Нэхъыжьхэр я щапхъэу
2022-09-17
- КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным гулъытэшхуэ егъуэт иужьрей зэманым. Апхуэдэщ къэралым и курыт школхэм блыщхьэ къэс УФ-м и Гимныр къыщегъэуэныр, а макъамэм щIэту ныпыр къэIэтыныр. А унэтIыныгъэм хиубыдэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ фокIадэм и пэщIэдзэм еджапIэхэм щрагъэкIуэкI хабзэ хэкупсэ дерсхэр.
- «ЛIыхъужьхэр ди гъуазэщ» фIэщыгъэр зиIэ апхуэдэ лэжьыгъэ щхьэпэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №2-м. НыбжьыщIэхэм къахуеблэгъат Урысейм и ЛIыхъужь Корольков Аркадий, и ныбжьэгъухэр и гъусэу. А хьэщIэ лъапIэхэм папщIэ школым и егъэджакIуэхэми еджакIуэ цIыкIухэми ягъэхьэзырат концерт купщIафIэ. НыбжьыщIэхэм ягъэзэщIащ хэкупсэ уэрэдхэр, зыхэщIыкIыгъуэу къеджащ усэхэм, лъэпкъ къафэхэм зэрыхуэIэзэр хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ. Концерт нэужьым псори зэгъусэу еплъащ Урысейм и ЛIыхъужьым и гъащIэмрэ и зауэ гъуэгуанэмрэ теухуа фильм кIэщI цIыкIу.
- ЛIыхъужь цIэрыIуэр нэхъ гъунэгъууи зрагъэцIыхуащ школакIуэхэм. Абыхэм я упщIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым зэхэхауэ жэуап иритащ Корольковым. Псалъэмакъыр теухуат дзэм къулыкъу щищIэну щраджа илъэсхэм къыщыщIэдзауэ нобэрей зэманым нэс ЛIыхъужьым къикIуа гъуэгуанэм. УФ-м IэщэкIэ зэщIэузэда и дзэхэм я полковник Корольков Аркадий лIыгъэ зэрихьэу хэтащ лIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм ди къэралым щекIуэкIа зэпэщIэувэныгъэ ткIийхэм. УФ-м и Президентым и УнафэкIэ 2000 гъэм абы къыфIащауэ щытащ «Урысейм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр, «Дыщэ Вагъуэ» медалри щIыгъуу. КъинэмыщIауэ, Корольковым къыхуагъэфэщащ «ЛIыхъужьыгъэм и орден», «Зауэ зэфIэкIхэм папщIэ», нэгъуэщI къэрал дамыгъэхэри. Мы зэманым Корольковыр Москва щIыналъэм артиллериемрэ ракетэдзэхэмрэ я унафэщIым и къуэдзэщ.
- — Ди еджапIэм къыщызэдгъэпэща нобэрей зэхуэсыр икъукIэ щхьэпэщ къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ, — жиIащ школым и унафэщI Нэгъуей Ахьмэд. – ФIыщIэ ин яхузощI къытхуеблэгъа хьэщIэ лъапIэхэм, псом хуэмыдэу Урысейм и ЛIыхъужь Корольков Аркадий. Апхуэдэ лIыхъужьхэр зи гъащIэгъуазэ ныбжьыщIэхэм, шэч хэлъкъым, къахэкIынущ щалъхуа щIыналъэм, къэралым я ехъулIэныгъэм, зыужьыныгъэм гурэ псэкIэ хуэлэжьэну хэкупсэхэр.
- IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я къэралпсо зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм къыхилъхьа жэрдэмыр и лъабжьэу къызэрагъэпэща Iуэхугъуэр апхуэдэу купщIафIэу екIуэкIащ. ЗэIущIэ гуапэм и кIэухыу абы хэтахэм фэеплъ сурэтхэр зытрагъэхащ.
- Корольковыр апхуэдэу хэтащ Бахъсэн дэт курыт школ №1-м иджыблагъэ щекIуэкIа пэкIуми. Абы къыщызэIуахащ а школым и гъэсэну щытахэу, Украинэм щекIуэкI зауэ операцэ хэхам хэту зи псэр зыта адыгэ щIалэхэм я цIэ-унэцIэхэр зытет фэеплъ пхъэбгъухэр. Апхуэдэхэт ЛIыхъужьыгъэм и орденыр зыхуагъэфэщахэу Шэт Андемыркъанрэ Къанщауэ Рэмэзанрэ, «Хахуагъэм папщIэ» медалыр зратахэу КIуэкIуэ Валерэрэ Къумыкъу Эдуардрэ.
- А щIалэхэм я фэеплъыр щагъэлъапIэ зэхуэсым, хьэщIэхэм нэмыщI, хэтащ Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къардэн ФатIимэ, щIыпIэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Абазэ Хъусен, хэкIуэдахэм я адэ-анэхэр, Iыхьлыхэр, щIыпIэм и курыт школхэм я IэщIагъэлIхэр, еджакIуэхэр. Абыхэм къабгъэдэкI псалъэ гуапэ куэд щыIуащ зэхуэсым щIалэ-лIыхъужьхэм ятеухуауэ. ГукъэкIыжхэри щымащIэтэкъым пэкIум.
- ЕджапIэм и унафэщIхэм зэрыжаIащи, школым и гъэсэну щыта щIалэхэм я гъащIэр, яхэлъа лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ щапхъэ нэс яхурырехъу абы нобэ щеджэ ныбжьыщIэхэм, щIыналъэм къитаджэ щIалэгъуалэм.
- КЪАРДЭН Маритэ.