|
Сентябрь, 2022
ЛIыхъужьхэм я щапхъэр ди гъуазэщ
2022-09-15
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ Урысейм и ЛIыхъужьхэу хэкупсэ къалэнхэр яIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэхэм. Ахэр хэтщ «ЛIыхъужьхэм я блын», «Хэкум и ЛIыхъужьхэр ди гъуазэщ» къэрал-псо проектхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр
Саугъэт нэхъыщхьэр аргуэру Шэшэным яшэ
2022-09-15
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъур щагъэлъапIэм иращIылIа махуэшхуэм и зэхыхьэ нэхъ инхэм ящыщ хъуащ Налшык ипподромым щекIуэкIа 16-нэ шыгъажэ махуэр. Зэхьэзэхуэр къызэзыгъэпэща КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм саугъэт фондым хухихащ сом мелуани 3,5-рэ. Шыгъажэм еплъыну къекIуэлIахэм яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Правительствэм хэтхэмрэ Парламентым и депутатхэмрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Шыгъажэ
ЩIэныгъэ нэсым и нур
2022-09-15
- 1932 гъэм и нобэ хуэдэ бжьыхьэ махуэр, фокIадэм и 15-р, Къэбэрдей-Балъкъэрым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэу къыщIэкIащ. Илъэс 90 ипэкIэ а махуэм Псыхуабэ (Пятигорск) къыщызэIуахауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутыр. ПсынщIэу зызыхъуэж гъащIэм жылагъуэм къыхуигъэува Iэмалыншагъэхэм ящыщ хъуат а еджапIэ нэхъыщхьэр ди щIыналъэм къыщызэIухыныр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Юбилей
«Ноби сащIыгъуу къысфIощI»
2022-09-15
- Нэхулъэ къищIа къудейуэ арат Мухьэрбий къыщыушам. ЖейкIэ иримыкъуа пэтми, зимыгъэIэуэлъэуащэурэ, асыхьэтым зехуапэ, гъуэмылэ хузэралъхьар зэрылъ хъуржыныр и плIэм иредзэри, унэм къыщIокI. Дунейр щIыIэтыIэфIт. Щымт ихъуреягъыр — къуажэр хэтт жей IэфIым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
Кавказым щыIа франджы тхакIуэ
2022-09-15
- Дуней псом щыцIэрыIуэ Дюма Александр и илъэс 215-р ягъэлъэпIащ дызэрыт илъэсым и бадзэуэгъуэм. Франджы къэралым и закъуэ ейуэ къыпхуэмылъытэж тхакIуэр, журналистыр, драматургыр Кавказым щыщхэми ди хамэкъым. Ди щIыналъэм и цIэр зезыхьэ тхылъ зэриIэм нэмыщI, Дюма дэтхэнэ зыми и гум гъуэгу щыпхишащ и анэдэлъхубзэм къыфIэкIыу бзи 100-кIэ зэрадзэкIа и тхыгъэхэмкIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Махуэку
ЩхьэлъащIэм и хьэтыркIэ зэкIужахэщ
2022-09-15
- Махуэ зыбжанэкIэ Кавказыр лъэныкъуитI изыщIыкIа шэшэн блогер Тамаев Iэсхьабрэ дагъыстэн спортсмен Махмудов Дибиррэ зэкIужахэщ. Мамырыгъэм гъуэгу игъуэтыжынымкIэ щхьэпэ хъуащ Дагъыстэн муфтий Абдулаев Ахьмэд-хьэжы и щхьэгъусэ Гамзатовэ Айнэ Iуэхум зэрыхэпсэлъыхьар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Махуэку
Бзурэ пэт и абгъуэр къелъыхъуэж
2022-09-15
- Сирием къыщыхъеяуэ щыта зауэр ди лъэпкъэгъухэм тIууащIэу къазэрытехьэлъам шэч хэлътэкъым — едэпщанэу Iэпхъуэшапхъуэхэм хэхуэн хуейт?!
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
И ныбжьыр щыхэкIуэтами, нэхъ щIалэхэм ехьэехуэфынут
2022-09-15
- «Ди Плисецкая» жаIэу яIэтырт Хьэкъул Розэ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ балетым и напэт, и набдзэт. «Сэ сыхуейщ сыкъыщыхъуа республикэм щыпсэухэм езыхэм я гъуазджэрэ щэнхабзэрэ яIэжрэ дуней псом ар щызыгъэлъэгъуэф лъэпкъыу къытIуплъэну. Абы щыгъуэщ ди зэфIэкIыр къыщалъытэнур». Апхуэдэу жиIат илъэс 12-м къыщыщIэдзауэ егъэджакIуэ нэхъыфI дыдэхэм я деж къэфэнымкIэ зыщызыгъэса балеринэм. Хьэкъул Розэ псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъунут нобэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ
Гуэл щхъуантIэхэм усэбзэр ящхьэщытт…
2022-09-15
- МакъкIэ гум хыхьэу усэ къеджэн, усэбзэр нэхъыбэрэ гъэIун! Арат «Гъэм и теплъэгъуэхэр» усэ пшыхьхэр щаублэм Къаныкъуэ Заринэ, Гумэ Маринэ, Сэралъп Мадинэ сымэ мураду яIар. ИкIи къайхъулIащ. 2008 гъэм къежьа Iуэху дахэм зиубгъуащи, иджыпсту абы и къызэгъэпэщакIуэхэм щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкI фIэщыгъэ зэхуэмыдэхэр зиIэ усэ пшыхьхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Пщыншэм и топиплIыр мэбагъуэ
2022-09-15
- Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм етIощIанэ джэгугъуэм хыхьэ зэIущIэхэр фокIадэм и 10 — 11-хэм щызэхэтащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Футбол
|