ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сентябрь, 2022

2022-09-20

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
  • Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм
  • ЗЭРЕХЪУЭХЪУР
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэмкIэ сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу. Мы махуэшхуэр епхащ адыгэ лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм, абы къегъэлъагъуэ ар и анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр, псэкупсэ къулеягъыр, хабзэр ихъумэну, зыужьыныгъэм адэкIи хуэкIуэну зэрыхущIэкъур. Апхуэдэуи и дамыгъэщ мамырыгъэм, гуапагъэм, захуагъэм, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ зэкъуэтыныгъэмрэ псэкупсэ къулеягъымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Iэтащхьэ

Хъуапсэм псэ хэтщ

2022-09-20

  • Ди лъэпкъэгъу лъапIэхэ!
  • Ди къуэшыфIхэ, ди шыпхъу дахэхэ!
  • Илъэс зыбжанэ хъуащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэшхуэр, фокIадэм и 20-р, лъэпкъ махуэгъэпсым къызэрыхэувэрэ, ар дгъэлъапIэ зэрыхъурэ. КъызыхэкIа лъэпкъым ирипагэ дэтхэнэ зы цIыхури ирогушхуэ Хэку зэриIэм, анэбзэ зэрыIурылъым, нэхъ лейуэ йогупсыс и адэжьхэм къакIуа гъуэгуанэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Лъэпкъхэм я нэхъ  уардэр щыпсэу лъахэ

2022-09-20

  • Мыгъэрей фокIадэ мазэр ди республикэм и дежкIэ адрейхэм хуэмыдэжу гъэнщIащ щIыналъэм, абы щыпсэухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ дахэхэмкIэ. Куэд щIакъым зэдэууэ зэрыдгъэлъапIэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъуар. ДыщыгуфIыкIыу тIэтащ ЩIэныгъэхэм я махуэр, республикэм и къалащхьэ Налшык и махуэр. Иджы дыгъуасэ лъандэрэ гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ къыдиту дыхэтщ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр гъэлъэпIэным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ДызэщIэзыгъэуIуэ  зэхыхьэшхуэ

2022-09-20

  • «Юбилейр — бгыхэм» автомобиль зекIуэм хэтхэм Шэрэдж районым щаIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми къикIа экипаж 50-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Къуэжьыкъуей Ипщэми  зекIуэр щыдаIыгъ

2022-09-20

  • Кавказ Ищхъэрэм щыIэ адыгэ жылагъуэхэм ящыщу ипщэ лъэныкъуэмкIэ нэхъ пыIукIуэта дыдэу щысыр ди республикэм и Шэрэдж куейм хиубыдэ Жэмтхьэлэ къуажэрщ. Ар къуршхэм я лъабжьэкIэ щыIэ мэзылъэ Iуащхьэхэм я куэщI дыдэм исщ. АтIэми, апхуэдэ щIыпIэр зи хэщIапIэ жылэр адыгэ лъэпкъым и тхыдэм пщIэ нэхъ щыхуащI къуажэхэм ящыщщ, дэ къызэрытлъытэмкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Я мурадхэри зыгъэгумэщIхэри лъэныкъуэ ирамыгъэзу

2022-09-20

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсыр иджыблагъэ Налшык къалэ махуитIкIэ щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу республикэм и щыхьэрым щызэхэта зэIущIэшхуэм кърихьэлIащ АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Осетие Ищхъэрэ — Аланием щылажьэ хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Апхуэдэу зэхэсым жыджэру хэтащ Европэм, Тыркум, Иорданием, Сирием, Ливаным, Израилым щыIэ Адыгэ Хасэхэм я унафэщIхэмрэ Iуэхузехьэхэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къашъор гум къыщежьэ

2022-09-20

  • — Сэнэхьатыбэмэ сыдэущтэу къашъор къахэпхынэу хъугъа, сыда ащ уфэзыща-гъэр?
  • — ЗэкIэ къызщежьагъэр тикъуаджэу Гъобэкъуай, ащ дэжьым сэ къоджэ еджапIэм ия 6-рэ класс сыщеджэщтыгъ. Тянэ-тятэхэр лъэшэу къытфэсакъхэу, Iэдэбым, гъэпсыкIэ тэрэзхэм тафапIущтыгъ, еджэным тегугъун, тызэрэпшъэшъэжъыер зэхатшIэу, тшъхьэ тыфэсакъыжьын зэрэфаер къыдгурагъаIощтыгъ. Сянэу Кобэщэч Асыет Гъобэкъое еджапIэм илъэс 31-рэ кIэлэегъаджэу Iоф щишIагъ. Сянэ ригъэджагъэхэм ащыщ зэлъашIэрэ къэшъуакIоу, «Налмэсым» бэрэ хэтыгъэу, джырэ мафэхэм ансамблэм ихудожественнэ пащэ иIэпыIэгъоу НэмытIэкъо Аслъан. Ащ къэшъоныр (иапэрэ кIэлэегъаджэ — сянэ ихьатыркIэ) пасэу ригъэжьэгъагъ, адыгэ цые цIыкIури фэшIоу фэзыдыгъагъэри сян ары. КIэлэегъэджэ шъыпкъэм лъэныкъуабэкIэ гъэзэгъэ шIэныгъэ хэлъ хабзэ. Сянэ «творческэ цIыф» зыфаIохэрэм ащыщыгъ, лъэшэу орэдыр, музыкэр, къашъор зэхишIэхэу, «дэхагъэм дунаир ыухъумэщт» зэраIуагъэм дыригъаштэщтыгъ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«СыкъэкIожьыгъэкIэ слъытэрэп,  Хэкум сыщыщ шъыпкъ…»

2022-09-20

  • Едыдж Гушъау — лъэпкъыр зэрыгушхорэ Къэралыгъо академическэ къэшъокIо ансамблэу «Налмэсым» исолист, икъэшъокIо пэрытхэм ащыщ. Илъэс 11 хъугъэ ащ ищыIэныгъэ лъэпкъ къашъом епхыгъэу «Налмэсым» зыхэтыр. КъыгъэшIэгъэ илъэс 32-м щыщэу 21-м Адыгеим щэпсэу, щэлажьэ, лъапсэ щыпхырещы. Шъуашэу, дахэу лъэпкъ къашъом исэнэхьат къыздэхъурэ, рылэжьэрэ къэшъокIо хьалэмэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэ журналистхэр — текIуэныгъитIкIэ

2022-09-20

  • Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ шыщхьэуIум (августым) и 25-27 махуэхэм лъэпкъ телевиденэ нэтынхэмкIэ «Голос Евразии» зи фIэщыгъэцIэ, е 5-нэ Урысейпсо фестиваль щекIуэкIащ. Абы хэтащ УФ-м и хэгъуэгу телерадиокомпанэхэр. Я IэщIагъэ IэпщIэлъапщIагъ утыку зэпеуэм щрахьащ Къэрэшей — Черкес телерадиокомпанэм и журналистхэми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зэныбжьэгъугъэ гъуэгукIэ

2022-09-20

  • Иджыблагъэ хьэбэздэс Жумай Анзор: «ХьэщІэ сиІэщ, фыхуэзамэ си гуапэт, фэри ффэгъэщІэгъуэныну къысщохъу…», — жери редакцэм къэпсэлъащ. Езыр зэрылъэпкъыгум, ныбжьэгъухэр дэнэ къуапи зэрыщиІэм дыщыгъуазэкІэрэ, иджырей ди зэІущІэри куп
    щІэншэ зэрымыхъунум шэч къытедмыхьэу, кІэщІрэ псынщІэу гъуэгу дытехьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Еджагъэшхуэ, цIыху щыпкъэ

2022-09-20

  • ЗэчийкIэ Тхьэр зыхуэупса щIэныгъэлI, журналист, адыгэ мифологием, щэнхабзэм, хабзэм ехьэлIа монографие, щIэныгъэ тхыгъэ, тхылъ бжыгъэ зи IэдакъэщIэкI, IуэрыIуатэхэр зэрыт тхылъ бжыгъэ зэхуэзыхьэсыжа, художественнэ новеллэ, пьесэхэм я автор, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къэрэшей-Шэрджэс щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и IуэрыIуатэ къудамэм и унафэщIу щыта, цIыху щыпкъэ — апхуэдэт Мыжей Исмэхьил и къуэ Михаил, иужьрей адыгэ джэгуакIуэшхуэ Мыжей Сэхьид и къуэрылъхур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

И къэухьыр инт, жыжьэ плъэфырт

2022-09-20

  • Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, республикэм и зыужьыныгъэм Ахъмэт Мусэбий хуэдэу зи гуащIэшхуэ хэзылъхьа куэд бгъуэтыну къыщIэкIынкъым. ГъащIэ кIыхь имыIами, абы илэжьа псор зылI хузэфIэкIыну фIэщщIыгъуейщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Шыгъажэ кIыхьхэм  я щIыналъэ

2022-09-20

  • ЛIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ лъэпкъым и пщIэр зыIэт адыгэшым и ехъулIэныгъэхэри напэкIуэцI дахэу хоувэ ди гукъэкIыжхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ГъащIэр фIыуэ елъагъу

2022-09-20

  • Дунейм щикъухьа адыгэ лъэпкъым зыщыпсэу щIыпIэр егъэдахэ, гуапагъэм, хьэщIагъэм, лIыгъэм, пэжыгъэм я лIыкIуэ мэхъу. Адыгэ нэсым хэлъ хьэл-щэн нэхъыщхьэхэр и лъым хэту дунейм къытохьэ. КъыдэкIуэтеиху ар хэплъагъуэ мэхъу и теплъэм, и зыIыгъыкIэм, и псэлъэ-кIэм. Гъэсэныгъэм и Iуэхур а лъым хэту къакIуэ щэным дэIэпыкъуэгъу хуэхъуу арагъэнущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дунейпсо чемпион  ЩхьэщэмыщI Рэмэзан

2022-09-20

  • Узбекистаным и Намаган къалэм щекIуэкIащ бгырыпх бэнэкIэмкIэ дунейпсо чемпионат. Абы хэтащ къэрал 32-м къикIа спортсмен 350-рэ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам дэщIыгъуу зэпеуэм зыкъыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше