ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мывэ джей пIащIэхэм  къыхэщIыкIа унэхэр

2022-06-04

  • Кавказ лъэпкъхэм яхъумэ пасэрей щIэинхэм ящыщу мыхьэнэшхуэ зиIэхэм хабжэ дольменхэр. Сыт дольменыр зи щIысыр? Ар мывэ джей пIащIэхэм къыхэщIыкIа унэ цIыкIухэрщ — испы унэкIэ дызэджэрщ. Ахэр я щIэинщ пасэрей адыгэ-абхъаз лъэпкъхэу илъэс мини 5 и пэкIэ псэуахэм. Аращ а лъэпкъхэр зэрыс щIыналъэхэм къыщIыщагъуэтари. Мыр Урысей Федерацэм и щэнхабзэм и беягъышхуэщ. Мывэ джей фэеплъхэм нобэ Абхъаз Республикэм, Краснодар крайм, Адыгэ Республикэм уащрохьэлIэ. Сэ слъэгъуахэм ящыщщ АР-м и Хьэджэхъу дольмен гупым хабжэ испы унэхэр. Ахэращ Адыгейм щынэхъ цIэрыIуэр, турист нэхъыбэм ялъагъур. Хьэджэхъу дольменхэр Каменномост жылэм дэтщ. Гъуазэрыплъ щыIэхэр нэхъ инщ, ауэ щIыпIэкIэ зэрынэхъ жыжьэм къыхэкIыу, псори нэсыфыркъым. Абыхэм я ныбжьыр ди эрэм и пэкIэ илъэс минищым икухэм къыщежьэу хуагъэфащэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, мывэ джей унэхэр куэд хъужыркъым. Нэхъапэм абыхэм я бжыгъэр 300-м нэсырт. Археологхэм иджыпсту зэфIагъэувэжыну иужь итщ абыхэм ящыщу зэтещэхахэр.

  • Шэч къызытумыхьэнщ КIахэ Кавказым къыщагъуэта испы унэхэр пасэрей адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм (абазэхэм, абхъазхэм, убыххэм, кIахэ адыгэхэм, шапсыгъхэм) я IэдакъэщэкIыу зэрыщытыр. КъуэкIыпIэ — Ищхъэрэ Кавказым щыIэ испы унэхэр псори зэхэту мини 2-м нызэрохьэс, абы щыщу 100-м щIигъум Абхъазым ущрохьэлIэ, адрей- хэр псори Адыгэ Респуликэмрэ Краснодар хэгъэгумрэ щыIэщ.
  • Мы унэхэр зыджа щIэныгъэлIхэм гу лъатащ дольменхэм я нэхъыбэм я гупэр дыгъафIэ лъэныкъуэмкIэ зэрыгъэзам. Испы унэхэр а щIыкIэм тету щIащIыр, зэращI щIыкIэр иджыри нэсу къахутакъым. Абы теухуауэ щIэныгъэлIхэм Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ яIэщ. Псалъэм папщIэ щIэныгъэлI, къэхутакIуэ зы гупышхуэм зэдэарэзыуэ къызэдащтащ мыпхуэдэ еплъыкIэ: дольменхэр иныжьхэм яухуащ, цIыху хэмыхъуэ цIыкIухэм я лIакъуэм шынагъуэмрэ уэлбанэмрэ зыщыщахъумэн хуэдэу. А цIыху хэмыхъуэхэр гуащIэмащIэти, псэуалъэ яухуэну я къару хурикъуртэкъым, таурыхъхэм къызэрыхэщыжымкIи, уеблэмэ ахэр апхуэдизкIэ цIыкIути, тхьэкIумэкIыхьхэм шэсырти, абыкIэ зэхэзекIуэрт. Абыхэм зэреджэр испыт, арауэ къалытэ «испы унэ» фIэщыгъэцIэр къызыхэкIари.
  •  
  • Хэт а испы хъужыр? Сыт хуэдэу ахэр IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжыр?
  • «Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъым зэритымкIэ, ахэр Нарт эпосым хэт цIыху цIыкIужьей лъэпкъыгъуэщ. Я цIыкIуагъым емылъытауэ, испыхэр хуабжьу къарууфIэт, губзыгъэт, акъылышхуэ ябгъэдэлът, лIыгъэшхуэ яхэлът, пагэхэт. Щхьэхуитыныгъэр я нэрыгъыу, къызыфIэщIыж хьэл яхэмылъу эпосым къыхощыж.
  • Испыхэр шы папщIэу зытесыр тхьэкIумэкIыхьт, иныжьхэр лIыщIэу ягъэлажьэрт. Я тхьэмадэ жьакIэхур я пашэу ахэр къур-шым щыпсэурт, я быдапIэхэмрэ испы унэ цIыкIухэмрэ ису. IуэрыIуатэм къызэрыщыхьамкIэ, испыхэр лъэпкъкIэ НэщIгъущIыдзэм къытекIащ.
  • Испыхэм я псэукIэр нартхэм я псэукIэм ещхьщ. Абыхэм хуэдэу мэщакIуэ, щIыгур ялэжь, Iэщ ягъэхъу; языныкъуэ нартхэм хуэдэуи испыхэр тхьэпэувщ (тхьэпэщIэтщ). Испыхэмрэ нартхэмрэ яку зэзэмызэ зэны- къуэкъу къыдохъуэ.
  • Псалъэм папщIэ, испы пашэм Сэтэнейр ехь, нартхэм ар хуит къыщащIыжым, испыхэм я быдапIэр зэтракъутэ, зыдыгъуар яукI. Ауэ чынтхэмрэ нартхэмрэ яку дэлъ зэбииныгъэм хуэдэ испыхэмрэ нартхэмрэ зэхуаIэкъым.
  • Абы къыщымынэу, испыхэр нартхэм сэбэп яхуохъу: гъубжэ зэращIыр ирагъащIэ, нэчыхькIэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэ. Испыпщым и пхъур нарт Хъымыщ фызу къешэ. Абы ипэ къихуэу испы пщащэм Хъымыщ псалъэ Iех «мыгъуэ цIыкIу» жиIэу зэи къыжримыIэну. Шхын гъэхьэзырыным куэдрэ пэрыта и фызым «мыгъуэ цIыкIур» къыжьэдэхуу щыжриIэм, зи псалъэ зымыгъэпэжа Хъымыщ къигъанэри, сабийр ныбэрылъу испы-гуащэр икIыжащ.
  • ЩIалэ цIыкIур къыщыхъум (ар нарт лIыхъужь Батрэзт), и быдзышэ Iуимыгъахуэу, нартхэ яритыжащ. Батрэз и анэбыдзышэм щыщ зы Iэпхъуалъэ из Iухуауэ щытамэ, дунейр жыхьэнмэ ищIыфын хуэдизу къару иIэнут. Нарт-хэ я фыз Iущу Вакъуэ Нанэ, Батрэз къану зратар, испы-гуащэм и чэнджэщхэмкIэ сабийр ипIащ. IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, испыхэр я пагагъэм къыхэкIыу, Тхьэм игъэкIуэдащ. Испыхэр щыкIуэдыжым, тхьэкIумэкIыхьхэр лъэхъауэ къагъэнати, аращ ахэр иджыри къыздэсым пкIэуэ-лъэуэ къыщIажыхьыр. Мис аращ IуэрыIуатэм жиIэр.
  •  
  • Кхъэлэгъунэ
  • Дольменхэр зи щIысым теухуа еплъыкIэ зыбжанэ зэрыщыIэм и щапхъэу къэтхьынщ мыри. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, дольмен хъужыр кхъэлэгъунэщ, иджыри я псэр пыту цIыхухэр абы щылIэн щхьэкIэ кIуэурэ щIэтIысхьэу щытауэ. Апхуэдэ лъэбакъуэм тегушхуэфынур жылэм пщIэшхуэ щызиIэ цIыхухэрт (гупым я пашэхэрт, лъэпкъым и тхьэмадэхэрт, лIыхъужьыгъэкIэ адрейхэм къахэщахэрт, н.къ.).
  • Апхуэдэ цIыхухэм я унафэкIэ, зи блынхэри унащхьэри мывэ джей пIащIэхэм къыхэщIыкIа, зы пэш фIэкIа мыхъу унэ ирагъэщIырт. А хабзэм къежьапIэ хуэхъуар нарт Бэдынокъуэ и адэр зэригъэпщкIуам теухуа хъыбарыжьым къыщылъыхъуэн хуейщ. Дызэрыщыгъуазэщи, Бэдынокъуэ и адэр Жьыгъэибг щидзын хуейт, ар зекIуэ ежьэхэм ядэмышэсыфу, щакIуэ мыкIуэфу, икIэрауэ унагъуэм къыщымысэбэпыжыфу жьы зэрыхъуам щхьэкIэ. Арат нартхэм я хабзэр. Ауэ Бэдынокъуэ апхуэдэу ищIакъым икIи и адэр игъэпщкIури, псэууэ къигъэнащ. Дэнэ ар абы щигъэпщкIуар? Кхъэлэгъунэм ещхьу, блын джабиплIрэ унащхьэрэ зиIэ мывэ унэрщ. Ар пэж дыдэу кхъэлэгъунэт икIи Псатхьэм щымышынэу зы цIыху абы еIусэфынутэкъым. Мис ар япэ дольмену щымытауэ хэт жызыIэфынур? ИужькIэ мывэ джейхэм къахэщIыкIа унэм ису нарт Бэ-дын и чэнджэщ IущхэмкIэ цIыхухэм ядэIэпыкъуащ, лъэпкъым къытепсыха мыгъуагъэ куэдым къригъэлащ. Бэдынокъуэ и щэхур адрей нартхэми къыщащIэм, абыхэм зыханащ жьы хъуа я адэхэр бгым щадзын хабзэр икIи абы и пIэкIэ дольменхэр ухуэн къаублащ, жьы хъуахэр я ажалыр къэсыху апхуэдэ унэхэм щIэсыну езы нэхъыжьхэм унафэ къызэращтам къыхэкIыу.
  • ГъэщIэгъуэнщ, ауэ иджырей цIыхухэм яхэтщ а испы унэхэм уэгум къыхэкI къару ябгъэдэлъу зи фIэщ хъухэр. Шэч къызытумыхьэр зыщ, абы и щIыпIэм ущитым деж даущыншэ хъу дунейм уи гупсысэр куэдым зэрыхуишэрщ, къару нэрымылъагъу гуэр уиIэу къызэрыпщигъэхъурщ.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ фIэщхъуныгъэмрэ абы пыщIа хабзэу цIыхухэм зэрахьэмрэ иджыри къыздэсым и кIэм нэсу зэрамыджар, езы испы унэхэми ещхьу. Иджырей археологхэр а Iуэхум епха хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэм щыIууэкIэ, гъэщIэгъуэну тотхыхь, ауэ къагъуэтахэр зэпхам щхьэфэду фIэкIа лъэIэсыркъым. Апхуэдэу щытми, дольменхэм къапкърокI ахэр зыщIауэ щыта лъэпкъхэм я щэнхабзэ псэкупсэм теухуа хъугъуэфIыгъуэ куэд, къыдагъащIэ а цIыхухэр ухуэныгъэм хэзагъэу, гъущIми, къупщхьэми, мывэми, ятIагъуэми я щэхухэм щыгъуазэу зэрыщытар.
  • НэщIэпыджэ Замирэ,
  • Адыгэ Республикэм  щIыхь зиIэ и журналист.