«Мир»-м и дунейр нэхущ
2022-09-17
- Къэрал зыбжанэ къызэщIэзыубыдэ «Мир» телерадиоIуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъур егъэлъапIэ жэпуэгъуэм и 9-м. Апхуэдиз илъэс лъандэрэ каналым и журналистхэр махуэ къэс къытхутопсэлъыхь СНГ-м хыхьэ къэралхэм я гъащIэр зэрекIуэкIым. ХъыбарегъащIэ центрым и нобэрей лэжьэкIэр къэтщIэн мурадкIэ МТРК-м и унафэщI Батыршин Радик зыхуэдгъэзащ.
- — «Мир»-р илъэс 30 ирокъу. Сыт и щытыкIэ нобэ телерадиоIуэхущIапIэм?
- — Иужьрей зэманым Урысейм къыщыдэдаIуэхэм я бжыгъэр тхукIэ бэгъуащ. Къэзахъстаным — хыкIэ. Ди каналыр къыщиубыд СНГ-м хыхьэ къэрал псоми дигу хэзыгъахъуэ щытыкIэ щыдолъагъу: Беларусым етхуанэ увы-пIэ щытIыгъщ, абы къыщагъэлъагъуэхэм я Iыхьэ 4.9-мрэ къытлъысу. Къэзахъстаным — еханэ (6.9), Къыргъызстаным — еянэ (3.1). Урысейм иужьрей илъэсищым телеканалым къызэщIиубыдэ нагъыщэр 1.7-м щынэсащ. 20-нэ увыпIэм итар 15-нэм къыдэIэбеящ. «Мир»-м еплъхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ. Урысейм а лъэныкъуэмкIэ 4-нэ увыпIэр щытIыгъщ. Нобэ къыдэплъхэр мелуани 184-м щIегъу. СНГ-мрэ Куржымрэ нэхъыщхьэу щыла- жьэ медиахолдингщ иджырей «Мир»-р. Абы хеубыдэ каналитI: «Мир», «Мир 24». «Мир» радиори, «Мир-Телепорт» хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэри хохьэ.
- Дэ дытопсэлъыхь Евразием мыхьэнэ зиIэу щекIуэкIхэм. А лъэныкъуэмкIэ дыкъапщтэмэ, дэ нэгъуэщI зыми имыгъэзащIэ къалэн догъэзащIэ, зыри зытемыпсэлъыхьым дытопсэлъыхь. Псалъэм папщIэ, Таджикистаным къыщалъхуа сабийм щIыналъэм ис цIыхухэм я бжыгъэр мелуан зэрыригъэкъуам. Азербайджаным щыпсэухэр гъащIэ кIыхьу нэхъыбэрэ къыщIыщIэкIым. И гугъу дощI Вахш псыежэхым Рогун ГЭС зэрытращIыхьым. Ермэлы-куржы гъунапкъэм деж зэныбжьэгъугъэм и лъэмыж къызэрыщызэIуахым. Беларусым шэдмэракIуэ (клюквэ) губгъуэшхуэхэр зэрыщагъэкIым.
- — Фи илъэс 30-м фызэрыпе-жьа къыхуеджэныгъэр гукъинэжщ: «Дунейр нэхущ». Сыт абыкIэ яжефIэну фызыхуейр телевизореплъхэм?
- — «Дунейр нэхущ» лъэпкъ куэду зэхэт ди лэжьакIуэ гупым я фIыгъэкIэ. Дэ къудамэ 11 диIэщ, СНГ-мрэ Куржымрэ щызэбгрыдзахэу. Илъэс 30 хъуауэ «Мир»-м цIыхухэр щегъэгъуазэ щэнхабзэ, хабзэ, дауэдапщэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Махуэ къэмынэу СНГ-м щекIуэкIым дытопсэлъыхь. Ди телевизореплъхэм фIыщIи пщIэи яхудощI. Псалъэм и хьэтыркIэ, мы гъэм хъыбарегъащIэ нэтынхэр абыхэм я лъэIукIэ къыдот псори тыншу щеплъыфыну сыхьэт 18-рэ дакъикъэ 30-м.
- Уз зэрыцIалэр зэрекIуэкI илъэсищым и кIуэцIкIэ дэ цIыхухэм я фIэщ тщIащ я гъащIэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зыри зэрыщымы- Iэр. Къалэн зыщыдощIыж телевизореплъхэм медицинэ хъыбаркIэ дадэгуэшэну, ауэ дэтхэнэ зыри тыншу къагурыIуэн хуэдэу бзэ тыншкIэ гъэпсауэ. «Дунейр нэхущ» иджыпсту зэдгъэпэща ди логотипым, утыку дыкъызэрихьэ сурэтым и фIыгъэкIи. Абы къытощ каналыр къызэрацIыхуж фэ щхъуэкIэплъыкIэхэм къыхэщIыкIа фо безым уафэм къех ткIуэпс къызэрыхэткIуэр. Ар цIыхубэ зэкъуэтыныгъэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэ псори зэрызэдэлажьэм я дамыгъэ хуэдэу аращ.
- — Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ игъэлъапIэрэ «Мир»-м и махуэшхуэр?
- — А Iуэхури нэху зэрытщIыным иужь дитщ. 2022 гъэм цIыхухэр зэхэтшэну Iэмал къызэрыдитам и фIыгъэкIэ, дызыдэлажьэ щыхьэрхэм я махуэшхуэхэм епхауэ дэри дауэдапщэ щхьэхуэхэр едгъэкIуэкIыжащ. Псалъэм папщIэ, Баку щыIэ ди къудамэм и лэжьакIуэхэр уэрамым къыдыхьэри «пахлава», «шекребур», «гогол» хуэдэ шхыныгъуэхэр ягуэшу дэтащ. Санкт-Петербург щагуэшар нэгъуэщI IэфIыкIэщ — «корюшкэ» жыхуаIэр. Мэзкуу щекIуэкIа «Сабантуй»-м хъыбарыщIэхэр къэзыт ди журналист Камаевэ Гузель хьэлывэ щаригъэшхащ телевизореплъхэм. «Будь! Готовь!» нэтыныр езыгъэкIуэкI Журкин Александр, ар икIи лэгъупэжьщ, варенэкIэ заригъэтIыжащ. Алматы дэт ди къудамэм я тетIысхьэпIэ-хэр «Мир»-м къыдекIуэкI фэхэмкIэ ялащ. Ди куэдщ апхуэдэ щапхъэхэр.
- Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ди каналым телевизореплъ цIыкIухэр къедгъэблэгъащ. Дэтхэнэ зыри хуит тщIащ дикто- ру, корреспонденту, режиссёру, къинэмыщIу зыкъызыщигъэхъужыну.
- — «Мир» каналым зэрихьэ цIэм япэу уигу къигъэкIыр мыхьэнищщ: псапэ, дэIэпыкъуныгъэ, зыщIэгъэкъуэныгъэ.
- — Ар пэжщ. «Мир»-р цIыхухэм яхузэIуха каналщ. Сыт щыгъуи псапащIэ Iуэхухэм дыхэтщ. Махуэку къэс «псапэ махуэ» къызэIудох — а махуэм дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ цIыхухэр утыку къыдошэ. Ди каналыр куэд щIауэ ядолажьэ псапащIэ IуэхукIэ пэрыт фондхэу «Живой», «Детские сердца», «Помоги спасти жизнь» хуэдэхэм. Куржым щыщ телевизореплъхэм я фIыгъэкIэ сом мелуани 10-м нэс зэхуэтхьэсри, сымаджэхэм ятедгуэшауэ щытащ.
- — «Мир 24» хъыбарегъащIэ нэтыныр урысыбзэкIэ интернетым щылажьэхэм ящыщу бжьыпэр зыIыгъи 100-м хеубыдэ. Сыт хуэдэ щIыкIэу зевгъэужьрэ бжыгъэр зи тегъэщIапIэ фи проектхэм?
- — 2021 гъэ лъандэрэ «Мир 24»-м ютубым щиIыгъ каналым «дыщэ кнопкэ» жыхуаIэм хуэдэ иIэщ, цIыху мелуани 155-рэ къызэреплъым къыхэкIыу. Иджыпсту а бжыгъэр тIукIэ бэгъуащ. Мыгъэрей мэлыжьыхьым ютубым «Мир»-м щеплъащ цIыху мелуа-ни 155-рэ. Ди эфир занщIэм мазэм и кIуэцIкIэ зыпащIащ мелуани 5,5-м. Нэтын 14-м дунейпсо мыхьэнэ ягъуэтащ. Газымрэ гъэсыныпхъэмрэ я уасэр урысей сомкIэ зэрызэIэпахынум теухуа, «Вместе» программэм къыщыдгъэлъэгъуа нэтынхэм мелуани 8-рэ мини 191-рэ еплъащ. Телевиденэр кIуэдыжауэ схужыIэнукъым, ауэ интернетыр нобэ зэрыкъару нэхъыщхьэр тщIэуэщ дызэрылажьэр. Арыншэу пщэдейрей махуэ щыIэкъым.
- Епсэлъар КЪУДЕЙ Iэминэщ.