ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июнь, 2022

Фи насып текIуэну!

2022-06-25

  • КъБР-м и Iэтащхьэр курыт школыр къэзыуххэм гуапэу ехъуэхъуащ.
  • «Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу курыт школыр къэзыуххэм сохъуэхъу я гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ а къэхъукъащIэмкIэ. Фэ зэпыфчащ япэу уэзджынэр къыщыфхуеуам къыщыщIэдзауэ аттестатыр къыватыжыным нэс къызэщIэзыубыдэ гъуэгуанэ кIыхь, Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмрэ купщIафIэхэмкIэ гъэнщIауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

ГъащIэ гъуэгум тоувэ  

2022-06-25

  • ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэми мы махуэхэм щокIуэкI курыт школым и 9-нэ, 11-нэ классхэр къэзыуххэм я гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр. Куэд щIакъым а ныбжьыщIэхэм папщIэ иужьрей уэзджынэр къызэреуэрэ. Иджы мис, къэсащ балигъ гъащIэм ипэжыпIэкIэ ухэзышэ зэхыхьэ гуапэр, уи гъащIэ псокIэ гум имыкIыу къинэ гуфIэгъуэр — къызэрыщIагъэкI пшыхьыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Музейм щахъумэнущ ТекIуэныгъэм и сэшхуэр

2022-06-25

  • КъБР-м и Лъэпкъ музейм ЗауэлI щIыхьымкIэ и пэшым а IуэхущIапIэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Накуэ Феликс щратащ ТекIуэныгъэм и сэшхуэр щахъумэну. Ар ЗауэлI щIыхьым и къалэ Налшык къыхуагъэфэщащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Анэдэлъхубзэм  и плъыр

2022-06-25

  • Зи гъащIэри гуащIэри сабийхэм анэдэлъхубзэр яIурылъхьэным, ар фIыуэ егъэлъагъуным, гъэсэныгъэ дахэ егъэгъуэтыным тегъэпсыхьауэ псэу цIыхум «бзэм и хъумакIуэ» хужыIапхъэщ. А псом ящIыIужкIэ, щIэныгъэфI бгъэдэлъмэ, пэжыгъэр и гъуазэу, и псэр къабзэу, зыхэтым къахэщу псэумэ — ар фIым я фIыжщ. Апхуэдэ цIыхущ адыгэ-шэрджэсыбзэмрэ литературэмрэ Дзэлыкъуэкъуажэ дэт езанэ курыт еджапIэм щезыгъэдж Бей Жансурэт Хьуд и пхъур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Иужьрей щэбэтым  ягъэлъапIэ

2022-06-25

  • IэмэпсымэщIэхэр къэзыгупсысхэмрэ (рационализаторхэмрэ) инженерхэмрэ я махуэр гъэлъэпIэныр, адрей илъэсхэми хуэдэу, мы гъэми мэкъуауэгъуэм и иужьрей щэбэтыращ зытехуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

БАКIУУ Хъанджэрий: Бзэмрэ литературэмрэщ  лъэпкъым и лъабжьэр

2022-06-25

  • Нобэрей зэманым щIэныгъэрылажьэхэм къахуэув къалэнхэр хьэлъэщ. Псом хуэмыдэу, лъэпкъыбзэхэр хъумэнымкIэ кIуэрабгъухэр къэхутэным хуэгъэзауэ. АтIэ, нобэ бзэм елэжь щIэныгъэлIхэр нэхъыщхьэу зыгъэпIейтейр сыт хуэдэ лъэпощхьэпохэра? Иужьрей илъэсхэм сыт хуэдэ Iуэхухэр зэфIэха хъуа, бзэр, литературэр хъумэным теухуауэ? Мы упщIэмкIэ ди зэпсэлъэныгъэр дыдогъажьэ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Сыт щыгъуи сыпоплъэ

2022-06-25

  • «Адыгэ псалъэ» газетым нэхъапэIуэкIэ къытрадзэу щытащ щIэджыкIакIуэхэм я тхыгъэ кIэщIхэр, газетым Iэ щIыщIадзым, абы и фIагъ-щыщIэныгъэхэм, нэхъыбэу тетыну зыщIэхъуэпсхэм теухуауэ. СфIэгъэщIэгъуэнт адыгэбзэкIэ къыдэкI газетыр, аркъудейри зи фIыгъэ нэхъыщхьэр, нэхъри егъэфIэкIуэн хуейуэ къэзылъытэхэр зэрымымащIэр. АрщхьэкIэ илъэс куэд щIауэ ар зэрыщIэзджыкIым сэри хуитыныгъэ къызиту къысщохъу си еплъыкIэр къэсIуэтэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Куэд зыщIэ куэд хузэфIокI

2022-06-25

  •  Ди республикэм щеджэн и мураду и хэку къэзыгъэзэжауэ щыта Чурей Дыжьын куэдым яцIыху и щIэныгъэкIэ, и лэжьыгъэкIэ, и цIыху хэтыкIэкIэ. И насып Абхъазым щыIэу къыщIэкIри, абы унагъуэ щыхъуауэ щопсэу Дыжьын. Мы махуэхэм ар Налшык къэкIуэжати, «Адыгэ псалъэ» газетым щиIэ и ныбжьэгъухэр илъагъуну редакцэм къызэрыщIыхьар къэдгъэсэбэпри, деуэршэрылIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэпщ Ридадэ къызэраукIрэ илъэс мин ирокъу

2022-06-25

  • Адыгэм и пщыгъуэр къуэм адэм Iэпихыу зэрахьэ мыхъуу, лъэпкъым нэхъ Iущу, нэхъ лъэщу хэтым тетыгъуэр къихьэхуу щытауэ аращ. Апхуэдэу, ХI лIэщIыгъуэм адыгэр къызытехъукIыжа лъэпкъыу кIасэгухэмрэ зыхьэхэмрэ я пщышхуэу хахат Ридадэр. ЗэрыжаIэмкIэ, а лъэхъэнэм ди лъэпкъым хэтакъым хахуагъэрэ лIыгъэкIэ а пелуаным ефIэкIын.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-06-25

  • Къанщауэ Гъур
  • 1501 гъэм Мысырым и сулътIан хъуар Биберд и къуэ Къанщауэ Гъурщ. Ар а къулыкъум илъэс 16-кIэ пэрытащ икIи куэдрэ еныкъуэкъуащ Тыркуми, Иранми, Португалиеми икIи хьэрып къэралхэр зэригъэбыдэным иужь итащ. И дзэр нэхъ лъэщ ищIын папщIэ, гъэр мин 13 къищэхуат, абыхэм я нэхъыбэр езыр зыщыщ Шэрджэс (Адыгэ) щIыналъэм иришат. Илъэс 75-рэ ныбжьым иту дунейм ехыжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

И щхьэр и лэжьыгъэм егъэлъапIэ

2022-06-25

  • Жылэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа, и пщIэр зыIэта цIыху щэджащэ куэд къыдэкIащ Хьэтуей къуажэ цIыкIум. Абыхэм я зэфIэкIыр яIэту, я ехъулIэныгъэхэр даIыгъыу, езыхэри ягъэлъапIэу къуажэм щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр. Апхуэдэ зэхыхьэ гуапэ иджыблагъи зэхашат — КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БищIо Борис и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъум, абы теухуауэ къыдэкIа «Гъуэгу къыхихам хуэпэжу» тхылъым и лъэтеувэм хуэгъэпса пшыхь. Ар игъэхьэ- зыращ икIи иригъэкIуэкIащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ БищIо Мафурэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр