Депутатым къыбгъэдэкI гуапагъэ
2022-06-04
- Мэкъуауэгъуэм и 1-м, Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм, къыщыщIэдзауэ ди щIыналъэм щокIуэкI IуэхуфI куэд. НыбжьыщIэхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэми зэрыщIидзар къэплъытэмэ, цIыкIухэм я нэгу зебгъэужьыну, я гур хэбгъэхъуэну мы зэманым и чэзу дыдэщ, псапэшхуи зыпылъщ. Апхуэдэ гулъытэ дахэ щIэблэм яхуищIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолэ.
- Депутатым и жэрдэмкIэ «Малкинский» шы заводым къыщызэрагъэпэщащ сабийхэм яхуэгъэза гуфIэгъуэ зэхыхьэ. Махуэшхуэм кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм къикIауэ сабий миным щIигъу, я адэ-анэхэр зыщIыгъухэри яхэту. Аттракционхэм я паркым щекIуэкIащ зэхуэс хьэлэмэтыр. НыбжьыщIэхэр хэтащ абыхэм папщIэ къызэрагъэпэща зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэм, джэгукIэ купщIафIэхэм, таурыхъхэм хэт лIыхъужьхэр я гъуэгугъэлъагъуэу. КъинэмыщIауэ, махуэшхуэм кърихьэлIа дэтхэнэми Iэмал иIащ шы заводым къедза лъапсэшхуэм зыщаплъыхьыну, зыщагъэпсэхуну, абы щIыпIэ дахэхэр къызэрыщ гукъинэж сурэтхэр щызытрагъэхыну, шыкIэ къажыхьыну.
- — Сабийхэр лъапIэныгъэу диIэхэм я нэхъыщхьэ дыдэщ. Абыхэм елIэлIэныр, я зыужьыныгъэм хэгъэхъуэныр, зэфIэкI зэмылIэужьыгъуэхэр зыбгъэдэлъхэр наIуэ къэщIауэ ядэIэпыкъуныр, апхуэдэуи щытыкIэ гугъум ихуа бынунагъуэхэм защIэгъэкъуэныр ди къэрал унафэщIхэм гулъытэ хэ- ха зыхуащI унэтIыныгъэхэм ящыщщ, — жиIащ Быф Анатолэ, махуэшхуэм кърихьэлIахэм защыхуигъазэм. — ПщIэшхуэ яхузощI къытщIэхъуэ щIэблэм гъэсэныгъэ екIурэ щIэныгъэ куурэ егъэгъуэтыным зи къарурэ зэманрэ хьэлэлу езыхьэлIэ ди егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм. Нобэ ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэм я къежьапIэри абыхэм я дежщ щытлъагъур. ФIыщIэ ин яхуэфащэщ апхуэдэу гумызагъэу ныбжьыщIэхэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэм.
- Сабийхэм яхуэгъэза апхуэдэ гуапагъэрэ гукъэкIрэ и мащIэкъым депутат цIэрыIуэм. Быф Анатолэ и жэрдэмкIэ «Лэгъупыкъу» («Радуга») республикэ социальнэ сабий центрым зыщызыгъэхъуж цIыкIухэм папщIэ иджыблагъэ къащэхуащ ахэр зыхуэныкъуэ велотренажёр.
- Адыгэхэм игъащIэми къыддокIуэкI псапащIэр, гулъытэшхуэ етту. Псапэ щIэныр зи гъащIэ мардэ Быф Анатолэ дохъуэхъу и мурадхэр къехъулIэу, и гулъытэр абы хуэныкъуэхэм ялъэIэсу узыншэу куэдрэ псэуну.
- КЪАРДЭН Маритэ.