ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-06-04

  • Джэш хужькIэ щIа хьэнтхъупс
  • Джэшыр зэхащыпыкI, псы хуабэкIэ ялъэсри, шыуаным ит псы къэкъуалъэм хакIутэ зэIащIэурэ. Зэ къытрагъэкъуалъэри, тхъурымбэр къытрах. Шыуаныщхьэр трапIэ, мафIэр щабэ ящIри, тхъурымбэр къытрахыурэ Iув хъуху, сыхьэтрэ ныкъуэрэ-тIукIэ, ягъавэ. ИтIанэ зэIащIэурэ абы шэгъэпщта щIакIэ, шыгъу хадзэри, мафIэр щабэу блэуэ хьэзыр хъуху ягъавэ, шыуаныщхьэри тепIауэ, зэзэмызи зэIащIэурэ.

  • Джэш вар пэшхьэкум къытрахыж, бжьын гъэлыбжьа традзэ, джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъитху-хыкIэ щагъэт. Хьэнтхъупсыр Iэнэм щытрагъэувэнум деж зэIащIэри, фалъэм иракIэ, шатэ тракIэж. Пщтыру яшх щIакхъуэ е лэкъум и гъусэу.
  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): джэш хужьу — г 90, псыуэ — г 700, шэ щIэмыхуу — г 300, шатэу — г 40, шыгъуу, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
  • Бжьын гъэлыбжьам: тхъууэ — г 30, бжьыныщхьэ упщIэтауэ — г 30, шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз.
  • Къубатий Борис.
  •  
  • КIэртIоф
  • КIэртIофым и къежьапIэр Америкэ Ипщэрщ. Европэм ар кърашащ XVI лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм. Ди къэралым ар япэ дыдэ къизышар Пётр Езанэ пащтыхьырщ. Ар къыщыхъуар 1697 гъэрщ. ЯпэщIыкIэ цIыхухэм кIэртIофыр яфIэмыфIыщэу хасэу щIадзащ. ИужькIэ и IэфIагъыр, щIэлъ къэуатыр къагурыIуэри, щIэх дыдэ есэжащ.
  • КIэртIофым шхыныгъуэу къыхащIыкI 100-м щIигъу. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъыр зыхущыщIэ витаминхэмкIэ ар къулейщ. КIэртIофым крахмали къыхащIыкI.
  • Губгъуэдадий
  • Бгы лъапэхэм, мэз лъапэхэм куэду къыщокI губгъуэ удз, дахэу гъагъэу, мэ гуакIуэ къыпихыу. Адыгэхэм цIэ зэмылIэужьыгъуэ къыхуагупсысащ абы: дахэлынэ, губгъуэдадий, цей дадий. Урысейми къыщокI а удзыр, урысыбзэми цIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щиIэщ: бабина душица, душица бобровая, душка, духов цвет. Губгъуэ дадийр цIэрыIуэ щIэхъуар узыншагъэмкIэ сэбэпышхуэ зэрыхъуращ. Ар удз хущхъуэщ.
  • Мэлей ФатIимэ.
  •  
  • «Къепсэпсауэ-кIэцIурэ»
  • Прозэу тха усэ
  • Нышэдибэ си нэр къызэтесхыу сыкъызэрыдэплъейуэ, занщIэу сигу къэкIыжащ куэд лъандэрэ зэхэзмыхыжа, ауэ сыщыцIыкIум щыгъуэ мызэ-мытIэу зэхэсхыу щыта псалъэр: «къепсэпсауэ-кIэцIурэ».
  • Ар сэ зэхэсхыгъат ди анэшхуэм жиIэу.
  • Пшагъуэ телъу, къыпихуу нэху къекIамэ, мащIэу къыпыгуфIыкIынти, ди адэми жиIэнт:
  • — А-а! Къепсэпсауэ-кIэцIурэ къэсаи! КъакIуэ, къеблагъэ!
  • Апхуэдэу гуапэу, я Iыхьлы гуэр нэхъей, адыгэхэр епсэлъэфу щытащ я нэгу щIэкI къэхъукъащIэхэми.
  • Нышэдибэ, си нэр къызэтесхыу сыкъызэрыдэплъейуэ, сэ занщIэу къызгурыIуат нобэрей махуэр зэрымыгурыхьыр. Ауэ «къепсэпсауэ-кIэцIурэр» сигу къэкIыжри, а псалъэм и фIыгъэкIэ си сабиигъуэм епха нэгъуэщI гукъэкIыж IэфI гуэрхэри тIэкIу-тIэкIуурэ къысхузэрыкъуэхащ.
  • Абыхэм зы тэлайкIэ саIыгъри, сыкъаутIыпщыжащ – дэрэжэгъуэ къызатарэ дунейр щIэщыгъуэу зыхэсщIэу.
  • СыкъыпыгуфIыкIыу, дзапэ уэрэд тIэкIуи жысIэурэ зыздэсхуапэм, КIуцэ ныщIэлъадэри:
  • — Папэ, сыт уэ ущIэгуфIэр?
  • — Къепсэпсауэ-кIэцIурэ сыщогуфIыкI…
  • Ти, зэи зэхимыха псалъэр си хъыджэбз кIасэми япэу зэхех.
  • Къэжэр Хьэмид.
  •  
  • Гупсысэ кIэщIхэр
  • * * *
  • Дыгъэр лыдыжу къыкъуэкIа нэужь уафэм ит вагъуэхэр плъагъужыркъым, ауэ псыкъуий куум укъиплъмэ, (дэплъыпIэр тIэкIу кIыфI хуэдэу мэхъури), а вагъуэхэр уолъагъу (сэ а вагъуэхэр слъагъун щхьэкIэ сыщыцIыкIум ди унэм и гъунэгъуу щыта псыкъуиижьым куэдрэ сехыу щытащ, псыр игъущыкIыжу мывэкIэщхъ иратхъуэжыху) икIи ахэр махуэм уафэм зэримыкIуэдыкIыр къыбгуроIуэ, дунейм и телъыджагъри зыхыбощIэ. Гъуазджэм и телъыджагъри а зыхэщIэныгъэм ещхьыфэщ, сыту жыпIэмэ, гъуазджэм и мыхьэнэр (ар гъуазджэ нэсмэ) – сыт хуэдэ и унэтIыныгъэри (сыт хуэдэ художественнэ произведенэри) и кIэм нэс къэмыIуэтэнырщ, къыгурыIуэжын хуэдэу езы цIыхур ехулIэнырщ, гъэгупсысэнырщ, абы езым и щхьэр зэрыхунэсар, зэрыгубзыгъэр и фIэщ щыщIыжынырщ, икIи иужькIэ гухэхъуэ, дэрэжэгъуэ егъэгъуэтыжынырщ; «пхуагъэныщкIуу къыбжьэдалъхьэж» гъуазджэр – искусствэкъым.
  • * * *
  • Джэдухэм дахэрэ екIуу макъ умыгъэIуфу (умыпсэлъэфу) къащохъу, жи, «нау» жумыIэфмэ; хьэшхуэхэми езыхэм хуэдэу ину мыбэнэфхэм макъ яIэу къалъытэххэркъым, ину Iу псор зэрымыдахэр, екIуу, щапхъэ-жыпхъэу зэрыщымытыр, зыгуэрым ар игу иримыхьынкIэ зэрыхъунур я щхьэ ирагъэхьэну хуейкъым…
  • Хьэту Пётр.
  •  
  • Тхыдэ лъагъуэхэр
  • 1468 гъэм сулътIан тахътэр еубыд Мысыр къэралыр илъэс 28-кIэ зезыхьа адыгэлI Iэшрэф Сэфудин Къеит-бей. Абы и анэдэлъхубзэр ищIэжырт икIи щалъхуа адэжь хэкур сыт щыгъуи игу илът. Ар къэралым хуабжьу хуэлэжьащ. Абы еджапIэ, гъуэгу, лъэмыж, быдапIэ куэд иригъэухуащ. Къеит-бей хуабжьу Iущт. Абы къыгурыIуат Тыркум афIэкIа упэщIэт зэрымыхъужынур, ауэ ар къызэрытеуэнури фIыуэ ищIэрт. А псоми къыхэкIыу Тарс, Аданэ къалэхэр иритыжащ. 1498 гъэм дунейм ехыжащ.
  •  
  • Хэт нэхъ бзаджэ?
  • Унагъуэ гуэрым хьэщIэ къахуеблэгъати, жэщищ-махуищкIэ Iэнэр хузэблахыу ягъэхьэщIащ. АдэкIи яхэкIыжын Iуэху зэрызэримыхуэм бысмым гу щылъитэм, и ежьэжыгъуэ зэрыхъуар ириIуэкIыу хъыбар щIигъэдэIури, и кIэм къыпигъэувэжащ:
  • — Мис аращ «ХьэщIэр шхамэ, бжэм йоплъ» псэлъафэр къызытехъукIыжар, — жиIэри.
  • ЩымыкIуэжынIауэ зи ныбэр зыкъуауэ, зи дзэ зэхуакум пхъэ ласкIэкIэ дэтIэщIыхьу Iэнэм пэрыс хьэщIэм и щхьэр бжэмкIэ ищIри:
  • — Уэлэхьи, си бысым, сыщымышхэм нэхъыбэрэ соплъмэ мо фи бжэм, «Ярэби, мыбыхэм зыгуэр къахьыну пIэрэ?» жысIэурэ, — жиIэри зэрыс тахътэбан щабэм нэхъ тэмэму зригъэзэгъащ, ежьэжын хьисэп зэримыIэр и нэгум къищу.
  • ШэджыхьэщIэ Ленэ.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 1. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэуа тхакIуэ цIэрыIуэ … Хьэбас. 3. Зеиншэ. 5. Къэбэрдейм ди тхыдэм теухуауэ 1913 гъэм тхылъ къыдэзыгъэкIа узэщIакIуэ, хьэрычэтыщIэ … Елбэздыкъуэ. 10. Зи пхъафэр щхъуэ-фIыцIафэ, зи тхьэмпэхэр дейм ещхь жыг. 11. КъурIэным щыщ Iыхьэ, нэмэз щащIкIэ жаIэу. 13. Абы и кIуэдыжыгъуэм дамэ къытокIэ. 14. Адыгэ генерал, Абхъазым и ЛIыхъужь. 21. Адыгэ къуажэшхуэ. 22. Илъэс ещанэм ит шыбз. 24. ГушыIэр … и щIасэщ. 25. Уи щхьэ мыузым … къыумышэкI. 26. Гъавэр щызэрагъэкIуэкI щIыпIэ.
  • Къехыу: 1. ПщIий къызыпыкIэ жыг. 2. Къыдалъхуауэ, цIыхум и щIыфэм хэтщ. 4. ХакIуитI абы щIэзэгъэнукъым. 6. ХьэрыпыбзэкIэ къабж нэмэзыбзэ. 7. Зи къуапищыр зэхуэдэ тхылъымпIэ е нэгъуэщI пкъыгъуэ гуэр. 8. … лъакъуэ щIэткъым. 9. … — щIыхуэ жысIэми, маршынэ къэсщэхуащ. 12. ЗэрышагъащIэхэм я пэш. 15. Хьэрып къэрал къулей. 16. «… дахэкIей» — Къардэн Хьэсэнрэ Бахъуэ БетIалрэ яуса уэрэд цIэрыIуэ, Къуныжь Хьэждал, КIуж Борис, нэгъуэщIхэми ягъэзащIэу. 17. Егъэлеяуэ ерыщ. 18. Фадэ гуащIэ. 19. Чы-бжэгъу … 20. … нэху — пасэрей адыгэ пщышхуэ. 23. Пасэрей хъыбарегъащIэ.
  • Зэхэзылъхьар   Мыз Ахьмэдщ.
  •  
  • Накъыгъэм и 28-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 1. Вагъэсеплъ. 5. Шылэ. 6. Ду. 8. Сэ. 9. Акъсырэ. 10. Дэгызэ. 11. Хьэ. 12. Шху. 14. Сэмб. 16. Къамылыкъуэ.
  • Къехыу: 1. Вынд. 2. Гъэш. 3. Ефэ. 4. Лъагъуэ. 7. Уардэ. 8. Сэрэш. 11. Хьэлъкъ. 13. Хуарэ. 14. Сом. 15. Бжы.