ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сентябрь, 2022

Къэбэрдей-Балъкъэр — 100

2022-09-10

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЕхъулIэныгъэщIэхэр къэфхьыну

2022-09-10

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В.,
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Iэтащхьэ Егоровэ Т. Б. сымэ я деж
  • ПщIэ зыхуэсщI Казбек Валерий и къуэ!
  • ПщIэ зыхуэсщI Татьянэ Борис ипхъу!
  • Фэри республикэм ис псоми сынывохъуэхъу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

ЗэфIэкIышхуэ зиIэ щIыналъэ

2022-09-10

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. и деж
  • ПщIэ зыхуэсщI Казбек Валерий и къуэ! Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмкIэ сынохъуэхъу!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Олимп  чемпионхэм  яIуощIэ

2022-09-10

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и илъэси 100 махуэшхуэм ирихьэлIэу екIуэкI Iуэхухэм хэтыну щIыналъэм хьэщIэ куэд къыхуоблагъэ. Абыхэм ящыщщ УФ-м и сенатор, Урысейм и ЛIыхъужь, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щэнейрэ олимп чемпион хъуа Карелин Александр, гандболымкIэ олимп чемпион, Ставрополь щIыналъэм и Думэм Экономикэм зегъэужьынымрэ уней мылъкухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Лавров Игорь, велоспортымкIэ олимп чемпион, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Шыхъуэ Борис.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым

Нэхъ  лъэщыж  дохъу

2022-09-10

  • Мы махуэхэм ди щIыналъэм Iэтауэ щагъэлъапIэ Къэбэр-дей-Балъкъэр Республикэм къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъур. Зы лъэпкъыжь къикIуа гъуэгуанэм еплъытмэ, ар напIэдэхьеигъуэм хуэдэщ. Ди щIыналъэм и дежкIэ а зэманыр къыщIэкIащ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъэ куэдкIэ гъэнщIа лIэщIыгъуэу. Дызыхэт къэралым советхэм я властыр щыщагъэува нэужь, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я пащхьэ къиува къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ хъуащ къэралыгъуэр ухуэным ехьэлIахэр. Лъэпкъпсо мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэм икIэщIыпIэкIэ иужь ихьауэ щытащ лъэпкъым и цIыху пэрытхэр, хэкупсэ нэсхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэралыгъуэм и къежьапIэр

2022-09-10

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и махуэгъэпсым Къэралыгъуэм и махуэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд. Ар ягъэлъэпIэн щIадзащ 1921 гъэм фокIадэм и 1-м, РСФСР-м и ВЦИК-м и унафэкIэ Къэбэрдей округыр Бгырыс АССР-м къыхагъэкIыжу Къэбэрдей автоном область къыщызэрагъэпэщам щегъэжьауэ. ИужькIэ ар Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым хуэкIуэжащ. Автономие щхьэхуэ зэрыхъуам хуэгъэпса махуэшхуэ зэхыхьэхэр щрагъэкIуэкIыну махуэр илъэс къэс ягъэувырт абы теухуауэ къыдагъэкI унафэ пыухыкIам тету. Ауэ, 1997 гъэм, КонституцэщIэр къыщащтэм ирихьэлIэу, республикэм и Парламентым фокIадэм и 1-р КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэу игъэуващ икIи унафэ ищIащ дяпэкIэ ар махуэшхуэу (мылэжьэгъуэ махуэу) къалъытэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Республикэм и къулыкъущIапIэ, еджапIэ нэхъыщхьэхэр

2022-09-10

  • 1931 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м РСФСР-м и ВЦИК-м унафэ зэрищIам тету, Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 10 щрикъум ирихьэлIэу, Налшык къалэм Советхэм я Унэ щаухуэну хуит ящIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIу щытахэр

2022-09-10

  • Къалмыкъ  БетIал
  • (1920 — 1929 гъэхэм — Къэбэрдей-Балъкъэр облисполкомым и унафэщI, 1930 — 1938 гъэхэм — ВКП (б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и Япэ секретарь) 

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Iуэху щIэкIэ зыщIэм и Iуэху мэкIуатэ

2022-09-10

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр щыпсэухэм гупсэхугъуэ щагъуэту, илъэс къэс цIыху мин бжыгъэхэр  нэгу зегъэужьакIуэ къакIуэу, къыщрахьэлIэ хадэхэкIхэмкIэ, пхъэщхьэмыщхьэхэмкIэ, щагъэхьэзыр ерыскъыхэмкIэ цIэрыIуэу къогъуэгурыкIуэ. Иджырей КъБР-м и Iэтащхьэ ахъырзэманхэм Урысейм пщIэшхуэ щаIэу, къэрал къулыкъу инхэр къыхуагъэфащэу  пIалъэ-пIалъэкIэ хуэлэжьащ  я хэкум и зыужьыныгъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Апхуэдэущ  анэдэлъхубзэр зэрагъэбыдэр

2022-09-10

  • КъытщIэхъуэ щIэблэм анэдэлъхубзэр егъэджыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ икIи щIыхь зыпылъ къалэнщ, сыту жыпIэмэ лъэпкъ тхыдэр, хабзэхэр, нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр а зы Iэмалырщ — бзэращ а псоми я хъумакIуэр. Илъэси 100 хъуауэ къэралыгъуэ хуиту псэу, абы и ехъулIэныгъэм хуэлажьэ ди цIыхубэм нобэ зыри зэран къытхуэхъуркъым ди бзэр зетхьэжын, адэкIи зедгъэужьын, едгъэфIэкIуэн папщIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ГъащIэм пхрыплъыфырт

2022-09-10

  • Иджыблагъэ илъэс плIыщI ирикъуащ дунейм зэрехыжрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа парт, жылагъуэ лэжьакIуэ пэрыту щыта Жыласэ Жыраслъэн.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэхэм Амман къызэрызэрагъэпэщрэ     илъэси 100 ирикъуащ

2022-09-10

  • -Иордан къэралыгъуэр къызэрыхъуам и тхыдэм тепсэлъыхьу ди къэралми нэгъуэщI къэралхэми къыщыдэкIа тхылъхэм уащрихьэлIэркъым абы Iэпхъуа адыгэхэм я Iуэху лъэпкъ. АтIэми, иужькIэ Иордан къэралым и къалащхьэ хъуа Аммани абы и гъунэгъу къуажиблри адыгэхэм къызэрагъэпэщауэ щытащ. Британием и мандатнэ администрацэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, 1924 гъэм Трансиордан щIыпIэм щыпсэуащ адыгэу минипщI, абыхэм яхэтащ шэшэну цIыху 85-м нэс, — етх щIэныгъэлI Къущхьэбий Анзор.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

ТIыхъужь Алий и цIэр фIащащ

2022-09-10

  • Ди республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум, Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэм и Iэужьым и илъэсым, РСФСР-м, КъБАССР-м я цIыхубэ артист ТIыхъужь Алий къызэралъхурэ илъэси 105-рэ щыхъум ирихьэлIэу, Нартан дэт Щэнхабзэ уардэунэм ТIыхъужь Алий и цIэр фIащащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

Пандэ абрагъуэр  зи нагъыщэ

2022-09-10

  • ФокIадэм и 11-р ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондыр (World Wide Fund for Nature) къыщызэрагъэпэща махуэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

ФокIадэ зэIущIэхэр къызэIуах

2022-09-10

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и епщыкIубгъуанэ джэгугъуэм хыхьэ зэIущIэхэр тхьэмахуэ блэкIам зэхэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

« Раньше