Япэ уэзджынэм и гуфIэгъуэшхуэ
2022-09-01
- Ди щIыналъэм и махуэ нэхъ дахэхэм ящыщщ нобэрейр. Дыщыпсэу къэралышхуэм и дэтхэнэ щIыпIэми хуэдэу, республикэм и школхэм, гъэсапIэхэм щагъэлъапIэ ЩIэныгъэхэм я махуэр. БлэкIа илъэситIым, коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм дуней псом зыщиубгъуауэ щыщыта лъэхъэнэ гугъум, хуэмыдэу фокIадэм и 1-м гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр Iэтауэ дэнэкIи щокIуэкI. Республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я уэрамхэм нышэдибэ къыдыхьащ удз гъэгъа Iэрамэ дахэхэр зыIыгъ, екIуу хуэпа ныбжьыщIэхэр. Ахэр хуопIащIэ я школхэм щекIуэкIыну гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, я япэ дерсхэм. Псом хуэдэжтэкъым махуэшхуэр нэхъыбэу зыхуэщIа сабийхэу япэ дыдэу япэ классым кIуэхэм яIэ гукъыдэжым и инагъыр. Апхуэдэ цIыкIухэм я бжыгъэр ди республикэм мы гъэм мин 13-м щы-щIегъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ