ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык щокIуэкI

2022-09-17

  • Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм я фестиваль. Ар къызэIуахащ щIалэгъуалэ зекIуэкIэ.
  • ХьэтIохъущокъуэм и хадэм и лъэс лъагъуэ нэхъыщхьэм къэрал ныпыр зыIыгъ щIалэгъуалэ 3000-м щIигъу ирикIуащ. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжу, «ЩIыхьым и мафIэ мыужьых» фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэри, зекIуэр ежьащ. Урысейм и Президентымрэ къэралым и армэмрэ зэрыдаIыгъым и щыхьэт Iуэхур «Зэакъылэгъуныгъэ! Зэкъуэтыныгъэ! Хэкупсагъэ!» къыхуеджэныгъэм щIэту ирагъэкIуэкIащ икIи Абхъазым и утыкум щиухащ.

  • «Кавказыр зэныбжьэгъугъэм и щIыналъэщ!» художественнэ теплъэгъуэмкIэ пащащ фестивалым. Зэхыхьэхэр щиухым концерт итащ КъБР-м и цIыхубэ артист Текуев Амур. Псори дежьууащ абы игъэзэщIа «Россия — Родина мать» уэрэдым.
  • Фестивалыр ирагъэхьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и дэIэпыкъуэгъуу ар къызэригъэпэщащ республикэм ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм. Абы и мурадыр щIыналъэхэм я зэпыщIэныгъэр, Урысейм и щIалэгъуалэм Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр гъэбыдэнырщ, лъапIэныгъэхэр хъумэнырщ, ныбжьыщIэхэм я щэнхабзэ ехъулIэныгъэхэм хэгъэхъуэнырщ.
  • Зэхыхьэм хэтащ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, Урысей Федерацэм и щIыналъи 10-м щыщ ныбжьыщIэхэр. Ди республикэм и хьэщIэщ Тэтэрстаным, Шэшэным, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ингушым, Адыгейм, Къалмыкъым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Дагъыстэным, Ставрополь крайм къикIа цIыху 200-м щIигъу. Зэхуэсхэм апхуэдэу хэтащ КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм къызэригъэпэща семинарым кърихьэлIа цIыху 60-ри.
  • Творческэ пшыхьхэр, зэпеуэхэр, зэIущIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал университетым, къэрал аграрнэ университетым я утыкухэм, къалэм и зыгъэпсэхупIэхэм щокIуэкI. ХьэщIэхэм республикэм и щIыпIэ дахэ-хэм зыщрагъэплъыхь.
  • ФокIадэм и 16-м «Кавказыр ди зэхуэдэ унэщ» зэхыхьэ гукъинэ- жыр зэхэтащ. Абы ирагъэблэгъащ Херсон областым щыщ сабийхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыгъэпсэхухэр. Фестивалыр ноби зэхэтынущ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Налшык къалэ и утыкухэм цIыху 4500-м щIигъу щызэхуэсынущ.