ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыкIугъафIэ

2022-06-04

  • Щхьэлыкъуэ сабий сад №1-р къэзыуха цIыкIухэм гъэфIэж пшыхь хуащIащ. НыбжьыщIэхэр усэ къеджащ, уэрэд жаIащ, къэфащ, теплъэгъуэ кIэщIхэри ягъэхьэзыращ. ГъэсакIуэхэм ахэр псалъэ гуапэкIэ, ущие дахэкIэ гъуэгу трагъэуващ. ПэщIэ-дзэ школыр къызыпэплъэхэм захуигъэзащ сабий садым и унафэщI Иуан Агнессэ.

  • — ЦIыкIухэ, фэ иджы нэхъ балигъ фыхъуащ. Фи гъэсакIуэхэм куэд къывагъэщIащ, фаунэтIащ. ФIыуэ феджэ, лъагъунлъагъу фыкъакIуэ, нэмыс зыхэвгъэлъ, фи зэфIэкIхэм хэвгъахъуэ! — жиIащ абы.
  • Сабийхэм я гум хъуэпсапIэхэр ираубыдэурэ шар зэмыфэгъухэр уафэм ягъэлъэтащ.
  • НафIэдз Данэ.