Iуэтэж
2022-09-17
- ПIэхэнэ
- ЩIыбым дэт гъуэлъыпIэм илъ сымаджэм и щхьэщыгум зы бадзэ щоуфэразэ, къарууншэ хъуа цIыхур зэпеплъыхь. ИгъэщIагъуэ хуэдэщ: «Иджыри къэс сэ сыщышынами, иджы езыр сэ нэхърэ нэхъ къарууншэ хъуащ»!
- Сабийм и щхьэм бадзэ хутехужмэ, цIыху хъуауэ къалъытэ. Ауэ Iуэхум я нэхъ гугъур къызэмыхьэлъэкIыу щыта цIыхубзым и щхьэм бадзэ хутемыхужу хъумэ — щэ?.. Бзылъхугъэр мыдыму щылъщ, нэкIэ бадзэм кIэлъоплъри. Абы сымаджэр тригъэуи хуэдэщ — и щэIуныр зэпыуащ.
- Зи щIагъ щIэлъ дэшхуей абрагъуэм и тхьэмпэхэр жьым здрихьэжьэн къыпфIэщIу щIехурыхукIри, зыIэпегъэхуж. Сымаджэм и напIэр хьэлъэу къеIэтри, жыг щIэращIэм худоплъей. И инагъыр игъэщIагъуэ хуэдэ, зэпеплъыхь тэлайкIэ. Жыгми зегъэщIагъуэ. Абы дэнэ щищIэнт а нитIым ар къазэрыфIэмыIуэхуххэр. Дэнэ лъэныкъуэкIэ плъэми, а нэхэм къалъыхъуэр гущIэгъукIэ зыщыгугъ Алыхьырщ е псэхэхырщ. А тIуращ абы и псэр зыгъэтыншыжыну зыщыгугъыр. Аргуэру тIури щимыгъуэтым, хьэлъэу мэщатэ. Гугъэ ищIахэри тхьэмпэхэм хуэдэу, жьым епхъуатэри, йожьэж. Апхуэдэу дапщэрэ къэна ар?! Хуэхьыжыркъым узыр. И Iэпкълъэпкъым къемызауэ хэткъым. «Сызезыхьэхэм саIэщIэужэгъуагъэнщ», — жеIэри и дзэр мэш. Илъэс ныкъуэм нэблэгъауэ Iэрызехьэщ.
- Бадзэр мэву, сызыщумыгъэгъупщэ, жыхуиIэу.
- -Тхьэ ускIэрымыкIрэ? — цIыхубзыр нэкIэ епсалъэ хуэдэщ къыщхьэщытым. — ЛIо узыхуейр? СыкъыщIэбуфэрэзыхьыр сыт? Сыпшхынущ жысIэнути, укъызэдзакъэркъым, укъызбгъэдэс къудейщ. Сызэгуэбгъэпын къудейуэ арамэ, ар тыншIейуэ къохъулIащ. Сыту уделэ мыгъуэ уэ. Сэ уи пIэм ситамэ, бетэмал! ЗэлъэзгъэIэсынт мы дунеишхуэр! IукI мыбдеж, укъызбгъэдэсу ущымыс. Уи хьэмтеты-гъуэр сэ стелъ тхьэмыщкIагъэм уеплъу умыгъакIуэ. Арыншами, фэ мащIэ дыдэщ гъащIэу къывитар.
- НитI къепсалъэм къыжраIэр къыгурыIуэ хуэдэ, бадзэр Iулъэтыжащ, цIыхубзым и закъуэ къигъанэри. Iэрызехьэр йогупсыс: «Сэ си Iэпкълъэпкъым абрэмывэ кIэрыщIа хуэдэщ, мобы еплъ, и насыпщ. И насыпщ бадзэм. Дунейм къытохьэри, къыздэкIуар къыгурымыIуэурэ, мэкIуэдыж. ЩыкIуэдыжкIи, и псэм къытрилъхьэркъым мы сэ стелъым хуэдиз бэлыхь!»
- Абы къыкIэлъыплъу пщIантIэм дэс ныбжьыщIэ цIыкIум губгъуэм удз Iэрамэ къыхурихри, гуапэу къритащ. Нанэм, дауи, ар и гуапэ хъуащ, хуэгуфIэнуи хэтащ, ауэ къехъулIакъым. (Зы лъэныкъуэмкIэ телъыIуэри и щхьэр ундэрэбжьати, зыхуэгъэхъеижыртэкъым). Удз Iэрамэм хуоплъэкI, дахащэщ. Бадзэр щыIамэ, зыхуигъэщIэгъуэнтэкъэ, иджыри къысхуей щыIэщ жыхуиIэу!
- И щхьэнтэм тIэкIу къыдэкIуэтеижын мурад иIа щхьэкIэ, хузэфIэкIакъым, IэлъэщI тIэкIур фIилъэфа мыхъумэ. И щхьэц баринэ дахэшхуэр къыщIэщащ, уэс мыткIужыр тесауэ. И щIалэгъуэм сыту куэд къехъуапсэрэт а щхьэц Iувышхуэхэм. И нэкIум жьыгъэр иджэгухьами, абы дахагъэм хуещIа щымыIэу къыпщохъу. Пэжщ, Iупэхэр щызэтежкIэ, лыдыжу щыта нитIым гуфIэ лъэпкъ щIэплъагъуэркъым. Дауи, тыншкъым жэщи махуи зи къалэным ерыщу пылъ узым упэщIэтыныр. Сымаджэм къыбгъэдохьэри, и щыгъынхэр хузэрагъэзэхуэж, и IэлъэщI фIыцIэри быдэу къытракъузэж.
- «Слъагъу хъуркъым IэлъэщI фIыцIэ», — жи, сымаджэм игукIэ. ЖьэкIэ жиIэнущи, хузэтехыркъым. НэкIэ псэлъэфу щытамэ, жри-Iэнт IэлъэщI фIыцIэм гу зэрыщихуар. Ауэ езыхэми ящIэркъэ ар…
- Бадзэр къэсыжри, гъуэлъыпIэ натIэм тетIысхьэжащ. Сымаджэми, къызэдэIуэн къэзгъуэтащ жыхуиIэу, нэкIэ абы епсэлъэн щIидзащ: «Сызэхэпхрэ, си лъакъуитIкIэ мы дунейм сыкъызэрытеувэрэ зы махуэ сытыншакъым, уи фIэщ хъурэ? Алыхьым игу къыщIызэбгъар сщIэркъым. Си хъуреягъым къахьа гуэныхьхэри сэ сагъэпшынауэ къысщохъу. Зы тыгъэ къызитамэ, тIууэ естыжын хуейт, е ар си гъащIэм и уасэу арат? УасэшхуэIуэт ар сэркIэ, икъукIэ уасэшхуэIуэт!» Гупсысэ хьэлъэм иукI цIыхубзыр хощэIукI. УафэмкIэ доплъей. IэфIыкIэ къызыхуахьыну къагъэгугъа сабий хуэдэ, хъуапсэу къыпщохъу. Иужьрей зэманым абы и гур щIэхъуэпсрей хъуащ щищIа-лэгъуэм зыщышына дунеижьым. Бадзэм а къызэриуфэрэзыхьщ. Гъэмахуэм бадзэр куэд мэхъу. ЗэтIолъхуэныкъуэ фIэкIа умыщIэну, псори зэщхьэркъэпсу. Зэщхьэркъэпсу пIэрэ псори, хьэмэрэ къытфIэщIу ара апхуэдэу? Сымаджэм и нэр набгъэ хъуами, абы сытым дежи къецIыхуж и «ныбжьэгъур». Дауи къимыцIыхужынрэ, и нэкIур игъэгъуащэми, и дамэ ныкъуэдыкъуэмкIэ ар зыми хигъэгъуэщэнукъым.
- Къыщалъхуа унагъуэм я бын пажэт Риммэ. Зэманыр тыншхэм ящыщтэкъыми, абы и адэ-анэм зэрылъэкIкIэ защIигъэкъуащ. Унагъуэ пасэ дыдэу ихьэри, и щхьэгъусэмрэ езымрэ дыгъэм хуэдэу бынитху зэдагъуэтащ. И нэхъыжьыр уей — уей жригъэIэу щIалэ хъуауэ, я благъэ гуэр мотоциклкIэ къыжьэхэуэри иригъэукIауэ щытащ. Ефати, имылъагъуу ириудри и гущIыIум ирикIуэжат. Анэм бын псори и зэхуэдэми, бын пажэр апхуэдэу гуузу зэрыIэщIэкIар гъэвын имыухыурэ, езым и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. Абы кIэлъыкIуащ зи нэхъыжьыгъуэ хъыджэбзри. И зэзыр къауэри, къахуегъэлакъым. Уи ерыскъы мы дунейм темылъыжмэ, сытри щхьэусыгъуэ мэхъу.
- Риммэ и бгыр быдэу щIикъузэри, къыхуэна и бынищыр, адэкIэ зидзым, мыдэкIэ зыкъидзыжурэ, и анэкъилъхухэми зыкъыщIагъакъуэурэ, ипIащ. ХъыджэбзитIыр унагъуэ иригъэхьащ, и щIалэ закъуэми къыхуишэри унагъуэу игъэтIысыжащ.
- ГуфIэгъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ я Iэпэ зэрыIыгъыу къакIухьыр пэжу къыщIэкIынщ. Риммэ ипхъу курытри къыхуашэж машинэ къыжьэхэуауэ. Аргуэру машинэ!.. И хъыбар зэхэзыххэм «делэ имыхъукIыу фIыуэ къэнащ», — жаIэрт.
- Дауи, IэлъэщI фIыцIэм гу щихуат Риммэ, аращ ар апхуэдизу хьэдрыхэщIэхъуэпс щIэхъуари — и унагъуэм и нэхъыбэр абыкIэ къыщыпоплъэ…
- Нобэ нэху къызэрекIрэ сымаджэр нэхъ хьэлъэ хъуащ. ШэджагъуэхуэкIуэ хъуами, абы ерыскъы дэнэ къэна, псы къудей и джий ехакъым. Нэхъ набгъи хъуащи, къыбгъэдыхьэхэр макъкIэ фIэкIа къыхуэцIыхуркъым. И щхьэгъусэм, дунейм ехыжа и бынхэм я цIэр жиIэу зэзэмызэ къыхощэIукI.
- Зэныкъуэкъужу хэлъурэ, Iурехри пщIыхьэпIэ елъагъу, и бадзэ ныбжьэгъур и дамэ ныкъуэдыкъуэ цIыкIумкIэ ещIэурэ, ипэ иту лъатэу. Езыри, щIалэ хъужауэ, абы и кIэм ищIауэ мажэ. Апхуэдэурэ бадзэм ар щIыпIэ дахащэм ешэ. Ираудыным хуэдэу абы къыбгъэдолъадэ и бынищыр. Абыхэм зыкъызыIэщIауда адэри погуфIыкI… ПщIыхьэ-пIэм адэкIи къыпищэну щыгугъа щхьэкIэ, сымаджэр хьэлъэу къыхощэтыкIри къызэщоу. АрщхьэкIэ къыздигъэзэжа дунейр хъарпшэрщ. И уэршэрэгъуу щыта бадзэри къыщхьэщыта дунейшхуэри хьэуам зэрыхэшыпсыхьыжрэ Iэджэ щIащ…
- Щомахуэ Залинэ.