ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хьэмыкъуэхэ къакIэлъыкIуахэр

2022-06-04

  • ПсыншокъуэкIэ еджэу Прохладнэ районым щыIэщ адыгэ къуажэ цIыкIу. Жылэр щитIысыкIар щIыпIэ зэгъщ. Я щIыр сэтейщ, езы къуажэр Къэрэгъэшрэ КъалэкIыхьымрэ (Прохладнэ) ухуэзышэ асфальт гъуэгушхуэм пэIэщIэщи, сабэмрэ Iэуэлъауэмрэ цIыхум ялъэIэсыркъым. Налшык къалэ уикIыу абы удыхьа нэужь, кIуэаракъэ, жэнэт щIыналъэу къыпщохъу: щхъуантIагъэр щыкуэдщ, я уэрамхэм машинэ щIагъуэ щызекIуэркъым. А жылэм и нобэм, абы дэсхэм я псэукIэм тедгъэпсэлъыхьыну зыхуэдгъэзащ къуажэ администрацэм и тхьэмадэ Къарэ Адмир.

  • — Адмир, дызэрыщыгъуазэмкIэ, фи жылэм и тхыдэр жыжьэ къыщежьэркъым.
  • — Пэжщ, 1926 гъэм Къэрэгъэш дыкъыдэIэпхъукIауэ аращ. Япэу къуажэм къэIэпхъуар Хьэмыкъуэхэщ, унагъуищ хъууэ, псым нэхъ и гъунэгъуу тIысахэщ. Абдеж щхьэл тращIыхьри псэун ирагъэжьащ. Ауэрэ а унагъуищым нэгъуэщIхэр къакIэлъыкIуащ, уеблэмэ Псыхъурей къикIаи щыIэхэщ. Апхуэдэу, хуэм-хуэмурэ, жылэ дыхъуащ. Нобэрей зэманыр къапщтэмэ, унагъуи 150-рэ дэсщ къуажэм, цIыху бжыгъэр 750-м нос. ЛъэпкъкIэ къапщтэмэ, зы балъкъэр, зы урыс нысащIэ къашауэ дэсу аращ, адрейр зэрыщыту адыгэщ.
  • — Жылэр цIыкIуми инми абы дэсхэр зыхуей хуэгъэ- зэн хуейщ. ЕджапIэ, лэжьапIэ, дохутыр IуэхущIапIэ жыпIэми …
  • — Курыт еджапIэ дэтщ, цIыху 70-м нэс щоджэ. Абы хэтщ сабий сад, цIыкIуу 40-м щIигъу ирашалIэ. ЕджапIэри, зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр здэщыIэри уэздыгъэкIи, псы хуабэкIи, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщщ. ДимыIэр сыт? Щэнхабзэм и унэ. Догугъэ апхуэдэ IуэхущIапIэ зыхуащIхэм дыхагъэхьэну, а Iуэхум теухуа тхылъымпIэхэр зэдгъэпэщри зыIэрыхьапхъэхэм яхуедгъэхьащ, ауэ мызэкIэ дыжэуапыншэщ. Пощт диIэщ. МФЦ жыхуаIэм хуэдэ ди администрацэм щолажьэ. Аптекэм и унэ щхьэхуэ дэткъым къуажэм, ауэ хущхъуэ щащэу тыкуэным щIыпIэ щхьэхуэ щыхухэтхащ. КъимыдэкIэ, Налшыки КъалэкIыхьми къикIыу маршруткэхэр къокIуэ.
  • — Адмир, фи къуажэм «Псыншокъуэ» щыфIащакIэ, псыкIэ жылэр гугъу ехь къыщIэкIынкъым.
  • — ДэнэкIи псыщ, псынэпс дытесу аращ. Псы хъумапIэ чэщанэу — тIу, псы къыщIэшыпIэуи апхуэдиз диIэщ, зыр зэпымыууэ мэлажьэ. Пэжщ, унагъуэхэм яIэрыхьэ псыр щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ сыхьэт зытIущкIэ щызэпыу къохъу. Ауэ псы зэфэнкIэ жылэр къызэгъэпэщауэ жытIэми дыщыуэнукъым.
  • — Къуажэдэсыр сыт зыхэпсэукIыр? ЗэрыгурыIуэгъуэщи, щIым къытрахырщ е Iэщым къыпахырщ. Ауэ щIыр нобэ псоми яхурикъуркъым. Колхоз-совхозхэм я зэманым цIыхур абыхэм щылажьэрт, иджы-щэ?
  • — ЩIы зиIэр абы иропсэу. ЗимыIэм я щхьэ Iуэху зэрахуэ: къалэхэм — Налшык, КъалэкIыхьым — лэжьакIуэ макIуэ. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, щIалэгъуалэм я нэхъыбэр зэбгрыкIащ. Мэзкуу, Краснодар, нэгъуэщI къалэхэми Iэджэ щыIэщ. Гъэмахуэр къихьэмэ, къуажэдэс куэдым IэнатIэ ягъуэтынущ: жыг хадэ, пхъэщхьэмыщхьэ хьэсэ зиIэхэм я деж щолажьэ. Дэ щIышхуэ дбгъэдэлъкъым, бэджэнду ар зыIыгъыр цIыху 16-щ зэрыхъур. Гуэдз, нартыху, помидор — ахэращ нэхъыбэу тращIэр. Хъарбыз, хъэуан хэзыси диIэщ. КъищынэмыщIауэ, къэралыр къадэIэпыкъуауэ, цIыху зыбжанэм Iэщышхуэ ягъашхэ.
  • — Фи щIым къытекI бэджэнд уасэр районым макIуэ. Абы щыщ фэ къыфIэрыхьэжрэ? Ар щIыжысIэращи, фи жылэм щыщу зыгуэрым дэIэпыкъун хуеймэ е гъэкIуэтапхъэ имыIэу лэжьыгъэ гуэр къыфлъыкъуэкIмэ, дауэ фыпэлъэщрэ?
  • — Бэджэнд уасэм щыщ къытIэрохьэж. Дотацэм дытесу аращ администрацэм щIэсхэр. Ауэ газ, псы е нэгъуэщI гуэркIэ ехьэкIыпIэ зимыIэ Iуэху къыкъуэкIмэ, тхылъымпIэ дотх, районым дохьри, абыхэм текIуэдэнур къыдат. Районми республикэми зыкъытщIагъакъуэ, дызыхэт Iуэхум елъытауэ.
  • — Адмир, сощIэж, фи къуажэкIэм щыIэ Iэщ фермэр зи IэмыщIэ илъа, Iэужь дахэ къызэзынэкIа, фIыкIэ цIыхум куэдрэ ягу къагъэкIыж КIэнэтI НурIэдил жиIэгъащ мыпхуэдэу: «Къэралым закъыщIигъакъуэмэ, мы къуажэ цIыкIум и закъуэ хадэхэкIыу Къэбэрдейм ирикъун кърихьэлIэфынут».
  • — АбыкIэ сыарэзыщ. Нащэмрэ помидорымрэ бэв щохъу ди жылэм. Хъушэу кърахьэлIэфынут цIыху нэхъыбэ елэжьамэ, а къытрахыр здахьын яIамэ. Си нэ къокI зы консерв завод цIыкIу ди къуажэм дэтарэт жызоIэри. А Iуэхум зыкъом щIауэ догупсыс, тхылъымпIэ гуэрхэри зэдгъэпэщащ, ауэ ухуэныгъэр къэзыщтэн, зи пщэ дэзылъхьэн мызэкIэ къыкъуэкIакъым. Абы текIуэдэну кредитыр къэралым къаритамэ, а лэжьыгъэм зезыпщытын дгъуэтынут. ИджыпстукIэ а Iуэхур зэфIэмыхьэми, догугъэ нобэ мыхъумэ, пщэдей къыдэхъулIэну.
  • Епсэлъар  Мыз Ахьмэдщ.