, зыкъомкIэ ар зи зэрану къэплъытэ хъунур БетIал хуэдэхэр цIыху цIыкIум къазэремэщIэкIырщ.
- Сыт и лъэныкъуэкIи лъэужь дахэ къигъэнащ БетIал. Зыхуэбгъажэм блэужи, зыблэбгъэжым теухуэ жыхуаIэу хъуат БетIал и Iуэхур. Ар Тхьэм бэлыхьу хъуам щихъумэну ди гугъэурэ…
- Рогавэ Георгий лекцэ къытхуеджэу аспирантхэр дыщIэст. Ломтатидзе Кетовани и секретарь-машинисткэм бжэр къыIуихыурэ тIэурэ-щэрэ къыщIэплъащ, аргуэру къытригъазэри: «Си дежкIэ ныщIыхьэт», — жиIэри IукIыжащ. СыщIыхьэмэ, нэщхъейуэ къызэфIоувэ щхьэфIэпхыкI фIыцIэ зытелъ цIыхубзыр. «Си гум щIыхьащ мы хъыбар гуауэр… СыпхуогуIэ…» — жиIэу телеграммэ къысIэщIелъхьэ. Сеплъмэ… КIуащ БетIал зэрыщымыIэжым-кIэ къызэщхьэкIуэрт ар. Сыкъэумэзэхащ, сыкъызыфIэлIащ, сыдыкъащ. Си пIэм сижыхьащ. Си жьэр зыщIэнащ. Телеграммэр сIыгъыу щызгъэзэжам, псори къызэщIэтэджащ. Я щхьэр къыфIэхуауэ зэхэтщ. Институтым щIэсу хъуар ду жоуэ къызэхуэсащ. Псори сэ къысхуогузавэ, къысхуогуIэ. Си Iэр къаубыд, БетIал зыцIыхухэми и хъыбар зэхэзыхахэми гуауэшхуэр ягу зэрыщIыхьам, Кавказ псом и литературэмрэ щэнхабзэмрэ хэщIыныгъэшхуэ зэрагъуэтам тепсэлъыхьахэщ…
- УсакIуэ уахътыншэ
- БетIал и щIалэгъуэм насып иIакъым. Къуажэ школым щыщIэсам къыщыщIэдзауэ кулакыкъуэ цIэр теIукIри, и гур иудауэ, зыхэтхэми зыкъыпыIуадзу, и ныбэкIи, и фащэкIи шэджэладжэу къекIуэкIащ. Институтым щIэтIысхьэри — аргуэрыжьт. ЩIэныгъэм зэрыхуэпабгъэмрэ и акъыл жанымрэ, нэхущ бзууэ ушэным къыхуигъэщIауэ къызэрытIэпIым зи ахърэтыр нэху хъун ЩоджэнцIыкIу Алий гу лъимытамэ, зэреджэну илъэсиплIым къриубыдэ щIалэгъуэри гуфIэгъуэншэу екIуэкIыну къыщIэкIынт. Еджэныр къеухри, зи гъащIэр лъапэдэгъэзеигъуэу езыхьэкI БетIал и щхьэр лъахэм ирех: щIым и гъунэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм лэжьакIуэу къыщохутэ, нэса-нэмысауэ Хэку зауэшхуэр къохъей. ЗэрыпхъуакIуэхэм япэщIэува дзэ пэрытхэм яхэту ар зауэм Iуохьэ. Офицеру лIыхъужьыгъэу зэрихьам и щыхьэту орден зыщыплIрэ медаль зыбжанэрэ и бгъэм хэлъу абы щалъхуа щIыпIэм къегъэзэж, и щIалэгъуэ къэнэжари зауэм ихьауэ. И щхьэ Iуэху зэрыдэкIын яужь имытыщэу, и пщэ къыдалъхьэр и хьэлъэу, ар аргуэру IэнатIэ пэроувэжри, гъащIэми цIыхуми защимыгъэнщIу, си щIалэгъуэм сымылъэгъуар иджы иризгъэкъужынщ, си творчествэми иджы нэхъ хуиту пысщэнщ жиIэу и псэм пищI и лъэпкъэгъухэм яхоувэж. АрщхьэкIэ, зыщIэхъуэпсахэм я гъунэ ирилъа къудейуэ, цIыху цIыкIум яфIэгуузрэ дыщIыхьэным хуэдэу ар лъэпкъым IэщIэкIащ. Ауэ щытхэкIар нобэ хуэдэу, ди гум илъщ, и IуэхущIафэ гъуэзэджэхэм дропагэ, дрогушхуэ, и лIыгъэр, и адыгагъэр ди гъуазэщ. Сэ сыкърихьэлIэжакъым БетIал и хьэдэщIэлъхьэм. А нэщхъеягъуэм хэтахэм къызэраIуэтэжымкIэ, абы и хьэдащхьэр ягъэлъэпIащ усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм пщIэшхуэ хуэзыщI цIыху мин бжыгъэм. А зэманым КПСС-м и ЦК-м Жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ и академием щеджэу Москва щыIэ КIыщокъуэ Алим, къэхъуа гуауэр къызэрищIэу, къэкIуэжри, щыгъуэ пэкIур къызэIуихащ: «ЦIыху псоми хэхауэ махуэу тIу яIэщ, — жиIащ абы, — дунейм къыщытехьэмрэ абы щехыжымрэ. БетIал иIэр зыщ — къыщалъхуарщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и фэгъу усакIуэ нэсхэр уахътыншэщ».
- Налшык, 1995 гъэ
- КIуащ БетIал
- * * *
- Сыщыуауэ къыщIэкIынщ,
- Сэ иджыри сщIэркъым,
- СхулъэкIыху сыпкIэлъыплъынщ —
- ЕпIэщIэкIыр тхъэркъым.
- ЦIыхур гуэгъу къыпхуэмыхъуам
- Гум щыппIыныр хьэлъэщ,
- Ар уи дзыхьым щIэбжьэхъуам,
- Уи псэм къыжьэхэлъэщ.
- Сэ къыздэбгъуэр умыбзыщI,
- ИжькIэ уемыплъэкIым,
- Сэ гурыщхъуэ сумыгъэщI,-
- Гур щIэлъаIуэр плъэкIым.
- Дытехьащ дэ тIур зы гъуэгу,
- ДокIуэр уэри, сэри,
- Ухуэмыхъумэ жысIэм дэгу,
- ПIыгъщ уэ сигури, псэри.
- * * *
- Хуэфэщэншэу зэи
- сыпхуэгушхуакъым,
- Щхьэ плъэкIа уэ къызэптын
- нэмыплъ?
- Си щIалагъэм гъэр уэ
- сыпхуищIакъым,
- Зэш тегъэукIэ сэ укъызэмыплъ.
- ГукъыдэжкIэ, сощIэр, уи фэр щизым
- Ухуеинщ уи бампIэр ибгъэкIын,
- Джэду хьэлу пфIэфIщ уэ
- дзыгъуэ гызым,
- ПлIын нэхъ япэ, куэдрэ уепIэстхъын.
- Сыт уи гугъэр, сызэрыпцIыхуауэ
- Нобэ къэс къыпфIэщIрэ сысабий,
- Гъэунэхугъэм лIы сэ симыщIауэ
- Уи гухэлъ иджыри, ярэбий?
- Пхуэдэр куэдхэм схуэдэм
- хуагъэфащэр —
- ЗэхэщIыкIи къызумыт нэмыплъ,
- НэгъуэщI гуэркIэ укъысхэтым
- пщащэр,
- КъохъулIэнкъым, IукI,
- укъызэмыплъ.
- ГуащэрыпIу джэду хьэлкIэ пагэм
- Хуэфэщэн джэгупIэ кърегъуэт,
- Зэман екIуу IэщIагъэфIкIэ лъагэм
- СокIур. Сыхэтынкъым уи къэгъуэт.
- Ауэ улъыхъуаджэу джэгу ухэту
- Къэпхъэн папщIэу къомыдз уигу имылъ,
- ФэкIэ бгъапцIэу цIыху хейхэм
- уахэту —
- ЗыцIыхуж — емыкIущ,
- укъызэмыплъ.
- ЩIэсэныгъэм гур щигъэбзэрабзэм
- ПцIы зыхэмылъ усэхэр бжесIат,
- УепэгэкIри уэ си мурад къабзэм
- СыпфIэщIалэу укъэгушыIат.
- Багъы Пётр Мацэ и къуэр 1929 гъэм мазаем и 23-м Къулъкъужын Ищхъэрэм къыщалъхуащ, адыгэ бзэ щIэныгъэм хэлъхьэныгъэ нэхъ ин хуэзыщIа щIэныгъэлIхэм язщ. Къуажэ курыт еджапIэр къиуха нэужь, 1947 гъэм ар щIэтIысхьащ Тбилиси дэт университетым филологиемкIэ и факультетым и кавказ къудамэм. Ар къиухыу 1953 гъэм къигъэзэжа нэужь, Багъыр КъБР-м радиоинформациемкIэ и комитетым илъэс зыбжанэкIэ журналисту щылэжьащ. А илъэс дыдэм щегъэжьауэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым тхыдэр, филологиер, экономикэр щадж къудамэм и щIэныгъэрылажьэу, итIанэ и унафэщIу ягъэуващ.
- Тбилиси аспирантурэр къыщиуха нэужь, Багъым Псыжьрэ Инжыджрэ деж щызекIуэ адыгэбзэм теухуа и диссертацэр пхигъэкIащ икIи илъэс 300-м щIигъукIэ здэщыIэ институтым и бзэ щIэныгъэ къудамэм щылэжьащ.
- Багъым зэрихьащ «КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. Республикэм и архив хъумапIэхэм нобэр къыздэсым щIэлъщ щIэныгъэлIым нигъэсыну зыхунэмыса и лэжьыгъэхэр.