ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Налмэсым» и щIэблэ зэчиифIэр

2022-09-17

  • Ди республикэм и еджапIэхэм, гъэсапIэхэм мы зэманым щыпащэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси100 зэрырикъур щагъэлъапIэ Iуэхугъуэхэм. Лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ апхуэдэ зэхыхьэ дахэ иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ Нарткъалэ дэт курыт школ №6-м (унафэщIыр Шыбзыхъуэ Оксанэщ) и нэIэм щIэту лажьэ «Налмэс» сабий гъэсапIэм (унафэщIыр Семэн Iэсиятщ). IуэхущIапIэм и егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, ахэр зыкIэлъыплъ цIыкIухэм нэмыщI, гуфIэгъуэ фестифалым жыджэру хэтащ Аруан щIыналъэм щылажьэ школхэм, сабий садхэм я лIыкIуэхэри.

  • ГуфIэгъуэ зэхуэсым зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм лъэпкъ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Мыз Залинэ, Аруан район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ ЦокIыл Азэмэт, егъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ IэнатIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Жанэ Заурбэч, нэгъуэщIхэми. А хьэщIэ лъапIэхэр, адыгэ хабзэм къызэригъэувым хуэдэу, екIуу ирагъэблэгъащ бысымхэм. КъахуэкIуахэм я цIыхухъу нэхъыжьым махъсымэбжьэ IэщIагъэуващ, хьэпцIийм къыхэщIыкIа адыгэ щIакхъуэ хъурейрэ балъкъэр хъыршын пщтыррэ щIыгъуу.
  • ХьэщIэхэми фIыщIэ дыдэ ящIащ къыхуащIа апхуэдэ пщIэ лъагэр икIи сэлам гуапэ нэужьым къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ кърахьэжьа Iуэхур махуэ хъуну, фIыгъуэ куэд къахудэкIуэну, щIыналъэм гъэ еджэгъуэщIэм щрагъэкIуэкIыну адрей гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэм а фестивалыр псыпэ угъурлы яхуэхъуну. Псалъэ зрата ЦокIыл Азэмэти зэIущIэм кърихьэлIахэм ехъуэхъури, Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Ажий Валерэ фестивалым хэтхэм къахуигъэхьа хъуэхъу тхылъым къахуеджащ. Район унафэщIым абы гуапэу защыхуигъэзащ зэхуэсыр къызэзыгъэпэщахэми ар езыгъэкIуэкIхэми лэжьыгъэ купщIафIэ кърахьэлIэну. Апхуэдэу Ажийр псоми ехъуэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъуамкIи.
  • Iуэхур щекIуэкI курыт школ №6-м и кадет классым щеджэхэм гуфIэгъуэ щытыкIэм иту утыкум кърахьащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я ныпхэр, къэралым, республикэм я гимнхэр къеуэу. Фестивалыр апхуэдэу Iэтауэ къызэIуаха нэужь, «Налмэсым» и гъэсэн цIыкIухэм ягъэзэщIащ «Дыгъэм и къафэр». Хъурейуэ къеувэкIауэ дахэу къафэ сабийхэм екIупсу ящыгът республикэм щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я фащэхэр.
  • АдэкIэ утыкур хуит хуащIащ фестивалым къыхузэрагъэпэща махуэшхуэ концертым хэт ныбжьыщIэхэм. Ахэр къэфащ, джэгуащ, уэрэдхэмрэ усэхэмрэ жаIащ. КъыкIэлъыкIуэу фестивалым кърихьэлIа хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ сабий садым и пщIантIэм къыщызэIуаха лъэпкъ пщIантIэ цIыкIухэм. Абыхэм щызэхуэхьэсат ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм пасэ зэманым зэрахьэу щыта хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр. Апхуэдэу утыкум ит Iэнэ лъакъуищхэм телът лъэпкъ шхыныгъуэ щIэщыгъуэхэр. Пасэрей пщIантIэхэр къызэгъэпэщыным я зэфIэкI ирахьэлIащ Аруан районым хыхьэ еджапIэхэм, гъэсапIэхэм ящыщ куэдым.
  • Лъэпкъ фестивалыр джэгу дахэкIэ зэхуащIыжащ. IуэхущIапIэм къыдэкIыж хьэщIэ лъапIэхэр иригушхуэрт абы и егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ зэчийхэм, щIэныгъэм. Ар гуапэ ящыхъурт зэхэзых псоми: зыхужаIэ лэжьакIуэхэми, абыхэм я гъэсэнхэми, адэ-анэхэми.
  •  
  • Къардэн Маритэ.