ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык щокIуэкI
2022-09-17
- Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм я фестиваль. Ар къызэIуахащ щIалэгъуалэ зекIуэкIэ.
- ХьэтIохъущокъуэм и хадэм и лъэс лъагъуэ нэхъыщхьэм къэрал ныпыр зыIыгъ щIалэгъуалэ 3000-м щIигъу ирикIуащ. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжу, «ЩIыхьым и мафIэ мыужьых» фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэри, зекIуэр ежьащ. Урысейм и Президентымрэ къэралым и армэмрэ зэрыдаIыгъым и щыхьэт Iуэхур «Зэакъылэгъуныгъэ! Зэкъуэтыныгъэ! Хэкупсагъэ!» къыхуеджэныгъэм щIэту ирагъэкIуэкIащ икIи Абхъазым и утыкум щиухащ.
Зыхыхьэхэр: Юбилей