ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-09-17

  • Едзыгъуэхэр
  • ИгъащIэми сщIакъым зэхэгъэж:
  • Ухэт? — Сэ абы зыри тезмыщIыхь.
  • Гу къабзэ уиIэу уцIыху пэж? —
  • Узикъуэшщ: сыпсэуху сэ пхуэсщIынущ щIыхь!

  • * * *
  • Уо, гъащIэ, сыткIэ уигу къызэбгъа,
  • Дэнэ си щIалэгъуэр здэпхьар?
  • СлIожь, IэфIагъым гу щысхуауэ уи гугъа?
  • Сыт сигу лъащIэм жьыгъэр къыщIиплъхьар?
  • * * *
  • СощIэ, сэ нэхъ лIыфI Iэджи дунейм ехыжащ,
  • Ауэ здихьакъым хьэдрыхэ зыми мастэ.
  • ЗэтупIэм напIэр, фIыгъуэ псори къэнэжащ, —
  • Аращ цIыхухэм гуапагъэкIэ сэ сащIетэр.
  • * * *
  • Уи жагъуэгъу е къытепсыхакIэ,
  • УгуфIэу, хыумытIэ ислъэмей.
  • Егупсысыжыт гу зэIухакIэ:
  • КъыпщыщIынур пщIэжрэ уэ пщэдей?
  • ДУДАР Хьэутий.
  •  
  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Зэпкърымыхауэ гъэжьа джэд
  • Джэд гъэкъэбзар псы щIыIэкIэ ятхьэщI, хъыдан къабзэкIэ ялъэщIыж, ягъэгъущ. Абы и кIуэцIыр яшыу, шыгъу, шыбжий сыр, бжьыныху уба щахуэурэ. Джэд щIыбым шыгъу фIэкIа щахуэркъым.
  • ИтIанэ тебэм дагъэ иракIэри къагъэплъ, пщтырагъыр градус 200-м нэсыху, абы джэд шыуар халъхьэ и щIыбыр егъэзыхауэ. ЗэрагъэдзэкIыурэ тхъуэплъ дахэ хъуху дакъикъи 5-7-кIэ ягъажьэ. ИужькIэ джэдыр зэрилъу тебэр хьэкулъэм ирагъэувэри, дакъикъэ 25-рэ хуэдизкIэ ягъажьэ, зэзэмызэ зэрагъэдзэкIыурэ.
  • Джэдылыр мыпшэрмэ, щагъажьэкIэ джэд щIыбым шатэ щахуэ, тхъуэплъ дахэ ищIын щхьэкIэ. Джэд жьар хьэкулъэм кърахыжри, хуеймэ зэрыпсоуэ е Iыхьэ-Iыхьэурэ упщIэтауэ Iэнэм тралъхьэ. Тебэм къина дагъэри езы джэдым къыщIэжа псыри тракIэж.
  • Къазри бабыщри апхуэдэ дыдэу бгъажьэ хъунущ. ПIастэ, щIакхъуэ и гъусэу пщтыру яшх.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ): джэд гъэкъэбзауэ — г 1100-рэ, сэхуран дагъэу — г 100, бжьыныху укъэбзауэ — г 30, джэдым щахуэ шатэу — г 50, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
  •  
  • Сэхуран купщIэ зэкIэрыс
  • Сэхуран купщIэр зэхащыпыкI, псы щIыIэкIэ ялъэс, ягъэгъущыж, тебэм иракIутэри, зэIащIэурэ ягъэлыгъуэ, гъуэжьыфэ дахэ къытеуэху. Ар щIагъэпщ зэ-тIэу. ИтIанэ дзэху тепщэчым иракIутэ, и кур къратхъу хуэдэу ящIри, бэлагъкIэ зэIащIэурэ, фо зыхэлъ фошыгъупс пщтырыр иракIэри япщ. Дагъэ зыщы- хуа Iэнэм къытралъхьэри яубэ, пщтыр щIыкIэ хупхъэкIэ яху, зыхуей Iувагъым хуэдизу. СэкIэ пIэ ирагъэщIри, абы тету яупщIэтэж. Ар хьэлыуэ IупщIэм хуэдэу, ауэ нэхъ пIащIэу щытын хуейщ.
  • Халъхьэхэр: сэхуран купщIэу — г 1500-рэ, псыуэ — г 40, фошыгъуу — г 150-рэ, нартыху фоуэ — г 500.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр»  тхылъым къитхыжащ.
  •  
  •  
  • Къуалэбзухэр
  • Бгъащхъуэ
  • Бгъащхъуэ — Беркут. Бгъэ лIэужьыгъуэм я нэхъ пIащэщ. И дамэхэр хуэIузэ кIыхьщ, кIэр хъурейщ, лъэдийхэм цы ятетщ. И теплъэм и плъыфэр гъуабжэ-фIыцIафэщ, бгъэгур, кIэбдзыр нэхъ гъуатIэ-дыщафэщ, пщэ, щхьэ щIыбхэр гъуафэщ.
  • Бгъащхъуэхэр щопсэу Кавказым къищынэмыщIауэ, Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэ-ми, нэгъуэщI къэралхэми я бгыщхьэхэм, мэзхэм, къумхэм. Абгъуэ щаухуэ къырхэми жыгыщхьэ лъагэхэми. Абыхэм къащэкIу мэзбжэн, щыхьхэм я щIэжьей, тхьэкIумэкIыхь, къуалэбзу пIащэ, нэгъуэщIхэри. Кавказым щыIэхэр мэгъуэлъ- хьэж гъатхэпэ мазэм, къэралым и ищхъэрэ мэзылъэхэр зи хэщIапIэхэр — мэлыжьыхьым. Кърашыр зыщ е тIущ.
  • Бгъащхъуэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум игъасэрэ ирищакIуэу къекIуэкIащ, ар къыхощыж нарт эпосым. Иджыри абыхэм щрощакIуэ Къэзахъстаным, Къыргъызым.
  • «Бгъащхъуэ гушхуар жьындум пэщIэхуэри ишхащ» псалъэжьым «уи къарум укъигъэгугъэу ущымыкI» жыхуиIэщ.
  •  
  • Тхыгъэ кIэщIхэр
  • Чэзу зимыIэ  щыIэкъым
  • ПщIантIэр ихъумэу епхауэ зи гъащIэр зыхьа, жьы хъууэ зи пщэм пщэхъур ирахыжу яутIыпщыжа хьэр иджы зыкIи хуеижтэкъым апхуэдизрэ зыщIэхъуэпса хуитыныгъэм. ЩIэст ар иджыри къэс зыщIэса, зэса хьэунэм. Ауэ куэд дэмыкIыу абыи къыщIахуащ. Пщэхъу илъу пщIантIэм дэтт а унэм дяпэкIэ щIэсыну хьэ щIа-лэ лъэщыр.
  •  
  • Псым и жапIэ къегъуэтыж
  • Гъатхэм къиуа къуршыпсым и Iуфэр пхритхъщ, и псыхъуэр къигъанэри, жапIэщIэ ищIащи, къыпхуэщIэжынкъым игъащIэ лъандэрэ абыкIэ ежэхыу щытауэ фIэкIа. Зеиншэу къэнащ телъа лъэмыжхэр. АбыхэмкIэ зыри имыкIыжурэ, удзыжь къатекIэжащ.
  •  
  • «Махъшэ»
  • Хамэбзэхэм къикIыу къэтщ- та псалъэхэр «егъэкIыщтэн», «егъэхьэжын» хуейщ, ди бзэм и сэфэтым изэгъэху, дыдей хъуху. Апхуэдэу дымыщIмэ, хамэ псалъэхэр къыхэпIиикIыу хэтынущ, мэл хъушэм хэт махъшэу. Мы зэманым сыт хуэдиз «махъшэ» хэт ди бзэм!
  •  
  • Ныбжьым  елъытакъым
  • Балигъ ухъуным къикIыркъым Iущ ухъуауэ. Сыт хуэдиз балигъ дунейм тет Iущыгъэ лъэпкъ ябгъэдэмылъу! Абы щыгъуэми я ныбжькIэ балигъ мыхъуауэ Iущыгъэшхуэ къэзыгъэлъагъуэхэр мащIэкъым.
  • КЪАГЪЫРМЭС Борис.
  •  
  •  
  • Псалъэжьхэр
  • Зи гур къабзэм и бзэр IэфIщ
  • Дахэр зыгъэдахэр и щэнщ.
  • Псынэ куэд зэхэлъэдэжмэ, тенджыз мэхъу.
  • ЦIыхур уи щхьэ еплъытмэ, емыкIу къэпхьынкъым.
  • ЯгъэфIэрей джэдур щхьэнтэ тесу къонэж.
  • Iуэхутхьэбзэм бзыпхъэ иIэщ.
  • Акъыл зиIэм жагъуэгъу и куэдщ.
  • Гум илъыр нэгум къыуегъащIэ.
  • Зи Iуэху нахуэм и нэгу хейщ.
  • Макъ зимыIэр уэрэдхуэлъэщ.
  • Уеплъмэ — дахэщ, зэгуэпхмэ — банэщ.
  • Къапхъэнми имыгъапцIэ иубыдыркъым.
  • Уэрэдым псалъэ хадзыркъым.
  • Шэм нэхърэ бзэр нэхъ жэрщ.
  • Iэнэм и пэри и кIэри хъуэхъущ.
  • Зи гур къабзэм и бзэр IэфIщ.
  •  
  •  
  • IуэрыIуатэ
  • Шэм нэхърэ нэхъ шынагъуэ
  • Жэбагъы гъуэлъыжауэ пIэм хэлъу, зыгуэр къыщыджэм, зихуапэри щIэкIащ. «НакIуэ», — щыжаIэм, лIы и хабзэти, шэсри, Тэрч зэпрыкIащ. Жэбагъы щIэупщIакъым здашэмкIэ. АдыгэлI апхуэдэ хьэл иIэтэкъым. Тэрч шыбз гуартэ къыщрахужьэри къежьэжащ. Пхъэр къакIэлъежьэри, зэхэуи къэхъуащ, ауэ лажьэ ямыIэу Iуэхум къыхэкIащ.
  • — Тхьэшхуэм дыкъихъумащ, сыту шынагъуэт мы ныжэбэрей Iуэхур, — жиIащ Жэбагъы и гъусэм..
  • — Сыт апхуэдэу къэхъуар? — щIэупщIащ Къэзанокъуэр.
  • — Iэу, зы шэ къыттехуамэ, диукIатэкъэ? — жи.
  • — Абы нэхърэ нэхъ шынагъуэр бжесIэнщ, — жиIащ Къэзанокъуэм. — Уи бынымрэ уи фызымрэ зы лъэныкъуэу, уэ жьыхуегъэ-зэкI ухъуарэ лейуэ укъалъытэжамэ, а зы шэ закъуэри къуагъэщтэжынщ.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 1. Яхуэмышхын … жиIэри, ямышхыфын ищIащ. 6. Махуэ … щыблэ уэркъым. 7. … куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ. 10. … дэм хуэдэщ, анэр нэм хуэдэщ. 11. Тенджызрэ пэт ткIуэпс-ткIуэпсу … 13. Бзаджэм ищIэр фIым … 15. … зыгъэунэри, благъэр зыгъэблагъэри фызщ. 18. Шыуаным илъыр зы-мышхыжынур гуэным … тогужьеикI. 19. Си гъунэгъур мэдыхьэшхри … содыхьэшх. 20. … жьакIэ тетщ.
  • Къехыу: 2. … ещэр … мэхъу. 3. … бгъасэ- ми, хьэсэр и плъапIэщ. 4. Адыгэм … и щIасэщ. 5. Зымышхыжын и мэкъумэш … 8. … гуапэщи, … гуауэщ. 9. Псэр …, напэ къащэху. 12. … закъуэми джэд хулъэ егъэнщI. 14. Уи тепIэн …, уи лъэ укъуэдий. 16. … и псалъэ епцIыжыркъым. 17. Жьым тесу … йопыдж.
  •  Зэхэзылъхьар Бицу Жаннэщ.
  •  ФокIадэм и 10-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  •  ЕкIуэкIыу: 1. Гулъ. 5. Хьэ. 6. Хьэлвэ. 7. Тхъусэ. 8. Сахуэ. 9. Вандэ. 14. Джулат. 15. ПщIащэ. 16. Аслъэн. 18. Анэл. 20. Амур. 22. Мэуэт. 23. Шху. 24. Зэ.
  • Къехыу: 2. Лъэхъу. 3. Тхьэв. 4. Хьэсэ. 5. Хьэху. 10. Алътес. 11. Дапхъэ. 12. Ауз. 13. Пщы. 16. Алмэ. 17. НАТО. 19. «Нэху». 21. Уаз.