Зи шхыныкIэр хъуэхъушэ, зи хъуэхъуфэр щхьэлъэ
2022-06-04
- «Хъуэхъум хабзэ хэлъщ, хабзи пылъщ» псэлъафэм лъабжьэ иIэщ. Абы зыкъомкIэ поджэж нэгъуэщI зы жыIэгъуи: «ауэ сытми ухъуэхъуэным хъуэхъу къикIыркъым». Иджыри зы псалъэжь: «ХъуэхъущIафэр бзэхри, хъуэхъубзэр къэнащ». Зы гупсысэм зэришалIэ мы щапхъэхэм къагъэлъагъуэ хъуэхъум гъэзэщIэкIэ хабзэ пыухыкIахэр егъэщIылIауэ къызэрекIуэкIар, абы и зегъэкIуэкIэми хъуэхъум зэрыщыгугъ къарур епхауэ къалъытэу къызэрыгъуэгурыкIуар.
- Хъуэхъур IуэрыIуатэхэкI хьэзырми, жьабзэ ишыгъуэу зэрыщыт къудеймкIэ бгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэр нэсу къэптIэщIын плъэкIынкъым. Хъуэхъур дауэдапщэм и курыхщ. Дауэдапщэми кIуэрабгъу хуэхъур хъуэхъущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псалъэм хэлъ фIэщхъуныгъэмрэ хъераджэмрэщ IуэхущIафэми зызыдищIыр. Аращи, хъуэхъур лъэныкъуитIым — псалъэмрэ дауэдапщэ хуэIухуэщIэхэмрэ — толажьэри, а щхьэхуэныгъэм къыхэкIыу и джыным зэпэзэрызу убгъэдыхьэ хъуркъым. Сыт хуэдэ дауэдапщэ теплъэгъуэм сыт хуэдэ хъуэхъу техуэми, абы хэлъ псалъэхэм а теплъэгъуэр дапхуэдэу зэрагъакIуэми кIэлъыплъын хуейщ.
- Хъуэхъур хабзэ жыпхъэм иту къызэрекIуэкIар нэрылъагъу зыщIыр абы и гъэзэщIэкIэ Iэмалхэм ущызыгъэгъуазэ жыIэгъуэ гъэщIэгъуэн куэд къызэрынарщ. Нэхъыжьхэр абы зэреджэр хъуэхъу ущиещ. Абыхэм гъэщIэгъуэнагъ ябгъэдэлъхэм ящыщщ псалъэжьуи, гъэсэпэтхыдэуи, хабзэгъуазэуи, хъыбаруи зэрызэхэтыр. А псор зэхэтлъхьэжрэ къиIуэтэнур къэдгъэлъэгъуэжмэщ хъуэхъум и щыпкъэр къыщыщIэщынур.
- Хъуэхъур къару нэрымылъагъухэм яхуэгъэза псалъэщ. Диныбзэм и хуэмэбжьымэхэр абы къыхыхьэу щыхуежьар куэдкIэ иужьщ. «Хъуэхъуэныр анимизмэм и Iэужщ, тхьэ елъэIуныр диным къыхэкIа Iэмэпсымэщ: мэгъубзэм и щIыIу диныбзэ къытехьауэ аращ, зэман зэпэщхьэхуитIым я лъэужьу, зэхэщIыкI зэмыфэгъуитIым я хэкIыу», – етх Нало Заур. ТIум дежи псалъэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ, мэгъу къару халъхьэуи щытщ. Аращи, хъуэхъухэм лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм я нэпкъыжьэ телъщ.
- Дин зэмылIэужьыгъуэхэм я шыбзэм щIэкIыурэ зэман кIыхькIэ къэгъуэгурыкIуа хъуэхъужьхэм я мызакъуэу, а нэщэнэхэр ядыболъагъу хъуэхъу гъэзэщIэкIэ хабзэхэми. Хъуэхъу хуэIухуэщIэ псори зэщIэдгъэуIуэжмэ, къэхута хъунур хъуэхъум и тхыдэ закъуэракъым, абы къыдэкIуэу хэIущIыIу хъунущ ахэр зытеIуа дауэдапщэхэм я гъэпсыкIэ-зэпкърылъыкIэ дызыщымыгъуазэхэри.
- «Псалъэм я нэхъ цIыкIури зэрыхъунур зэрыпщIщ», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. Къызэрыхэщащи, мэгъу Iэмалхэм хъупIэ-щIыпIэу яIар дауэдапщэрщ. Зы дауэдапщэм къытригъэзэжыху, абы теIуа хъуэхъуми зиузэщIурэ щапхъэ пыухыкIам иувэу екIуэкIащ. Ахэр зэрыубыда нэужьщ узытекI мыхъун хъуэхъу гъэзэщIэкIэ хабзэхэр жылагъуэм щызэдащтар. Абы и IуэхукIэ ди нэIэ зытетынур Тхьэгъэлэдж и хъуэхъухэрщ. А хъуэхъу гупыр ди гъуазэу зи гугъу тщIа гъэзэщIэкIэ хабзэхэр къыщIэгъэщыныр зыхуэдгъэувыж пщэрылъ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ.
- «Тхьэгъэлэдж и хъуэхъукIэ» дызэджэр къызэщIэзыубыдэ фIэщыгъэцIэщ. Гъэрэ щIырэ щызэхэкIым щегъэжьауэ гъэ мэкъумэшыр кърахьэлIэжыху я зэхуаку дауэдапщэу дэлъу щытам хъуэхъуу теIуар абы хеубыдэ. А хъуэхъужьхэм Тхьэгъэлэдж и цIэр къраIуэу, хъераджэр абы хуагъэIуу екIуэкIащ. Ауэ Iэмал имыIэу щыткъым хъуэхъу псоми Тхьэгъэлэдж и цIэр къыхэмыщынкIэ. Ар IуэхугъуитIым къыхокI: япэрауэ – щыIэщ зы хъуэхъу гупышхуэ, тхьэм зыхуимыгъазэу зыхуейр кърибжэкIрэ «сохъуэхъу» жиIэрэ игъэтIылъыжу (тIорысэщ, мэгъубзэм нэхъ пэблагъэщ); етIуанэрауэ – Тхьэм зыхуэзыгъазэ адрей хъуэхъужь гупышхуэм къахокI диныбзэр текIуэу Тхьэгъэлэдж и цIэр IэщIыб зыщIахэр. ЗыхуэгъэзакIэ, зыхуэгъэпсакIэ а хъераджэхэр псори бэв зэрытраIуэ хъуэхъущ. И цIэ къызыхэмыщ къыхэкIми, а хъуэхъужьхэр Тхьэгъэлэдж епхауэ къызэрекIуэкIар нэрылъагъущ. Апхуэдэ гупсысэм урегъэувалIэ Тхьэгъэлэдж и цIэр хъума щыхъуа хъуэхъужь куэд ди деж къызэрысам.
- Тхьэгъэлэдж и хъуэхъукIэ дызэджэ гупым хохьэ мы хъуэхъу лIэужьыгъуэхэр:
- – гъэрэ щIырэ щызэхэкIым деж жаIэ хъуэхъур;
- – уафэр япэ щыгъуагъуэкIэ жаIэ хъуэхъур;
- – удзыпсзэутх хъуэхъур;
- – вакIуэдэкI хъуэхъур;
- – вабдзэтелъхьэ хъуэхъур;
- – гъунэилъэ хъуэхъур;
- – щыпэтесэ хъуэхъур е япэ жылэ щытрасэкIэ зэрыхъуахъуэр;
- — вэн-сэныр щаухкIэ жаIэ хъуэхъур;
- — вакIуэихьэж хъуэхъур;
- — гъавэр щыIуахыжкIэ жаIэ хъуэхъур;
- — гъавэр щаIуэжкIэ жаIэ хъуэхъур;
- — гъубжэдэх хъуэхъур;
- — гъавэр щакIыщтэкIэ жаIэ хъуэхъур;
- – щхьэлщIэкI хъуэхъур;
- – хамэIумыхуэ хъуэхъур.
- Мыбы хэмыхьауэ дызыщымыгъуазэ нэгъуэщI хъуэхъу лIэужьыгъуи щыIагъэнщ. МысыхьэткIэ диIэ хъуэхъухэр зэрызэщхьэщыдгъэкIыр апхуэдэущ.
- Тхьэгъэлэдж и хъуэхъухэм нэхъыщхьэу зы гупсысэ хэлъщ: ахэр псори яхуэгъэзащ гъавэм, къэкIыгъэм бэв теIуэным. ЩIым хэплъхьэм хуэдитI къыуитыжын щылъэкIкIэ, бэвыгъэри дуней щытыкIэм щелъытакIэ, щIым ирипсэу цIыхум и гупсысэр здынэсыр ар зи IэмыщIэ илъ къарум еубзэн, дахэ жеIэн зэрыхуейрт. Абы къыхэкIащ илъэсыр къыщихьэм щегъэжьауэ ар икIыху сыт хуэдэ мэкъумэш лэжьыгъэ хуемыжьами, жылагъуэр и псалъэрэ и IуэхущIафэкIэ Тхьэгъэлэдж зэрызыхуигъэнэджыным хущIэкъуныр.
- Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэр адыгэ махуэгъэпсымкIэ илъэсыщхьэ махуэщ. Аращ зытехуэр «гъатхэпежьэ тхьэлъэIукIэ» зэджэр. Гъатхэпежьэр IыхьитIу зэхэтщ: унагъуэ тхьэлъэIурэ жылагъуэ тхьэлъэIуу. Куржы щIэныгъэлI Кантарие М. В. зэритхымкIэ, къэбэрдей адыгэхэм абыхэм щхьэкIэ зэрахьэр «вакIуэ тхъэлъэIу», «вакIуэ къурмэн» фIэщыгъэхэрщ.
- МафIащхьэджэд тхьэлъэIукIэ зэджэр унагъуэ тхьэлъэIущ. Махуэр къыщихьэнум и жэщым унагъуэм исхэм загъэкъабзэрт, дыгъэмыхъуэпс жыхуаIэ, нэху зытемыщхьа псыкIэ загъэпскIырт, щыгъыныгъуэщIэкIэ зыкъахуапэрт. ЖыIэн хуейщ зыгъэкъэбзэныр дауэдапщэ хуэIухуэщIэхэм я щыпэху хабзэ хъуауэ къызэрекIуэкIар. «Кхъуэ бэгумрэ дыгъужь бэгумрэ зыхамыгъэпскIыхь щIыкIэ зывгъэпскI», – жаIэрти, нэхулъэр къыщызэкIэщIитхъым ирихьэлIэу, цIыкIуи ини псыежэхым кIуэрт. Псыр гъэщIэм, узыншагъэм я нэщэнэщ. Узрэ бзаджэрэ къаймыуалIэу а псым ирихьэхыну, гу къабзэ-псэ къабзэу, къэщIэрэщIэжауэ илъэсыщIэм техьэну гугъэхэрт.
- Дунейр къыщызэщIэушэм, къыщызэщIэущкъулэм ирихьэлIэ а зэманым гъавэ бэвкIэ, илъэсыщIэ угъурлыкIэ хъуахъуэхэурэ пежьэрт. Ди деж къэсащ апхуэдэ хъуэхъу зыбжанэ. Мыр абыхэм ящыщщ:
- Уо, Тхьэгъэлэдж дыщэ!
- Зыхуэхъум я псапащIэу,
- Уэркъыжьым я шы Iусу,
- Ажэ жьакIэу уфафэу,
- Афэ гъуапэу уэндэгъуу,
- Вагъэм щызэрызешэу,
- Шауэм дэщхъэукъуэу,
- Жэпкъыхъуу,
- ЩхьэпIащэу,
- Iэтэ щийр зы хьэсэу,
- Зы ху самэр ху гуипщIу,
- Унагъуэ и пщIэ кIыщтэгъуэ зырыз
- ФIыгъуэкIэ тшхыжыну Тхьэм къыдит!
- Уо, гъэрэ щIырэ зэхэкIыу
- ВакIуэ дыщыдэкIкIэ
- Джэдхэр къакъэу,
- Къазхэр гъуалъхьэу,
- Вабдзэ телъхьэ ирагъэщIу,
- Вабдзэпэ уэгъуу,
- ВэнгъуэкIэ уэшхыу,
- Уэшхым и лъагъуэу,
- Бэвым и гъуэгуу
- Мы гъэр Алыхъым къыщIигъэкI!
- Мы къэкIуэну текстыр Щоджэн Хьэзешэ итхыжа вариантщ:
- Ялыхь,
- Гъатхэ махуэу,
- Гъатхэ угъурлыуэ,
- Гъатхэ бэву,
- Вагъэм хуэмыIэтыр ди мэшу,
- Гъасэу къитшыжыр щэджищэу,
- Щэдж къэс ху къэпищэр ди щапхъэу,
- Нысэу къырашэр Iумахуэрэ
- ЗыхэIэбэм берычэтыр хиIуэу,
- Ди Iуэм имыхуэр ди Iэщу,
- Дызыхуейр къыдэлыжу,
- Ялыхь, гъэ дызытехьэр
- УзыншагъэкIэ едгъэхьэкI!
- Лъэпкъ щIэныгъэр фIыуэ зыщыгъуазэ мафIащхьэджэд тхьэлъэIум къытедгъэзэжу псалъэ лей тыжетIыхьынкъым, ауэ щапхъэу къэтхьа хъуэхъум къепха IуэхугъуитI-щым я гугъу дымыщIу дыблэкI хъуну- къым.
- МахуэщIым хуэзэу унагъуэм жьэгуу яIэм хуэдиз Iэнэ къагъэувырт, дэтхэнэри тхьэлъэIу шхыныгъуэхэмкIэ къаузэдырт. ЖьэгужькIэ зэджэм и пащхьэ къит Iэнэрт хугурэ шыгъурэ зэхэпхъауэ илъу щэкIыщхьэ зытеубгъуа фалъэр зытетыр; абдежт щыпэ хъуэхъури щагъэIур. Шхыныщхьэр тхьэлъэIу мэжаджэкIэ зэджэрат. «Тхьэм зэпэмыбж и щIасэщ» жыхуаIэращи, мэжаджэр щы, блы е бгъу хъун хуейуэ ягъэувырт. ХугукIэ жаIэрти, илъэс блэкIам къыщIэна гъавэрт ар къызыхащIыкIыр. Мэжаджэр япщэфIын ипэ къихуэу унагъуэм къахыхьагъащIэ нэрыбгэр (е, апхуэдэ щымыIэмэ, цIыхубз ныбжьыщIэу яхэсыр) жьэгу пащхьэм кърырагъэшалIэрти, хугукIэ фалъэм хагъэIэбэрт, зэIрагъащIэрт. Абы иужькIэ ар Iуэм яхьырти, Iэщхэм трапхъэрт, губгъуэм дахырти, щIым щрапхъыхырт. Къыдэхуар ерыскъыпхъэм халъхьэрти, тхьэлъэIу шхыну ягъэхьэзырырт. Лъхуэн-пIэныр къызыпэщылъ нысащIэм е цIыхубз ныбжьыщIэм илъэс блэкIам хъуэхъу зытражыIыхьа гъавэм хэIэбэмэ, лъхугъэ щымыщIэну, щIэблэ иIэну я фIэщ хъурт, езыми, угъурлыгъэкIэ щыгугъхэрти, зыхэIэба гъавэм берычэт хиIуауэ къызыфIагъэщIырти, Iэщым трапхъэмэ – бэгъуэну, къызыхэкIа щIым хапхъэжмэ – бэв къадэхъуну къащыхъурт. «Бэв теIуа хъунщ» жаIэрти, хугукIэр жылапхъэми хагъэщащэу щытащ.
- Мыбдеж жыIэн хуейщ жьэгу пащхьэм япэу пэраша нэрыбгэмрэ и псэуэгъумрэ я цIэкIи хъуахъуэу зэрыщытахэри:
- Я Алахь!
- Жьэгу пащхьэ махуэ яхуэщI,
- Я жьэгу пащхъэр берычэтым и епсыхыпIэ щIы,
- Выжьгъашхэ щагъавэу,
- Гъэлъэхъу пшэр щымыщIэу,
- Гуэгушыхъум и кIуапIэу,
- ХьэщIэу къихьэр мылъытэу,
- Лъапэ махуэ кърахьэу,
- Мылъытэжыр я шыгъу-пIастэу,
- МэжэщIалIэ къихьэмэ зыщагъэнщIыжу,
- Я берычэтым хэмыщIу,
- Зы хэщIамэ пщIы хэхъуэжу
- Жьэгу пащхьэ бэв щIы,
- Тхъэгъуэр я унагъуэм имыкIыу,
- Ялыхь, гъэ минкIэ гъэпсэухэ!
- Ар зыфIэмыфIым и унагъуэбжэм дрегъэгъэзеиж!
- Ялыхь, жагъуэгъуншэ умыщI,
- Жагъуэгъум зэрыжаIи умыщI,
- БлэкIыр къехъуапсэу,
- ПщIантIэм къыдэплъэмэ дагъэмэ къыдихыу
- Ерыскъым и кIуапIэ щIы!
- Хъуэхъур къыхэзыдзэр цIыхубз нэхъыжьырт. Хъуэхъу псалъэр и кIэм зэрынэсу дагъэ ткIуэпситI-щы жьэгу мафIэм пэрыгъэткIуэныр хабзэт.
- Иджыри зы Iуэхугъуэ: Iэнэм Iэмалыншэу тралъхьэхэм ящыщт гъущIхэкIри. ГъущIым нэтемыгъахуэ нэщэнэ иIэт. Абы техъуэхъухьхэрт, хадэ-щIапIэхэм, губгъуэхэм яхьырти, щIым щыщIатIэжырт. Пасэрейхэм къазэрыфIэщIымкIэ, абыкIэ гъавэр нэ бзаджэмрэ къару бзаджэмрэ щыхъума хъунут.
- ТхьэлъэIур Iуэхугъуэу зэрызэхэтым и зэщIэн къарур хъуэхъум псалъэу хэтми щIегъэхуабжьэ: Iуэху щIэгъуэ къэс пэджэж псалъэ хъуэхъум хэлъщ.
- ТхьэлъэIу шхыным хуэдгъэзэжынщи, къыхэдгъэщынщ абыи пщIэ зэриIар. Ар псоми зэрызыIуагъэхуэным хущIэкъухэрт. «ШхыныкIэр хъуэхъушэщ, фIыгъуэ Тхьэм къытхудигъакIуэ», – жаIэурэ ерыскъыпхъэхэм хагъэщэщэжурэ щIэрыщIэу япщэфIыжырт. Хъуромашэ къежьа щIалэгъуалэми зэрахуэупсэу щытари а тхьэлъэIу шхынырщ. Игъуэу къыдолъытэ мулид шхынщ, хъуэхъу тражыIыхьащ жаIэу ягъэлъапIэу цIыхубз нэхъыжьхэм хьэдэIус хуэIухуэщIэхэм, мулидхэм ирахыу Iэнэм телъа шхынхэкI гуэрхэр, Iэбжьэ хуэдиз хъуну зэхэкIутауэ хугурэ шыгъурэ я унэ яхьу нобэми къызэрекIуэкIыр дигу къэдгъэкIыжыну. Ари бэвыгъэ къэзышэ нэщэнэщ. Мыри гъэщIэгъуэнщ: хъуэхъу зытеIукIа Iэнащхьэм телъа IэрыIыгъхэрщ шыгъумрэ хугумрэ зыкIуэцIагъэщащэр.
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым
- и щIэныгъэ обозреватель.