ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхьэщыгъуей Жаннэ: Лъэпкъым и насыпыр ар псэкIи цIыхукIи узыншэнырщ

2022-09-17

  • ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и лэжьакIуэ пажэ, ди республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннэ зыпэрыт Iуэхум зэрыхуэIэижьым къыдэкIуэу езыр хьэлэлщ, гумызагъэщ, жиIам тебгъуэтэж цIыхущ, псэлъэгъу гъэщIэгъуэнщ. Ар щыджэгуащ Грушас Йозас и «Любовь, джаз и чёрт», Стратиев Станислав и «Автобус», Башбеков Шараф и «ГъущIым къыхэщIыкIа цIыхубз», Уильямс Теннеси и «ХъуэпсапIэм и трамвай», Нало Заур и «Къру закъуэ», «IэфIынэ и нэ фIыцIитIыр», Гольдони Карлэ и «Трактир гуащэ», IутIыж Борис и «Дамэлей», «Хьэпэщыпхэ», Толстой Алексей и «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ», Дюрренматт Фридрих и «Визит старой дамы» спектаклхэм, нэгъуэщI Iэджэми. Хъыджэбз цIыкIум хэлъ хабзэ хьэлхэм къадэкIуэу, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэ цIэрыIуэ куэд и благъэхэм зэрахэтым, шэч хэмылъу, ижь къыщIихуащ ар артисткэ хъуным.

  • – Уи гъащIэм щыщу нэхъ IэфI дыдэу уигу сыт къинэжар, Жаннэ?
  • – Дэтхэнэ цIыхум и дежкIи апхуэдэ пIалъэр и сабиигъуэрауэ къысщохъу. Сэри абыхэм сащыщщ. Ди адэшхуэм деж къуажэм сыщыкIуэжкIэ кIэнфет, IэфIыкIэ хуэдэхэр гъэтIылъыгъэ схуищIауэ сынигъэсыжырт. Зыми ямыщIэу дэ тIум гъэпщкIупIэ диIэт. Унагъуэм сызэрыщынэхъыщIэм къыхэкIыу тIэкIуи сагъафIэрт, куэди къысхуашэчырт.
  • Унагъуэ къызэрыгуэкI щыIэххэу щытмэ, сэ сыкъызыхэхъукIар апхуэдэщ. Зыхэслъхьэ щымыIэ си анэшым – Жанхъуэтхьэблэ – гъэмахуэр щызгъакIуэрт. Куэдрэ согупсыс сыкъызыхэкIам, Iэджэрэ си нэгу къыщIохьэ си сабиигъуэм и Iыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Псалъэм папщIэ, зэи сщыгъупщэркъым си адэм дэслъэгъуахэр, нобэми согъэщIагъуэ абы и зэфIэкIхэр. Егъэлеяуэ IэпщIэлъапщIэт ар, и Iэм имыщI щыIэкъым жыхуаIэм хуэдэт. ВакъащIэт, гъущI зэпигъэвэфырт, пхъащIэ Iэзэти, теплъэ зэмылIэужьыгъуэ нэгъунэ пхъэм къыхищIыкIыфырт, а псом къыдэкIуэу IэфIу пщафIэрт, джэгуакIуэшхуэти, и гушыIэхэр зылъэмыIэса благъэхэмрэ гъунэгъухэмрэ яхэттэкъым. Иджыпсту си дэлъхум соплъри, ди адэм ещхь куэд дызолъагъу, абы хуэмыдэ дыдэми, IэкIуэлъакIуэщ, IэпщIэлъапщIэщ.
  • Си адэшхуэр гъукIэу къуажэм дэсащ, бжьахъуэу щытащ. Си анэшхуэр пшынауэ Iэзэт, щыпсэуа зэман жыжьэм япэ къэсым ирату щымыта щIыхь тхылъ къыхуагъэфэщауэ. Абы и пшынэр нобэр къыздэсым ди унагъуэм щыдохъумэ.
  • Си адэ Назир къыщалъхуа Зэрэгъыж жылэмрэ ар къызытепщIыкIыжа Жанхъуэтхьэблэрэ цIыху цIэрыIуэ куэд къыдэкIащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, щэнхабзэм, гъуазджэм, литературэм я лэжьакIуэ гъуэзэджэхэу Болэ Мурат, КъардэнгъущI Зырамыку, Мысостышхуэ Пщызэбий, Темыркъан Юрэ, IутIыж Борис сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • Псоми фIыуэ фцIыху, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру щыта Фырэ Руслан си адэ шыпхъум и къуэт, Сонэ Мухьэрбийрэ си адэмрэ зэшыпхъуитIым я бынт, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Балъкъыз Валерэрэ сурэтыщI цIэрыIуэ Црым Русланрэ си анэ шыпхъухэм я бынщ. Абыхэм сакъыхэхъукIауэ схужыIэнукъым, атIэми щIэх-щIэхыурэ сахуэзэрт, я IуэхущIафэхэм сыщыгъуазэт.
  • IутIыж Борис и тхыгъэмкIэ ягъэува «Хьэпэщыпхэ» спектаклым Щэрмэт Людмилэ, Тхьэщыгъуей Жаннэ, КIарэ Ларисэ сымэ щоджэгу.

  • Фырэ Руслан Москва щеджэу я художественнэ унафэщI Калиновский Леонидрэ абы и щхьэгъусэмрэ Налшык къэкIуат загъэпсэхуну. Абыхэм сыкъафэу, уэрэд жысIэу сыкъыщалъагъум, схэлъ гуэрым гу лъатагъэнти, курыт еджапIэр къызэрызухыу Москва актёр IэщIагъэм сыщыхуеджэн хуейуэ къызжаIат. АрщхьэкIэ абы куууэ сегупсысакъым. Школ нэужьым илъэс ныкъуэкIи сылэжьауэ, а къызжаIари сIэщIэхужауэ, Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэм ягъэкIуэну адыгэ студие къыхахырти сыхыхьащ, илъэсиплIкIэ (1984 — 1988 гъэхэм) Москва сыщеджащ. Стромов Юрий си гъэсакIуэу щытащ, къызэрызгъэзэжрэ театрым сыщолажьэ.
  • – Уи лэжьыгъэм и IэфIыр сыт?
  • — «Сэ артист сыхъункъэ, артисту сылэжьэфынкъэ» жаIэу зэхыбох, ягурэ я щхьэрэ зэтелъу. Iуэхур укъэзыухъуреихьырщ: театрхэр, абы щыджэгу артист лъэщхэр, выставкэхэр, концертхэр… Абыхэм къуатыр зы егъэджакIуэми къуитыфынукъым, уеджэ къудейкIи къыппкърыхьэнукъым. Абыхэм къапкърыкI хъугъуэфIыгъуэ, IэфI псомкIи сыгъэнщIауэ, си къарум сыкъигъэгугъэу, гукъыдэжышхуэ сиIэу си хэку къэзгъэзэжат, ди къэралым и къалащхьэм сыкъэнэну къысхуагъэлъэгъуа пэтми. Театрым нэмыщI концертхэр щезгъэкIуэкIыу сыщылэжьащ телевиденэми радиоми. Псом хуэмыдэу сропагэ Баший Ритэ и гъусэу Нало Заур и IэдакъэщIэкIхэм щыщхэр радиом щезгъэтхауэ зэрыщытам. Апхуэдэщ сабий рассказхэр, «IэфIынэ и нэ фIыцIитIыр», «Къру закъуэр», нэгъуэщIхэри.
  • Сэ видеокIэ страхахэм сеплъыжынуи, си макъым седэIуэжынуи зэи сфIэфIкъым, ауэ мы лэжьыгъэхэр апхуэдизкIэ си гум, си псэм дыхьащи, пхужымыIэным хуэдизщ. Иджыри зэ хьэкъ сщыхъуащ Заур цIыху щэджащэу, егъэлеяуэ бзэ къулей Iурылъу, гений жыхуаIэм хуэдэу дызэриIар. ФIыщIэм и нэхъыбэр зейр Ритэщ, абы макъамэ щIигъэувахэмрэ а нэтынхэр зэригъэщIэрэщIамрэ гъэщIэгъуэныщэщ.
  • — Сэ къызэрысщыхъумкIэ, гъащIэр Iыхьэ-Iыхьэу, пкъынэ-пкъынэу зэхэлъщ, зыр иухыу адрейм къыщыщIидзэри цIыхум псэкIи гукIи къыгуроIуэ, дэтхэнэми езым и еплъыкIэ хуиIэжщ. Ар зыгъэунэхуахэм уащыщщ, Жаннэ.
  • — 1992 гъэм аварие сыхэхуэри, псоми зихъуэжащ. Абы щыгъуэ цIыхупсэр зэрымахэр къэсщIащ, япэм къысфIэмыIуэхуу щытахэм сегупсыс хъуащ. ГъащIэм ущриудэкIкIэ, нэгъуэщIынэкIэ псори плъагъун щIыбодзэ – цIыхухэр зэрызэхэтри, уэ езым къызэрыпхущытри нэхъ зыхыбощIэ.
  • – Актёр къэсыху и лэжьыгъэхэм нэхъ хигъэфIыкI, и гум, и псэм дыхьэ роль иIэу къыщIэкIынщ. Апхуэдэу къыхэбгъэщхьэхукIхэр дэтхэнэхэра?
  • — Мис мыр нэхъыфIу, адрейр нэхъ Iейуэ солъагъу схужыIэнукъым, дэтхэнэми уи псэ щыхэплъхьэкIэ, абы уиту ущыпсэукIэ. Пэжщ, фIыуэ сымылъагъу сиIэщ, ауэ ахэр, си гуапэ зэрыхъунщи, куэд хъуркъым. Псалъэм папщIэ, ЛIыхэс Мугъдин и «Лъагъуныгъэ мыужьыхыж» лирикэ гушыIэм къыщыIэта темэр апхуэдизкIэ жьыт, зыкIи ди гъащIэм къекIуалIэртэкъыми, ара къыщIэкIынщ си акъылым къыщIысхуимыщтар.
  • Эдуардо де Филиппэ и лэжьыгъэм къытращIыкIа «ЦIыхущ икIи джентльменщ» гушыIэр езыр егъэлеяуи сигу ирохь икIи фIы дыдэу солъагъу, ауэ абы щызгъэзэщIар ар зыгъэува Калиновскэм мыхьэнэшхуэ зримыта ролщ. Си щIалэгъуэкIэ, си гукъыдэжкIэ сщIати, абы къытенауэ йокIуэкIри тIэкIу сегъэIэнкун.
  • – Илъэс зыбжанэ ипэкIэ бгъэувауэ щытащ уи IэдакъэщIэкI пьесэр зи лъабжьэ, «Уи фызыр ибгъэкIыжыну ухуей?» зыфIэпща спектаклыр.
  • – АхъшэкIэ къыздэIэпыкъуни къэзгъуэтщ, артистхэри къесшалIэри, тэмэм дыдэу дгъэхьэзырат а лэжьыгъэр. Пэшым щIэзу цIыху къекIуэлIауэ ар тIэу щыдгъэлъэгъуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым. Иужьым, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу, тIэу фIэкIа утыку къитхьэжыфакъым. ФIыщIэ лей яхуэсщIыну сыхуейщ си зэфIэкIыр зи фIэщ хъууэ а Iуэхур къыздэзыIыгъа артистхэм.
  • «УокIуэдыпэ мыгъуэри, адыгэ лъэпкъ» псалъэхэр зи кIыхьагъкIэ щыпхыша, зи гупсысэ нэхъыщхьэ, гушыIэ щабэ зыщIэлъ спектаклыр иджыпстуи цIыхухэм зэрафIэщIэщыгъуэнум шэч хэлътэкъым.
  • Ди зэманым пэджэжу, ди цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэныну иджыри зы пьесэ сиIэщи, зэгуэр ари утыку къисхьэфыну сыщогугъ.
  • — Иужьрей зэманым пщIа лэжьыгъэхэм я гугъу уэзгъэщIынут, Жаннэ.
  • — Битокъу Владимир триха «Глубокие реки» фильмым хэт бзылъхугъэм и макъыр щIэслъхьащ, Емкъуж Анзор сригъэблагъэри, режиссёрым Къамылыкъуэ къуажэм щытриха художественнэ фильмым сыхэтащ. Канадэм щекIуэкIа кинофестивалым щагъэлъэгъуа, кинотеатрхэм къыщата «Невиновен» фильмым щызгъэзащIэ ролыр инкъым, ауэ фильмым и кIыхьагъкIэ щыпхышащ. Зи къуэр Москва щаукIа бзылъхугъэм и образращ сызэрытыр. Пэжыр жысIэнщи, сышынэрт ролыр къэсщтэн, сыгуитIщхьитIт. АрщхьэкIэ IутIыж Борис и «Хьэпэщыпхэр» щигъэувым Анзор къызигъэза дзыхьыр, си зэфIэкIыр хьэкъыу и фIэщ хъууэ къызэрыздэлэжьар сщIэжырти, схуэгъэщIэхъуакъым икIи сыхущIегъуэжакъым.
  • – Сыт хуэдэ спектаклхэм ущыджэгуну нэхъ пфIэфI, Жаннэ?
  • – Тхыдэр зи лъабжьэ спектаклхэр зыхэслъхьэ щыIэкъым, псом хуэмыдэжу лъэпкъ фащэ дахэхэр щащыгъхэр. Апхуэдэу къыхэбгъэщ хъунущ КъардэнгъущI Зырамыку и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» (зыгъэувар Теувэж СулътIанщ), IутIыж Борис и «Дамэлей» (ХьэщIэгъуэгу Къэсей) пьесэхэм къытращIыкIахэр, иужьрейуэ сыщыджэгуахэм ящыщ «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» (Фырэ Руслан).
  • Толстой Алексей и пьесэмкIэ театрым игъэувыжа «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» ехьэлIауэ гузэрыдзэ щIэсщIа щыIами, Гуащэнэ и ролымкIэ жысIэну сызыхуеяр театреплъым деж нэсхьэсыфауэ къысщохъу. Си псэм щыщIар къыздэIэпыкъуагъэнри хэлъщ утыкум къисхьэ образым ерыщу селэжьынымкIэ, бзылъхугъэм и гъащIэр къэспсэунымкIэ. Хъыджэбз щIалэр политикэ Iуэху щхьэкIэ щытыкIэ гугъум ирагъэувауэ, уеблэмэ абы я щхьэ къращэхужауэ жыпIэ хъунущ. Ауэ а псом емылъытауэ, сэ сыхущIэкъуащ ар лей зытехьа мыхъуу, зи лъэпкъыр, къыдалъхуахэр фIыуэ зылъагъу бзылъхугъэу, щхьэгъусэ зыхуэхъуа пащтыхьым и дэIэпыкъуэгъу пэжу, и щIэгъэкъуэну зэрыщытар къэзгъэлъэгъуэну. Грознэр зы зекIуэ иригъажьэртэкъым езыр щIымыгъуу, езы цIыхухъуми къыгурыIуэрт щхьэгъусэр къызэрыхущытри аращ, шэч хэмылъу, апхуэдиз илъэскIэ ахэр щIызэбгъэдэсар. Иужьрей зэманым Гуащэнэ тепсэлъыхьхэр, ар къызыхэщ фильм зыгъэувхэр адыгэ хабзэм, сабийр ди лъэпкъым зэригъасэу щытам жыжьэуи гъунэгъууи хэзымыщIыкIхэрщ, къэбэрдеипщым ипхъуу ущытыныр зищIысыр къызыгурымыIуэхэрщ. Ахэр псори зэпкърыхыпхъэщ, Iуэхур куууэ къыщIэбгъэлъэну ухуеймэ. Сыт хужамыIами, сыт хуэдизу ягъэлъэхъшэну хэмытами, пэжыр пэжщ – ар лъэпкъым и псэкупсэ цIыхущ, гъуазджэм сыхуэлэжьэху а образым гукIи псэкIи сыхуэпэжынущ.
  • – Театрым и артистхэр ирехъу, къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэм хэтхэрауи щрети, ахэр гулъытэ зэрыщымыщIэр, уэрамым къызэрыщацIыхужыр дощIэ. Языныкъуэхэм ар яфIэфIынкIи мэхъу, адрейхэр зэгуигъэпынри хэлъщ.
  • – А Iуэхум сигурэ си щхьэрэ зэтелъу сыбгъэдохьэ (мэдыхьэшхИ. З.). СыкъащIэжрэ – си гуапэщ, щIысфIэфIри сэ къысхуащI гулъытэракъым, атIэ абы театрым цIыхухэр зэрыкIуэр къызэригъэлъагъуэрщ. Уи жагъуэ хъун псалъэ къущадзыни щыIи! ЖыпIэнурамэ, уартистыным жэуаплыныгъэшхуэ пылъщ, уи зыхуэпэкIэми, уи псэлъэкIэми, уи зыIыгъыкIэми цIыхухэр къыкIэлъоплъ. Ар зэран къысхуэхъуу къэслъытэркъым, си гупсысэ, си IуэхущIафэ хэзыщIыкIыну хуей псоми хуиту сопсалъэ.
  • — Сыт уи хъуэпсапIэ?
  • — Си лэжьыгъэ IэнатIэм ехьэлIахэм ящыщу «билет щыIэж?» жаIэу театрым цIыхухэр къэпсэлъэнырщ си хъуэпсапIэ нэхъ ин дыдэр. Ди гуапэ зэрыхъунщи, икъукIэ театраплъэ гумызагъэхэр диIэщ иджыпсту. Спектаклыр япэу щыдгъэлъагъуэм и закъуэкъым, адрейхэми пэшым щIэзу цIыхухэр къокIуалIэ.
  • Владикавказ щыщ режиссёр Иванов Валерий адыгэ театрым кърагъэблагъэри, Дюрренматт Фридрих и «Визит старой дамы» тхыгъэм къытращIыкIа спектакль игъэувауэ щытащ илъэс зыбжанэ ипэкIэ. ЯфIэгъэщIэгъуэну, яфIэщIэщыгъуэу артистхэр абы зэрыщыджэгуами, цIыхухэр зэреплъами пцIы хэлъкъым. Ауэ зыгуэр зэхуэхъуакъым, ар гъэлъэгъуэн щагъэтащ. Образри спектаклри апхуэдизкIэ сигу ирихьу сыджэгурти, зыщызгъэнщIыртэкъым. Артистыр артист хъун щхьэкIэ мис апхуэдэ пьесэ гуэрхэм щыджэгун хуейщ Iэмал имыIэу. Армыхъумэ, хэплъхьэр къэзылэжьыжхэм я закъуэкIэ зэфIэкIынукъым, классикэншэу театр щыIэфынукъым.
  • Щукиным и цIэр зезыхьэ училищэр Москва къыщызыухыу къэзыгъэзэжа артистхэм ехьэлIауи си нэр къызыхуикIхэр щыIэщ. ЩIалэгъуалэ дахэщ, узэхах, яжепIэну узыхуейр къагуроIуэ, зэхащIыкI, тхьэм и шыкуркIэ. ЗышыIэныгъэ тIэкIу нэхъыбэу яхэлъыну, зызэтраубыдэу я лэжьыгъэм нэхъ трагъэщIэну сыхуейт. Лъэпкъ хабзэр, бзыпхъэр ди хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я деж куэду щыслъагъуну аращ сызыщIэхъуэпсыр. Я бзэр Iейкъым, нэхъыфIыж хъуну сфIэкъабылщ. Адыгэбзэр уэрсэру, гъэхуауэ къыщыбгъэсэбэпыныр щыIэмалыншэ IуэхущIапIэщ театрри, ар фIы дыдэу умыщIэрэ зэхыумыщIэу, абы уримыпсалъэрэ уримыгупсысэу утыкум укъыщIихьэн щыIэкъым.
  • Сыт хуэдэ спектакль ущыджэгуну ухуейт?
  • — Щхьэфэд мыхъуу, псэкупсэ, философие спектакль куу. Апхуэдэу жысIэми, роль цIыкIухэми Iэджэ хэплъхьэн зэрыхуейр къызгуроIуэри, абыхэми я пщIэр схуеудыхынукъым.
  • Лэжьыгъэ купщIафIэу си гум къинащ Къэшэж Иннэ и фэеплъ пшыхьыр (режиссёрыр Фырэ Руслант), сэрэ КIэхумахуэ ФIатIимэрэ Иннэ и ролыр щыдгъэзэщIар. Лохвицкий Михаил и «Уафэгъуагъуэ макъым» къытращIыкIа «Адэжь щIыналъэм и гъыбзэ» спектаклыр-щэ?! «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» щызгъэзащIэ Гуащэнэ и ролыр зэрысщIынур сщIэртэкъым, абы сызэрыбгъэдыхьэр пэжрэ сыщыуэрэ къызгурыIуэртэкъым. Зы махуэ гуэрым Руслан къехь Свиридовым и макъамэ… Ар зэрызэхэсхыу, шахматым и пкъыгъуэхэм ещхьу, псори и пIэм иуващ, сызэрыджэгунури, зэрызызгъэзэнури, сыкъызэрихьэнури, сызэрыпсэлъэнури зэуэ къызгурыIуащ.
  • — Узыдэлэжьахэу хэт сымэ уигу нэхъ къинэжа?
  • — Режиссёр куэдым садэлэжьащ сэ. Апхуэдэхэщ Теувэж СулътIан, Теувэжыкъуэ Владимир, ХьэщIэгъуэгу Къэсей, Солцаев Мималт, Кове Валерий, Шэрджэс Мухьэмэд, Дэбагъуэ Роман, Емкъуж Анзор сыми, дэтхэнэ зыми сахуэарэзыщ, абыхэм я лэжьэкIэм, я Iуэху бгъэдыхьэкIэм ижь гуапэ къысщIихуауэ къызолъытэ.
  • — Сытым уигъэгузавэрэ?
  • — Дунейм цIыху тет къыщIэкIынкъым, абы щыгъуэми лъэпкъ мащIэхэм къыхэкIам, и бзэм, и хабзэм я зехьэкIэм имыгъэгузавэ, щIэблэм я гъэсэныгъэм имыгъэпIейтей. Си жагъуэ мэхъу дахагъэм щIалэгъуалэр зэрыхуемыIэр. Ар къыщежьэ унагъуэм дэтхэнэ зы цIыхуми гъэсэныгъэр щигъэнэхъапэу хабзэр щызэрахьэну сыхуейт. Дин псоми, хабзэу хъуами я лъабжьэр зыщ: умыукI, къыумыгъапцIэ, умыдыгъуэ… Зыри къэгупсысын хуейкъым, мис абыхэм щIэпIыкIыпхъэу аращ. Быным жраIэ къудей мыхъуу, щапхъэ ирагъэлъагъутэмэ, Iуэхур абыкIэ пхуэхъуэжыну къысщохъу. Лъэпкъым и насыпыр ар псэкIи цIыхукIи узыншэнырщ – игъащIэми жаIэри «лъэпкъ узыншэ Тхьэм дищI».
  • Ди театрыр лъэпкъ театрщ. «Фащэ ящыгъыу адыгэ спектакль щхьэ къэвмыгъэлъагъуэрэ», – жаIэурэ абы щылажьэхэм щеупщI куэдрэ къохъу. Хэтыт абы хуэмейр?! Апхуэдэу щыIэ пьесэхэр щэрыщэ-плIэрыплIэ ягъэувакIэщ, тхыгъэщIэ щыIэкъым. Ауэ, узэджэр къокIуэ жаIэри: Сыхуейт ди джэгукIэри, ди псэлъэкIэри щIэрэщIэну; Сыхуейт зыкъэгъэлъэгъуэкIэм дунейпсо гъуазджэм ижь къыщIихуну; Сыхуейт нобэрей гъащIэм пэджэж адыгэ пьесэщIэхэр ятхыну; Сыхуейт а тхыгъэхэм лъэпкъыр игъэхъуэпсэну! Хъуапсэ и псэ кIуэдкъым!
  • Епсэлъар ИСТЭПАН Залинэщ.