Зи плъапIэхэр нахуапIэ хъуахэр
2022-06-04
- Къэбэрдей-Балъкъэр Рес-публикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мэкъуауэгъуэм и 2-м Москва щахуэзащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я «Большая перемена» урысейпсо фестивалым ди щIыналъэм и цIэкIэ мы махуэхэм хэт егъэджакIуэхэмрэ школакIуэхэмрэ.
- Фестивалым я зэфIэкIхэр щагъэлъагъуэ республикэм и сабий, щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэу Тырныауз къалэм и гимназие №5-м и 11-нэ классым щIэс Абулькин Тамирлан, Налшык къалэм Къудащ Е.П. и цIэр зезыхьэ и гимназие №14-м и 10-нэ классым щIеджэ Бетрожь Тимирлан, Бахъсэн къалэ округым и курыт еджапIэ №6-м и 9-нэ классым щIэс Иуан Аскэр, творчествэмкIэ сабийхэм я «ДыгъафIэ къалэ» академием и лIыкIуэ Канунниковэ Еленэ, Прималкэ къуажэм и школым и 10-нэ классым щеджэ Карачихинэ Каринэ, Налшык къалэм дэт гимназие №29-м и 10-нэ классым щIэс Лян Алексей, Чёрнэ Речкэ къуажэм щыщ еджа-кIуэ Шондыкъу Белэ сымэ. Конкурсым хэтыну апхуэдэу пхыкIащ сурэт щIыным хуезыгъаджэ ГъукIэпщ Марьянэрэ урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ ХьэщIэрылI Каринэрэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек а зэIущIэр зэрекIуэкIам щытепсэлъыхьыжащ телеграм-каналым щиIэ напэкIуэцIым. «НыбжьыщIэхэм езыхэм гукъыдэж зэращIам тету дэ Ут Плъыжьым къыщыткIухьащ, ди школакIуэхэм конкурсым къыщыхалъхьа проектхэм дытепсэлъыхьащ. Мы зэпеуэр ирагъэкIуэкIыну къэзыIэтахэм я жэрдэмыр ядиIыгъащ ди Президент Путин Владимир Владимир и къуэм. «Большая перемена» зэщIэхъееныгъэр къэралым и жылагъуэ сабий-щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэ хъунущ. Абы теухуа законопроектым иджыпсту Къэрал Думэр хоплъэ. Проектым Къэбэрдей-Балъкъэрми щIэгъэхуэбжьауэ зыщеужь»,- итхащ республикэм и Iэтащхьэм.
- КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ зэщIэхъееныгъэм хэтхэм егъэджэныгъэр, волонтёр лэжьыгъэр, туризмэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ къыхалъхьэ жэрдэмхэмрэ проектхэмрэ ягъэзэщIэнымкIэ сыт и лъэныкъуэ-кIи дэIэпыкъуныгъэ зэрагъуэтынур.
- Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я фестивалым и къызэгъэпэщакIуэу къэуващ ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэр, Урысей Федерацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэр, Москва и Правительствэр, фейдэ къэлэжьыным пымыщIа «Большая перемена» организацэ пыгъэщхьэхукIар. Апхуэдэу фестивалыр егъэкIуэкIынымкIэ абы и къызэгъэпэщакIуэхэм къадоIэпыкъу «ЩIэныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэр, фейдэ къэлэжьыным пымыщIа «Урысейр зэфIэкIхэм я къэралщ» организацэ пыгъэщхьэхукIар, «ШколакIуэхэм я урысей зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо жылагъуэ-къэрал сабий-ныбжьыщIэ организацэр.
- Мы зэщIэхъееныгъэм Урысейм и щIыналъэхэм щыщ сабийрэ ныбжьыщIэу 8000-м щIигъу къызэщIиубыдащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми и щIалэгъуалэ проектыр пхигъэкIащ, финалым кIуащ икIи фестивалыр къызэзыгъэпэщахэм Москва ирагъэблэгъащ. ХьэщIэхэр лекцэхэм едэIуащ, мастер-классхэм хэтащ. «Сабийхэм я павильон» утыкум щIалэгъуалэм щагъэлъэгъуащ Урысейм и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм зегъэужьыным тещIыхьауэ ягъэхьэзыра проектхэр.
- «Большая перемена» фестивалым хэтхэм захуигъэзащ Урысейм и Президент Путин Владимир. «Фэ псори зы къупхъэм къикIам хуэдэу фызэщхьу щымытми, дэтхэнэри фыхущIокъу фи зэфIэкI нэхъыщхьэ дыдэхэр къэвгъэлъэгъуэну, ди къэралым, фи Хэкум ипэжыпIэкIэ сэбэп къыхуэфхьыну. ИкъукIэ гъуэзэджэщ фестивалым и фIыгъэкIэ фызэрызэрыцIыхуар, фызэрызэрыщIар, куэдкIэ фызэрызэщхьыр зэрыфлъэгъуар, щIэ гуэрхэм щыгъуазэ фызэрыхъуар. Фи щIэблэм, фэ фщыщ дэтхэнэми фызыхуей псори фиIэщ къэкIуэну зэманым хуэфащэу, егугъуныгъэ, жэуаплыныгъэ фхэлъу, Хэкур фIыуэ флъагъуу, щIэныгъэм фи гур зэIухауэ зыр адрейм дэIэпыкъуну фыхьэзыру фыщытын папщIэ. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу фи плъапIэ псори къызэрывэхъулIэнур», — къыхигъэщхьэхукIащ къэралым и Iэтащхьэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.