Зэныбжьэгъухэр
2022-09-17
- Пщыхьэщхьэм зэныбжьэгъухэр уэршэру я пщыIэм къытехьэжащ. Ахэр ешат. Махуэ псор Iэщыхъуэхэм я дэIэпыкъуэгъуу, къыщыдэхуэхэм деж, дыгъафIэ джабэ нэкIум мэракIуэ къыщалъыхъуэу, бгы щыгум зэрыдэхьейрэ щызэрызехьэу ягъэ-кIуащ.
- Пщыхьэщхьэшхэ ящIа нэужь, замыIэжьэжу щIалэ цIыкIуитIыр гъуэлъыжащ. Куэд мыщIэу Ахьмэд и пырхъ, Iуэщхъу макъхэр къэIуащ, жей Iувым зэрыхилъэфар къыуагъащIэу. Зубер абы зыдищIу гъуэлъыжами, и жеин къакIуэртэкъым. Махуэ зыбжанэ хъуауэ ахэр Къущхьэхъу щIыналъэм итт. Къуажэ Iэщым пэрыту зи гъащIэр къэзыхьа Хьэмидрэ Темыррэ къыздыдашат щIалитIыр я дэIэпыкъуэгъуу: мы гъэм Iэщыр куэд хъурт, хъушэр инт, цIыхуитIкIэ узыпэмылъэщын Iуэхут.
- Къущхьэхъум щигъакIуэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр Зубер и дежкIэ гуимыкIыжт. БалигъыпIэ иувэу щIэзыдза щIалэ щхьэпэлъагэм Iэпкълъэпкъ дахэ иIэт: плIабгъуэт, и бгы псыгъуэм гъурыфэ къытригъауэми, зэкIужт. КъыщопсалъэкIэ, и пыжьынэхэр гуапэу уи нэкIум къыщIэплъэрт. А щIалэ лъагъугъуафIэр и ныбжьэгъухэм фIыуэ къалъагъурт. Мы щIыпIэм дахагъэу дилъэгъуам зи жейр трихуа щIалэщIэр гупсысэ куум хыхьащ. Абы и нэгу къыщIыхьэ-жащ щыцIыкIум и адэм мэкъуауэ здишэу зэрыщытар. Пщэдджыжь нэмэзым шы закъуэгур зэщIащIэрт, Iэмэпсымэ зыхуеину псори иралъхьэрт, и анэм яхуигъэхьэзыра гъуэмылэри къыздащтэрти, Аурсэнтх лъэныкъуэмкIэ яунэтIырт. Адэм, зэрихабзэу, дзапэ уэрэд къришын щIидзэрт; зи жейбащхъуэр иджыри темыкIа Зубер цIыкIуи абы фIэфIыпсу едаIуэу я гъуэгур хагъэщIырт. ЖэщкIэ къемыхыжу пщыIэр псэупIэ зыщIа мэкъуауэхэм гъунэгъу зэрахуэхъуу, и адэ Аслъэн дзапэ уэрэдыр щигъэтырти, пщэдджыжь сэ-лам гуапэр ярихырт. Зи жейр теуа щIалэ цIыкIури гушхуэу, «Флъагъурэ, сэри лIы сыхъуащ, мэкъуауэ сокIуэ» жыхуиIэ щIыкIэу, мащIэу зыкъытриIэтыкIырт, псоми гу зылъригъэтэн гугъэ иIэу.
- ЩIалэ цIыкIур фIэгъэщIэ-гъуэну еплъырт адэм аргъынэхэр захуабзэу зэрыригъэтIылъэкIым, шэмэджым и пыупщI макъми щIэдэIун фIэфIт. Ауэ, пщIэнтIэпсыр зи напэм къекIуа адэм щыIуплъэкIэ, Зубер цIыкIу занщIэу нэщхъей къэхъурт. «Ин сыхъумэ, адэм мэкъу сыде-уэнщ. ТIу дызэрыгъэхъумэ, апхуэдэу гугъу ехьынтэкъым», — егупсысырт илъэсихым ит щIалэ цIыкIур.
- Зубер и гур занщIэу къыхэузыкIащ: иIэжкъым и адэр. Шызакъуэгум удз цIынэр из ищIауэ мэкъуауэ къыздикIыжым, гъуэгум зы бажэ къытелъэдащ. Шыр щтэри зричащ, къуэм щхьэщылъадэри, зэрызэгъусэу щыхуащ. Адэм и псэр пыту къагъуэтыжа щхьэкIэ, дохутырхэм къахуегъэлакъым. А псори зи нэгу къыщIыхьэжа Зубер и нэпсхэр къыфIыщIэлъэлъырт, пэмылъэщу. Зыгуэрым къилъагъу нэхъей, шхыIэн щIагъым зыщIигъапщкIуэри, и нэхэр зэпилъэщIыхьащ, и гур игъэбыдэри, гупсысэн щIидзэжащ.
- Илъэс пщыкIузым иту адэншэу къэна щIалэ цIыкIур унагъуэм я нэхъыжьт, и анэ ДэIимэти куэд-кIэ къыщыгугъырт абы. Лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэу къэхъурт Зубер. Iуэхуншэныр зыфIэмыфI щIалэр лэжьыгъэ къыкъуэкIам занщIэу арэзы техъуащ. Улахуэ хъарзынэкIи къагъэгугъати, щыгуфIыкIырт и анэм дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэхъунум. ДэIимэти, пIейтеиныгъэ гуэрым зэщIиIыгъэми, и къуэм и мурадыр диIыгъащ. Сыт хуэдэ гуфIэгъуэ зэрихьэрэт Зубер и ныбжьэгъу Ахьмэд и гъусэну къыщищIам! ЗэныбжьэгъуитIыр зэкIэрымыхуу, зыр здэкIуэр адрейми и кIуапIэу, гъащIэр зэдахьырт.
- Жей Iувым хэт щIалэр пщэдджыжьым къэушыгъуафIэ хъуну къыщIэкIынтэкъым, Ахьмэд псы щIыIэ фалъэшхуэкIэ къемыгуэуауэ щытамэ. Зубер, зэрыхэжеяр щхьэжэ щыхъуауэ, къыщылъэтащ. Пщэдджыжьышхэ нэужьым нэхущ лъандэрэ Iэщхэм япэрыт нэхъыжьхэм ахэр якIэлъыдэкIащ, зрагъэгъэпсэхуну. МахуэщIэ къэунэхуам и гуапагъымрэ алэрыбгъу щхъуантIэпс зытеубгъуа губгъуэшхуэм и дахагъымрэ зэхыхьэжырти, зумыщIэжу уи псэр пIэпахырт, уагъэгушхуэрт:
- — Мыр си щIыгущ, си лъахэщ, си дунейщ. Дэнэ щыIэ нэгъуэщI мыпхуэдэу щIэращIэ щIына- лъэ! — хурикъуртэкъым щIалэ цIыкIум дунейр.
- Iэщ гъэхъуным гугъуехьыш-хуэ пымылъу къызыщыхъуа щIалэхэм щIэх дыдэ къагурыIуащ ар зэрымытыншыр. IэщIэвыщIэм яхъуэкIу мыхъун удзыжьхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ хэплъагъуэрт, апхуэдэм Iэщыр щыхъумэн хуейт. Махуэ хуабэ-хэр яхуэмыхьу танэхэр щхьэрыхьу щыщIэпхъуи къэхъурт.
- Сыт хуэдиз гугъуехь пымылъми, я лэжьыгъэр екIуу ирахьэкIырт, я нэгу зыщрагъэужьын зэмани къахуихуэрт. Iэщхэр зэрыземыхьэу, мамыру хъупIэм щитым деж, нэхъыжьхэм хуит ящIырт махуэ ныкъуэр зэрыхуейуэ ягъэкIуэну. Апхуэдэ зы махуэ гуэрым Ахьмэд и нитIыр къигуфIыкIыу и ныбжьэгъум зыхуигъазэри жиIащ, и Iэр ишийурэ:
- — ПщIэрэ, зымахуэ модэкIэ къыщыт шытхым и лъапэм сыщыIууащ псыежэх цIыкIу. Ар икIи чэнж дыдэкъым, зыхэбдзэ хъунущ. АдэкIэ пэум мамкъут- ри къыщокъутэ, абыи фIыуэ дыхэшхыкIынщ. Уарэзымэ, ди зэманыр дэгъуэу дгъэкIуэнщ.
- — Псы щIыIэм уигу пэщыху ухэсрэ мамкъуткIи зыптIыжыну хъуэпсэгъуэщ, ауэ махуэ псор нэгузыужьу итхыну таучэл сщIыщэркъым. Хьэмид и лъэгуажьэр игъэузыжащи, хощIэкъукI, Темыри и бгыр иубыдащи, болъагъу, гугъу зэрыригъэхьыр. Гуэныхькъэ ахэр махуэ псом Iэщхэм ябгъэдэбгъэтыну? — жиIащ Зубер, нэщхъей зэрыхъуам гу лъыптэу.
- — Махуэ псор псы Iуфэм щыдгъэкIуэнщ, жысIэркъым, — къикIуэтыжащ Ахьмэд. — ГъэщIэгъуэн-тIэ тIэкIу ди нэгу зедгъэужьыну? Ди ныбжьэгъухэм яхуэтIуэтэжын гуэр зэгъэпэщын хуейкъэ? Iэхъуэ баш тIыгъыу гъэмахуэр Къущхьэхъу щыдгъэкIуащ жытIэу зыщыдгъэдыхьэшхын? Сэ сынэхъыжьщ, Iуэхур си пщэм дызолъхьэ. Псори зэпэщ сщIынщ, зыкIи умыгузавэ.
- Зубери къыгурыIуэрт нэхъыжь и псалъэ тIу пщIын зэрыхуэ-мейр, ауэ мызыгъуэгум Ахь- мэд и жыIэ емыдаIуэмэ, нэхъ тэмэму къилъытэрт. «Зывгъэпсэху!» — жаIэу хуит къащIа щхьэкIэ, ахэр дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэт. Дауэ хъуми, щIалэгъуэ жыхуиIэрати, зэныбжьэгъухэр псы щIыIэм къыхэхутащ. Хъуэпсэгъуэт я Iуэхур.
- Ягу пэщыху загъэпскIауэ, мамкъут здэщыIэмкIэ кIуэну ежьахэу, Зубер къилъэгъуащ хъушэм фIыуэ къыпыIукIуэта Iэщ зытIущым зы шу зэрыхуэкIуэр. Абы занщIэу игу къэкIыжащ Iэщыхъуэ Хьэмид къыхуиIуэтэжауэ щыта хъыбарыр — Iэщ дыгъу зэрыщыIэр, зэкъуэхуауэ губгъуэм ит IэщIэвыщIэр зэрыбзэхыр. Зубер псынщIэу и щхьэм щызэригъэзэхуащ къэхъункIэрэ хъунур икIи и ныбжьэгъум Iуэхур зыIутыр иригъэщIащ. Куэдыщэ-рэ зыпIэжьэ хъунутэкъым, бзаджащIэм и мурадыр къехъулIэнкIэрэ хъунут. Нэхъыжь и жыIэ едаIуэу еса щIалэ цIыкIур Ахьмэд еплъырт, и унафэм пэплъэу.
- — Зубер, псынщIэу зич, нэхъыжьхэм я деж нэси хъыбар егъащIэ. Сэри шум гу зылъезмыгъатэурэ и пэ сыкъилъэдэн- щи, зэрысхузэфIэкIкIэ, зэтесIыгъэнщ, — хэкъузауэ жиIащ Ахьмэд.
- Ахьмэд езыр щIалэ Iэчлъэчт, къарууфIэт; ауэ сытми абы мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщат бэнэнымкIэ саугъэтхэр?! ТIури спортым дихьэхат. Арат ахэр апхуэдэу гъунэгъу зэхуэзыщIар. Дакъикъэ зытхухым и кIуэцIым зэныбжьэгъухэм я Iуэхур дагъуэншэу зэфIахащ, дыгъум и мурадыр кърамыгъэхъулIэу. Iэхъуэ баш кIыхьыр иIыгъыу и пащхьэм къихута щIалэ плIабгъуэ хэщIыхьар щилъагъум, шым тес лIы нэщхъыцэр къэуIэбжьащ, и шым нэхъ хуэм зригъэщIри, и пащхьэ итыр зэпиплъыхьащ, «Уэри дэнэ укъикIа», жыхуиIэ щIыкIэу.
- Мыжыжьэу шы лъэ макъи къэIуащ. Хьэмидрэ Темыррэ яшхэм зытраIулIауэ гъунэгъу къахуэхъурт. И гугъакъым дыгъум хъушэм апхуэдиз цIыху пэрыту. И Iуэхур зэрызэIыхьар къызыгурыIуа шур, и шыкIэ мафIэ егъэуауэ, IулъэтыкIыжащ. Хьэмид и лъакъуэ узыр зыхимыщIэжу, псынщIэу шым къепсыхри, зэныбжьэгъухэм ябгъэдыхьащ.
- — ЦIыхум и цIэр езым зыфIещыж, — жиIащ абы. — ЛIыгъэ фхэлъщ, фызыгъэсахэм напэ яIэщ.
- Темыри мащIэу пыгуфIыкIыу, гуапагъэ зыщIэт и нэхэр щIалэхэм гъуэрыгъуэу ятриубыдэурэ, къригъэжьащ:
- — Аращ-тIэ, узэкъуэтмэ, зыми тегушхуэгъуафIэ ухуэщIынукъым. Дэ тIум ди закъуэу щытамэ, е фэ Iуэху еплъыкIэ зы- рыз фиIамэ, Iэщхэр диIэжтэкъым. Фэ фхуэдэ щIалэ хэкум куэду Тхьэм кърит!
- ЩIалитIми фIыуэ къагурыIуат зэкъуэтыныгъэм лIыгъэ къызэрыпхилъхьэр. Гушхуэныгъэм зэщIиубыда щIалэщIэхэм я жеин къэмыкIуэу жэщ ныкъуэ хъуху щысыжащ, зэдэуэршэрхэу.
- Ялъагъу псори яфIэщIэщыгъуэми, къуажэм хуезэшат щIалэхэр. Зубер и анэ ДэIимэт игу къихьэрей хъуат. И шыпхъу цIыкIу Даринэ и щхьэцыгъуэ ухуэнам къекъуурэ зэригъэ- кIийуэ щытар и нэгу къыщIигъэхьэжырти, пыгуфIыкIырт. Ахьмэди и анэм игъэхьэзыру щыта шхын IэфIхэр щIэх-щIэхыурэ игу къихьэрт, езыри нэхъ псэлъэгъуей хъуат.
- Зэманыр напIэдэхьеигъуэ хуэдизкIэ къызэтемыувыIэу макIуэ, гъащIэри абы кIэлъоIэ. Къэблэгъащ гъэ еджэгъуэщIэр. ЩIалитIыр Къущхьэхъу къехыжри, я унагъуэхэм яхэтIысхьэ-жащ. ЯщIэрт абыхэм яIуэтэжын хъыбар куэд, ауэ зыми зыхуа-гъэщIэгъуакъым, щхьэщытхъуж псалъи къажьэдэкIакъым. Щхьэж и Iуэху зэрихуэжу зэныбжьэгъуитIыр дэувэжащ.
- МЭРЕМЩАУЭ Беслъэн,
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студент.